Бэлагъы Къантемыр и лэжьыгъэщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа режиссёр щIалэщIэ Бэлагъы Къантемыр хэтщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щытрах «The Last of Us» сериалым. Абы лъабжьэ хуэхъуащ компьютер джэгукIэхэр, постапокалипт зэманым узэрыхэпсэукIынур.

 2021 гъэм ягъэлъэгъуэну яубзыхуащ триллерым и япэ Iыхьэр. КъыдэкIыгъуэр егъэхьэзыр НВО телеканалым, нэхъапэIуэкIэ «Клан Сопрано», «Чернобыль», нэгъуэщI телешоу цIэрыIуэхэр къыдэзыгъэкIам.
Сериалым и режиссёр Рэнк Йохан трихащ «Чернобыль», «Во все тяжкие», «Ходячие мертвецы», «Викинги» фильмхэр. ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрыжаIэмкIэ, Бэлагъы Къантемыр сериалым и япэ къыдэкIыгъуэм йолэжь.
«ХъуэпсапIэхэр нэхуапIэ мэхъу. Си Iэхэр къызэмыдэIуэжу сотхэ, «The Last Of Us» фильмым хуабжьу сыдихьэхауэ. Зэи сщыгъупщэжынкъым нэхъапэкIэ гу зылъызмытэу а джэгукIэм къысхузэIуиха щIэр. И кIэм сынэсыху си фIэщ хъуртэкъым ар къызэхъулIэну. Фыхъуапсэ, си лъэпкъэгъухэ! - щетх Бэлагъым Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: