Япэ адыгэ тхакIУЭ Къаз-Джэрий СулътIан

Польшэм щекIуэкIа зауэм щытекIуахэр Царицын ныджэм щагъэлъапIэ. Адыгэ зауэлIхэр япэ итщ.

Бытырбыху,  1831 гъэ,  жэпуэгъуэм  и  6

Урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ ину зыщаужьа, лъэпкъ щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм лъэщу зыкъыщиIэт лъэхъэнэм ирохьэлIэ Кавказыр къэгъазэ имыIэжу Урысейм щыгухьар. Урыс щэнхабзэм и нэхур ятепсащ 1917 гъэм и пэкIэ тхыбзэ зимыIауэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм. ХIХ лIэщIыгъуэм абыхэм ­къахэкIащ япэ щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, жур­налистхэр. Я цIэ къитIуэнщ урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ зи гупэр хуэзыгъэзахэу Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844), Къуэдзокъуэ Лэкъумэн (1818 - 1883), Къаз-Джэрий (1807 - 1863), ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 - 1899), Хъан-Джэрий (1808 - 1843), КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий, 1840 - 1872), Ахъмэтыкъуэ Къазибэч (1872 - 1902) сымэ. Ахэр псори Урысейм щеджащ. Я тхыбзэ зэрагъэпэ-щын зэралъэмыкIам къыхэкIыу, зэрытхэуи щытар урысыбзэщ. Пушкиным зэрыжиIащи, абыхэм урысыбзэр «Iэзэу, жьэнахуэу икIи шэрыуэу» къагъэIурыщIэрт.

А лъэхъэнэм езы урыс дыдэхэм яфIэгъэщIэ­гъуэн хъурт, Белинский В. Г.  зэритхауэ, «адыгэр урыс тхакIуэхэм я сатырым зэрыхэувэр икIи ар пщIэ зыхуащI литератор куэдым нэхърэ нэхъ Iэзэу урысыбзэм зэрыхуэшэрыуэр».
Япэ адыгэ тхакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм щIэ­ныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр куууэ яджщ, дуней­псо, урыс классикэ литературэхэр фIыуэ зра­гъащIэри, къызыхэкIа лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ ­къалъыхъуащ, адыгэр Урысейм и щэнхабзэ пэрытым ешэлIа хъуным я къару ирахьэлIащ. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ лIакъуэлIэш революционер Грибоедов А. С., декабристхэу Кюхельбекер В. К., Одоевскэ А. И., Бестужев-Марлинскэ   А. А., Якубович А. И. сымэ, ермэлы зэкъуэшхэу Бебутовхэ, куржыхэу Чавчавадзе Ильярэ Орбе­лиани Григолрэ. Кавказым и цIыху пэрытхэр ­Урысейм и лIакъуэлIэш революционерхэм я телъ­хьэт. Кавказым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ псынщIэу заужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэфIхэр ­яубзыхуурэ, абыхэм къагъэлъагъуэрт мамырыгъэ щыгъэIэным, урысхэмрэ бгырысхэмрэ ныбжьэгъугъэкIэ зэшэлIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Сенат утыкум къыщыхъуа зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ декабрист куэд, я офицерыгъэр трахыурэ, Кавказым щыIэ дзэхэм къагъэкIуат. Абыхэм я ­гъуэгур адыгэхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкIырт. ИкIи Бестужев-Марлинский Александр зэрыжиIауэ, «Кавказ курыкупсэм щалъагъу дахагъым и за­къуэтэкъым декабристхэр дэзыхьэхыр, абыхэм «зрагъэщIэну хуейт бгырысхэм я зэхэтыкIэр, я хабзэхэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ».
Адыгэхэм я гукъэкIыжхэм фIыкIэ къахощыж урысхэмрэ бгырысхэмрэ зэпэгъунэгъу хъуныр зыфIэкъабылу щыта декабристхэр. Абыхэм яубырт пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI хъун­щIакIуэ зауэр, бгырыс лъэпкъхэр зыгъэулъий политикэ мыхъумыщIэр.
«Кавказыр мамыру вгъэпсэуи, дуней жэнэтыр Евфрат къыщывмылъыхъуэ… Ар мыбдежращ здэщыIэр», - жиIэрт Бестужев-Марлинскэм. Де­кабрист Розени и хэку щыкIуэжым итхыгъащ: «Узыншэу, Кавказ! Уэ узыгъэбжьыфIэ дахагъэм къыхрехъуэ уи деж щыпсэухэм я зэIузэпэщ гъащIэри».
Адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот «Революцэмрэ бгырысымрэ» журналым 1932 гъэм тридза тхыгъэм пэжу къыщигъэлъэгъуащ Iэмалыншагъэм ирихулIэу зы зэман лъэпкъым игъуэта дуней тетыкIэр абы и хьэл-щэну пIуатэ зэрымыхъунур, шэрджэс лъэпкъыр, и щхьэхуитыныгъэр ихъу­мэжурэ, зауэ Iуэхум нэхъ хуэгъэпса зэры­хъуар, и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ заригъэужьыну Iэмал зэримыIэр езым зэримызэраныр.
АтIэ, илъэс куэдкIэ Урыс-Кавказ зауэм и пэ­жы­пIэр зэрыщIауфэным хэтащ, пащтыхь генералхэм Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным щызэ­рахьэ залымыгъэр ягъэзахуэу, мысэр хей ящIу буржуазнэ тхакIуэхэм Iуэхур зэрыщымыту ятхырт, Кавказ лъэпкъхэр лъыифхэу икIи гущIэ­гъуншэхэу жаIэурэ Iэджэ пцIыи яIуатэрт, уеблэмэ бгырысхэм гущIэгъуншагъэр я хьэлу къыщIрагъэдзыну хэтт.
Езы пащтыхьыр хэтыт абы щыгъуэ? Аратэкъэ бгырысхэм я лъыр щысхьыншэу зыгъажэр? Абы и генералхэратэкъэ цIыхухъу зыдэмысыж къуа­жэхэм сабийхэмрэ жьыкIэфэкIэхэмрэ щызэтезыукIэр? Бгырысхэм фIыуэ ялъагъу  хуитыныгъэр. Ар яхъумэжу ирагъэкIуэкIырт бэнэныгъэ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ урысхэм пыщIэныгъэ ­хуаIэныр яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащ­тыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэ­жьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.
Кавказми пащтыхьыр къэкIуат и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ, пщылI хъу нэхърэ.
Марксрэ Энгельсрэ я нэIэ къытрагъэтт Кавказым зауэр зэрыщекIуэкIым икIи зэрахуэфэ-щэнкIэ пщIэ къыхуащIащ адыгэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжым. Маркс а зэманым мыпхуэдэу итхащ: «Шэрджэс хахуэхэм  аргуэру урысхэм я деж текIуэныгъэфI зыбжанэ къыщахьащ. Лъэпкъхэ, зыщевгъасэ абыхэм я деж, щхьэхуиту къэнэжыну хуей цIыхухэм яху­зэ­фIэкIыр зэвгъэлъагъуи».
Адыгэхэм яхэлъ лIыхъужьыгъэшхуэр дуней псом яфIэтелъыджэт. ИкIи Мэжэрым, Алыджым, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэми къикIа рево­люционерхэри адыгэ шэрджэс мэхъаджэхэм ядэзауэрт.
Грибоедоври, Лермонтоври, Толстой Леви Кавказым щхьэусыгъуэ зырыз яIэу къэкIуат, ауэ ахэр зэдарэгъут пащтыхьым Кавказым щызэрихьэ мыхъумыщIагъэр щысхьыншэу сэтей къыщащIкIэ. Езыхэм пщIэ хуащIырт бгырысхэм, фIыуэ ялъагъурт абыхэм я IуэрыIуатэр.
Пушкиныр тIэуней щыIащ ди хэкум. Ар адыгэ-хэм я гъащIэм нэ жанкIэ кIэлъыплъырт, пщIэшхуэ яхуищIырт хуитыныгъэр фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ, фIэгъэщIэгъуэнт яхэлъ хьэщIагъэр, нэ­мысыр, лIыгъэр. ПщIэнши хъуакъым Кавказым зэ­рыщыIар - ди щIыналъэм теухуа усэхэр, поэмэхэр итхащ.
«ЩIыпIэ узытхьэкъущ. Абы сыт хуэдиз поэзие къыщызгъуэта, сыт хуэдиз гурыфIыгъуи щызгъэунэхуа!» - жиIэу и Iыхьлы Павлищевым хуи­Iуэтэжат здэщыIар къызэрыщыхъуар. Урыс тха­кIуэшхуэр и телъхьэт бгырысхэр фIырыфIкIэ Урысейм гуэгъэхьэным. Зэман кIыхькIэ Кавка­зым щыIащ Лермонтов Михаил. Абы куууэ щы­гъуазэ зищIат бгырысхэм я псэкупсэ щэнхабзэм, я хьэл-щэным, я хабзэхэм, я псэукIэм, дуней тетыкIэм.
«Кавказырыс» зыфIища и очеркым, и щхьэм тритхыхьыжам, усакIуэм щыжеIэ: «ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъ лъэпкъым и IуэрыIуатэ усэбзэкIэ         тхам ар итхьэкъуат (зи гугъу ищIыр адыгэхэрщ - Хь. М.), бгырысхэм я хабзэхэмрэ я хьэлхэмрэ ­хъарзынэу къыгурыIуат, я пелуанхэр я цIэкIэ зэригъэщIат, я лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къызыхэ-кIахэр игу ириубыдат».
УсакIуэм и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щеубыд ­«Урысеймрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ» темэм. Лъэпкъхэр пщылIыпIэм иригъэувэн, абыхэм я щIыналъи я хуитыныгъи ятрихын мурадкIэ пащ­тыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зауэм ар и бийт икIи зи хуитыныгъэр зыхъумэж бгырысхэм я зэщIэхъееныгъэр диIыгът. Абыи тэмэму къыгурыIуэрт фIырыфIкIэ бгырысхэр Урысейм гуэгъэхьэным лъэныкъуитIми я сэбэп зэрыхэлъыр.
Пащтыхьым и IуэхущIафэм ер къызэрикIым, леймыгъэгъу бгырысхэм шынагъэкIэ зэрыпхудамычыхынум, щхьэхуиту къалъхуар залымыгъэм  и бжьым зэрыщIэмыувэнум, адыгэм и лIыгъэр зыхуэдэм - а псоми ятеухуащ Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-Бейр», гупсысэ лъэщыр зи ­къуэпсу усэбзэ къабзэкIэ зэщIэжьыуэжу тхар. Поэмэм удихьэхыу укъеджэ къудейкъым, ар а лъэхъэнэм и гъуджэщ, уиплъамэ, Кавказым щыщыIа щытыкIэр зэрыщыту къищу, зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэри мамыр гъащIэри уигъэлъагъуу. Абы нэгум къыIуригъадзэхэм нэ­мыщIи гур егъэпIейтей. Куэди зэхыуегъащIэ, къыбгурегъаIуэ. Поэмэм укъоджэ, абы хэт лIы­хъужьхэм ягу зыгъэинри, я псэм щыщIэри, я ­хъуэпсапIэхэри, я губжьри адыгэхэм я хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэ уасэ зимыIэри куууэ уэри зыхэпщIэу, абыхэмкIэ укъызэщIэсту…
ЖыпIэ хъунущ а поэмэр пащтыхьымрэ абы и лIыукI генералхэмрэ суд пащхьэм изыгъэувэ икIи зезыгъэцIыхуж уэчылым и псалъэ гуащIэу. Ауэ а зы поэмэм и закъуэкъым Лермонтовым Кавказым тритхыхьар, бгырысхэр, псом хуэмыдэу адыгэхэр, зэригъэлъэпIар. Апхуэдэ усэхэу, поэ­мэхэу итхахэм - «Мцыри», «Бастунжы къуажэр», «Хьэжы-абрэдж», «Тэрч и тыгъэхэр», «Къамэ», «УсакIуэ», «Кавказ гъэр», нэгъуэщIхэми - укъы­зэщIаIэтэ, поэзие нэсым къуит гухэхъуэр къып­лъагъэс.
Нэмыплъ зрат поручикыр «ауэ сытми теплъэ­гъуэ дахэхэмкIэ тхылъеджэр къыдэсхьэхынщ», жиIэу бгырысхэм ятетхыхьа къудейкъым, ахэр цIыху ахъырзэманхэу, щIыкIафIэхэу, гурыхуэхэу, нэмыс яхэлъу къигъэлъэгъуащ. Абы зэхикъутащ пащтыхьым и пыхъуэпышэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм «сэхъуари, Iэлри» къыфIащурэ зэрагъэпцIа Iуэху еплъыкIэ нэпцIхэр, урыс цIыху къы­зэрыгуэкIхэм гукъэкI яригъэщIащ пащты­хьым иуба лъэпкъхэм пщIэрэ нэмысрэ яхуэфащэу, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэри захуагъэу.
Октябрь революцэм хуитыныгъэ къахуихьы­гъащ япэм дэкъузауэ псэуа лъэпкъ псоми. Зэ­къуэш лъэпкъхэм я къэралыгъуэм зы щIыпIэкIэ къыгуэту адыгэ лъэпкъхэми - къэбэрдейхэм, адыгей­хэм, шэрджэсхэм - заужь: щIэныгъэншагъэр гъэкIуэда хъуащ, я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуащI, я литературэращи, хамэ къэралыбзэ IэджэкIэ зэра-дзэкIыурэ я тхылъ­хэр дуней псом тохьэ.
Дэ Iэмал диIэ хъуащ адыгэ тхыдэр куууэ дджы­жыну икIи телъыджэу ди блэкIам къыщыд­гъуэтыжхэр ди нобэм къыщыдгъэсэбэпыну, псэкупсэ къулеягъыу диIэм дяпэкIи хэдгъэхъуэну. Абы и лъэныкъуэкIи гулъытэ зыхуэфащэ Iуэху­гъуэшхуэщ илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ езыхэм я лъэпкъ литературэ зэзыгъэпэщыну хэта адыгэ тхакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я тхыгъэхэр ди нобэрей гъащIэм къыхуэгъэушыжыныр.
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэмрэ етIощIанэ лIэ­щIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ псэуа адыгэ тха­кIуэхэм я тхыгъэ куэдым я мыхьэнэр иджы нэхъ лъагэ ­хъуащ. Ахэр удихьэхыу тхащ. А тхыгъэхэм хуэныкъуэщ ди нобэрей тхылъеджэр. Адыгэ тхыбзэ зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щыта Хъан-Джэрий, КIашэ Адэлджэрий, Къаз-Джэрий, Инэт Кърым-Джэрий, Адэл-Джэрий, Ахъ­мэтыкъуэ Къазибэч сымэ я къалэмым къыщIэ­кIахэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIыжын хуейщ. Ауэ а Iуэхум мащIэу йогугъу; литературэр зыджыж языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ зи гугъу тщIыж тхакIуэхэм я тхыгъэхэр я тхыкIэкIэ зэ­хуэмыдэу, я гъэпсыкIэкIи зэмыщхьу, нэгъуэщIу жыпIэмэ ахэр, иджырей литературнэ гъэпсыкIэмкIэ къэплъытэмэ, нэмыщIысауэ. Ауэ нэмыщIыса гуэрхэр щыIэми, а лэжьыгъэхэм фIагъ яIэщ, Iэзэ дыдэу тхари мащIэкъым. Мыбдеж къыщызгъэ­лъэгъуэну сыхуейщ ди литературэм къежьапIэ хуэхъуауэ узэрыгушхуэ хъун тхыгъэхэр а ямы­дэхэм зэрахэтыр, ахэр ди лъэпкъэгъухэм къегъэцIыхуныр зыщхьэщыпхыж мыхъун къалэну къызэрытпэщытыр.

«ХьэжытIэгъуей  ауз»

ИДЖЫ дытепсэлъыхьынщ япэ  адыгэ тхакIуэ Къаз-Джэ­рий Сулъ­тIан и къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм, абы и псэукIам. Пушкиным и лъэхъэнэгъуу щыта а тхакIуэм теухуауэ иджыри къэс дызыщыгъуазэр мащIэщ.
Къаз-Джэрий и зэчийм зиужьынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ урыс щIэныгъэлIхэр, тхакIуэ цIэрыIуэхэр. Мыин дыдэу гъэпса тхыгъитIымкIэ Къаз-Джэрий нэрылъагъу къищIащ тхэным зэрыхуэгурыхуэр, зэхэщIыкIышхуэ зэ­риIэр.
Адыгэ тхакIуэм къыдигъэкIа и тхыгъэ нэхъыфIщ икIи нэхъ инщ «ХьэжытIэгъуей аузыр». Ар «Современник» журналым 1836 гъэм и мэ­лыжьыхь мазэм традзащ, Гоголь и «Гущэ», «ХыхьэхэкI зиIэ цIыхум и пщэдджыжь», Пушкиным и «Арзрум къы­зэрыщыскIухьар», «Щауэ къузгъун», Жуковскэм и «Жэщ еплъыныгъэ» ­тхыгъэ гъуэзэджэхэм ящIыгъуу.
Урыс литературэм Кавказыр хэзыхьа урыс усакIуэшхуэ, «Современник»-м и унафэщI Пушкиныр «ХьэжытIэгъуей аузым» къыщеджэм гухэхъуэ зэри­гъуэтар ибзыщIакъым:
«Мыр дэ дызыпэмыплъа Iуэхугъуэ телъыджэщ! Кавказ Iэлым и къуэр ди тхакIуэхэм къабгъуроувэ; адыгэ щIалэм урысыбзэр хуиту, щIэращIэу икIи лъэщу егъэшэрыуэ. Дэ зы псалъи щызэтхъуэкIакъым фи пащхьэ итлъхьа пычыгъуэм. ГъэщIэгъуэнкъэ: щIэ­ныгъэм и IэфIыпIэр зыхэзыщIа ­Къаз-Джэрий СулътIан епцIыжа­­къым и ­лъахэм щызекIуэ хабзэхэм, и лъэпкъ тхыдэм».
Белинский Виссариони гуапэу IущIащ адыгэ тхакIуэм и къалэмым. ­Къаз-Джэрий и гъуэгуанэ тхыгъэр зэрыт журналыр къыдэкIа нэужь, критик цIэрыIуэм «Современник»-м теу­хуауэ псалъэ зыбжанэ» зыфIища ­тхыгъэм мыпхуэдэу щетх:
«ХьэжытIэгъуей аузыр» адыгэм (Къаз-Джэрий СулътIан) зэритха къудеймкIэ гъэщIэгъуэнщ, ар ди тхакIуэ цIэрыIуэ куэдым нэхърэ нэхъ хуэ­шэ­рыуэщ урысыбзэм».
Тхыгъэр щиухым Белинскэм къыхигъэщхьэхукIащ журналым традза «тхыгъэ псори, усэхэм фIэкIа къэ­мы­нэу, фIы зэрыхъуар».
Гъуэгуанэ тхыгъэм ущеджэкIэ, зан­щIэу гу лъыботэ ар зытхам и къалэмыр зэрышэрыуэм, апхуэдэуи зыхыбощIэ урыс щэнхабзэр тхакIуэм и зэфIэкIым къежьапIэ зэрыхуэхъуам. «ХьэжытIэгъуей аузым» тепщIыхьмэ, Къаз-Джэрий и адэжь хэкум фIылъагъуныгъэ хуиIэт, езыр щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхут.
Тхыгъэм занщIэу щыгъуазэ дещI Iуэхур къыщыхъу лъэхъэнэми щекIуэкI щIыпIэми - «1834 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 3-м, Псыжь адрыщI». Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр, бысым нэш­хуэгушхуэм и хьэщIэщыр къегъанэри,  дыгъэ къухьэгъуэм ХьэжытIэгъуей аузым къыщхьэщыт Iуащхьэм хуопIащIэ. И адэжь хэкум къызэригъэзэжам абы кърет гурыфIыгъуэшхуэ, къы-
щохъу дуней псор езым къыхуэгуапэу. И щIыналъэм и дахагъыр щилъагъу­кIи, гуфIэгъуэ нэпсым еуфэ и нэр.
Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр зэрыбгырыс нэсыр къумыщIапIэр иIэкъым, зигъэпсэхуну къыздэкIуэжа и щIыналъэр илъагъури, хьэщыкъ хъуащ, къалэмри къищтащ. ИкIи и япэ псалъэхэм къыщыщIэдзауэ зыхыуегъащIэ мы щIыпIэм ар къызэрыщыхъуар, абы и щыпэлъагъукъым Кавказ бгы уардэхэр, къуршыпс Iэлхэр, ауз дахащэхэр, ауэ абы зэрахуэзэшари, и гум къыщыуш гурыфIыгъуэхэри апхуэдэу зыхуэусынур бгырыс нэсырщ. Абы ­къилъагъуфхэр, гу зылъитэхэр имы­лъагъункIэ мэхъу нэгъуэщI щIыпIэ къыщалъхуам.
Пэжщ, тхыгъэр Къаз-Джэрий щитхар нэхъ иужьыIуэкIэщ, а и нэгу щIэкIахэм нэхъыщхьэр къыхихыжыфын хуэ­дэу зэман дигъэкIри итIанэщ тхэн щыщIидзар.
Удихьэхыу, зыкъытумычыжыфу узэ­джэ тхыгъэр зыхуэдэр жыIэжыгъуа­фIэкъым, ауэ апхуэдизкIэ ар шэрыуэу гъэпсащ, зы гупсысэм хуолажьэри, зэ уеджауэ зэи пщыгъупщэжыркъым.
Сыт-тIэ ар гум къизынэр? Къызы­хэкIа лъэпкъыр тхакIуэм зэригъэлъапIэр, абы и нобэмрэ и пщэдеймрэ ­нэхъыфI хъуным зэрыщIэхъуэпсыр аращ. Къаз-Джэрий и тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ адыгэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным иIэну мыхьэнэшхуэр.
Дунейм и теплъэ дахэр къыщигъэ­лъагъуэкIи бгырысхэм я псэукIэм ­щытетхыхькIи Къаз-Джэрий пэжыр и гъуазэщ, абы теплъэкъукIыркъым, дерс къызыхэхын хуейр къегъуэт, ар зэманым къигъэув къалэнми къы­хуегъэлажьэ.
ТхакIуэм и тхыгъэр зытриухуэр зыщ: бгырыс лъэпкъхэм зыкъыщаIэтынур, насып щагъуэтынур щIэныгъэм и нэхур ятепса нэужьщ, щIэныгъэншагъэм и кIыфIым хэтыху, я щэнхабзэми зиужьынукъым, я псэукIэри ефIэкIуэнукъым. Къаз-Джэрий гъуэгуанэ тхыгъэм къыщыжеIэ: «Европэм сыщамылъхуами, сэ си нэгу къыщIэзгъэ­хьэфащ мыбыхэм я гъащIэ дыджыр, сэшхуэдзэм дэлъ зэпыту ягъакIуэ гъащIэр… Ауэрэ сыздэгупсысэм, сигу къэкIыжащ апхуэдиз псалъэмакъ з­ращIэкIа, апхуэдизрэ ягъэныщкIуа щIэныгъэ Iуэхур. ГъэщIэгъуэнщ! Куэд щIа сэ мы лъахэм жьым хуэдэу шууэ къэзжыхьу сызэритрэ, иджы сыхьэ­зырщ мыбы щIэныгъэр къэса зэры­хъун Iэмал минхэр зэхэслъхьэну».
ТхакIуэм адэкIэ къыпещэ: «Ауэ аракъым иджыпсту къыспэщытыр - нэхъыфIыр тхьэм къытхуищIэ, зэры­хъу­Iамэ хъунщ - си гъусэхэр арауэ къыщIэкIынкъым иджыпсту зыщIэ­хъуэпсыр; етIуанэ жэщыр щыдгъэкIуэну быдапIэр щалъагъум, ахэр зэщIэкъэкъащ, сэри, гупсысэр щысщ­хьэ­щыум, си щхьэр къэсIэтри слъэгъуащ урыс быдапIэр. ИлъэсипщI и пэкIэ хэт  и гугъэнт урысхэм мыбдежым быдапIэ къытращIыхьыну; си пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым зэгуэр си бийуэ щы­там и деж мыпхуэдэ жэщ щисхыну».
Хэт ищIэн мызыгъуэгуми Къаз-Джэрий и Iуэху зыхуэдэу щытар?! Дэ дыщыгъуазэкъым и лъэпкъэгъухэм ятеуэну дзэм ар хэтами. Абы щыгъуэм, урыс офицерым хуэдэу, унафэ бзаджэр имыгъэзэщIэн лъэкIыркъым. Мыдрейуэ, а унафэхэм ебэкъуэфамэ, цIыхугъэ нэс къыкъуэкIынт, и щхьэм пщIэ хуищIыжыфу.
АдэкIэ Къаз-Джэрий и гупсысэм зрегъэубгъу: «Бгы фIыцIэ щымхэм теплъызащ си нитIыр. Къыр дзакIэм къыкъуэплъ дыгъэ бзийм урыс сэ­лэтым и мыжурэр фагъуэу полыд. Дыгъэр хуэм-хуэмурэ къурш щIыбым щыужьыхыжащ, уафэ лъащIэм телъ пшэ гъуабжэхэм я нэзым плъыжьыпс мащIэ къыщIэлъэдащ, къуршыщхьэ уэсри, зыгуэрым игъэукIыта нэхъей, цIыплъ къэхъуащ»…
«ХьэжытIэгъуей аузым» щыщ мы пычыгъуэмкIэ къыщIэгъэща мэхъу «къару здэщыIэм напэ щыIэн хуейкъым» жыхуиIэ Iуэху еплъыкIэ мы­фэ­мыцыр. А Iуэху еплъыкIэр къэзыгъэщIа лъэхъэнэри лъэхъэнэ гущIэ­гъуншэу зэрыщытар къегъэнаIуэ икIи цIыхугъэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ гъащIэм и хабзэ зыщIа пащ­тыхьым абыкIэ нэлат ирех.

«Мамыру псэу цIыхухэр зауэм щыхэкIуадэкIэ, бгырысхэм я къуажэ зэкъуэхуахэр мафIэм щисакIэ, лъэпкъ псор хьэзабым щыхэтакIэ - а лъэпкъым и бийуэ ирагъэкIуэкIащ зауэ мыхъу­мыщIэ, ар ягъэзахуэу сыт хуэдэ псалъэ фэрыщI кърамыIуэкIами…» - дэ ап­хуэдэу къыдгуроIуэ адыгэ тхакIуэр зытепсэлъыхьыр.
Ар гупсысэ узыншэу тхыгъэм къыхощ. Пэжщ, зыгъэпIейтей Iуэхур тха­кIуэм и «джатэр ихауэ» къиIуатэркъым, ауэ Урыс-Кавказ зауэм и теп-лъэгъуэ шынагъуэхэм мащIэу къытхутопсэлъыхьри, абы гущыкI худегъэщI. «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэр зауэм егъэунэхъу», - жеIэ  Къаз-Джэрий. Ауэ абы иринэщхъейуэ и тхыгъэр «гъыбзэу» игъэшыркъым, гурыфIыгъуэнши ищIыркъым - къэхъукъащIэ, теплъэгъуэ зэмыплъыфэхэмкIэ гурыхь къытщещI.
А къэхъукъащIэхэм дыкъыхуагъэуш Къаз-Джэрий къыжиIэну зыхэтым, ар зыщIэкъум, гъащIэмрэ тхыдэмрэ ­къахиха дерсхэм. Гъэхуауэ щыта «псалъэмакъыр» щIэщыгъуэу икIи утемызашэу йокIуэкI.
Къаз-Джэрий фIыуэ щыгъуазэт и лъэхъэнэм щыIа тхылъеджэхэр зы­хуэдэм, абыхэм яфIэкъабылри я мы­хьэмышхри ищIэрт. Арагъэнщ зылъэгъуар зытхыжым хуэдэу тхэну щIы­хуэмеяр. Абы и гъуэгуанэ тхыгъэм ­щы­зэкIэщIэпхъащ шэрджэс гъащIэр, адыгэ дунейр къэзыгъэлъагъуэ теп­лъэгъуэхэр.
ТхакIуэм зыщехъумэ илъэгъуари ­игъэунэхуари псалъэмакъ гъущэкIэ къетхэкIыным, къыгуроIуэ езыр Iуэхум зэреплъыр, псэкIэ зыхищIэхэр хигъэ­хьэкIэ и тхыкIэр нэхъыкIэ зэрымыхъунур. ИкIи щыуэркъым, ар щыхъума мэхъу псори зэсэжа тхэкIэжьым - гъуэгуанэ тхыгъэхэр нэхъыбэм зэратхыу щытам. Нэхъыщхьэращи, Къаз-Джэ­рий теплъэгъуэ гуэрхэр иузэщIым зыдригъэхьэхыу езым а псор къызэ­рыщыхъужар къигъэлъэгъуэну щы­гъупщэркъым. А тхэкIэм тету Къаз-Джэрий еузэщI гъуэгуанэ тхыгъэм зэрызиужьын хуей щIыкIэр: зрихьэлIа цIыхухэмрэ и нэгу щIэкIахэмрэ зи­щIысыр къэгъэлъэгъуэн, а псор езым къызэрыщыхъужари къэIуэтэн, ­къэхъукъащIэхэм зэрегупсысыр хъыбарым къыхэгъэщын, а къомым зы дерсышхуэ къапкърыкIыжу тхыгъэр гъащIэм хуэгъэлэжьэн. ЖыIэни ­хуейщ, адыгэлIым и джатэ жану,         Къаз­-Джэрий и къалэмри и мурадым зэ­рыхунэсыр. Зэ жиIам къыщытригъэ­зэж, и жыIэкIэри зэшыгъуэ щыхъу хэ­мыту жьэнахуэщ зи макъ дедаIуэр. Ар икIи набдзэгубдзаплъэщ, зытеп­лъар игу ириубыдэфу. ЗэхэщIыкIи иIэщ, тхылъеджэр зыхуейр къищIэфу. Абы къызэрыгуэкI псэупIэхэр зи хэщIапIэ бгырысхэм я лъахэр урыс тхылъеджэм ирегъэлъагъуф, адыгэ­хэр зы­хуэдэр абыхэм къарегъэщIэф икIи мыпхуэдэу мэущие: «А фызэримыгугъэм хуэ­дэу, псэ къабзэхэщ сэ  си лъэпкъэгъу­хэр, цIыхугъэшхуэ зы­хэлъ­хэщ. ЩIэныгъэкIэ дахуэвгъэупси, флъагъунщ, ахэр зэрыхъу! ИтIанэ я щIыхуи къы­зытранэнкъым адыгэхэм, Iэджэ фIыгъуэкIи къывэтэжынщ».
ЩыцIыкIум щыгъуэ Къаз-Джэрий фIэфIт жьапщэм хэтыну. Дунейр къы­щызэIыхьэкIэ къуагъэнапIэ лъыхъуэртэкъым. Арагъэнщ абы къыщIыщы­хъур:

Мэз бгынэжахэм къуату гурыфIыгъуэ,
Хы Iуфэм псэм щихьэм тетыгъуэу,
Толъкъун къэкъуалъэм плъагъуу и дахагъ,
Хым ныджэ бжьэпэр къэхъуми щигъагъ…

 

 

Къаз-Джэрий СулътIан.
Сурэтыр  Гагарин  Григорий  ищIащ.  1836 гъэ

 

 

 

 

 

Кавказ эскадрон ныкъуэм и юнкер.
Сурэтыр  Белоусов  Леонид  ищIащ.  1831 гъэ

 

 

 

Кавказ эскадрон ныкъуэм и офицер Къаз-Джэрий СулътIан.
Сурэтыр  Гагарин  Григорий  ищIащ.  1844 гъэ

 

 

Поделиться: