Иджы гъуащхьэтетхэр егъасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ. Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн щIалэщIэр япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий хъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, гъуэм дагъэуващ.

Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ.
Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIэлэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. 1989-1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалхэр къихьащ.
Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыджэгуа 1991-1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту 1995 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар щыщ ­хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ.
2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4-м къищынэмыщIауэ, Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Ди къэралым и футболист нэхъыфIу 33-м Заур щэнейрэ хабжащ.
Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ.
Адыгэм и щIыхьыр ди къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым Хьэпэ Заур щиIэтащ. Иужь илъэс пщыкIущым ар Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ. А командэ цIэрыIуэм хэту нэгъабэ ещэнэу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
«Матч!» телеканалым иджыблагъэ ди лахэгъу цIэрыIуэм интервью ин къыIихащ. Абы щыщ пычыгъуэхэм ди гуапэу фыщыдгъэгъуэзэнщ:
- Уэ бгъасэ «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэр мыгъэрей зэхьэзэхуэм хуэхьэзыр?
- Псори зэрыдубзыхуам тетщ. Зыгъэсэныгъэхэм гъуащхьэтетиплI хэтащ. Коченковым, Савиным, Худяковым нэхъ пасэу щIадзащ. ИужькIэ абыхэм Гильерме къахыхьэжащ. Илъэс хъуауэ щалъхуа Бразилием ар кIуэжатэкъыми, тренерхэм нэхъыбэрэ зрагъэгъэпсэхуащ. Дэтхэнэри хьэзырщ гъуэм дэувэну. КъищынэмыщIауэ, Гильерме Урысей Федерацэм и балигъ командэ къыхэхам и гъуащхьэтет нэхъыщхьэщ, Худяковыр къэралым и ныбжьыщIэ гупым ираджащ.
- Гъуащхьэтетхэр зэрывгъасэ топ къизыдз Iэмэпсымэр дэни къыщыздевшэкIрэ?
- Килограммищэм щIигъу абы и хьэлъагъщи, дэнэ пшэн? Баковкэм щыдиIэ ди хэщIапIэм къыщыдгъэсэбэпу аращ.
- Гъуащхьэтетхэм ар яфIэфI?
- Хуабжьу сэбэп Iэмэпсымэ телъыджэщ. Топыр къызэриутIыпщ лъэщагъкIи, псынщIагъкIи, унэтIыныгъэкIи ар узэрыхуейм хуэдэу тебухуэ мэхъу. Зы футболист Iэзэми ахэр яхузэфIэкIынукъым.
- Я ныбжьыр илъэс дапщэ хъухукIэ гъуащхьэтетхэр зыгъасэхэр тэмэму зэрылэжьэфынур?
- Ар куэдым елъытащ. ДэIэпыкъуэгъу уиIэмэ, нэхъ тыншщ, «Зенит»-м е «Рубин»-м зэрыщыгъэувам хуэдэу. Уи закъуэмэ, нэхъ хьэлъэщ.
- Дауи, уи ныбжьыр хэкIуэтэхукIэ топым зыкIэлъыбдзыну нэхъ гугъущ. Уэ ар иджыпсту дауэ къохъулIэрэ?
- ЗыкIи къызэмыхьэлъэкIыу. «Алания»-р чемпион зэрыхъурэ илъэс тIощI щрикъур щагъэлъапIэм джэгум и зы Iыхьэ сфIэфIу есхьэкIыфащ. Тренерым и дежкIэ ныбжьым мыхьэнэшхуэ иIэкъым, уи гъэсэнхэм ебгъэщIэнрэ ебгъэлъагъунрэ уиIэмэ.
- Уи хьэлъагъми щIебгъэгъу хуэдэкъым. Гугъу абы утетыну?
- КъызыхэкIари сщIэркъым, ауэ си хьэлъагъыр иджы тэмэму зэтеуващ. Сыщыджэгум абы хуабжьу гугъу сыдехьырт. Къыщыхъуа щыIэщ си хьэлъагъым зэрыщIезгъэгъуам щхьэкIэ ди тренер нэхъыщхьэ Газзаев Валерий къызэрызэтхьэкъуа ахъшэмкIэ сызыхэт гупым зэрызагъасэ Iэмэпсымэ, хьэпшып куэд къыщищэхуа. Отпуск дыкъызэрикIыжу абы дригъэшэчырти, занщIэу къыдэтхьэкъурт. Сыт сщIэми сыпэмылъэщу, хьэлъагъ лей сиIэу зыгъэпсэхугъуэм сыкъикIыжырт. НэгъуэщIуи хъунутэкъым - апхуэдизрэ умылъэгъуа благъэ-Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм фIыуэ уамыгъэхьэщIауэ укъаутIыпщынт?!
- Тэрэзэр вгъэпщкIу е фкъутэ хъуртэкъэ?
- Мызэ-мытIэу дгъэпщкIуащ, зыгуэрхэр къыщыхэтIуэнтIыкIаи щыIэщ. ИужькIэ электрон тэрэзэхэр къежьэри, зыри тхуещIэжакъым.
- Осетин дэлэнхэм ящыщу сыт хуэдэр нэхъ пфIэфI?
- Лы зыдэлъыр. Ауэ сэ сыосетинкъым, сыадыгэщ. Дэри лъэпкъ шхыныгъуэ телъыджэ куэд диIэщ.
- Налшыкдэсхэм куэдрэ ухэтакъым. Дон Iус Ростов, Тбилиси, Владикавказ, Мэзкуу къалэхэм нэхъ ущыджэгуащ. «Спартак»-м езы Бесков дыдэм уригъэблэгъар пэж?
- Зэрыщытар мыращ. 1986 гъэм Налшык и «Спартак»-м дэщIыгъуу Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщыдгъасэрт. Бесковым Кисловодск зыщигъэпсэхурт. Абы Шубинымрэ Покровскэмрэ къигъакIуэри, хъыбар къысIэригъэхьащ Мэзкуу срагъэблэгъэну зэрыхуеймкIэ. Зэман дэкIщ, къызэджэри, къалащхьэм сыкIуащ. Мэзкуу и «Спартак»-м и хэщIапIэ Тарасовкэр къэзгъутрэ сыдыхьэмэ, къэралым и командэ къыхэхам щыджэгу футболист цIэрыIуэхэу Дасаевым, Хидиятуллиным, Бубновым, Радионовым, Черенковым, нэгъуэщIхэми загъасэри губгъуэм итщ. ЗанщIэу зыкъэзгъазэу сыкъыдэкIыжын си гугъащ. АрщхьэкIэ «Спартак»-м и администратор Хаджи Александр сыкъызэтригъэувыIащ. Тренировкэр яухри, Бесковыр къызбгъэдыхьащ: «Спартак»-м ущыджэгуну ухуей?» УпщIэм и жэуапыр хьэзырт: «НтIэ!» Апхуэдэу гуп цIэрыIуэм сыкъыщыхутащ. Ярославль и «Шинник»-м бэджэнду сратыхукIэ илъэсрэ ныкъуэкIэ Дасаевым и гъусэу зызгъэсащ икIи куэд зэзгъэщIащ. Абы щыгъуэм «Спартак»-м гъуащхьэтету 6 иIэт, Дасаевымрэ сэрэ къищынэмыщIауэ, Черчесоври Стаучи яхэту.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Мырзэмрэ уэрэ къищынэмыщIауэ, хэт сымэ къэралым и командэ къыхэхам зэгуэр ираджар?
- Ещтрэч Владимир. Абы сигъэсащ и гъусэуи сылэжьащ. ЩIэх-щIэхыурэ къытхохьэ, телефонкIэ дызэрощIэ. И цIэ къиIуапхъэщ Беляев Владимири.
- Яшиным и гъусэу джэгуара?
- НтIэ. Аращ Налшык сыщызыгъэсари. Илъэс пщыкIутIкIэ Мэзкуу и «Динамо»-м хэтащ. Сэ ар джэгуу слъагъуакъым, ауэ зэрыжаIэжымкIэ, гъуащхьэтет телъыджэт. Пщэдджыжьым сыхьэтихым дыкъыщихурти, Сабий стадионым дыкъыщрихуэкIырт. Гъуащхьэтет къысхэзыщIыкIар аращ. Сымаджэ хъуа иужькIэ езыми и унагъуэми зэрыслъэкIкIэ садэIэпыкъуащ.
- Премьер-лигэм къызэрыхэкIыжрэ футболым хуаIэ бгъэдыхьэкIэм Налшык зыщихъуэжа?
- «Спартак-Налшыкым» и хэщIапIэм илъэс ипэкIэ сыщыIати, си гур хэщIауэ сыкъыдэкIыжащ. Стадионыр кхъахэщ, автобусыр къутащ, командэм хэтхэм къалэжьыр мащIэ дыдэщ… Республикэм и бюджетым къыхэкI ахъшэращ гупыр зэраIыгъыр, спонсор лъэрызехьэ яIэкъым. Абы щыгъуэми Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгур фIыуэ щалъагъу икIи футболист цIэрыIуэ куэд щагъэсащ. Сыщогугъ зэгуэр Iуэхур зэтеувэжыну.
- Къэралым и командэ къыхэхам щебгъэкIуэкIа зэIущIэхэм я гугъу къытхуэщIыжыт.
- 1994 гъэм щыIэну дунейпсо чемпионатым и пэ къихуэу къэралым и футболист нэхъыфI 14-м ткIийуэ къагъэуващ Садыриныр, Сёминыр, Игнатьевыр я тренеру мыджэгуну. Ахэр къытхэмыту зы гуп дызыхуашэсри, США-мрэ Мексикэмрэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр щедгъэкIуэкIыну дашащ. Сэ а тIуми Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и гъуэр щысхъумащ. Зым дызэрыщытегъэкIуакъым (1:1), адрейм 4:1-уэ хэгъэрейхэм дащефIэкIащ.
Мэзкуу дыкъэкIуэжри, къыджаIащ дунейпсо чемпионатым дызэрыкIуэр. Фащэхэр къыдатащ, визэхэр ягъэхьэзыращ. А псори зэфIэкIа иужькIэ, зи гугъу тщIа футболист 14-м кърагъэгъэзэжри, дэ лей дыхъуащ.
- А лъэхъэнэм «Спорт Экспресс» газетым тетащ «Хапов снова в ударе!» тхыгъэ кIэщIыр.
- СощIэж. Сан-Маринэм и командэ къыхэхам «Лужники» стадионым дыщыдэджэгуауэ, Биджиев Хьэсэнбий и автомашинэмкIэ сыкъишэжырт. МВД-м пэгъунэгъу дыдэу къэувыIэри, езыр тыкуэным щIыхьащ, тшхын къищэхуну. Автомашинэм IункIыбзэIухыр къринащ, сэри абы сисщ. Зэрэ тIорэ блэкIщ, гъунэгъу зыкъысхуищIри, зы щIалэжь гуэр тутын езгъэфэну къызэлъэIуащ. Сызэремыфэр щыжесIэм, бжэр Iуиудри, сыкърилъэфу щIидзащ. Адрей и гъусэм рулым здидзащ, автомашинэр ирихужьэну. ЗэрызгъэзщIэгъуэнур сщIэркъым: уплъэмэ, МВД-р уолагъу, уэрамым цIыхухэр куэду щызокIуэ. АрщхьэкIэ къысщхьэщыжыну зыми зигъэхьэзыркъым. Арати, зыкъэсшэщIри, къызэныкъуэкъум сыкъыхэуащ. Ар зэрыджалэр щилъагъум, модрейми зричыжащ. Хьэсэнбий къэсыжати, абы кIэлъыжащ. Сэри, къизудар къыщылъэтыжати, сыкIэлъыщIэпхъуащ. Сытми, цIыху Iувым яхэлъадэри, ахэр тIэщIэкIащ. ДыкъызэщIэплъауэ ди автомашинэм дыкъыщыIухьэжым гу лъыстащ, пальто щхъуафэ зэрысIэщIэлъыр - къыстеуам сыщеныкъуэкъум къыщыстхъауэ арат. Абы иужькIэ «Спорт Экспресс»-м а зи гугъу пщIа тхыгъэр къытехъуащ.
- 1995 гъэм «Алания»-м ухэту къэралым и чемпион узэрыхъуам папщIэ къыпхуагъэфэща «Мерседес»-р дауэ хъуа?
- Ар занщIэу сщэжри, нэгъуэщI къэсщэхуат. Саугъэт къытхуащIа автомашинэхэм щхьэж зэрихьэ номерым теухуауэ хагъэдэрти, сэ япэу къыслъысат икIи сызыхуейр къыхэсхат.
- Хиддинк Гус и унафэм ущIэту «Анжи»-м дауэ ущылэжьа?
- Хъарзынэу. «Спартак-Налшыкым» Ташуевым сыщыдэIэпыкъуу абы срагъэблэгъати, сыкIуащ. Мыгувэу Хиддинк Гус тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. «Анжи»-р зи IэмыщIэм илъа Керимовым тIэкIу зыхуигъэшэчатэмэ, Урысейми Европэми аргуэру зы командэ лъэщ къыщыунэхуат.
- А лъэхъэнэм Мэхъэчкъалэ щыджэгуа футболист цIэрыIуэхэм ящыщу зыгуэрхэм зэпыщIэныгъэ уахуиIэ?
- Куэдым. Къапщтэмэ, Карлос Робертэ сыкъыщалъхуа махуэмкIэ къызэрызэхъуэхъурэ куэд щIакъым.
- Грузием къыщыпхьа дыщэ медалыр уиIэж?
- Шэч хэмылъу. Ар медаль къызэрыгуэкIкъым, атIэ Грузиер Совет Союзым къыщыхэкIыжа япэ илъэсым щыIа зэхьэзэхуэм къыпэкIуащ. Кавказым къыщалъхуахэр Тбилиси и «Динамо»-м сыт щыгъуи дэщIу щытащ. Сэри сыапхуэдэт. Абы сыщрагъэблэгъам дэрэжэгъуэ ин згъуэтат икIи сыкъыхэкIыжынутэкъым, ахэр СССР-м гуэмыкIатэмэ. Хуабжьу къысхуэгуапэхэт, зэIущIэ къэс стадионым цIыху мин 60-70 къекIуалIэрт. Кецбае, Цхададзе, Чедие, Гурули, Цаавэ, Цвейбэ, Кеташвили, Сванадзе я гъусэу сыджэгурт, Кипиани, Хурцилавэ, Гуцаев сымэ дагъасэрт. Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Габелие дэрэ ныбжьэгъу дыдэ дызэхуэхъуат, я уни сыщыхьэщIат. Сыту зэманыфIт ар!

 Владикавказ и «Алание»-р къэралым и чемпионщ.
 

«Локомотив»-м и гъуащхьэтет Овчинников Сергей ехъуэж.
 

Дунейпсо чемпион Карлос Робертэ дэщIыгъуу.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: