Ер вы бжьакъуэм къокI

 Налшык и «Университет»-м и иужьрей сурэтхэм ящыщ зыщ. Ижьырабгъу дыдэм къыщытыр гупым

и къызэгъэпэщакIуэ икIи и тренер нэхъыщхьэ Лобжанидзе Алек­сандрщ. 1997 гъэ

 

Регби

(Къэбэрдей-Балъкъэрым и регбим и тхыдэм щыщ Iыхьэхэр. КIэухыр)

Совет Союзым регбимкIэ и лигэ нэхъыщхьэм етIуанэу щыджэгуа 1977 гъэр иужь хъуащ Налшык и «Университет»-м и дежкIэ. АфIэкIэ абы зэи зыкъиужьыжакъым, мызэ-мытIэу хущIэкъуа пэтми…
СССР къэралыгъуэшхуэм ебланэ увыпIэр 1976 гъэм къыщызыхьа ди щIалэхэр а илъэсым етIуанэу зэкIэлъхьэужьу Урысей Федерацэм и чемпиони хъуат, къищынэмыщIауэ «Спартак» ДСО-м и Совет Нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэми дыщэр щызыIэрагъэхьат. А ехъулIэныгъэ къомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр лъагэу яIэтат. АрщхьэкIэ 1977 гъэм и накъыгъэ (май) мазэм и кIэухым Красноярск къыщыхъуам псори хигъэкIуэдэжащ.
1977 гъэм хъарзынэу къыщIидза хуэдэт. Мэлыжьыхь (апрелым) мазэм Прохладнэм щекIуэкIащ «Спартак» ДСО-м и Совет Нэхъыщхьэм илъэс къэс къызэригъэпэщ зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэр. Абы кърихьэлIат Мэзкуу, Киев, Тбилиси, Ереван, Харьков, Бухара я командэ лъэщхэр. Ди щIыналъэм щыIа а зэпеуэ гуащIэм Налшык и «Университет»-м дыжьын медалхэр щызыIэригъэхьат, Граждан авиацэм и инженерхэр щагъэхьэзыр Киев и институтым (КИИГА) и студентхэм фIэкIа зыри япэ кърамыгъэщу.
Мыгувэу, накъыгъэм и 8-м СССР-м и чемпионатым щIидзащ. Абы хэтт нэгъабэ щыджэгуахэу Гагариным и цIэр зезыхьэ ВВА-р, Мэзкуу и «Слава»-р, «Локомотив»-р, «Фили»-р, Киев и КИИГА-р, Налшык и «Университет»-р, Тбилиси и «Элва»-мрэ «Локомотив»-мрэ, къыхыхьагъащIэхэу Ленинград и «Приморец»-мрэ Красноярск и «Политехник»-мрэ. Лобжанидзе Александр зи унафэщI гупым къыгурыIуэрт Совет Союзым и лигэ нэхъыщхьэм щыхэтыну етIуанэ илъэсыр япэм нэхърэ нэхъ гугъуж зэрыхъунур икIи ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуа­гъэхьэзырт. Абы щыгъуэми, я ныбжь ирикъури, гупым хэкIыжат щIалэ лъэрызехьэ зыбжанэ. ЩIэуэ къахыхьат Шокъарэ Iэуес, Джатэжьей Хьэсэн, Абазэ Владимир, Шарий Николай, Ковалёв Владимир сымэ.
Япэ зэIущIэр ди «Университет»-м Мэзкуу щыдригъэкIуэкIащ къэралым тхуэнейрэ и чемпион «Фили»-м. 0:27-уэ къызэрыхагъэщIам къигъэлъагъуэрт налшыкдэсхэр зэхьэзэхуэм зэрыхуэмыхьэзырыщэр. А гупысысэр тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу щIигъэбыдэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщрагъэблэгъа Тбилиси и «Элва»-м - нэхъапэм «Иверия»-кIэ зэджэу щытам. Ди щIалэхэм хъарзынэу ирагъэжьат икIи куржыхэм «я къалэр» къащтэри, 4:0-у япэ ищат. АрщхьэкIэ ехъулIэныгъэм адэкIэ зрагъэужьыфакъым икIи хьэщIэхэр 4:10-уэ зытрагъэкIуащ.
Ещанэ зэIущIэри фIахьарэ иужь дыдэ увыпIэм щыту «Университет»-р накъыгъэм и кIэухым Красноярск кIуащ, бэлыхь куэд къызэрыкIа зэIущIэр а щIыпIэм и «Политехник»-м дригъэкIуэкIыну. Джэгур хуабжьу гуащIэ хъуащ икIи ди щIалэхэр зы мащIэ дыдэкIэ, 12:13-у, къыхагъэщIащ.
ЗэIущIэр иуха иужькIэ, зэрахабзэу, судьям и протоколыр итхащ. Абы къыщыгъэлъэгъуат джэгум хэтахэр, ар зэрекIуэкIа щIыкIэр, кърикIуа бжыгъэр, дагъуэ зыхуащIахэр. Сыхьэт зытIущ нэхъ дэмыкIыу нэгъуэщI зы протоколи дунейм къытехьащ. Ар ягъэхьэзыращ… Красноярск къалэм и милицэхэм я лэжьакIуэхэм. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Налшык и «Университет» регби командэм щыщхэу Нало Алимрэ Мамедов Аликрэ Лениным и цIэр зезыхьэ стадионым щызэуат. Ахэр нэху къыщекIащ милицэм. Нэху зэрыщу, ди гупым и унафэщIыр яужь ихьащ щIалэхэр къригъэутIыпщыжыну. Абы ирихьэлIэу «Спорт» хьэщIэщым и администраторым и тхьэусыхафэр хабзэм и хъумакIуэхэм яIэрыхьащ. Щхьэусыгъуэр - уэншэкутепхъуэр зэфIэтхъауэ Шокъарэр, Харшиладзе, Санэшокъуэр зыщIэлъа пэшым къызэрыщигъуэтарат. А псори «Советский спорт» газет цIэрыIуэм псынщIэ дыдэу къытрадзащ «Налшык къикIа хьэщIэхэм фахуэсакъ!» псалъащхьэ шынагъуэм щIэту.
АдэкIэ редакцэм и газетеджэхэм ягу къигъэкIыжащ нэхъапэми Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и командэр IейкIэ къапэщIэхуауэ зэрыщытар: 1976 гъэм «Университет»-м быдэу жраIат гъэсэныгъэ лэжьыгъэр зэрыщымытэмэмыр икIи, зэ закъуэ нэхъ мыхъуми а илъэсым щыIэ зэпеуэр иухыхукIэ дагъуэ хуащIыжмэ, зэхьэзэхуэм зэрыхагъэкIынур. Абы щыгъуэм яфIэкIат. Иджы аргуэру…
А лъэхъэнэм зэрыщыхабзэти, газетым тетам хуэфэщэн гулъытэ хуащIыпхъэт зи цIэкIэ утыку къихьэ КъБКъУ-м, зи щIыхьыр ихъумэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и парт, комсомол, жылагъуэ, спорт зэгухьэныгъэхэм. Къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зым тхыгъэр зэрытетам Iуэхур нэхъ кууж ищIырт.
1977 гъэм и накъыгъэм Красноярск къыщыхъуам Налшык и «Университет»-р хигъэкIуэдэжащ. Зыми къилъытакъым джэгум и кIыхьагъкIэ щIыпIэ «Политехник»-м дэщIхэр Кавказым икIа щIалэхэм къехъуэну, ягъэпуду, яхуэмыфащэ куэд къыжраIэу зэрекIуэкIар. Ахэр яфIэмащIэу, губгъуэм къыщикIыжым мывэ, пхъэ кIапэ, ахъшэ жьгъейхэр, нэгъуэщIу къапэщIэхуэхэр къраутIыпщат. Дауи, Iэчлъэч защIэу зэхэт щIалэ гупым (я нэхъ лъэрымыхьри спортым и мастерым и кандидатт) ар зыхуэмышэча къахэкIащ. Зэрызехьэм хьэщIэщми щыпащащ икIи милицэхэр къраджащ. Ахэри Красноярск ­къалэм щыщхэти, ягъэкъуэншэнур хэтми гурыIуэ-гъуэт. «Красноярский комсомолец» щIыпIэ газетым и корреспондентым, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу, къэхъуар ирагъэтхыжри, Мэзкуу ирагъэхьащ. ХэIущIыIу хъуа Iуэхум кърикIуэнур, дауи, наIуэт.
Къэхъуар кууэ щызэпкърахащ СССР-м РегбимкIэ и федерацэм. Абы ищIа унафэм ипкъ иткIэ «Университет»-м щынэхъ лъэрызехьэу щIалитхум спортыр ирагъэбгынащ, нэхъ къуэншауэ къалъытэри.
- Ди командэм дэщIыгъуу сэ а лъэхъэнэм сыкIуэ хабзэт нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэхэм, - игу къегъэкIыж Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорткомитетым 1974 - 1981 гъэхэм и унафэщIу щыта Белгъэрокъуэ Хьэжсет. - Красноярск 1977 гъэм къыщыхъуам папщIэ къыттралъхьа тезырым мыгувэу къыпащащ: лигэ нэхъыщхьэм адэкIэ дыхагъэтын папщIэ къытпаубыдащ илъэс къакIуэм ирихьэлIэу къэралпсо зэхьэзэхуэхэм хэтыну ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ командэхэр къызэдгъэпэщыну, регбим хухэха стадион щхьэхуэ дыухуэну. Ди университетми республикэми ахэр зэрахузэфIэмыкIынур гурыIуэгъуэт. Арати, Iуэхур зыIутыр жесIащ зи нэIэ дыщIэт КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретарь ШэкIыхьэщIэ Мухьэмэд. Нобэ хуэдэу сощIэж абы и псалъэ гуапэхэр: «СлIожь, ди щIалэхэм къэралпсо утыкум къыщагъэлъэгъуащ узэкъуэтмэ, фIыуэ зыбгъасэмэ, къикIуэт умыщIэмэ, зэфIэкI лъагэхэр узэриIэнур, - жиIащ а лIы Iущым, и щхьэр къыхуэмыIэту. - АдэкIэ зэрыхъум хуэдэу тщIынщ».
Апхуэдиз хэщIыныгъэ зыгъуэта Налшык и «Университет»-м 1977 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэр, дауи, къехъулIакъым. Красноярск къызэрикIыжу мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм и пэщIэдзэм Граждан авиацэм и инженерхэр щагъэхьэзыр Киев и институтым и командэр 6:3-уэ хигъащIэри, адэкIэ и лъэр щIэхупащ. Къэнэжа адрей джэгугъуэ псоми щыфIахьри, 0:90-у къащытекIуаи хэту, Совет Союзым регбимкIэ и лигэ нэхъыщхьэм къыхагъэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри республикэм и унафэщIхэри абы гущIыIэ хуэхъуащ икIи, гулъытэ лъэпкъ щимыгъуэтыжым, гупыр зэбгрыкIыжащ.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэмрэ 2004 гъэмрэ регби командэ лъэщ ди щIыпIэм къыщызэрагъэпэщыжыну хэтащ. АрщхьэкIэ Iуэхум къикIа щыIэкъым.
Нэгъабэ, шыщхьэуIум и 28-м къызэралъхурэ илъэс 80 ирикъуащ 1968 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым регбир къизыхьэу а спорт лIэужьыгъуэм ди щIалэ куэд дезыгъэхьэха икIи къэралпсо утыкум изыша Лобжанидзе Александр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абы къыщызэригъэпэща Налшык и «Спартак» (иужькIэ «Университет») командэр тIэунейрэ Урысей Федерацэм и чемпион 1975, 1976 гъэхэм хъуащ, Совет Союзым и лигэ нэхъыщхьэм илъэситIкIэ щыджэгуащ, «Спартак» ДСО-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу дыщэ, дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщихьащ. Дыщыгугъынщ зэман гуэр къэхъуну а ехъулIэныгъэ инхэм пызыщэфын щIэблэщIэ къыщытщIэхъуэн.

     

 

Ди щIалэхэр къэралым и чемпионым йобгъэрыкIуэ.                             

         

      Къэбэрдей-Балъкъэрым регбим зыщезыгъэужьахэрНалшык и «Сабий стадионым» щагъэлъап1э. 2018 гъэ  
 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: