Ермэлы таурыхъхэр

Нысэ щхьэхынэ

Зэщхьэгъусэхэр зэдэпсэурт. Абыхэм зы къуэ закъуэ яIэт. Адэ-анэм я ныбжьыр щыхэкIуатэм, унагъуэ Iуэхухэр къатехьэлъэ хъуащ: псы къэхьыныр, унэ зэлъыIухыныр, щIакхъуэ гъэжьэныр. Зэчэнджэщри, я къуэм кърагъэшэну мурад ящIащ.
- Ди къуэм къедгъэгъашэ, - жиIащ тхьэмадэм. - Дэ жьы дыхъуащ, унагъуэ Iуэхухэр тщIэну къару диIэжкъым.
Апхуэдэу нысэ къашащ. Тхьэмахуэ дэкIащ, къыкIэлъыкIуэри кIуащ, мазэри икIащ, арщхьэкIэ нысэм унэм зыри щищIэртэкъым… Нэхъапэхэми хуэдэу, унагъуэ Iуэхур гуащэ-тхьэмадэм я пщэ илът. Нысэр махуэ псом шхэрт, жейрт. Гуащэ-тхьэмадэр егупсысащ: нысэм дауэ Iуэху едгъэщIа хъуну?
- Мыдэ къэдаIуэ, - зыхуегъазэ унэгуащэм тхьэмадэм, - пщIантIэм дыгъакIуи, дызэгъэдауэ, нобэ псыхьэ кIуэну зи чэзумкIэ. Нысэм ди зэхъурджауэр зэхихынщи, укIытэнщ, тэджынщи, псы къихьынщ.
Апхуэдэуи ящIащ: пщIантIэм кIуэри щызэдэуащ.
Тхьэмадэм щхьэгъусэм жреIэ:
- Нобэ псыхьэ кIуэну зи чэзур уэращ.
Унэгуащэм тхьэмадэм жреIэ:
- Хьэуэ, хьэуэ, нобэ уэращ зи псы къэхьыгъуэр!
ПщIантIэм зэдауэр щызэхихым, нысэм бжэр къыIуихщ, и щхьэр къыкъуигъэжри, жиIащ:
- Ди адэ, сыт апхуэдизу фыщIызэдауэр? Нобэ уэ псыхьэ кIуэ, пщэдей мамэ кIуэнщ, - жиIэщ, бжэр иридзылIэжщ, кIуэри, алэрыбгъум тетIысхьэжащ.

Уэсятищ

ЗылI, дунейм щехыжым, и къуэ закъуэр ириджэри, жиIащ:
- Сэ солIэ, си къуэ. Си сату щапIэм уви лажьэ икIи си уэсятищыр зыщумыгъэгъупщэ: япэрауэ, дэнэ ущымыIэми, сыт хуэдэ Iуэху умыпщIэми, сабий гъы макъ зэхэпхмэ, и щхьэусыгъуэр кIуэи зэгъащIэ; етIуанэрауэ - псыежэхыр зэи зэпумыупщI, и икIыпIэр къыумыщIэу; ещанэрауэ, жэщым зыплъыхьакIуэ умыкIуэ. КIыфI къыщыптехъуа щIыпIэм и деж нэху щыгъэщ.
А псалъэхэр жиIэри, адэр дунейм ехыжащ.
Къуэм адэм и пщIэр ихъумэу щIилъхьэжри, и сату щIапIэм уващ.
Тхьэмахуэ, тхьэмахуитI, тхьэмахуищ, мазэ, мазитI, мазищ дэкIащ. Зэгуэрым сондэджэр щIалэм и ныбжьэгъухэм къыжраIэ:
- Зыгъэхьэзыр, Тифлис хьэпшып къитшынщ.
Загъэхьэзырри гъуэгу техьащ.
Зы махуэ, махуитI, махуищ, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI, тхьэмахуищ кIуэри, Тифлис нэсащ.
Сондэджэр щIалэм адрейхэм нэхърэ нэхъыбэрэ Тифлис зыщиIэжьащ, хьэпшыпхэр къищэхущ, дэIэпыкъуэгъухэр зэригъэпэщри, гъуэгу къытехьэжащ. Ахэр махуэ, махуитI, махуищ, тхьэмахуэ кIуэри, псыежэх уэрым нэсащ.
ДэIэпыкъуэгъухэм жаIэ:
- ЗэпыдвгъэупщI. Сондэджэрым жеIэ:
- Хьэуэ, дызэпрызышын гуэр къэдгъуэтынщ, - мы псыр тцIыхуркъым. Абдеж дэIэпыкъуэгъухэм ящыщ зым жеIэ:
- Псори фышынэкъэрабгъэщ! Иджыпсту фэзгъэлъагъунщ псыежэхым и куупIэр.
Шым зэрытесу ар псым хыхьэри, итхьэлащ.
«Си адэр захуэт!», - егупсысащ сондэджэр щIалэр.
А щIыпIэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ къигъуэтщ, пщIэрэ саугъэткIэ къигъэгугъэри, и чэруаныр зэпришащ.
АдэкIэ я гъуэгу хагъэщIыну техьэжащ.
Ахэр гъуэгум щыIущIащ Гянджу кIуэ сондэджэр къулейм.
Абы сондэджэр щIалэр игу ирихьри, къыжриIащ:
- Гянджу си гъусэу унэкIуэн, си сату щIапIэм уезгъэблагъэмэ?
- Сыт сыныщIэмыкIуэнур, - жеIэ сондэджэр щIалэм. Апхуэдэу я хьэпшыпхэр ябжын щIадзащ. Сондэджэр щIалэм и хьэпшыпхэр нэхъ мащIэу къыщIэкIащ.
- НытIэ, - жеIэ сондэджэр къулейм, - си лэжьэгъу нэхъыщIэу ущытынщ. Япэ ищи, си щхьэгъусэм и деж кIуэи, си Iэлъыныр ет. Ар къицIыхужынурэ уригъэблэгъэнущ. Сату щIапIэр гъэхьэзыр, псори зыхуей хуэгъазэ, сэ чэруаныр си гъусэу сынэкIуэжмэ – сатуущIым щIэддзэнщ.
Сондэджэр щIалэм Гянджу иунэтIри, и лэжьэгъум и унэр къигъуэтащ, абы и щхьэгъусэм и деж кIуэри, и Iэлъыныр иритащ.
Щхьэгъусэм ар унэм иригъэблэгъащ икIи ар апхуэдизкIэ игу дыхьати, и щхьэгъусэр иукIыу езыр къишэну къигъэIущу щIидзащ.
- Сыт телъыджэ жыпIэр, цIыхубз? – жреIэ абы сондэджэр щIалэм. – Уи акъылым уитыж, уэ? Уи щхьэгъусэмрэ сэрэ зэныбжьэгъу дыхъуащ, дыздэлэжьэнуи дызэгурыIуащ. Абы апхуэдэ Iуэху фIей схукIэлъызехьэнукъым.
ЦIыхубзым зыри жиIакъым, ауэ къэгубжьат. «УмыпIащIэ, - йогупсыс ар, - щхьэгъусэр къэкIуэжмэ, сыпхурикъунщ».
Зы махуэ, махуитI, махуищ дэкIри, сондэджэрыр къэкIуэжащ, хьэпшыпхэр къыздишэжри. Абы елъагъу: и лэжьэгъу щIалэм сату щIапIэр игъэхьэзыращ, псори итхьэщIащ, игъэкъэбзащ, зэлъыIуихащ. Хьэпшыпхэр тралъхьэри, сату ящIын ирагъэжьащ. Сатур къехъулIэрт: махуэ къэс хэхъуэ яIэт.
Апхуэдэу мазэ, мазитI, мазищ кIуащ. Зэгуэрым сондэджэрым и щхьэгъусэм къыжреIэ:
- Мы щIалэр афIэкIа сумыгъэлъагъуу IугъэкIыж.
- Сыт щхьэкIэ, щхьэгъусэ, сыт абы къуищIар?
- И закъуэу къыщыкIуам сигъэIущащ узукIыу езым сыдэкIуэжыну.
Сондэджэрым щхьэгъусэ пцIыупсым жиIэр и фIэщ хъури, щIалэм зэрыхурикъуа хъунум егупсысын щIидзащ.
Сондэджэрым щIакхъуэ гъэжьапIэ иIэт. ЩIакхъуэ зыгъажьэм и деж кIуэри, жриIащ:
- Зыгуэр ныбжесIэн хуейщи, къызэдаIуэ.
- СынодаIуэ, - къритыжащ абы жэуап.
- Пщэдджыжь зыгуэр къэкIуэнурэ къоупщIынущ: «Узыгъэлажьэм къыбжиIар бгъэзэщIа?». Ар зэрыжиIэу, хьэкум идзэ, ирыресхьэ.
- Хъунщ, - жеIэ щIакхъуэ зыгъажьэм. ЗэрыжыпIэм хуэдэу сщIынщ.
Пщыхьэщхьэм сондэджэр щIалэр сату щIапIэм къикIыжри шхэну тIысахэщ, зыри къэмыхъуам хуэдэу. Жеину загъэхьэзыращ.
Сондэджэрым щIалэм жреIэ:
- Пщэдджыжь щIакхъуэ гъажьэм и деж укIуэнщи, зэрыжысIам хуэдэу ищIарэ имыщIарэ уеупщIынщ.
- Хъунщ, - жеIэ щIалэм, - сыкIуэнщи, сеупщIынщ.
Пщэдджыжьым сондэджэр щIалэр къэтэджри, зыри жимыIэу, щIакхъуэ гъэжьапIэм кIуащ. Абы хэту зэхех сабий гъы макъ къэIуу. КъэгъэшыпIэмкIэ иунэтIауэ къелъагъу: сабийр щылъщ, и лъэгуажьэр триудауэ къэмытэджыфу.
- Умыгъ, - жеIэ, - къэхъуаишхуэ щыIэкъым. Хъужынщ уи лъэгуажьэр.
Сабийр къищтэри, и анэм иритыжащ.
Сондэджэрым и щхьэгъусэр къэтэджщ, зыкърихри, щIакхъуэ гъэжьапIэм кIуащ сондэджэр щIалэр иукIарэ имыукIарэ зэхигъэкIыну.
Унэм къыщIэкIщ, щIакхъуэ гъэжьапIэм кIуэри, теуIуащ.
- Хэт ар? – щIоупщIэ щIакхъуэгъажьэр.
- Сэращ ар, унэгуащэращ. КъыIух бжэр.
ЩIакхъуэгъажьэм бжэр къыщыIуихым, IуэхущIапIэр зейм и щхьэгъусэр щIыхьэри щIэупщIащ:
- КъыпхуащIа унафэр бгъэзэщIа? ЩIакхъуэгъажьэр куэдрэ мыгупсысэу ар къипхъуатэри, хьэкум иридзащ.
Сондэджэр щIалэм сабийр зейм иритыжри, щIакхъуэ гъэжьапIэм кIуащ.
- УнафэщIым къыпщищIа къалэныр бгъэзэщIа? - еупщIащ ар щIакхъуэгъажьэм.
- НытIэ, - жеIэ щIакхъуэгъажьэм, - згъэзэщIащ. Сондэджэр щIалэр и лэжьэгъу нэхъыжьым и деж кIуэри жриIащ:
- ЩIакхъуэгъажьэм хуэпщIа унафэр игъэзэщIащ. Сондэджэрым щIалэр псэууэ икIи узыншэу щилъагъум, и бзэгум едзэкъэж пэтащ.
ЩIакхъуэгъажьэм и деж кIуэри еупщIащ:
- Хэт хьэкум ибдзар?
- Сыт щхьэкIэ, уэратэкъэ жызыIар, пщэдджыжьым къакIуэу уи унафэр згъэзэщIарэ сымыгъэзэщIарэ щIэупщIэр хьэкум издзэну?
- НытIэ, - жиIащ сондэджэрым.
- НытIэ пщэдджыжьым уи щхьэгъусэр къакIуэри къызэупщIати, хьэкум издзащ.
Сондэджэрым гъыуэ, и щхьэцхэр къричыжу хуежьащ. Ауэ сыт ищIэнт - игъэзэжащ унэм.
Сондэджэр щIалэр къриджэри еупщIу щIидзащ:
- Пэжыр жыIэ, сыт си щхьэгъусэмрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъар?
Сондэджэр щIалэм иIуэтэжащ и щхьэгъусэм ар иукIыну къызэригъэIущауэ щытар.
- Хъунщ, - жиIащ сондэджэрым, - си фIэщ мэхъу жыпIэр, ауэ адэкIэ сыбдэлэжьэжыфынукъым. Уи Iыхьэр къащтэ, илъэсым и кIэ пщIондэ уи улахуэр щIыгъууи ежьэж.
- УзэрегуакIуэщ, - жиIащ щIалэм.
Сондэджэрым тыкуэным и IункIыбзэIухыр иритыжщ, и Iыхьэр къищтэжри, и къуажэм игъэзэжащ, дэIэпыкъуэгъу здыщIигъури.
Къуажэм нэблэгъэжауэ кIыфI хъууэ хуежьащ.
- Мыбдеж зыщыдгъэпсэхунщ, - жриIащ щIалэм и дэIэпыкъуэгъум.
- Сыт жыпIэр! – жэуап къетыж абы. – ЛъэбакъуитI къудейщ къытхуэнэжар.
- Хьэуэ, сыкIуэнукъым, - жеIэ сондэджэр щIалэм, - си адэм уэсят къысхуищIащ: жэщ къыстехъуауэ зэи гъуэгу сытемытыну.
Абыхэм пIэ ящIри, жеину и ужь ихьащ. Жэщыкум сондэджэр щIалэр къэушащ. «Iэгъуэблагъуэр зыхуэдэр зэзгъэщIэнщ, - йогупсыс ар, - дыгъу къэмыкIуэу пIэрэ?». Я хьэпшыпхэр и пIэ илъыжмэ еплъащ. Абы хэту къелъагъу: зыгуэр къуажэм къыдэжауэ хьэлъэ гуэр елъэф. Абы кIэлъыплъу щIидзащ. Ар кхъэмкIэ кIуэрт. Мывэшхуэм нэсщ, IуигъэкIуэтри, къихьар щIитIэщ аби, аргуэру мывэ хьэлъэ трилъхьэжащ. ИтIанэ пIащIэу къуажэм дыхьэжащ.
«Иджыпсту и хъугъуэфIыгъуэр къыщIэсхынщ! - гуфIащ сондэджэрыр. – Къулей сыхъунщ!»
И дэIэпыкъуэгъур къриджэну хэтащ, ауэ абы апхуэдиизкIэ жей Iув иIэти, и лъакъуитIымкIэ къапщтэу щIым тебдзэми укъищIэнутэкъым икIи къыпхуэгъэушынутэкъым. Кхъэм хуэсакъыу дыхьащ. Мывэр IуигъэкIуэтри, хуэмурэ абдеж щIэлъыр къыщIихащ. И плIэм ирилъхьэщ, пщыIэм къихьри, зэкIуэцIихащ. Сыт абы илъэгъуар?! Хъыджэбз тхьэIухуд, пащтыхь гуащэм хуэдэу хуэпауэ, укъимыщIэу щылът, уIэгъэу лъыр къыпыжу. И гур ерагъыу къеуэрт. Зэ еплъыгъуэкIэ сондэджэр щIалэр абы егуэкIуащ икIи игъэхъужыну мурад ищIащ.
Пщэдджыжь пшэплъым шыхэр зэщIащIэри гъуэгу техьащ. КъуажэмкIэкъым иджы здаунэтIар, атIэ я нэр здэплъэ лъэныкъуэмкIэщ. Махуэ, махуитI, махуищ, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI, тхьэмахуищ кIуащ. Къалэм нэблэгъащ. Абдеж сондэджэр щIалэм и дэIэпыкъуэгъур иутIыпщыжри, фэтэр къищтащ. Пщащэм и гъусэу абы щIэтIысхьэри, дохутыр Iэзэхэр ириджэри яжриIащ:
- Фызыхуейр къафщтэ, ауэ мы пщащэр вгъэхъуж.
Дохутырхэр абы еIэзэу щIадзащ. Мазэ, мазитI, мазищ дэкIри, ягъэхъужащ.
Хъыджэбзыр хъужа нэужь, абы къыщыщIамкIэ щIалэр еупщIащ, кхъэм къыщIэхутам и щхьэусыгъуэри щIыгъуу.
Мыращ пщащэм жиIар:
- Сэ сыпащтыхьыпхъущ. Си адэм казначей иIэщ. Абы и къуэ бзаджащIэм икIи Iуплъэгъуейм щхьэгъусэ сищIыну мурад ищIащ. Ар си ужь итащ, сыдэкIуэну дапщэрэ къызэмылъэIуами, арэзы сытехъуакъым. Ар къысхуэгубжьащ. Зэгуэрым унэIутхэм я гъусэу губгъуэм ситу гу лъыттащ шууеитху къызэрытхуэкIуэм. УнэIутхэр щтэри, зэбгрыжыжащ, сэ зыгуэрым сыкъиубыдащ, и гъусэхэм сапхри, сагъэкIуэсащ. Сыкъэмэхри, уи пщыIэращ зыкъыщысщIэжар.
- Сэ укъезгъэлащ! - жеIэ сондэджэрым, - сэращ уэ щхьэгъусэ узыхуэхъун хуейр.
- НытIэ сыарэзыщ, - жеIэ пащтыхьыпхъум, - сыарэзыщ. Щоджэным къеджэ, ди нэчыхьыр едгъэтхынщ.
ЩIалэм зэрыдэкIуэу, ар и щхьэгъусэм елъэIуу щIидзащ щыпсэуа къалэм Iэпхъуэжыну. Казначейм и къуэм илэжьар абы хуимыгъэгъуну, илъ ищIэжыну игу ирилъхьат. Я мылъкур зэщIакъуэри, ахэр гъуэгу техьащ. Махуэ, махуитI, махуищ, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI, тхьэмахуищ кIуэри, гъуэгу техьащ. Пащтыхьым и хэщIапIэм пэ­жыжьэу фэтэр къащтащ. Псэум-псэурэ я ахъшэр яIэщIэухащ.
- Ей, щхьэгъусэ, - жеIэ пащтыхьыпхъум, - сыт апхуэдизу нэщхъей ущIэхъуар? Уи ахъшэр бухауэ дызэрыпсэун димыIэжу арауэ пIэрэ?
- Аращ, - жеIэ щхьэгъусэм. Сыт щIэзбзыщIынур? Уэ пщызбзыщIми, Тхьэм щыбгъэпщкIуфынукъым. Ахъшэ зыри диIэжкъым.
Ар щызэхихым, пащтыхьыпхъум и щхьэцым мывэ лъапIэ къыхихри жиIащ:
- Мы мывэр къащти, бэзэрым кIуэ, казначейм и къуэм деж. Мывэр егъэлъагъуи, и уасэр жегъэIэ. Казначейм и къуэм къыбжиIэнущ:
«Сом минрэ щитIрэ». Жэуапу ептыжынщ: «И ныкъуэмкIэ къащти, адрейр уи хьэлэлщ». И деж уригъэблагъэмэ - кIуэ, пщэдей езыр ди деж къегъэблагъэ. Хъункъэ?
- Хъунщ, - жэуап къетыж щхьэгъусэм, - зэрыжыпIам хуэдэу сщIынщ.
Мывэр къищтэри, ар бэзэрым кIуащ. Казначейм и къуэм мывэр уасэ ныкъуэкIэ иритащ. Ар апхуэдизкIэ гуфIати, щIалэр и унэм иригъэблэгъащ – зэдшхэну, зэдефэну, ар иджыри къигъэсэбэпыну щэхуу гугъэу…
Казначейм и къуэм и унэм кIуащ ахэр. Зэпсалъэу шэджагъуэ пщIондэ зэбгъэдэсащ. ИтIанэ унэIутхэм Iэнэ къагъэуври, казначейм и къуэмрэ сондэджэрымрэ пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху ефэ-ешхэу щысащ.
ЗэрызэгурыIуам тету, казначейм и къуэр сондэджэрым и унэм еблэгъащ.
Ахэр махуэ псокIэ ешхэ-ефэу зэбгъэдэсри, жэщ ныкъуэм Iурихащ.
Пащтыхьыпхъур жэщым къэтэджщ, къамэр къищтэри, жагъуэлIым и ныбэм хиIуащ. ЗанщIэу и гур псэхужащ икIи и щхьэгъусэр къигъэушащ.
- ИкIэм-икIэжым, силъ сщIэжащ, - жиIащ абы. - Иджы хьэдэр кхъэм шэи, сыздыщIитIэну хэта щIыпIэм и деж щыщIэтIэ.
Щхьэгъусэм елъагъу: зыри пхуэщIэнукъым, зэрыжиIам хуэдэу ищIащ.
- Иджы зыдгъэпщкIун хуейщ, - жеIэ щхьэгъусэм – нэгъуэщI къэрал дымыIэпхъуэу хъунукъым, армыхъумэ, пащтыхьхэм я лIыукIхэм дагъэпсэунукъым. Истамбыл дыгъакIуи, абы дыщыпсэунщ, деплъынщ Iуэхур къызэрекIэрэхъуэкIым.
- Хъунщ, - жеIэ лIым. – ЗэрыжыпIэм хуэдэу ирехъу. Деплъынщ къыдэхъулIэм.
Щхьэгъусэм бэзэрым шитI къыщищэхущ, я мылъкур зэщIакъуэри, Истамбыл кIуащ. Махуэ, махуитI, махуищ кIуащ.
Пащтыхьыпхъур езэшри, къарууншэ дыдэ хъуащ.
- Мыбдеж дыкъыщыувыIэнщ, - жреIэ абы и щхьэгъусэм. Мыбдеж псынэпс къыщыщIожри, дефэнщ, зыдгъэпсэхунщи, адэкIэ гъуэгу дытехьэжынщ.
Пщэдджыжьышхэ нэужьым пащтыхьыпхъур жеящ, щхьэгъусэр хъумакIуэу къэнащ. Ар щысщ йогупсысри: «Си щхьэгъусэм иджыри мывэ иIэу пIэрэ, хьэмэрэ дыфакъырэ дыдэу пIэрэ?»
Ар еплъри, гу лъитащ абы и щхьэцым хэухуэна хъыдан плъыжьым мывэ лъапIэ зыбжанэ зэрыхэлъым.
Щхьэгъусэр абы щыгуфIыкIщ, хъыданыр къищтэри, удзым деж игъэтIылъауэ мывэхэр зэрызэщIэцIууэм еплъырт.
Абдежым, къыздикIар имыщIэу, къуаргъ къыщыхутащ. Хъыдан плъыжьыр лы къыщыхъущ, ар къипхъуатэри, думпу лъэтэжащ.
ЩIалэр абы кIэлъыжащ, арщхьэкIэ къыхуэу­быдыжакъым. Ар гъа-бжа щхьэкIэ, игъуэтыжакъым.
Иджы щхьэгъусэм зэрыIуплъэнур ищIэркъым. Мыпхуэдэу егупсысащ: си закъуэу сежьэнщ, ахъшэ куэду къэзлэжьынщи, сыкъекIуэлIэжынщ, си щхьэгъусэр згъэпсэун папщIэ. Щхьэгъусэр къэмыуш щIыкIэ ар шым шэсри, гъуэгу техьащ. Ар махуэ, махуитI, махуищ, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI, тхьэмахуищ гъуэгу тетауэ, Тифлис нэблэгъащ. Лэжьыгъэ къилъыхъуэурэ куэдым IущIащ, и кIэм зы къулей гуэрым ирихьэлIащ.
- Хадэр зезыхьэн сыхуейщ, къуэш, - жеIэ абы. Ухуеймэ, си деж ущызгъэлэжьэнщ.
- Хъунщ, си гуапэу! - жеIэ сондэджэр щIалэм.
Хадэр зэрихьэу жэщ-махуэ жимыIэу ар лажьэрт, унэмкIи дэIэпыкъуэгъу хъууэ, и къару щымысхьыжу, зэманми кIэлъымыплъу.
Апхуэдэу илъэс зыбжанэ псэуащ, ахъшэфIи къилэжьащ.
- Къэзлэжьар къызэти, сыутIыпщыж, - жеIэ зы махуэ гуэрым щIалэм.
Ар имыгъэкIуэжыну хэтащ, апхуэдэ лэжьакIуэ зыIэщIимыгъэкIын щхьэкIэ. Ауэ щIалэр хутечакъым.
- Хъунщ, - жеIэ лIым. – ФIыуэ улэжьащи, улахуэфIи уэстынщ, ауэ иужь дыдэу хадэм ит щиху гъуар схупыупщI, хадэм фэншэ къытемыуэн папщIэ. Ар пыбупщIрэ пхъэр схуэпкъутэжмэ – уи гъуэгу утехьэжынщ.
Сондэджэрым щихур пиупщIщ, зэпихыжри, пхъэр икъутэжащ. И кIэм, щIэщэщахэр щызэхуихьэсыжым, елъагъу: и щхьэгъусэм и щхьэцхэлъхьэр щылъщ, мывэ лъапIэ псори псоууэ. Егупсысырт: щихум и щхьэкIэр къуаргъ абгъуэу щытащ, къуаргъым къидыгъуар абы къихьауэ арат!
Абдеж щIалэр насыпыфIэу Истамбыл иунэтIащ, и щхьэгъусэ пащтыхьыпхъур къигъуэтыжыну.
Сыт и щхьэгъусэм къыщыщIар? Псынэпсым деж ар къыщыушам елъагъу: и щхьэгъусэри, абы ишри, и мывэ лъапIэхэри игъуэтыжыркъым. Ар егупсысащ дыгъу къатеуэу и щхьэгъусэр япхыу ирахьэжьауэ. Къэхъуар игу щIыхьауэ, ар и шым шэсри, Истамбыл къалэм кIуащ. И иужьрей ахъшэмкIэ хьэщIэщ къыщызэIуихауэ пуду итырт, тхьэмыщкIэ псори абы и деж къыщыувыIэфын хуэдэу. Ар егупсысат: «Хэт ищIэрэ, си щхьэгъусэри Истамбыл зыгуэркIэ къакIуэ хъумэ, си хьэщIэщым къыщыувыIэнкIэ хъунщ?»
Щхьэгъусэр, пэж дыдэу, илъэс зыбжанэ дэкIри, Истамбыл кIуащ. Мывэ лъапIэхэр абы ищэну хуейтэкъыми, къалэм дэт хьэщIэщ нэхъ пуд дыдэм екIуэлIащ.
Ар кIуэри, нэхъ пэш пуд дыдэм щIэтIысхьащ.
ХьэщIэр щилъагъум, пащтыхьыпхъум и щхьэгъусэр къицIыхужащ, ауэ зыкъримыгъащIэу зы зэманкIэ зыщигъэпщкIуну мурад ищIащ.
Пащтыхьыр-щэ? Апхуэдиз илъэсхэр кIуэхункIэ ар и пхъум лъыхъуащ.
ЩIы кIапэм зы хъуреи къыщына хъункъым цIыху здимыгъэкIуа, ауэ зыми къыхуэгъуэтыжакъым.
Зэгуэрым казначейр иригъэблагъэри, жриIащ:
- Сэ си пхъур сфIэкIуэдащ, уэ уи къуэр. Ахэр зыми ягъуэтыркъым. ТхьэмыщкIэу зыдгъэхуапи, ди бынхэм я лъыхъуакIуэ дегъажьэ.
- Илъэс куэдкIэ Тхьэм ущигъэIэ, пащтыхь, - жеIэ казначейм. – Узахуэщ, дыгъакIуэ.
Пащтыхьымрэ казначеймрэ тхьэмыщкIэу захуапэщ, гъуэмылэ къыздащтэри, гъуэгу здытехьащ. КIуэм-кIуэурэ, дуней псор къызэхакIухьащ, ауэ япхъури я къуэри къахуэгъуэтакъым.
Иужьым ахэм мурад ящIащ: Истамбыл дыгъакIуэ, абы цIыхушхуэ щопсэу, дыщIэупщIэнщ.
Истамбыл кIуэри, хэIущIыIу ящIащ:
- Дэ дытхьэмыщкIэщ, нэгъуэщI щIыпIэ къикIа хуэмыщIахэм щхьэкIэ хьэщIэщ щыIэ?
- ЩыIэщ, - къратыжащ жэуап, - пащтыхьыпхъум и хьэщIэщыр къыхуагъэлъэгъуащ.
И адэмрэ казначеймрэ зэрыIуплъэу, ахэр занщIэу къицIыхужащ, ауэ запэщIигъэхуакъым. Iэнэ къахуигъэувщ, ерыскъы хэплъыхьахэр къахуищтэри, и хьэщIэ псори иригъэблэгъащ.
ХьэщIэхэр мащIэу ешха-ефа нэужь, пащтыхьыпхъум жеIэ:
- Си хьэщIэхэ, дэнэ фыкъикIами сфIэгъэщIэгъуэнщ. Уэ егъажьэ, - зыхуигъэзащ абы и щхьэгъусэм.
Абы къыщыщIа псори къиIуэтэжащ. УIэгъэ хъуа пщащэр зэрыпащтыхьыпхъур абы зэрыжиIэу, тхьэмыщкIэу хуэпа хьэщIэр къыщылъэтри кIиящ:
- Сэращ а пащтыхьыр езыр! Си пхъур къэгъуэтыж! Уэр фIэкIа ар зыми хузэфIэкIынукъым!
Абдеж хьэщIэщыр зейр Iуэхум къыхыхьащ.
- Казначей, - зыхуигъэзащ абы хьэщIэхэм ящыщ зым, - пащтыхьыпхъур уи къуэм иукIыну хэтащ! Къыумылъыхъуэ ар, абы хуэфащэр къылъысащ. Уи пхъур сэ иджыпсту къыпхуэзгъэкIуэнщ, - жриIащ абы пащтыхьым.
Ар нэгъуэщI пэш щIыхьэри, и япэрей бостейр щитIэгъэжащ, и щхьэцыр ижьри, хьэщIэхэм яхыхьащ. И адэмрэ и щхьэгъусэмрэ абы гуфIэу къыпежьэри, IэплIэ къыхуащIащ, гуфIэгъуэ нэпс щIагъэкIыу. Абдеж зэи къэмыхъуа гуфIэгъуэ яIэтащ.
Уафэм мыIэрысищ къехуэхащ: зыр - сэ, адрейр - фэ, ещанэр - цIыху гуапэ псоми папщIэ.
 

 

 

 

ЗэзыдзэкIар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться: