Паспортыр и унэм щратащ

Гулъытэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и Управленэм адэкIи пещэ я узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу унэм нэхъ щIэс цIыхухэм къэрал Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным. Абыхэм зыхуеину тхылъхэр  я унэм кIуэурэ щрат.

Управленэм иIэщ къыздепхьэкI хъу Iэмэпсымэ, лэжьакIуэхэр Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэр щыпсэум кIуэуэ сурэт езыми и Iэпэхэми трахыну Iэмал къариту.
2019 гъэм щIышылэм и 15-м Управленэм и лэжьакIуэхэм КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу ШкIэжь Ирэнэрэ Мэкъуауэ Радимэрэ ящIыгъуу КIэбышэ Анзор хамэ къэрал узэрыкIуэн паспортыр щратащ ар щыпсэу Лашынкъей къуажэм.
УзыншагъэкIэ ныкъуэдыкъуагъ зиIэ цIыхухэм къабгъэдэкI лъэIу тхылъхэм Управленэм и лэжьакIуэхэр зэуэ хоплъэ адрейхэм япэ ирагъэщу.

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: