Усыгъэр, щIыуэпсыр!Жьы къабзэр, щIыуэпсыр, уэсылъэ къуршхэр! Усыгъэр зыгъэуардэщ, гуапэу зыгъэIущ мыхэр! Усыгъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIащ «Чегет усэ дыкъыщоджэ» Iуэхур. Пшыхьыр мы гъэм ещанэу екIуэкIащ - кIапсэрыкIуэ гъуэгум узыхуишэ «Ай» шхапIэм деж Iуэхум хэтхэр усэ къыщеджащ адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, испаныбзэкIэ. Абы хэтащ усакIуэхэр, артистхэр, журналистхэр, литературэ лэжьакIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр. Гулъытэ лей хуащIу бгылъэм щагъэIуащ мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу усакIуэхэу Бицу Анатолэрэ Созаев Ахъмэтрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Сурэтхэр Ело Ленэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|