Махуэ гуэрым телевизорым къигъэлъагъуэу срихьэлIащ бзылъхугъэ тхакIуэм теухуа нэтын гъэщIэгъуэн. Нэтыныр езыгъэкIуэкI журналистым и упщIэхэм ящыщ зым цIыхубзым жэуап къыщритым, абы къыхигъэщащ ар лъэпкъкIэ къэбэрдей адыгэхэм зэращыщыр. Ар икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэн хъури, а бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуну мурад сщIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Истамбыл щыпсэу тхакIуэ Къущхьэ Севим Решатщ. Абы романи 10 и IэдакъэщIэкIщ, тIур Кавказ зауэм триухуащ.
Къущхьэ Севим 1966 гъэм Тыркум хыхьэ Къайсэр къалэм къыщалъхуащ. Илъэс зэхуэмыдэхэм абы Истамбыл дэт университетхэм инженер, экономист IэщIагъэхэр щызригъэгъуэтащ. ИтIанэ Америкэм кIуэри, инджылызыбзэр щиджащ Джонс Хопкинс и университетым. Тыркум игъэзэжри, зэман гуэркIэ инженеру, иужькIэ журналисту лэжьащ. Хуэмурэ литературэм дихьэхыу тхэн щIэзыдза Севим и япэ романыр, «Узыншэу ущыт, Нисан» жыхуиIэр, 1996 гъэм литературэ зэпеуэм хэтри, абы етIуанэ увыпIэр къыщихьащ икIи 1997 гъэм тхылъ щхьэхуэу дунейм къытехьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ тхакIуэм и цIэр зыгъэIуа адрей и IэдакъэщIэкIхэри.
Мы ди тхыгъэмкIэ дыхуейт Къущхьэ Севим и романхэр зытеухуам кIэщу щыгъуазэ фытщIыну.
«Узыншэу ущыт, Нисан» романым и лъабжьэр лъагъуныгъэщ. Адана къалэм щыпсэу унагъуэ бей гуэрым я пхъур еджэну Истамбыл ягъэкIуащ. Хэт ищIэнт абы къалэшхуэм къыщыпэплъэр?! Пщащэм абы щызэрегъэцIыху ныбжь зиIэ тхакIуэ цIэрыIуэ гуэр икIи ар фIыуэ елъагъу. Ауэ тхакIуэр бынунагъуэщ. Иджырей дунейм щытепщэр щхьэхуещагъэрауэ зэрыщытыр фIы дыдэу къыгурыIуэми, къызыхэкIа унагъуэм зыщIапIыкIа хабзэ-нэмысым куэдым ирегъэгупсыс хъыджэбзыр, фIыуэ илъэгъуа цIыхухъум и щхьэгъусэм и гум щыщIэр зэрегъэзахуэ. Абы и жагъуэ зэрищIыр езым игу щIохьэжри, пщащэм зеукIыж…
«Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» романымкIэ тхакIуэм цIыхур сытым дежи зылъыхъуэ пэжым щыщ зы Iыхьэ нэрылъагъу тщещI, къэгъазэ зимыIэ зэманыр зы тэлайкIэ къызэтригъэувыIэ хуэдэу.
Романым и лIыхъужь нэхъыщхьитIыр я сабиигъуэ лъандэрэ зэныбжьэгъущ. Ахэр я IэщIагъэм нэхъ куууэ хэгъуэзэхукIэ езым я щхьэ Iуэхур лъэныкъуэ егъэза хъууэрэ я гъащIэр йокIуэкI. Зыр «дунейм щытепщэр Iэщэрауэ» къызыщыхъу дзэлIщ, адрейр «щIы хъурейр зытезыIыгъэри зыгъэIурыщIэри мылъкурщ» жызыIэ хьэрычэтыщIэщ. Абыхэм я IэщIагъэм зыдрагъэхьэхыу лъагъуныгъэр лъэныкъуэегъэз ящIауэ аракъым, атIэ гурыщIэм и «хъым» иубыдыну хунэмысурэ я гъащIэр йокIуэкI, и кIэм ари ягъэунэху. КъищынэмыщIауэ, романым къыщыгъэлъэгъуащ Тыркум демократие щыгъэувыным теухуауэ екIуэкI бэнэныгъэр.
Мыбдежым «Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» романым теухуауэ Севимрэ тырку журналист Шебнем Атылгъанрэ щызэпсалъэм жаIам щыщ пычыгъуэ фыщыдгъэгъуэзэныр тфIэигъуэщ.
- Романым сыкъыщеджэм абы и цIэмрэ и гъэпсыкIэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи зэхуэкIуэу сегупсысащ. Езы фIэщыгъэр усэбзэм хуэкIуэу икIи фIым ухуигъаплъэу щытщ.
- «Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» фIэщыгъэм сэ къызэщIезгъэубыдэр махуэр къыщызэднэкIым къыщыщIэдзауэ жэщым дыщыхыхьэм нэс дэлъ зэман кIэщIырщ. А пIалъэм деж, цIыхум и Iуэхури кърихьэлIауэ, жейми хэмыхьауэ, псэм тыншыгъуэ егъуэтри, щхъуантIафэ дахащэм зэщIещтэ. А щхъуантIафэм дэ зы щэху гуэр къытпегъаплъэ, гъащIэм щIэщыгъуэ зэрыхэлъыр къыдигъащIэ хуэдэщ. А зэманым махуэм хуэдэу псори наIуэу утыкум кърилъхьэркъым, жэщым хуэдэу псори щIиуфэркъым. ИтIани, ар апхуэдизкIэ кIэщIщи, абы зыхэдгъэшыпсыхьынуи дыхунэсыркъым. Абы къыхэкIкIэ сыт щыгъуи ар ди щIэщыгъуэу къонэ.
- «Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» блэкIа лъэхъэнэм и роман хуэдэщ. А блэкIа лъэхъэнэм унагъуитIрэ лъагъуныгъитIрэ къыщыбогъэщI…
- Хьэуэ, ар блэкIа лъэхъэнэкъым. БлэкIа лъэхъэнэ нэпцI жыпIэмэ, нэхъ хуэзэну къыщIэкIынщ.
Сэ си романхэм хэт лIыхъужьхэм я нэхъыбэр нобэрей гъащIэм къыхызох. Ахэр гугъэ, гупсысэ, еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр яIэу гъащIэм хэтщ. Мы романым хэт лIыхъужьхэри - Шэрэфи Сулеймани - гугъэ, гупсысэ, еплъыкIэ щхьэхуэхэр яIэу, ерыщагъ яхэлъу мэпсэу. Ауэ лъагъуныгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ ахэр зэщхьэщокI. Сулейман и лъагъуныгъэр зыми пищIыркъым. Ар хьэрычэтыщIэ Iуэхум щIыхыхьэр, къулей хъуну щIыхуейр и лъагъуныгъэрщ, ар зыхуищI бзылъхугъэр абыкIэ къыдихьэхыну и гугъэу. Ар къехъулIэн папщIэ, цIыху иукIын хуей хъуми, къикIуэтыркъым.
Шэрэф апхуэдэкъым. ЩIалэм лъагъуныгъэм зыкъыдигъэшыну, абы щхьэкIэ нэхъ лейуэ зыгуэр ищIэну хэткъым. Абы и гъащIэм щынэхъыщхьэр и псалъэм тетыжу, лIыгъэрэ хабзэрэ зыхэлъ дзэлI нэгъэсауэ псэунырщ. Сыт хуэдэ щытыкIэ ихуэми, абы пэжыгъэрщ къыхихыр, хабзэм къемызэгъи идэнукъым. Абы папщIэ фIыуэ илъэгъуа бзылъхугъэри IэщIыб ещIыф.
- Романым гужьеигъуэр зыхуэдэр къыхэщу къысщохъу. Псалъэм папщIэ, дзэлIым и псэр щитым къыгуроIуэж Айшэ хуиIэ лъагъуныгъэм и гуащIагъыр зыхуэдэр, а гурыщIэ IэфIыр хуиту и псэм зэрызыхримыгъэщIар щыуагъэшхуэу зэрыIэщIэкIар. А тезырыр епшыныж абы гупсэхугъуэ имыгъуэту и гъащIэр зэрырихьэкIамкIэ.
- Сыт дыщIэпсэум и щхьэусыгъуэр? Ар Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ упщIэшхуэщ. Дунейм тет дэтхэнэ зы лъэпкъми абы ирит жэуапыр зэхуэдэкъым. КъуэкIыпIэр къапщтэмэ, тхъэгъуэр гъащIэм и купщIэ нэхъыщхьэу ягъэувыркъым. Абы нэхъ Iуэху лъапIэ куэд щыIэщ. Сэ си романым хэт лIыхъужьми дуней тхъэгъуэм япэ иригъэщын Iуэхугъуэ иIэщ. Уеблэмэ апхуэдэ гурыщIэр гъащIэм и купщIэ нэхъыщхьэу зыхуэбгъэувыжыныр фIэемыкIущ, ар здэплъэр нэхъ жыжьэщ. Псалъэм папщIэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэхэр зэфIигъэкIыу, гъащIэм лъэужьыфI къыхинэну щIохъуэпс. Унагъуэ жьэгу, пщIантIэ дахэ, фIыуэ илъэгъуа щхьэгъусэ, сабий дыгъэлхэр... Апхуэдэ гъащIэр хурикъуркъым абы, арэзы къищIыркъым. Шэрэф зыхэта гъащIэ-трагедиер куэдкIэ нэхъ лъагэщ цIыхубз-цIыхухъу зэхущытыкIэм, бынунагъуэм ират мыхьэнэм нэхърэ.
- ЛIыхъужьхэм къещIэкIа Iуэхугъуэ куэд къыщыбогъэлъагъуэ романым. Сэ, сызэреплъымкIэ, ар гугъуу къысщохъу, ауэ уэ фIы дыдэу къохъулIащ.
- Дэтхэнэ зы цIыхури и закъуэу къапщтэмэ, зищIысышхуэ щыIэкъым. ЦIыхур къэзыгъэщIыжыр и блэкIамрэ зыхэт гъащIэмрэщ. Аращи, лIыхъужьыр нэхъ IупщIу къацIыхун папщIэ, я дуней тетыкIэр зыхуэдэр абыхэм къегъэщIылIа цIыхухэмкIи IуэхугъуэхэмкIи къызогъэлъагъуэ.
- Шэрэф и адэм цирк игъэлажьэу къыщIыхэп- хам сыт и щхьэусыгъуэр? Апхуэдэу романым ущрохьэлIэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэми.
- Си сызэрыцIыкIурэ цирк фIыуэ солъагъу. Абы и лэжьакIуэхэм ящIэр сфIэгъэщIэгъуэн къудейкъым, атIэ икIи икъукIэ Iуэху гугъуу къысщохъу, пщIэшхуи яхузощI. Романым хэт лIыхъужьхэм ящыщу цирк зиIэ Хьэлим-ефэндым и къуэрылъху Шэрэф жреIэ: «ГъащIэм къыщекIуэкI хьэгъэщагъэм елъытауэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ мыбдежым щытлъагъур икIи нэхъ щхьэусыгъуэ хейхэм ятещIыхьащ». Мы псалъэр зэгуэрым циркым дыкъикIыжу си адэм къызжиIауэ щытащ. Ар сщыгъупщакъым, романми хэзгъэхьащ.
Иджыпсту нэхъ мащIэ хъуами, сэ си сабиигъуэм Тыркум куэду щыпсэурт нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэр. Псалъэм папщIэ, ди дзэ дохутырыр журтт, си адэм и дэрбзэрыр ермэлыт, ди гъунэгъухэм я нэхъыбэр алыджт. Сэ абыхэм сахэтурэ сыкъэтэджащ. Абы къыхэкIкIэ си роман псоми ахэр хэтщ.
- Романым хэбгъэхьащ дин Iуэхугъуэхэри. КъурIэным щыщ Iыхьэхэр хэтщ. Уеблэмэ а фIэщхъуныгъэр узыфэм хущхъуэ хуэхъу хуэдэуи къыщыбгъэлъэгъуащ.
- Сэ си анэм къабзэу иIыгът диныр. Абы хуиIэ фIэщхъуныгъэм и фIыгъэкIэ уз куэдым зэрытекIуар, гузэвэгъуэ зэхуэмыдэхэм зэрыпэлъэщар сэ нэрылъагъу сщыхъуащ. Арагъэнущ а Iуэхугъуэри щIыхэзгъэхьар.
- И блэкIам еныкъуэкъу щIалэм нэхъапэкIэ къэхъуа-къэщIа псори зыщигъэгъупщэну хэтщ. ГъащIэщIэ бухуэн папщIэ блэкIар зыщыгъэгъупщэн хуейуэ къэплъытэу ара?
- Хьэуэ, ар цIыхум и гъащIэр зэригъэпсыну езым къыхихыж гъуэгухэм ящыщ зыуэ аращ. ЦIыхум и блэкIар щIиуфэурэ гъащIэщIэ зэриухуэфыным хуэдэу, а блэкIар и тегъэщIапIэу хъарзынэу псэуфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ Уайлд Оскар и псалъэ Iущхэр, «БлэкIам сытым дежи зыкъуигъэщIэну хэтщ» жыхуиIар, дызощтэ. Романым и гугъу пщIымэ, унагъуэм и иужьрей щIэблэу щыт къуэрылъхум блэкIа гъащIэм къыхуигъэна ныбжь хьэлъэр зытридзыну хэту аращ. Абы папщIэ и гъащIэр егъэлея хэмылъу, къызэрыгуэкIыу ирихьэкIыну хущIокъу.
«Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» романыр адыгэ лъэпкъым ди тхыдэм и зы напэкIуэцIщ. Абы къыщыбощIэ тхакIуэр Къущхьэхэ зэрапхъур, абы и адэр Решатщ, и адэшхуэр Гъузерщ. Тхылъым и япэ напэкIуэцIым тетхащ: «Си дадэ Гъузер (1881 - 1973 гъгъ.), си адэ Решат, си анэ Хъэдиджэ гуащэ папщІэ».
«Си адэшхуэр дунейм ехыжыным и пэ къызжиІэгъат мыпхуэдэу: «Ди унагъуэм и нэгум щІэкІауэ пхуэсІуэта хъыбарыр уэри уи бынхэм яжеIэ! Армырамэ, ди тхыдэр кІуэдынущ». Сэ бын сиІэтэкъыми, стхыжын хуей хъуащ хъыбарыр, дунейм къытенэн папщІэ», - жиIащ романым лъабжьэ хуэхъуам теухуауэ Къущхьэ Севим.
1864 гъэм и гъатхэм я хэкур ямыбгынэу мыхъуу щытыкIэ гугъу иува зы унагъуэм и тхыдэу жыпIэ хъунущ «Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» романыр. Урысыпщым и къуэм Къущхьэхэ япхъу дахащэр игу ирохь, арщхьэкIэ, сыт имыщIэми, пщащэм и гур къихьэхуфыркъым. Ар щхьэкIуэ щохъу щIалэми, абыкIэ къуаншэу къилъытэ хъыджэбзым и дэлъху нэхъыщIэр гъуанэдэуэу еукI. Унагъуэм я лIыкIуэхэр пщым деж макIуэри жраIэ я къуэр зыукIам хуэфащэ тезыр хабзэм тету тралъхьэну. Ауэ пщыр и къуэм къыщхьэщожри, хеящIэм и пащхьэ иримыгъэхьэу, лъы уасэр езым дыщэкIэ ипшыныну къажреIэ.
Къущхьэхэ я унагъуэм и гуащэ Сэтэней абыкIэ арэзыкъым, и къуэхэр зэхуешэсри, я къуэшым илъ ящIэжыну къыхуреджэ. Армырами, бэлыхьышхуэм хэт Къэбэрдейм и Iуэхур абы нэхъри зэIегъэхьэ. УнагъуитIым яку къыдыхьа лъыщIэжым щIегъэхуабжьэ урысыдзэм а щIыпIэр къизэуныр. Абы хэту унагъуэр хэкум имыIэпхъукIынкIэ Iэмал имыIэу мэхъу. Хамэ хэку къыщыхута Къущхьэхэ я унагъуэм я щхьэ кърикIуар зыхуэдэр адэкIэ тхакIуэм зэхэхауэ къегъэлъагъуэ. Романыр зи IэдакъэщIэкIым къигъэлъэгъуащ адыгэ лъэпкъ уардэм и щытыкIэр, псэукIэр, абы къыдекIуэкI щэнхабзэр, хабзэр. Пэжщ, тхакIуэр езыр адыгэ щIыналъэм щекIуэкI щыIэкIэ-псэукIэм зэрыхэмытам къыхэкIыу, абы и хабзэм темыхуэ гуэрхэми романым ущрихьэлIэ къохъу. Ауэ ари зэран хуэхъуакъым абы къалэн зыщищIыжар къехъулIэным.
Си щхьэкIэ къызолъытэ а романыр адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейуэ.
Адыгэ пщащэ Къущхьэ Севим Истамбыл щопсэу.
Севим и тхылъхэр щащэ тыкуэным.