Адыгэпщ хахуэ ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ

ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псы­гъуэ адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ.1787 - 1791 гъэхэм екIуэ­кIа Урыс-Тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, еп­щыкIуиянэ лIэщIы­гъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къы­щыхъуа Iуэху псоми хузэфIэкI ­хилъхьащ, и цIэр адыгэхэм ящы­гъупщакъым нобэр къыздэсым. Ар ХьэтIохъущы­къуей Ипщэм (иджы Зеикъуэ) 1760 гъэм къы­щалъхуащ.

Бытырбыху щIэныгъэ щигъуэта нэужь, ХьэтIохъущокъуэр 1787 гъэм тыркухэм Очаков къалэр яфIэ­зыубыда дзэм хэтащ, абы и ужькIэ и мурадащ шведхэм иращIылIа зауэм хыхьэну. Дзэпщ Потёмкин-Таврическэм пащтыхь гуащэм, Екатеринэ ЕтIуанэм, хуитхыгъащ абы ­щыгъуэ: «Измаил-бей къэбэрдей лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, подполковникщ, Очаков деж лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ, налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа медаль хуэфащэщ».
ХьэтIохъущокъуэр швед зауэм хэ­тарэ хэмытарэ дыщыгъуазэкъым; 1790 гъэм ар тырку фронтым къы­щыхутэжащ, Измаил быдапIэр къэ­зыщтахэм яхэтащ, абы щхьэкIэ ­къратауэ щытащ Георгий орденым и еплIанэ нагъыщэр.
Дзэпщ цIэрыIуэм, Потёмкин-Таврическэм, гъунэгъу дыдэ хуэхъуа­уэ щытащ Исмел-Псыгъуэ. Бутков П. Г. зэритхымкIэ, Потёмкиным деж щыIэ «кавказ депутатхэмрэ лIы­кIуэхэмрэ» ящыщащ ХьэтIохъущокъуэр. Потёмкиныр лIа нэужь (1791 гъэм) кавказ депутатхэмрэ лIыкIуэхэмрэ хэкум къагъэзэжащ.
ХьэтIохъущокъуэ Исмел Къэбэрдейм къыщихьэжар 1794 гъэрщ. Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ ­хъуауэ кърихьэлIэжащ ХьэтIохъущокъуэр: лъэпкъ унафэр IэщIахы­пэным нэсат, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэхэм урыс дзэпщхэр къыхэIэбэ хъуат, абыхэм я Iизыныншэу Хасэ зэхашэну хуиттэкъым... Ар ягу темыхуэу, къэ­бэрдей лIакъуэлIэшхэр къы­зэрыIэтащ. КъызэрыIэтахэр «я пIэ ирагъэтIысхьэжын щхьэкIэ», Къэ­бэрдейм дзэ кърашащ. Абы нэхъри къызэщIигъэплъащ къэбэрдей­- хэр.
А псом дауэ хущыта ХьэтIохъущокъуэ Исмел - ар IупщI дыдэкъым.
Дызыщыгъуазэр мыращ: Къэбэрдейм къигъэзэжри, куэд мыщIэу ХьэтIохъущокъуэ Исмел хэкум ирагъэкIауэ щытащ, езым и къуэш ­майор Адэлджэрийрэ майор Хьэ­мырзэ ХьэтIохъущыкъуэрэ щIыгъуу, - Екатеринославскэ губернэм ягъэ­кIуащ, «темыплъэкъукIыу» абы ща­Iыгъын щхьэкIэ. Щыми щхьэусы­гъуэ хуащIар «дзыхь ебгъэз зэры­мыхъунурт».
1794 гъэм къигъэзэжа нэужь, ­зэман кIэщI дыдэщ ХьэтIохъущо­къуэ Исмел и хэкум зэрырагъэсар, «дзыхь щIыхуэпщI мыхъун» гуэри абы илэжьауэ дыщыгъуазэкъым.
1795 гъэм и гъатхэпэ мазэм Хьэ­тIохъущокъуэ зэшитIымрэ Хьэмыр­зэ ХьэтIохъущыкъуэрэ ЦIэмэз (Новороссийск) дагъэтIысхьащ. 1798 гъэм генерал-лейтенант Горич (Бэджыдэ) шэс ихьэри, Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ езым деж ири­гъэшащ - Слободской губернэм; Адэлджэрий а гъэ дыдэм къэ-кIуэсэжри урысыдзэм пэщIэува къэ­бэрдейхэм пашэ яхуэхъуащ.
1801 гъэм гъатхэпэ и 12-м и ужькIэ (Александр 1 пащтыхь хъуауэ) Хьэ­тIохъущокъуэ Исмел Бытырбыху кIуэри, абы зыбжанэрэ щыпсэуащ. Пащтыхьым «и нэфI къыщыхуащ» ХьэтIохъущокъуэм: «Урысейм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» полковник цIэр къыфIащащ, сом минитхуи къратыжын хуейуэ унафэ ящIащ. Абы и ужькIэ илъэситIым щIигъукIэ Бытырбыху зыщиIэжьэн хуей хъуащ , и лъэпкъэгъухэм я Iуэху зэрихуэу. Къэбэрдейхэм я Iуэху зытетымрэ я Iуэхур дяпэкIэ зэтеубла зэрыхъунумрэ теухуауэ тхылъ игъэ­хьэзырри, ар Къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ министерствэм щIилъхьащ Исмел-Псыгъуэ. Пащтыхьми министрми щыгъуазэ зыхуащIа нэужь, тхылъыр Кавказым и дзэпщ Ци­циановым деж къагъэхьащ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъ зыбжанэр зэрызехьэ хъуат, Урысейм и сэбэп хэлътэкъым абы, ауэ ахэр «IэщэкIэ бгъэбэяуну игъащIэкIэ пхузэфIэкIынутэкъым», абы къыхэкIкIэ, Урысейм къыдихьэхын хуейщ а лъэп­къ-хэм ящыщ зы, ар и пIэ итIысхьэжмэ, абы щапхъэ трахынущ адрей лъэпкъхэми, итхырт ХьэтIохъущо­къуэм. Абы къызэрилъытэмкIэ, псом япэ уахэзэгъэнут икIи я пIэ ибгъэтIысхьэжыфынут къэбэрдейхэр, сыту жыпIэмэ ахэр Урысейм зэрыхыхьэрэ куэд щIати. «Урысейм и политикэр иджыри къэс зытеу­хуауэ щытар, - итхырт ХьэтIохъу­щокъуэм, - бгырыс лъэпкъхэм яку хьэргъэшыргъэ дэлъхьэнырщ... Ар афIэкIа уигу тебгъахуэ хъунукъым, езыхэр арэзыуэ зэбгъэувэлIэфынущ бгырыс лъэпкъхэр». Абы щхьэкIэ лэжьыпхъэхэри къегъэ­лъагъуэ ХьэтIохъущокъуэм, япэ ­игъэщын хуейуэ къелъытэ мыпхуэ­дэ Iуэхухэр: а) Кавказым ис лъэпкъ­хэм ижь-ижьыж лъандэрэ къа­дэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм хэмыIэ­-бэн; б) къэбэрдейхэм траха щIыхэр етыжын, ар мыхъунумэ, я Iэщыр ­игъащIэ лъандэрэ щагъэхъу хъу­пIэхэр япэмыубыдын; в) къэбэрдеипщхэм якIэщIэкIуэсыкIыурэ Ли­нием зэпрыкIа пщылIхэр етыжын, ахэр кIуасэу дяпэкIэ яхуэмыдэн.
ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1804 гъэм и бжьыхьэм Кавказым къагъэкIуэжащ пащтыхьым и унафэкIэ, «бгы­рысхэр я пIэ игъэтIысхьэжынымкIэ абы хузэфIэкIынум еплъын пап­­ щIэ».
Кавказым и дзэпщ Цициановым Бытырбыху итхауэ щытащ къэбэрдейхэм ящIхэр етыжын жыхуэпIэр «икъукIэ егъэлеяуэ», езы ХьэтIохъущокъуэри Линием зыкIи сэбэп щымыхъуну.
Дауэ хъуами, ХьэтIохъущокъуэм Кавказ линием къулыкъу къыщ­ратри, Гумкъалэ (Георгиевск) дагъэ­тIысхьащ - арат 1802 гъэм къызэрагъэпэща Кавказ губернэм и къалащхьэр. Гумкъалэ дэзагъэу щытауэ къыщIэкIынукъым Хьэ­тIохъу­що­къуэр - лъэпкъ Iуэху зэрихуэурэ, Къэ­бэрдейм щIэх-щIэхыурэ ихьэжырт. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэ­щIэгъуэнщ Къэбэрдейм и Iуэхухэр зи пщэ далъхьа генерал-майор Дельпоццо итхар: «Полковник Хьэ­тIохъущокъуэ Исмел дзэм къулыкъу щищIащ, итIанэ Екатеринослав ягъэкIуауэ щытащ; иужькIэ Бытырбыху щып­сэуащ; Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэмрэ медалрэ къратащ; урысыбзэкIи франджыбзэкIи мэп­салъэ икIи матхэ; и улахуэр сом 3000 мэхъу. Апхуэдиз гулъытэ зы­хуащIар къызэрыщIидзыжаращ мы­гурыIуэгъуэр. Гумкъалэ зэры­дэсыр пэжщ, ауэ и щхьэгъусэр Къэбэрдейм къригъэкIыркъым, илъ­э­сипщI зи ныбжь и къуэр и уэркъхэм ящыщ зым и къанщ. Къэбэрдейм щихьэжкIэ, жорри (орденыр) медалри зыкIэрехри и жыпым ирелъ­хьэ».
Къэбэрдейм и Iуэхур нэхъри къы­зэщIэплъауэ кърихьэлIэжащ Ис­мел-Псыгъуэ. Пащтыхь къулы­къущIэхэмрэ генералхэмрэ бгы­-рыс­хэр залымыгъэкIэ Iэрыубыд зэращIынырт зыпылъыр. Ардыдэр пау­быдащ ХьэтIохъущокъуэм - езым и лъэпкъри Къэбэрдейри къыжьэдикъуэн, иригухын, я пIэ иригъэтIысхьэжын хуейуэ. Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку мамырыгъэ дилъхьэн мурад иIэут ХьэтIохъу­щокъуэр и лъэпкъэгъухэм къащIы­хыхьэжар. Ар фIырыфIкIэ къызэ­ремыхъулIэнур щIэх дыдэ къыгурыIуащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел: дзэпщхэм зэрахьэ лейр зигу темыхуэр куэд зэрыгъэхъуат, абы­хэм яхэтт езым и унэкъуэщхэри - и къуэш Адэлджэрий, и адэ къуэшым и къуэ Аслъэнбэч сымэ, нэгъуэщI­хэри.
Къэбэрдей Iуэхухэр зи пщэ далъхьа генерал-майор Дельпоццо зыбжанэрэ хуэтхьэусыхащ Кавказым и дзэпщ Цициановым: пол­ковник ХьэтIохъущокъуэр жыIэмыдаIуэщ, сэбэпыншэщ, къытхуищIэ щыIэкъым, Къэбэрдей псор дэнэ къэна, езы дыдэм и унэкъуэщхэри къедаIуэркъым, пщIэ лъэпкъ къы­хуащIыркъым… Цициановри акъы­лэгъут Дельпоццо ХьэтIохъущо­къуэм кIэрилъхьэ пцIымкIэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, Урысейм щIэ­ныгъэ щызыгъуэта бгырысхэр фIыуэ ялъагъуртэкъым и лъэп­къэгъухэм, дзыхь хуащIыртэкъым, ап­хуэдэ IэнатIэ Iууват ХьэтIохъущо­къуэри: лъэпкъ лъэрызехьэм къы­хэкIами, къэбэрдейхэр зригъэдэ­Iуэн лъэкIыртэкъым…
1808 гъэм Кавказ линием и Iэтащхьэ хъуащ лъы гъэжэныр зи Iэ­щIагъэ генерал гущIэгъуншэ Булгаков С. А. ЩIэх дыдэу жагъуэгъу зэхуэхъуащ абырэ ХьэтIохъущокъуэ Исмелрэ: генералым зэхищIыхь щIэпхъаджагъэ къомыр игу те­хуакъым ХьэтIохъущокъуэм. Булгаковыр къигъэлыбащ пщы цIэрыIуэр зэрыжыIэмыдаIуэм. Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ дахэкIэ зэгуригъэIуэн мурадым хуэлажьэ ХьэтIохъущо­къуэм куэдрэ бзэгу кIэлъызэри­-хьащ Булгаковым, ар зэригъэулъииным пылъащ. «Къэбэрдейр и пIэ игъэтIысхьэж, уэращ псори къы­зэщIэзыгъаплъэр» - арат Булгаковым ХьэтIохъущокъуэ Исмел пиубыдыр. «Къэбэрдейр къызэщIэ­зыгъаплъэр» Булгаковым хуэдэ ­дзэлI лъыифхэрт - абы ХьэтIохъу­щокъуэр зэрыщыгъуазэр яфIэфI­тэкъым Кав­казым ис пащтыхь ­къулыкъущIэхэмрэ генералхэмрэ. 1810 гъэм и гъэмахуэм Булгаковым дзэшхуэ яриутIыпщауэ щытащ Къэбэрдеймрэ Псыжь адрыщI ис ады­гэхэмрэ.
Дзэм адыгэ къуажэ 200 зэтракъутащ, цIыху минипщI яукIащ, я гъавэр ягъэсащ, я Iэщыр фIатхьэ­къуащ. ЛIыгъэ зэрихьауэ илъы­тэжри, Булгаковыр… орден щIэ­лъэ­Iуащ. Орден къратыным и пIэ­кIэ генерал гущIэгъуншэм езы пащ­тыхь дыдэр къыхуэхъущIащ, бгы­рысхэр нэхъри бий къытхуещI апхуэдэ «лIыгъэм», жери. Булгаковымрэ абы и дзэлIхэмрэ зэхащIыхь хьэкIэкхъуэкIагъэхэм я хъыбар къалащхьэм нэзыгъэсыфхэм ХьэтIохъущокъуэри зэращыщам шэч хэлътэкъым. Дауи, ахэр ХьэтIохъущокъуэм и псэм къемыщэнкIэ Iэмал иIакъым.
1810 гъэм и гъатхэм Булгаковымрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ зэщыхьэпауэ къыщIэкIынущ. Кавказым и дзэпщ Тормасовым Булгаковым зэрыхуитхамкIэ, ХьэтIохъущокъуэм Псыхуабэ деж, «Бещто мэз лъапэм», езым и жылэ щигъэтIысын щIидзауэ щытащ. Ар игу техуакъым Булгаковым: жылэр зэбгрыригъэ­хуащ, «ар хъунщIакIуэхэм тIысыпIэ ящIынкIэ шынэри». А гъэ дыдэм Булгаковыр Кавказым и дзэпщым аргуэру хуэтхьэусыхащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел Псыхуабэ (Бещто лъапэ деж) адыгэ къуажэ щигъэтIысын мурад зэрищIам щхьэкIэ (а къуажэри нэгъуэщI адыгэ жылагъуэ зыбжани исащ ­абдеж, XVIII лIэщIыгъуэм урыс дзэпщхэм кърахуху).
1810 гъэм и бжьыхьэм Балъкъ ­Iуфэ (КъалэкIыхьым деж) адыгэ куэд щызэхуэсыгъащ, «унафэ ящIын щхьэкIэ». Абыхэм яхыхьащ Булгаковыр: «Сыт фыщIызэхуэсар?» - жери. Къызэхуэсахэм Хьэ­тIохъущокъуэри яхэтти, генералым къыжриIащ къэбэрдейхэр езым зэрызэхуишэсар. Хуит ямыщIауэ цIыхур зэхуишэс зэрымыхъунур ­генералым щыжиIэм, ХьэтIохъу­щокъуэр абы къыхуилъащ, къэтэ­макъкIэщIри: «УгушыIэрэ уэ? Сэ пасэрей пщы лъэпкъым сыкъы­хэкIащ, адрей пщыхэм нэхърэ сы­нэхъыжьщи, цIыхур дапщэщ зэхуэсшэсынуми сыхуитщ».
1810 гъэм и гъэмахуэм Булгаковым хъыбар кърагъэщIащ «къэбэрдейхэм я лIыкIуэ гуп» пащтыхьым деж ягъэкIуэн хуейуэ. Генералым «къэбэрдей лIыкIуэхэр» къыхэхын щыщIидзэм, ХьэтIохъущокъуэр къы­пэрыуащ, абы къыхихахэмкIэ арэзытэкъыми. «Абы къыхэкIкIэ, - хуитхащ генералым Кавказым и дзэпщ Тормасовым, - унафэ сщIащ пщы Исмел ягъэтIысыну».
Булгаковымрэ къулыкъущIэ­хэмрэ зэрахьэ лейр кърагъэхутэн папщIэ, Къэбэрдейм къагъэкIуауэ щытащ генерал-майор Вердеревскэр. Булгаковым дзэ министр Барклай-де-Толли зэрыхуитхамкIэ, къэбэрдей лIыкIуэхэр гъуэгум хуэхьэзыр хъуауэ, ХьэтIохъущо­къуэр къахэIэбэри Iуэхур зэIищIащ, «Бытырбыху лIыкIуэ щIэдгъэкIуэн щыIэкъым иджыпсту, жиIащ, ди Iуэхур япэщIыкIэ Вердеревскэм етхьэ­лIэнщи, итIанэ сэри сы­ныв­дэкIуэнщ пащтыхьым деж». «ЛIы­кIуэхэр гуитIщхьитI хъуауэ утыкум къинащ», - итхырт Булгаковым. ХьэтIохъущо­къуэм кIэримыцIэлъа къигъэ­нэ­жа­къым генерал бзэгузехьэм: «Къэ­бэрдейр къызэщIегъэст, цIыхур егъэутхъуэ, ди Iей фIэкI, ­дифI зэрихуэркъым».
Генерал Вердеревскэр Къалэ­кIыхьым щыхуэзащ абы даубыдауэ щаIыгъ ХьэтIохъущокъуэм, ар щIагъэтIыса щхьэусыгъуэмкIи жэуап къаIихащ лей къыкIэлъызезыхьахэм. ХьэтIохъущокъуэмрэ Вердеревскэмрэ я закъуэ сыхьэтитIым щIигъукIэ зэпсэлъащ, абы и ужькIэ пщыр къригъэутIыпщыжащ. Вердеревскэм и унафэмкIэ мыарэзыуэ, Тормасовымрэ Булгаковымрэ къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым хуэтхьэусыхащ, ауэ я тхьэусыхафэм къикIаIакъым. Ар дэнэ къэна, ХьэтIохъущокъуэ Исмел къулы­къушхуэ къыхуагъэлъэгъуауэ къы­щIэкIащ. ХьэтIохъущокъуэр абы ­хунагъэсакъым - яукIащ. ЗыукIар ноби IупщIкъым. IупщIыр зыщ: зыукIар лIы губзыгъэм щышына ­жагъуэгъу щэхурыпхъуэхэрщ.
ХьэтIохъущокъуэ Исмел Къэбэрдейми щикуэдащ жагъуэгъу: абы­хэми яхузэфIэкIынут акъылрэ щIэныгъэкIэ къефIэкI лIы Iущыр ирагъэукIын. Гъуанэдэууэ яукIа нэужь, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и орденыр Бытырбыху яхьыжыгъащ 1812 гъэм (мэлыжьыхь мазэм и 3-м нэсащ), апхуэдэу щыщыткIэ, Исмел щаукIар а гъэрщ е 1811 гъэм и кIэрщ. Лермонтовым и поэмэм зэрыщитхымкIэ, Исмел къэзыукIар и къуэш ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэчщ (уса­кIуэр щыуащ: и къуэшкъым, и адэ къуэшым и къуэщ). ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэчи полковникщ, урысыдзэм къулыкъу щищIащ, ­Потёмкиным деж щыIа къэбэрдей лIыкIуэхэм яхэтащ, Къэбэрдейм ­къихьэжа нэужь, урысыдзэм пэува уэркъ шухэм ядэзэуащ (1802 гъэм щыщIэдзауэ); Псыжь зэпрыкIри абы щызауэурэ, 1837 гъэм къаукIащ. Аслъэнбэч и адэ къуэшым и къуэр, Исмел, щIиукIын щхьэусы­гъуэ иIащ: и лъэпкъым епцIыжауэ илъытэу къыщIэкIынт, щадэмызауэкIэ. Ауэ абы щыхьэт техъуэ тегъэщIапIэ гуэри тхыдэм хъума щыхъуакъым.
ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм шынагъуэ ин дыдэ хэхуауэ щыта Къэбэрдейм и Iуэху зытетымрэ ар а шынагъуэм къыхэша зэрыхъуну щIыкIэмрэ теухуауэ ХьэтIохъущо­къуэ Исмел 1805 гъэм Гумыщхьэ къыщыпсэлъауэ щытащ, 1806 гъэм - Бахъсэнрэ Шэджэмрэ щызэхэта хасэм.


Исмел-Псыгъуэ  и  сурэтыр  Пащты  Герман  ищIащ.

КОСВЕН Марк.
Поделиться:

Читать также: