гъуэгухэм хуосакъ

Федеральнэ автомобиль гъуэгухэмкIэ «Кавказ» управлением и зэфIэкI псори ирехьэлIэ шылэм и кIэм къэщIыIа махуэхэм гъуэгу шынагъуэншагъэр тэмэму къызэгъэпэщыным. Мазаем и 15-м къыщыщIэдзауэ ди республикэм и къэрал гъуэгухэм тракIутащ щтырыгъум щызыхъумэ пшахъуэ- шыгъу зэхэлъу тонн мин 16-м щIигъу. Пшахъуэр асфальтым еубыдри, транспортыр тецIэнтхъукIыркъым, шыгъум мылыр псынщIэу егъэткIу.

 Иужь махуитI зэкIэлъыкIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгу лэжьыгъэхэм щыпэрыхьащ авто машинэ зэмылIэужьыгъуэу 40. ЩIымахуэ гъуэгу лэжьыгъэхэр лэжьакIуэ 50-м щIигъум мыбэлэрыгъыу кърахьэлIэ. Лениным, ЩоджэнцIыкIум я проспектхэм я лъэс зекIуапIэхэр пщэдджыжьым жьыуэ трагъэкъэбзыкI.
Лэжьыгъэхэр щыщIакъузащ Iуащхьэмахуэ и зыгъэпсэхупIэхэм екIуалIэ гъуэгухэми. Абыхэм хеубыдэ Прохладнэ - Бахъсэн - Эльбрус, Аруан - Балъкъэр Ипщэ - Уштулу гъуэгухэр. А щIыпIэхэм щагъэуващ хьэуам и щIыIагъыр, иIыгъ псынщIагъыр къэзыпщытэ метеостанцхэр. Гъуэгу Iуфэхэм къыщызэIуахащ къагъэплъ транспорт гъэувыпIэу 4, гъуэгу лэжьакIуэхэмрэ механизаторхэмрэ зыщагъэхуабэ ангархэмрэ боксхэмрэ, къагъэплъ унэу 6.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

 

ЩIыIэм къызэтрегъэувыIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и автомобиль гъуэгухэм ремонт лэжьыгъэхэм щыпащэ.

Зэрагъэпэщыжынухэм хиубыдащ ипэ игъэщыпхъэ гъуэгу Iыхьэу 10-м щIигъу. Лэжьыгъэхэр мы махуэхэм къызатрагъэувыIэн хуей хъуащ, къытрилъхьэ уэсым и зэранкIэ. ЩIыIэр зэриухыу ремонтым пащэнущ.
 2021 гъэм къриубыдэу гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр ­къагъэщIэрэщIэжынущ. «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къулыкъущIапIэхэм екIуалIэ гъуэгухэм светофору 50 щIэуэ щыфIадзэнущ, убыдыпIэ зиIэ гъуэгу къэухьыу километри 2, гъущIхъар къэухьыу километри 3 ягъэувынущ. КъищынэмыщIауэ, уэрам уэздыгъэхэмкIэ къагъэнэхунущ щIыналъэ трассэу километр 42-рэ. Абы хиубыдэнущ Белэ Речкэ, Хьэсэней, Яныкъуей, Кышпэк, Гундэлэн, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэхэр, Шэджэм къалэм я уэрам щхьэхуэхэр. Мы илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ щызэрагъэпэщыжынущ гъуэгуу километри 100-м щIигъу. Къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэнущ Налшык Вольнэ Аулымрэ Хьэсэнейрэ пызыщIэ къалэщIыб гъуэгур, Куба, Къамылыкъуэ, Приречнэ жылэхэм я уэрамхэр.

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.

 

налшык

паркым и пщэдейр

2020 - 2030 гъэхэм къриубыдэу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ­игъуэтынущ.

Къапщтэмэ, абыхэм ящыщ зыщ парк уэхым зэман ипэкIэ иIа гуэл IэрыщIхэм я Iэгъуэблагъэм щыIа псей аузыр къэгъэщIэрэщIэжыныр. А Iуэхум ехьэлIауэ зэхагъэува программэм къызэрыхэщымкIэ, апхуэдэ щIыпIэм мыхьэнэ ин иIэнущ, аллергие узыфэр зыпкърытхэмкIэ. Псейм къыпих хьэуар нэхъ къабзэ дыдэхэм ящыщщ, зи бэуапIэм сэкъат иIэхэмкIи сэбэпышхуэщ.  Нэхъыжьхэм ягу къагъэкIыж «Пщэдджыжь дэрэжэгъуэм и ауз» фIэщыгъэр зезыхьэу щыта щIыпIэр зэрыщыIар. Абы къыдэкIуэу зи гугъу тщIа гуэлри зыхуей хуагъэзэжынущ.

 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: