Театр гъуазджэр зи гъащIэ, зи дуней Теувэж СулътIан

Режиссёр гъуэзэджэ, республикэм и театр ­гъуазджэр зэфIэувэным зи ­гуащIэ хэзылъхьа, лэжьыгъэ щIэ­щыгъуэ­хэр зыгъэува Теувэж СулътIан псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
Теувэж СулътIан Дзэ­лыкъуэкъуажэ къыщалъхуащ. Пасэ дыдэу на­Iуэ­ ­хъуат зэфIэкI хъар­зынэ бгъэдэлъу ар Тхьэм къызэригъэщIар: накъы­рап­щэу хэтт Дзэлыкъуэкъуажэ дэт ­сабий садым къыщызэрагъэ­пэща ­са­модеятельнос­тым. Зэ­­маныр кIуатэурэ щIалэм и зэфIэкIым ­хэ­хъуащ. 1953-1958 гъэ­хэм ГИТИС-м щеджащ. Къигъэзэжа нэужь, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым режиссёр нэхъы­щхьэу куэдрэ щы­лэжьащ. Ар псынщIэу республикэм къы­ща­цIы­хуащ, и Iэзагъыр, гумызагъагъэр, зэ­фIэ­кIыр хэ­IущIыIу ­хъуащ. ИужькIэ Урыс къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэу щытащ.
Псом хуэмыдэу куэ­дым гукъинэж ящы­хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал ­драмэ теат­рым Теувэ­жым щигъэува «ЩIы­щIэ къэIэта», «Эдип», «Тыргъэтауэ», «ЩIакIуэ фIыцIэ», «Истамбы­лакIуэ», нэгъуэщI спектакль хьэлэмэтхэр. Ап­хуэдэу цIыхубэм ягу дыхьащ абы игъэува «Рабы власти», «Ханума», «Невеста из Име­ретии», «Сказка о мнимом принце», «Мыщэ и къуэ Батыр», «Лир пащтыхь» лэжьыгъэхэр. Абы и спектаклхэр ехъу­лIэныгъэшхуэ яIэу щагъэлъэгъуащ Черкесск, Мейкъуа­пэ къалэхэм,­  нэгъуэщI щIыпIэ куэ­дым.
РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ Теувэж СулътIан. КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лау­реатщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Зи  къару  зэи емыблэж  режиссёр

«ТIур тIукIэ бгъэбагъуэмэ…» жыхуиIэ есэп къызэрыгуэкI ды­-дэм хуэдэщ мы гупсысэр: щэнхабзэ зимыIэ лъэпкъыр лъэпкъ нэщIы­сауэ убж хъунукъым, зи щэнхабзэр зыфIэмыIуэхуж, абы и къэкIуэнум щIэмыгупсыс, зезымыгъэужь лъэпкъ щыIэмэ, апхуэдэм езым и IэкIэ а зытес дуней къудамэр пиупщIыжу аращ. Тхыдэ кхъахэр щыхьэт зэрытехъуэщи, апхуэдэ ­къудамэ куэдыкIей тебзэхыкIащ дуней жыгыжьым. Тхьэм ар дэ къытхуимыухкIэ, ауэ лъэпкъ щэнхабзэм и пкъыр кIуэ пэтми гъа­щIэм къызэрихузыр тлъагъухукIэ, мис абыхэм нэхъ дыщIэгупсысрэ дригузавэу, дригузавэ щхьэкIэ, нэхъыфIым дыщыгугъыу (нэхъы­фIым щыгугъыныр диагноз зыхуэхъуа ныбжьым дыщыщкъэ дэ!) зэманым дыдогъуэгурыкIуэ.

ЖызыIэни щыIэщ щэнхабзэм фыщы­тепсэ­лъыхькIэ, фымыIэтыIуэу пIэрэ, ярэби, абы и пщIэр, дэвмы­гъэуеиIуэу пIэрэ и мыхьэнэр? Ар апхуэдизу хъугъуэфIыгъуэшхуэрэ лъэпкъым и нэIэ тет зэпыту щытын хуейр пэжу пIэрэ? Уей-уей жезыгъэIэу дуней псор зыдэплъей лъэпкъ пэрытхэм уахэплъэу ахэр щхьэж и щэнхабзэм зэрыхуэсакъыжыр плъэгъуа нэужь, мо жытIар зэрыпэжым шэч лъэпкъ къытепхьэжыркъым, ауэ… Ауэ нэм къыщхьэрызыпхъуэ зэманхэм деж а пэжыр къэлъагъу­гъуейщ.
Тхьэм ирещIи, ди щIэныгъэри, ди IэщIагъэри, ди мурадхэри щэ-къэ­щэхум и закъуэ тегъэпсыхьарэ ахъ­шэ-бохъшэ фIэкIа нэкуи-напIи димыIэжу нобэ лъэпкъыр зэрыщыту бэзэрым дытетIысхьэжыну къы­щIэкIынт, дызыхуеплъэкIын, дызэрыгушхуэн, «Мыпхуэдэ уиIэу укъикIуэт хъурэ!» жыдэзыгъэIэ щэнхабзэ зэманым щтэIэщтаблэ ищIа ди лъэпкъым и щIыбагъым къыдэмытамэ. Тхьэм и шыкуркIэ - къыдэтщ. Япэрауэ, лъэпкъ нэхъ ин гуэрхэри зытемыукIытыхьын ди тхыдэр. А тхыдэр зыдэщIэращIэ хэкулIхэр… ЕтIуанэрауэ, лъэпкъым и дыщэ ­пхъуантэу ди IуэрыIуатэр. А Iуэры­Iуатэм къигъэщIыжа литературэр… Псэр зыхьэху ди пасэрей уэрэдхэр, пшыналъэхэр. Ахэр зи лъабжьэ композитор Iэужьхэу ди гъащIэм къы­дэшэрашэхэр… Дахагъэм псэкIэ су­рэт тезыщIыкIыф IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр… Зи къуэпсхэр жыжьэ дыдэ къыщежьэ адыгэ театр гъуазджэр… Мис апхуэдэ налъэ куэду зэхэлъщ илъэсищэхэм, илъэс  минхэм зэIуаща а лъэпкъ хъу­гъуэ­фIыгъуэу «щэнхабзэкIэ» зэ­джэ­жыр…
Куэд, куэд дыдэ мэхъу а хъу­гъуэфIыгъуэхэр лъэпкъым къыхуэ­зыгъэщIа, хуэзыхъума, ди зэманым къэзыхьэсауэ нобэм хуэзыгъэлажьэ цIыхухэр… Мис апхуэдэ цIыху щхьэпэхэм, IуэхущIафэ ин а хъу­гъуэфIыгъуэм хэзылъхьа псэе­мы­б­лэжхэм ящыщщ нобэ дгъэлъапIэ ­режиссёр Iэзэ Теувэж СулътIан.
Жыжьаплъэу мыхъуу, СулътIан и лэжьыгъэхэм, и лэжьэкIэхэм гъунэгъуу щыгъуазэхэм сащыщу зыкъы­золъытэж сэ, сыту жыпIэмэ куэд ­щIауэ дызэроцIыху, дызэролъытэ, Адыгэ театрым си пьесэ зыбжанэ ­щигъэуващ.
Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, сэ хуабжьу сохъуапсэ зи пьесэ театрым щагъэувкIэ, зи тхылъ типографием къыщащыпкIэ, къыхэщт ямыIэу зи унэ щIэсыж авторхэм. Зи узыншагъэр зыхъумэжыну хуей дэтхэнэри апхуэдэу къыщIэкIынут зэрыщы­тыпхъэр, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дащыщкъым гу зэгъакIэ Тхьэр зыхуэупсауэ а Iэдэбагъыр зиIэхэм: дэри гугъу зыдогъэхьыж, ди тхыгъэм щхьэщытIысхьауэ гъуэгу езытхэри гугъу едгъэхьым шэч хэлъкъым. Режиссёрхэр къапщтэмэ, абыхэм ягу нэхъ темыхуэ дыдэхэм ящыщу къыщIэ­кIынущ апхуэдэ драматург­хэр: ре­жис­сёрыщхьэм къыщыхъуэпскIа ­ми­зан­сценэ, теплъэгъуэ дахэхэм хуэ­кIуэу зи пьесэр зыхъуэжыну хуэмейхэр, репетицэм кIуэурэ зи псалъэ  дэтхэнэми тегузэвыхьу, «къащ­хьэ­щыжу» щысхэр, литературэм и ­гъунапкъэм икIрэ замыщIэжу режиссурэм хэбжьахъуэхэр. Апхуэдэхэм деж СулътIан гушыIэурэ жиIэ хабзэщ: «Ей-ей, си щIакхъуэ Iыхьэм ­укъемыIусэт мис иджы!»
ЗэфIэкI зиIэ дэтхэнэри апхуэдэкъэ, - СулътIан цIыху IэтIэлъатIэкIэ уеджэнукъым, дэшэхыгъуафIэхэм ящыщкъым, и жыIэм уедаIуэурэ, зыдэпщIурэ укIуэмэ, нэхъ узыдэгъуэгурыкIуэфыну режиссёрщ. Апхуэдэ режиссёрымрэ гунэмыс хьэл зиIэ драматургымрэ зэрыгъэтыншу пху­жыIэнукъым. Дэри - аращ: пьесэр ди гуэрэныгуу дыщызэхуэзэ зэ­зэ­мы­зэхэм деж, ди акъыл зэтехуэу, щхьэж и гъунапкъэр здынэсыр ищIэжу нэхъыбэм дызэдэлажьэурэ, режиссурэмрэ драматургиемрэ я бжьы­пэхэр щытфIызэрыни мызэ-мытIэу къэхъуащ. ЩIихьауэ репетицэм хэт актёрхэм я дежкIэ, дауи, гуапэкъым зэпэувауэ а зэтехуапIэр къэзылъы­хъуэ режиссёрымрэ драматургымрэ я зэхуаку къыдэхутэныр. Къаздэхъу СулътIан мыгъуэм апхуэдэхэм деж жиIэрейт: «ФызэгурыIуэ, фызэгурыIуэ, фызэгурыIуэ…» ИкIи сытым дежи дызэгурыIуэжырт, а зэтехуа­пIэри къызэдэдгъуэтырт.
Хэти сыти жрыреIэ, гъуазджэ нэхъыфIыр, нэхъ лъагэр къы­щы­зэ­дэзылъыхъуэхэм я зэдауэми я зэ­щыхьэми Iей лъэпкъ къишэркъым. Iейр псэ ужьыхарэ гу ужьыхакIэ зыгуэр къыщыплъыхъуэм дежщ. А къэфлъыхъуар къызэдэвгъуэтауэ къыщыщIэкIыжым деж, абы фы­зэрыхуэкIуа лъагъуэм щекIуэкIа псори пщогъупщэж. Къанэр абы кърикIуа гухэхъуэрщ, премьерэм къы­щыфхуаIэт Iэгуауэрщ, залым щIэс­хэм я нэгу ит арэзыныгъэрщ, гуфIэгъуэрщ… Мис а псори зыбжанэрэ зэдэтлъэгъуащ Теувэж Сулъ­тIанрэ сэри, икъукIэ сыхуэарэзыщ, пщIэшхуэ хузощI.
Ди зэран зыхэмылъ щхьэусыгъуэ­кIэ режиссурэ лэжьыгъэм зэгуэр ­зыщетпщыта къэхъуами («Эдип»), къыщIэгъэлъауэ дытеп­сэлъы­хьы­фын хуэдизкIэ а IэщIагъэм хэт­щIы­кIыу зыкъэтлъытэжыркъым, атIэми, кIэщI дыдэу сытепсэлъыхьыну сы­хуейщ СулътIан и лэжьэкIэм хэслъэгъуа гуэрхэм.
Псом япэрауэ, спектаклым щып­х­рышын хуей гупсысэ нэхъыщхьэр Теувэжым хъарзынэу къегъуэт. Къе­гъуэтри, мис абы адрей псори кърещIэкIыж. Армырамэ, спектаклыр спектакль хъунукъым, Iуэхум хуэарму гуэрым ирилъхьа мэкъу гулъэм ещхьу, зэкIэрыщэту, къеутэкI-неу­тэкIыу щытынущ.
ЕтIуанэрауэ, мизансценэхэр узэримыгугъарауэ щIэщыгъуагъ хэлъу СулътIан къегупсысыф, ахэр хъар­зынэу, мыдэ-щэ, лэрыпсым ещхьу зэпещIэ.
Адрейуэ, актёрхэмрэ образхэмрэ нэхъ зэрызэзэгъыну, зэрызэтехуэну Iэмалхэр хьэлэмэту, апхуэдэ къа­зэрехъулIар езы актёрхэм щагъэщIэгъуэж щыIэу къегъуэт. Дауи, аращ актёрхэм я нэхъыбэм Теувэжым дэлэжьэну щIафIэфIыр. Мыпхуэдэм деж нэхъыщхьэр Iуэхурщ, а Iуэхур зэфIэха зэрыхъу щIыкIэрщ, режис­сёрым и Iэзагъым щыщу къуитыфынур, къыбгъэдэпхыфынур зыхуэдизырщ, ахъумэ а Iуэхум щымыщ зэхущытыкIэхэракъым.
Ауэ режиссёрым и лэжьыгъэм щыщу драматургым дежкIэ псом я щхьэращи, Теувэжыр, хэти хуэмыдэжу, гъэщIэгъуэныщэу тхыгъэм йолэжь, литературэ и лъэныкъуэкIэ пьесэм хэлъ IэфIыр сценэм нихьэ­сын зэрыхуейр, екIурэ-ещхьу къы­щыпхуэгъэсэбэпмэ, а литературэм и къарумкIэ спектаклыр нэхъри къызэрыпхуэIуэтэнур къыгуроIуэ. Сулъ­тIан ещIэ дэтхэнэ псалъэми «плъыфэ» куэдыкIей зэриIэр, а псалъэм а спектаклым щиIэн хуей плъыфэ закъуэр хъарзынэу, авторым зэригугъауэ, е абы и гугъам ефIэкIыу къегъуэтыф.
Юбилей псалъэ къыщыпхужаIэм деж, зэрытыпIэу уиIэр зэщIэкIыргъэ­рэ ущIэщэIухьыжу къэпкIухьми, тIэкIу уагъэгушхуэн, уи гур уамыгъэу­хыжы­пэн мурадкIэ пцIышхуэ къы­­щып­хуаупс щыIэщ: хуабжьу ­ущIа­­лафэу, а жыхуаIэм хуэдэ ныбжь­ ­къозытыфын щымыIэу, кIуэ­аракъэ, зи къэшэгъуэ дахэм ухуэдэу уи фIэщ ящIыну хуо­жьэхэр. Жьыгъэм къуищIам и щIы­IужкIэ гъуджэм ещхь пэж лъагъу­гъуе­ижьыр къуамыутIыпщу, пцIы ­да­хэш­­хуэ къып­хуаупсыныр ­хъарзы­нэ­къэ-тIэ. УсакIуэшхуэм зэ­ры­жи­Iащи, апхуэ­дэу гуапэу закъедгъэгъэпцIэну дэ сытым дежи ды­хьэзырщ, ауэ… Ауэ  ар уи фIэщыпэ хъурэ «шкIащIэ­-     хэм» уахэ­лъэ­дэжмэ, а пцIым укъы­зыхи­мы­хы­жыфын Iуэху ухэ­хуэнкIэ ­хъунущ…

IутIыж  Борис.
2002 гъэ

Зыми   хэмыгъуащэ  хъэтI

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм джэгуакIуэ псалъэр къыдогъуэгу­рыкIуэ. Ар и щыхьэтщ джэгун хьэ­лыр лъэпкъым и гъащIэм, и дунейм зэрыхэпщам. Ауэ, сыт хуэдэ джэгуа­кIуэ уиIэми, а псор къызэзыгъэ­пэ­щыж, ар и пIэ изыгъэувэж, ар цIы­хубэм я пащхьэ изылъхьэ ­режиссёр уимыIэмэ, Iуэхур и кIэм нэгъэса ­хъуркъым. Апхуэдэ режиссёр ­гъуэзэджэщ Теувэж ­СулътIан.

СулътIан щымылэжьа театр республикэм диIэкъым. Ар сыт щыгъуи актёрым нэхъ тегъэщIауэ мэлажьэ. Спектаклым къыхэщ лIыхъужьым и кIуэцIыкIыщIэм къыщежьэ гъащIэр утыку кърихьэрэ езым къигупсысар абы хипщэжрэ артистым нэхъ дахэу цIыхум зэрабгъэдилъхьэнум ­иужь иту апхуэдэщ. Теувэжыр зэ­лэ­жьа спектаклхэр къемыхъулIауэ зэи къэхъуакъым. Сыт хуэдэ пьесэ елэжь­- ми, гумызагъэу, зыхуейм хуэ­дэу ­мыхъуауэ СулътIан ар утыку ­къри­­хьэнутэкъэм. Абы игъэувхэр сытым дежи дахэщ, езым и хъэтI, и еплъыкIэ иIэжу щытщ, уигъэпIейтейуэ, уигъэгупсысэу, уи гур зэхэзехуэн ищIу.
ИтIанэ, абы фIыщIэ хуэфащэщ зэпымыууэ бзэм зэрелэжьым папщIэ. Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым и спектаклхэм щыджэгу артистхэм бзэ дахэ зэраIурылъым. Зэи щымы­гъуп­щэу, зэи IэщIэмыхуу хущIокъу    актёрхэм бзэр къабзэу зэрагъэшэрыуэ­-нум, екIуу театреплъхэм я деж ар зэрынахьэсынум, бзэр ипэкIэ зэригъэкIуэтэнум. Ар лэжьыгъэшхуэу къызолъытэ.
Театрым къыщызгъэзэжам япэу сызыхуэзар Теувэж СулътIант. Абы ­игъэува спектакль зыбжанэм сыхэтащ, гъуэгу тэмэм сытезыгъэувари аращ. Зи илъэс 85-р зыгъэлъапIэ, лэжьыгъэфI куэд зиIэ Теувэж Сулъ­тIан сохъуэхъу узыншагъэ быдэ ­иIэну, и гукъыдэжымрэ и зэфIэкIымрэ мыу­жьыхыу илъэс куэдкIэ дяпэ итыну.

Къумахуэ   Мухьэдин,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр.

И  нэIэ адыгэбзэм тригъэтщ

Москва еджакIуэ дыкъикIыжа нэужь, ди теат­рым и мызакъуэу, радиоми, телевиденэми СулътIан щигъэува спектакль нэхъыфIхэм дыхэтащ. Театреплъхэми критик цIэрыIуэхэми а лэжьыгъэхэм ­щытхъу куэд хужаIащ.

СулътIан сыт щыгъуи жыджэрщ, тхьэкIумафIэщ, набдзэгубдзап­лъэщ. Дэ режиссёр куэ­дым дадэлэжьащ, ауэ СулътIан хуэдэу пьесэри образхэри къызыгу­рыIуэ, зыхэзыщIэ, зэп­кърызыхыф, артистхэм ябгъэдэзылъхьэф диIэкъым.
Псом хуэмыдэу Сулъ­тIан хуосакъ, и нэIэ тригъэтщ адыгэбзэм. Ар абы икъукIэ хуэшэрыуэщ. Роль дгъэзэщIахэм я хьэл-щэным, я теплъэм, я шыфэлIыфэм хуэ­фэ­щэн бзэкIэ артистхэр    дигъэпсэлъэфырт. Зы псалъэ дэнэ къэна, зы хьэрф бгъэкIуэдуи, зэпхъуэкIыуи идэртэкъым. Ар щIыжысIэращи, Теувэжыр ди театрым щы­щылэжьам артистхэм ди псэлъэкIэр куэдкIэ иригъэфIэкIуащ.
Ди псэм хуэдэу тлъагъу IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ», «Эдип» пье­сэ­хэр сыт хуэдизу бзэ дахэкIэ имытхами, ахэр Теу­вэж СулътIан имыгъэувауэ щытамэ, еп­лъ­хэм апхуэдизу гурыхь ящымыхъункIи хъунт.
СулътIан и къарумрэ зэфIэкIымрэ гукъы­дэ­жышхуэ я гъусэу, фIы­щэу илъагъу и унагъуэм гуфIэгъуэ куэд ядилъа­гъуу, ядиIэту, и гуащIэм и хъер илъагъуу илъэс куэдкIэ Тхьэм тхуигъэпсэу.

ЖьакIэмыхъу   КIунэ,
УФ-м щIыхь зиIэ
и артисткэ

Си  егъэджакIуэ, си ущиякIуэ

Теувэж СулътIан илъэс зыбжанэ хъуауэ соцIыху. Ар ящыщщ ди республикэм и театр гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэ­лъхьэ­ныгъэфI хуэзыщIахэм, ипэкIэ зыгъэкIуэтахэм.

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Теувэж СулътIан сызэрыщригъэджам хуабжьу срогушхуэ. Абы куэд къысхилъхьащ. Къэбгъэ­лъа­гъуэмэ, си егъэджа­кIуэм къызита щIэныгъэри Iуэху бгъэдыхьэкIэхэри си лэжьыгъэхэм къыщызогъэ­сэбэп. Къищынэмы­щIауэ, Москва си щIэныгъэм зэ­рыщыхэзгъэхъуари Теувэ­жырщ зи фIыгъэр. Сулъ­тIан и бзэкIи, и псэ­лъэ­кIэкIи, и дуней еп­лъы­кIэкIи, и спектакль гъэувыкIэкIи, и лэжьэкIэкIи ­щапхъэщ. Но­бэр къыздэсым абы и деж чэнджэщакIуэ сокIуэ, и пса­лъэ Iущ­хэм сыщIодэIу, зы­зогъэущий. Абы хуэдэ режиссёрхэр зырызыххэщ.
СулътIан удэлэжьэну гъэ­щIэгъуэн дыдэщ. Абы игъэу­выну спектаклым къы­хэщ ролыр зыхуигъэ­фэщэну и мурад актёрыр утыку къришэн ипэкIэ, а цIыхур «къетIэщI». ЛIы­хъужьым и теплъэм, и образым актёрыр хуэкIуэн-хуэмыкIуэным къищы­нэ­мы­щIауэ, абы и гуп­сы­сэ­кIэр, и дуней еплъыкIэр зрегъащIэ. Репетицэр зде­кIуэкIым, упщIэ гуэрхэр ­къуидзурэ зы лъэныкъуэкIэ Iуэхум тIэкIу утригъэгуп­сысыкI хуэдэу зищIурэ, сыт хуэдэ псалъэмакъри зи ужь ит лэжьыгъэм къре­шэлIэж. Зэ еплъыгъуэкIэ умылъагъу, уигу къэмыкI куэдым гу лъетэри, а гупсысэм и кууагъыр къы­щIигъалъэу къыпхуеIуатэ.
ЛэжьыгъэфI куэд къе­хъу­лIащ Теувэжым. Апхуэ­дэхэщ «Эдип», «Пащтыхь Лир», «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», нэгъуэщIхэри. Лэ­жьыгъэм бгъэдыхьэкIэ щIэ­щыгъуэ зэрыхуиIэр ­арауэ къыщIэкIынущ Сулъ­тIан сыт хуэдэ жанрым щыщ спектакль утыку къри­хьэми, ар цIыхухэм гъэщIэгъуэн, гукъинэж щIа­­щыхъур.
ЗэрытщIэщи, дэтхэнэ зы актёрри хуэныкъуэщ езым и дзыхь зригъэз режиссёр, а тIур зэгурыIуэу щы­зэ­дэлажьэм и деж насы­пышхуэщи. Теувэжыр ТIыхъужь Алий, Къаздэхъу ­СулътIан, Сонэ Мухьэрбий, ДыщэкI КIунэ, Мысостыш­хуэ Пщызэбий сымэ псалъэ лей хэмыту, зым жиIэр адрейм ипхъуатэу, зэгу­рыIуэ яку дэлъу зэ­дэлажьэу щытащ. Теувэж СулътIан ди театр гъуазджэм хуилэжьам уриплъэжмэ, щIэныгъэшхуэ, къаруушхуэ, узыншагъэш­хуэ ­хилъхьащ. ДяпэкIи Тхьэм хущIигъэхьэ.
Теувэжым техуауэ сыт хуэдиз псалъэ гуапи сху­жыIэнущ. Ауэ, езым гулъы­тэр егъэлеяуэ и жагъуэщ. Абы и щыхьэтщ къыщалъхуа махуэр нобэр къыздэсым къызэрытщибзы­щIыр. СулътIан хуэдэхэр дгъэ­лъэпIэн, пщIэ яхуэ­т­щIын хуейщ. Илъэс куэдкIэ Тхьэм дяпэ иригъэт, тхуигъэузыншэ. Абы хуэдэ нэхъыжьхэр Алыхьым куэду къыдит!

Емкъуж  Андзор,
режиссёр

Зэпэщхьэхуэу уегупсысыфыркъым

Театрымрэ Теувэжымрэ зэпэщхьэхуэу уегуп­сысыфыркъым. Си щхьэкIэ «театр» псалъэм япэу ­сигу къигъэкIхэм ящыщщ Теувэж СулътIан.

Хьэл зырызыххэ зимыIэ цIыху щыIэкъым. ЦIыхум и зэфIэкIыр нэхъ лъагэху, и хьэлыр нэхъ гугъу хъууэ къыщIэкIынущ, ауэ СулътIан хуэдэу зэфIэкI зиIэм, зи IэщIагъэм хуэIэрыхуэм удэлэжьэныр на­сы­пышхуэщ. Ар Тхьэм къигъэщIа режиссёрщ. Илъэс 30-м щIигъукIэ сыдэлэжьащи, и IэщIагъэкIэ лъэкIыныгъэш­хуэ зэриIэр, актёрыр зыхуэдэмрэ абы хузэфIэкIымрэ занщIэу къызэрихутэфыр, бзэмыIу дыдэу щытми, адыгэбзэ къабзэр къызэрыжьэдишыфыр нобэми согъэщIагъуэ. Зы унагъуэшхуэм хуэдэу Iэнэм пэрысу ­дэтхэнэ зы артистми жиIэнумрэ зэрызищIын хуеймрэ ­къагуримыгъэIуауэ, спектаклыр и кIэм нэс зэпкъримыхауэ СулътIан зэи репетицэ ищIынутэкъым. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэр СулътIан и закъуэщ. Адыгэ театрыр зыхуэдэн хуейм иригузавэ дэтхэнэми и гукъеуэщ, шэч хэмылъу, ар ди деж режиссёр нэхъыщхьэу зэры­щы­мы­лэжьэжыр.

Къэжэр  Борис,
КъШР-м щIыхь зиIэ и артист.
2002 гъэ

Нэсу хещIыкI

Теувэж СулътIан сэ къыщысцIыхуар 1968 гъэрщ. Абы щыгъуэ ар Музыкэ театрым и уна­фэщIт. Сэри театрым и хорым сыхэтт.

Москва дыщыщыIам ар мызэ-мытIэу накIуэу­-рэ къыт­щIэупщIэу, ди еджэ­кIэм щыгъуазэ зи­щIу щытащ. Къыщызгъэ­зэжам Сулъ­тIан ди адыгэ драмэ теат­рым и режиссёр нэхъыщхьэу ла­жьэрт. Абы игъэува спектакль куэ­дым сыщыджэгуащ, икIи згъэзэщIа ролхэр къы­зэхъулIамэ, ар зи фIыгъэу къэслъытэр Сулъ­тIанщ.
Актёрым дэлэжьэкIэ зыщIэ, зыгуэркIэ зэщы­Iеями, абы щхьэкIэ къимыгъанэу ролыр зы­щIы­фыну артистым ириту апхуэдэщ ар. Спектак­лыр фIы зэрыхъу­нырщ псори зытриухуэр. Зыми хуэ­мы­дэжу артистым и бзэм йолэжь СулътIан. Жыжьэу къоуври: «Сыт жыпIа, зэ­хэсхыркъым», - жиIэурэ тIэу-щэ къы­щIре­гъэ­дзэж. Сэ щэху дыдэу псалъэхэм сащыщкъым, ауэ куэдрэ ­СулътIан жыхуи­Iам сыт­ригъэхуащ.
СулътIан драматур­гием нэсу хэзыщIыкI, абы и фIыпIэр къыхэзылъа­гъукI, зи театреплъхэр фIыуэ зыцIыху, ягу ирихьынур къэзыхутэф режиссёрщ. Зи IэщIагъэр нэгъэсауэ зыщIэ дэтхэнэ зыми хуэдэу, абы хьэл ткIий гуэри хэлъщ, ауэ удэлэжьэну тыншщ, зэ­фIэкI бгъэдэлъщи.

Иуан  Владимир,
Адыгэ Республикэм
щIыхь зиIэ и артист.
2002 гъэ

Данэ  щIопщыр  гъаджэ

Режиссёр гъуэзэджэщ Теувэж Сулъ­тIан. Илъэс куэдкIэ абы сызэрыдэлэ­жьамкIэ сынасыпыфIэу, сщIэфаIамэ, абы и фIыгъэу къызолъытэ. Сыхуейт адыгэ хъуэ­хъужьым хэт псалъэхэмкIэ зыхуэзгъазэу СулътIан нобэ мыпхуэдэу жесIэну:

Шыуэ узытесыр пцIэгъуалащхьэу,
Данэ щIопщыр бгъаджэу,
Зэ уджамэ уи Iуэху зэфIэкIыу,
Ныбжьэгъу ухуэзэмэ,
къыпщыгуфIыкIыу,
Жагъуэгъу ухуэзэмэ,  уелъэщэкIыу,
Псори къыпхуэныкъуэу,
Узыхуэныкъуэ щымыIэу
Куэдрэ утхуэпсэуну!

Щэрмэт  Людмилэ,
КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ
КъБР-м  и  цIыхубэ  артисткэ

ПщIэшхуэ  хузощI

Теувэж СулътIан икъукIэ режиссёр ­гъуэзэджэщ. Абы и гъащIэ псор театрым хуигъэпсащ.

Теувэжыр зыпэрыт лэжьыгъэр сыт щыгъуи къызыхуэтыншэу егъэзащIэ. Студент жыпIэми, актёр жыпIэми зыдэ­ла­жьэхэм ящыщу зэфIэкI зиIэхэр занщIэу къыхелъагъукI, зэрыхузэфIэкIкIэ ядоIэ­пыкъу, ипэкIэ зэригъэкIуэтэнум хущIокъу.
СулътIан цIыху гуапэщ, зэпIэзэрытщ. ­ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым илъэсиплIкIэ Теувэжым дыщ­ригъэджащ. А зэманым къриубыдэу къэгубжьауэ зэи тлъэгъуакъым икIи жагъуэ тщыхъун, ди гум щIыхьэн псалъэ зэхы­дигъэхакъым. ЩIэныгъэ куу къыдитащ, ­театр гъуазджэм дыхигъэгъуэзащ, зыдигъэужьащ.
Ещанэ курсым дыщIэсу Ярославль къалэм 2004 гъэм щекIуэкIа театр фестивалым щыдгъэлъэгъуащ Теувэжым игъэува Гоголь Николай и «Женитьба», Дударев Алексей и «Рядовые» спектаклхэр. Фес­тивалым Дэбагъуэ Романрэ Эфендиев ФуIэдрэ дашауэ щытащ. Ди лэжьыгъэхэр ягу дыхьащ икIи фестивалым и лауреат дыхъури щIыхь тхылъхэр къытхуагъэфэщащ. Ар зи фIыщIэр, дауи, Теувэж Сулъ­тIанщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэ­жьапIэ сыкъызэращтари Теувэжырщ зи фIыгъэр. Урыс студиер къэзуха щхьэкIэ, адыгэ театрым сыщылэжьэну си нэ къызэ­рикIыр СулътIан ищIэрт. ХэзмыщIыкIыххэу апхуэдэ гулъытэ си егъэджакIуэм къы­зэрысхуищIар IэфIу, гуапэу си гум хуилъщ, пщIэшхуэ хузощI.

Болэ  Анфисэ,
ЩоджэнцIыкIу  Алий  и  цIэр
зезыхьэ  Къэбэрдей  къэрал  драмэ
театрым  и  артисткэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Поделиться: