КЪАЛЭМЫМ КЪУЭШ ЗЭХУИЩIАХЭР

(КIэухыр.
ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 5-м итщ).

Адыгэ узэщIакIуэ Кърым-Джэрий СулътIанрэ
урыс тхакIуэ Муравьев Андрейрэ

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэм и дурэшплIэрэшхэми дэплъэным, дунейм и екIуэ­кIыкIэмрэ цIыхухэм я зэхэ­ты­кIэмрэ и нэкIэ зригъэлъагъуным. Арат 1862 гъэм Кърым-Джэрий зекIуэ щIежьар. Урыс офицер фащэ зыщыгъым дежкIэ, езыр адыгэми, шынагъуэншэтэкъым бгырыс лъэпкъхэм я лъахэм ­уихьэныр. Ар Iуэху дзыхьщIы­гъуэджэт, шапсыгъхэм ухагъэ­бэгэнкIэ тIэу еплъынутэкъым, итIани, дзыхакъым адыгэ щIэныгъэлIыр.

1866 гъэм «Кубаныдзэ хъы­бархэм» Кърым-Джэрий тры­ре­гъа­дзэ удэзыхьэх тхыгъэ зыбжанэ. КъыщикIухьам и нэгу ­щIэ­кIахэм, зыIууа Iуэхугъуэхэм ят­ритхыхьат ахэр. ТхакIуэр на­бдзэ­губдзаплъэщ, бгырысхэм я дуней тетыкIэр, я псэукIэр ­тлъагъу хуэдэу нэгум къыщIегъэувэ. ПсыфI, Къудакъуэ, Атэкъуей, ­КъуакIэпсынэ, Мэзкхъахэ, нэ­гъуэщI къуажэхэми цIыхухэр зэрыщыпсэур дегъэлъагъу. Зэ­ры­щыту къапщтэмэ, тхыгъэхэм куэду яхэлъхьащ Кърым-Джэ­рий гъащIэм гъэщIэгъуэну къыхилъагъукIа Iуэхугъуэхэр, IуэхущIафэхэр. ЦIыхур зыкъуэпсэукI псори, зэрыжаIэу, дзыгъуэ гъуа­нэ дихьа къимыгъанэу къиулъэпхъэщурэ, къиIуатэр пэж хуэIухуэ­щIэу зэщIегъэбыдэ, абы и сэ­бэпкIи сыт хуэдэ гъащIэми и узэщIыкIэ хъур абы щызекIуэ ­хабзэхэм къапкърыкIыжу зэ­рыщытым ирепх.
«Гъуэгуанэ тхыгъэхэм», я узэ­щIыкIэкIи, зытеухуакIи, щапхъэ нэхъыфIыр я мардэщ, куэд дагъэлъагъу, куэдми гу лъыдагъатэ, гур ягъэпIейтейуэ Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм дыхашэ, цIыху зэмыщхьхэм нэIуасэ ды­хуащI. ФIымрэ Iеймрэ, дахэмрэ нэджэIуджэмрэ, хеймрэ мы­сэмрэ IупщIу щызэхэгъэкIащ абыхэм. Языныкъуэхэм деж уэ езым тхыгъэхэм къыщыхъу­хэм уахэту зыкъыпщохъуж, апхуэдизкIэ гумрэ псэмрэ ялъэIэс ­теплъэгъуэхэр екIуу абыхэм щыу­зэщIащи. Апхуэдэ Iэзагъ хэлъу тхам и ныбжьыр икIауэ къэп­лъытэныр щыуагъэщ. Нобэрей тхылъеджэм дэзыхьэхыни, зыгъэпIейтеини, зыщымыгъуази къы­щигъуэтынщ абыхэм. Псом хуэмыдэу тхакIуэм къехъулIащ адыгэ хабзэр, дин хуэIухуэщIэхэр зэрырагъэкIуэкIым ятеухуа Iыхьэ­хэр. ХьэщIагъэм, гуфIэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрырагъэ­кIуэкIыу, лъы щIэжыныр къы­зэрыхъеикIыу щытам ятегъэп­сыхьа пычыгъуэхэр гум къонэж.
Кърым-Джэрий гу лъетэ адыгэ лъэпкъхэр я бзэкIэ, я псэукIэкIэ зыри зэрызэмыщхьым. Абы и щапхъи къехь: «Натыхъуейхэм, адрей бгырыс псоми хуэдэу, я ­къуажэхэм унэхэр Iуву щызэхагъэувэркъым тафэтес жылэхэм, псалъэм папщIэ, бжьэдыгъухэм зэращIым ещхьу».
Кърым-Джэрий гъуэгум щрихьэлIащ гуемыIурэ мыхъумыщIагъэ куэдрэ - и нэгу щIэкIащ ­пащтыхьым и Iужажэхэм, пщы­хэмрэ уэркъхэмрэ я залымыгъэр, гущIэгъуэншагъэр; илъэ­гъуащ къэрэхьэлъкъ цIыхубэм я гъащIэм щыщ теплъэгъуэ нэху­хэри, зи щхьэхуитыныгъэр зы­хъумэж бгырысхэм зэрахьэ лIыхъужьыгъэри.
ТхакIуэм и псалъэр нэхъ щIэгъэщхъуа, нэхъ дыдж мэхъу зи хьэмтетыгъуэхэмрэ абы дакъу­зэхэмрэ зэрызэпэщIэтыр къыщигъэлъагъуэкIэ; кIэщIу, шэры­уэу зыхуейр жеIэ.
Дэ дызэреплъымкIэ, языны­къуэ щIыпIэхэм деж Кърым-Джэрий щыжиIэну зыхуеям и ­нэхъыбэр ебзыщI, къиIуэтэн дзыхь ищIыркъым. Мысакъыу зэрымыхъур наIуэщ. АтIэ ар щIэшынэни щыIэт. Пащтыхьым, е абы и блыгущIэтхэм ятеухуауэ зы Iей гуэр жиIамэ, и тхыгъэ зэ­рытрадзэжынуми, и къулыкъуми кIэ иIэт.
Апхуэдэу щыт пэтми, хабзэншагъэрэ емыкIуу и хэкум щалэжьыр щилъагъукIэ, и гур къезауэрт, а псори и псэм хутегъахуэмэ, и напэр зэрымыкъабзэжыр къыгурыIуэрти, игурэ и щхьэрэ зэтелътэкъым. Арагъэнщ къызыхэкIари япэкIэ зи гугъу тщIа письмор пщы Барятинскэм хуитхыныр. Абы щибзыщIакъым и лъэпкъэгъухэм къазэры­щхьэ­щыжыр. Езы тхыгъэр зэпIэзэрыту тха пэтми, абы гуныкъуэгъуэ къыхощ.
Псалъэм и купщIэр, дэ уткIэпщIам хуэдэу, тхылъеджэм зэрабгъэдилъхьэным хуэIэзэщ тхакIуэр. КъиIуатэ гупсысэмрэ здэбгъэув щIыпIэмрэ язэгъыу къэбгъэсэбэп псалъэр шабзэшэм хуэдэщ. Ар къыгурыIуэрт Кърым-Джэрий. Псалъэр егъэ­шэрыуэфри, гъэхуащ, гуры­Iуэ­гъуафIэщ и тхыгъэхэр.
«Стилым мыкIуэдыжын ещI литературнэ тхыгъэр», - жиIэ­гъащ франджы тхакIуэ Альфонс Доде. А жыIэгъуэр сыткIи хуокIуэ Кърым-Джэрий и бзэ гъэп­сыкIэм. И тхыгъэхэр Iэзэу зэригъэпсыным езыри егугъуу щытащ. ЗанщIэуи къехъулIакъым и мурадыр, ауэ «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» щитхым ар нэрылъагъу къыщыхъуащ. Абыхэм къахэтхынщ и тхыгъэр зэриузэщIым и зы щапхъэ: «ПсыфI дикIри, сэ сыкъыщалъхуа Къудакъуэ къуа­жэм дыкIуащ. А жылэм дапщэщи цIыхур куэду дэст, и щIыри фIыт. Абы щызагъэлъэгъуащ сыкъыщалъхуа унэр; гупсысэм сызэщIиIыгъэу абдеж сыхьэт ­ныкъуэкIэ сыщытащ».
КъызэрыпIейтеяр зыхэпщIэу Кърым-Джэрий къеIуэтэж ЦIэ­мэз нэсыжу и адэм зэрыхуэзэжа щIыкIэр:
«Сэ унэм сыкъыщысыжам дыгъэм и иужьрей бзийхэр, упIэрапIэурэ, уафэ фIыцIафэм щыункIыфIыжхэрт. Япэу пщIантIэм къыщысхуэзащ си адэр. Абы занщIэу сыкъыхуэцIыхужакъым - сыту жыпIэмэ, екIуу хуэпауэ пщIантIэм дэкIар, иджыпсту абрэдж зэхэфыщIам срещхьт - икIи, зэхэпх къудейуэ мыр жиIэри:
- Унеблэгъэну си гуапэщ, хьэщIэ!
Ауэ, сыкъыщицIыхужым, къэуIэбжьащ: «Напэ уиIэщ, си мэзкуу­дэс!»
«Зэрыфлъагъущи, лIыжьым игу ирихьащ щыгъыныр зэрыс­хъуэжар, - етх адэкIэ Кърым-Джэрий, - ди адэм зэригугъэмкIэ, ар щыхьэт техъуэрт ди дежкIэ зэ сыкъекъужыну Iэджэ щIауэ зыщIэ­хъуэпсыр, куэд щIауи зыпэплъэр къехъулIэнкIэ зэрыхъунум, къэсщта урыс хьэлми сызэрыщыужынум».

А ИЛЪЭС дыдэм, 1866 гъэм, Кърым-Джэрий «Кубаныдзэ хъыбархэм» тридзащ «Тыркухэр Кавказым и тепщэу зэрыщытамрэ Шрыхъукъуэ Дыгъужь и уэрэдымрэ ятеухуа псалъитI» тхыгъэр. Тыркухэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэхущытам теухуауэ тхакIуэм гъэщIэгъуэн куэдым щыгъуазэ дещI. Апхуэдэу щIэныгъэ Iуэху елэжьхэм я дежкIэ сэбэп хъуну абы тридзащ нэгъуэщI зы тхыгъэшхуи, ­мэ­къумэш выставкэ Iуэхум и гугъу ищIу.
1860 - 1870 гъэхэми Кърым-Джэрий Псыжь къэзакъыдзэм и канцелярием щолажьэ. Иджы зи унафэ щIэтыр генерал-адъютант, атаман цIэри зезыхьэ граф Сумароков-Эльзстонщ. Кърым-Джэрий адъютант нэхъыжьым и къуэдзэщ, газетым и лэжьакIуэщ, профессор Венгеров Сергей зэритхымкIи, «Кавказым и тхыдэтхщ».
1869 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 26-м, Псыжь къэзакъыдзэм къыщыдэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Кърым-Джэрий и къулыкъукIэ драгъэкIуэтейри, сотник ящI.
И гъащIэм и иужьрей илъэсхэм адыгэ щIэныгъэлIым тхэн щегъэтыжыпэ, ЦIэмэз йокIри, Бжьэдыгъукъалэ мэIэпхъуэ. Псыжь и гуэж гуэл шыугъэхэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэ мыбы щетх. Ар къытехуащ «Кубань областым и фэеплъ тхылъ цIыкIум» и напэкIуэцIхэм.
Кърым-Джэрий СулътIан 1882 гъэм дунейм ехыжащ. И къу­лыкъукIэ ар майорым нэсат.
Кърым-Джэрий и тхыгъэхэр ди лъэпкъ литературэм къе­хьэлIэжын, адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ. Абыхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым, сыту жыпIэмэ, тхакIуэр куууэ хэIэбащ адыгэ тхыдэм, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ IуэрыIуатэм, къигъэлъэгъуэфащ Кавказым иса и лъэхъэнэгъухэм я Iуэху дауэ щытами, сыт ягъэхъами. А псор къыдогъанэри, нобэрей тхылъеджэм дерс къызыхихын щигъуэтынущ тхакIуэм и къалэмым къыщIэкIахэм. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэр и щIыгум блэхъуэпсыкIыртэкъым, и лъэр зытета и лъахэр игъэлъапIэу абы къигъэщIащ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.

*   *   *
НЭГУМЭР, Къаз-Джэрий, Хъан-Джэрий, Кърым-Джэрий, Адыл-Джэрий, Къуэдзокъуэр, ХьэтIохъущокъуэр, КIашэр, Ахъмэты­къуэр!.. Япэу къэунэхуа тхакIуэхэр, щIэныгъэлI Iэзэхэр, журналистхэр - ахэр дызэрыгушхуэщ, дызэрыинщ. Абыхэм я гъащIэм куэд къихьащ, езыхэр щылэжьа зэманыр мыкIыхьми, адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ. Пэжщ, дэ тхыбзэ зэрыдимыIам къыхэкIыу, ахэр урысыбзэщ зэрытхэу щытар. Нобэ дэ ­куууэ дджын хуейщ зи гугъу тщIыхэм ягъэкъарууар зыхуэдэр икIи зыхуэдизыр, ахэр утыку зэрихьар къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэр, дджын хуейщ тхыдэм и дэтхэнэ лъэхъэнэми елъытауэ, литературэм и къэхъугъэ щхьэхуэ къэс и закъуэу къэщтауэ.
«Бгырыс лъэпкъхэм я тхыбзэ щамыIэкIэ, - етх щIэныгъэлI Корзун В. Б., - урысыбзэр къагъэсэбэпыныр къыхэкIащ пасэ лъандэрэ Урысеймрэ абы и щэнхабзэмрэ бгырысхэр пыщIауэ зэрыщытам. АтIэ а зэпыщIэныгъэм фIы къыдэкIуауэ псоми щыжаIэкIэ, абы къыпкърыкIыжар мыфIу букъуэдииныр емыкIу хъунт».
Зи цIэ къитIуахэм ящыщ дэтхэнэми заужьынымкIэ сэбэп ­хъуащ урыс щэнхабзэ пэрытымрэ щIэныгъэмрэ, епщыкIубгъуа­нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм гъащIэм къыщыунэхуу щIэзыдза Iуэху еплъыкIэщIэхэри абы хэтыжу. Лъэпкъым и зэхэщIыкIым зыкъызэриIэтым къыхэкIа Iуэхущ адыгэхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэту абы щыгъуэ зэрыщIадзар.
Пэжщ, лъэхъэнэм «къызэрикъузыр» къапщIэу тхащ абыхэм я тхыгъэ куэдыр. Ауэ, адыгэ тхыдэм ехьэлIа тхыгъэфIхэри япэ лъэпкъ тхакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIащ. Урыс литературэр я щапхъэу XIX лIэщIыгъуэм цIыхухэр зыгъэпIейтейуэ щыта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэри къагъэлъэгъуэфащ.
Кърым-Джэрий иубырт лIыгъэ щIапIэ зэримыгъахуэу зэрылI пщыхэр, уэркъхэр, адыгэ лъэпкъхэр зэрызэрыукIыжым игу хигъэщIырт. КъимыдэкIэ, ар еныкъуэкъурт адыгэ лъэпкъхэм замыужьыну жызыIэу а зэманым псэуа языныкъуэ тхакIуэхэм, апхуэдэу пудыныгъэ епхыу зы лъэпкъи уещ зэрымыхъунур и тхыгъэхэм щыжиIэрт.
Дэ сыткIи дрителъхьэщ Къаз-Джэрийрэ Хъан-Джэрийрэ зэманым къигъэув къалэнхэр къагурыIуэу, урыс Iуэху пэрытхэм ещхьу, Iуэху еплъыкIэ тэмэм абыхэми яIауэ профессор Къумыкъу Тыгъуэн зэриукъуэдийм. Ауэ дэ дыарэзыкъым профессор Турчанинов Георгий а щIэныгъэлIхэм лъэпкъ Iуэху къафIэIуэхуу щымытауэ, лIа­къуэлIэшым къызэрыхэкIар ямыгъэгъуэщауэ итххэмкIэ.
Кърым-Джэрий и гъащIэр ирихьэлIащ «лIакъуэлIэш зэщIэхъе­еныгъэкIэ» зэджэм (1825 - 1861). Пащтыхьым ириудыхыну хэтами, хуеудыхакъым а гъэхэм хуэмурэ къызэщIэста мыарэзыныгъэр. Абы къигъэщIыжащ щэнхабзэщIэ. Ар зи IуэхущIафэхэм я дуней еплъыкIэри псори зэсэжахэм ящхьтэкъым, абыхэм Урысей къэралыгъуэм зэрызихъуэжыну щIыкIэри яубзыхурт. Апхуэдэ цIыху бэлыхьхэр и ныбжьэгъуащ Кърым-Джэрий. Абыхэм ядэплъеяуэ, езыри егупсысырт бгырыс лъэпкъхэм я псэукIэм, я щэнхабзэ гъащIэм хилъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм.
Пащтыхь Николай Езанэм и лъэхъэнэ бзаджэм адыгэ щIэныгъэлIхэм Iэджэ зэрагъэзахуэрт, адыгэхэр егъэджэн Iэмалхэр къалъыхъуэу проектхэр зэхалъхьэрт, лъэпкъым къыхуэщхьэпэну я гугъэ Iуэхугъуэхэр ялэжьырт. Дигу ихункъым фIыр игъэлъапIэу япэ лъэбакъуэ адыгэ литературэм щызычахэм ящыщ тхакIуэ, щIэныгъэлI Кърым-Джэрий СулътIан.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ХьэтIохъущокъуэ  Къазий

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Къуэдзокъуэ  Лэкъумэн

 

 

 

 

 

 

 

 

Ахъмэтыкъуэ  Къазибэч

 

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
Поделиться:

Читать также: