КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яхэтщ. 1958 гъэ
* * *
Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр и теплъэкIи и псэкIи цIыху дахэщ. Совет Союзым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я ректорхэм ар сыт и лъэныкъуэкIи фIыкIэ къахощ. ХьэтIутIэ хуэдэ къуэ гъуэзэджэ зиIэ лъэпкъым и насыпщ.
КЕЛДЫШ Мстислав,
СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик.
1961 гъэ
* * *
Адыгэ лъэпкъ уардэм и къуэ телъыджэщ Бэрбэч ХьэтIутIэ. щIэныгъэлI цIэрыIуэм лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ лъэпкъ IэщIагъэлIхэр къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хуэгъэхьэзырынымкIэ.
ЯШВИЛИ Нугзар,
Куржы ССР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
1965 гъэ
* * *
ЦIыхубэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтын IуэхущIапIэ ди республикэм къыщызэгъэпэщынымкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдиз фIыщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ.
Политик Iущ, узэщIакIуэ щэджащэ, Къэбэрдей-Балъкэр къэрал университетыр зэфIэзыгъэува, зыхуэдэ щымыIа абы и япэ ректор Бэрбэчыр сыт и лъэныкъуэкIи я щапхъэт Кавказым щыпсэу цIыхухъухэм. Абы хуэдэ нэгъуэщI зыри сэ сцIыхуркъым.
КЪАРДЭН Къубатий,
Совет Союзым и ЛIыхъужь.
1991 гъэ
* * *
Бэрбэчыр цIыху гъуэзэджэу, зэкIужу къэслъытэрт дапщэщи. Ар сыт щыгъуи екIуу хуэпат, езыр нэжэгужэт, жиIам тебгъуэтэжырт, фIэщхъуныгъэ ини хэлът. ХьэтIутIэ и къэпсэлъэныгъэхэм удахьэхырт. Нэрылъагъут зи гугъу ищIым фIыуэ зэрыхищIыкIыр. И гупсысэхэри къиIуэтэфырт бзэ шэрыуэкIэ, купщIафIэкIэ.
БЕЗГОДЬКЭ Фёдор,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
1965 гъэ