Жэрдэм телъыджэхэр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт академик гуп. 2001 гъэ

 

 

«ЛIым и гъащIэр къызэрабжыр илъэс бжыгъэкъым» - апхуэдэ псалъэхэр хэтщ КIуащ БетIал и усэхэм ящыщ зым. Абы шэч хэлъкъым: цIыхум пщIэ къыхуэзыхьыр и ныбжьыркъым - и гуащIэдэкIырщ.
ПщIэ лъагэ щIыхуэфащэ гуащIэдэкI иIэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд - и тхыгъэхэм, и жылагъуэ лэжьыгъэм къыхуахьауэ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ е зэхилъхьауэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи дунейм къытехьащ тхылъ 50 хуэдиз. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хыболъагъуэ ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIам бгъэдэлъ акъылымрэ щIэныгъэмрэ зэрыиныр. «Си гугъэ - си кхъуафэжьей», «Лъэужь», «ТекIуэныгъэм и махуэ», «Адыгэ мамлюкхэр», «Уэгу вагъуэ - щIылъэ вагъуэ», «Разбросаны адыги по белому свету», «Израилым щыпсэу шэрджэсхэр», «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых», «Адыгэ хэхэсхэр» - абыхэм ящыщ зы тхылъи лъэужьыншэ щыхъуакъым ди литературэмрэ журналистикэмрэ. Ар дэнэ къэна, дунейм къызэрытехьэ лъандэрэ цIыхум зыщагъэнщIыркъым абыхэм, махуэ къэси къахуэщхьэпэ, еджэр зэи зытемызашэ, куэдым укъыхуэзыгъэуш, ухуэзыгъэIущ тхылъхэщ ахэр.
Зи цIэ къитIуа тхылъхэм апхуэдэ мыхьэнэ яIэнкIэ щIэхъуар ахэр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэм щIэныгъэ куурэ акъыл жанрэ зэриIэрщ - абы шэч къытепхьэнукъым, а тхылъхэм ящыщ дэтхэнэми щыгъуазэ зыхуэпщIмэ. Си щхьэкIэ сыщыгъуазэщ «Адыгэ мамлюкхэр» тхылъым (абы и бжыгъэр 5000 хъурт) цIыхур щыгуфIыкIауэ зэрыщытам - ар щIэх дыдэ «япхъуэтащ», жьыми щIэми ноби зэIэпах. Ар дыдэр хужыпIэ хъунущ «Разбросаны адыги по белому свету» тхылъми - тыкуэнхэм напIэзыпIэм щIэбзэхыкIа, щIэх дыдэ гъуэтыгъуей хъуа тхылъхэм ящыщщ ари.
Сыт ар ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхылъхэм я натIэ щIэхъур, цIыхум щхьэ зэрапхъуэрэ ахэр? Абы и жэуапыр езы тхылъхэм я деж щыбогъуэт: зи цIэ къитIуа тхылъитIми лъабжьэрэ купщIэрэ яхуэхъуар нобэрей щIэблэм щагъэпщкIуауэ, ди щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэ зытемыгушхуэу къэгъуэгурыкIуа темэрэ псалъэмакърэщ. ЩIэныгъэлIхэри тхакIуэхэри щыгъуазэт, дауи, Мысырым къэралыгъуэ щызыухуауэ щыта мамлюк дзэпщхэм я тхыдэм, ауэ, я цIэ зэзэмызэ къраIуэ фIэкIа, абыхэм я нэхъыбапIэр зэрыадыгэри, узэрыпагэ, узэрыгушхуэ хъун тхыдэрэ лэжьыгъэшхуэрэ къызэрызэранэкIари ябзыщI зэпытащ иджыри къэс. Мамлюк дзэпщхэм я тхыдэмрэ IуэхущIафэхэмрэ нобэрей щIэблэр щыгъуазэмэ, ар псом япэ зи фIыщIэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ: абы и фIыгъэкIэ дэ иджы дощIэ курыт лIэщIыгъуэхэм я зэманым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щыта адыгэ дзэпщхэм - Къэлэун, Бейбэрс, Инал, Бэркъукъу, Къанщауэ Гъур, Къэитбей сымэ, нэгъуэщIхэми КъуэкIыпIэм и тхыдэм зэи хэмыгъуэщэжын лъэужь къызэрыханар.
Кавказ зауэм и ужькIэ адэжь щIыналъэр ирагъэбгынауэ щытащ адыгэ минищэ зыбжанэм. Абы псори щыгъуазэщ, зыщымыгъуазэр хэкур зрагъэбгынахэм я щхьэ кърикIуамрэ я натIэ хъуамрэщ. ЦIыху куэд щыгъуазэкъым, псалъэм папщIэ, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуауэ щыта хьэжрэтхэм я щIэблэм щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ, къэрал лIыщхьэ, дзэпщ, спортсмен цIэрыIуэ куэд къазэрыхэкIам. Абыхэм я хъыбархэри бзыщIауэ къэгъуэгурыкIуащ иджыри къэс.
Уи лъэпкъыр псэм нэхърэ нэхъ бгъэлъэпIэн хуейщ, а псор хэIущIыIу пщIын, нобэрей щIэблэм я пащхьэ иплъхьэн щхьэкIэ. Ар хузэфIэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. «Разбросаны адыги по белому свету» тхылъым ущрохьэлIэ къуэкIыпIэ къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, Мысырым, Ливием) я щэнхабзэмрэ я литературэмрэ лъэужьышхуэ къыхэзына тхакIуэ, усакIуэ, композитор, щIэныгъэлI Iэджэм я хъыбархэм. Дунейпсо литературэм и классик хъуащ, псалъэм папщIэ, хьэжрэтхэм я щIэблэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин); тырку, хьэрып литературэхэм лъэбакъуэщIэ ирагъэчащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ куэдым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ ахэр дэзыгъэцIыхуар, я гуащIэдэкIми щыгъуазэ дызыщIар (Мухьэмэд зэхилъхьауэ 2002 гъэм Налшык къыщыдэкIащ хэхэс адыгэ тхакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «ЩIэин» тхылъышхуэр). 2019 гъэм адыгэбзэкIэ дунейм къытехьащ Хьэткъуэ Умар и новеллэхэр зэрыт «Чысэ» тхылъыр. Ар хиубыдащ «Черкесика» къыдэкIыгъуэм.
Иджыри къэс зыри зыщымыгъуэзэххар Тыркум, хьэрып къэралхэм цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ дзэпщхэм­рэ лIыщхьэхэмрэ я хъыбархэращ. ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд и фIыгъэкIэ нобэрей щIэблэм ящIэ хъуащ къуэкIыпIэ къэралхэм я тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзына хэку лIыщхьэхэм, генералхэм, маршалхэм, зауэлI хахуэхэм, спортсмен цIэрыIуэхэм я хъыбархэр - апхуэдэ куэдым я IуэхущIафэхэм ущагъэгъуазэ абы и тхыгъэ хьэлэмэтхэм, псом япэрауэ, «Разбросаны адыги по белому свету» тхылъым. Дауи, аркъудейм къы­щынэркъым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хузэфIэкIамрэ къытхузэIуихамрэ. ЦIыхум сыт щыгъуи яфIэщIэщыгъуэщ, дахьэх ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм ятеухуауэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэ купщIафIэхэм - апхуэдэ тхыгъэхэщ «Си гугъэ - си кхъуафэжьей», «Уэгу вагъуэ - щIылъэ вагъуэ», «Лъэужь», «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» тхылъхэм щызэхуэхьэсахэр.
Куэдым хунэс, куэд къыщIэзыгъэлъэф, къалэм Iумахуэ зыгъабзэ тхакIуэ, публицист гуащIафIэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. И тхылъхэм ущеджэкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ар а псом зэрыхунэсыр, апхуэдэ зэмани гуащIи къыздрихыр. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, езым и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм нэмыщI, Мухьэмэд зэхилъхьауэ, игъэхьэзырауэ дунейм къытехьащ тхылъ гъэщIэгъуэн куэд.
Псом япэ зи цIэ къиIуапхъэр, дауи, адыгэ тхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим теухуа «Всадник чести» тхылъырщ. Мухьэмэд абы щызэхуихьэсащ ди тхакIуэ, усакIуэ щэджащэм и гъащIэмрэ и гуащIэдэкIымрэ IупщI дыдэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ тхыгъэ хьэлэмэтхэр. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1984 гъэм къыщыдэкIри, къэрал псом щызэбгрыкIат «Одна судьба - одна дорога» тхылъыр - ар халъытауэ щытащ «Мы дружбой ленинской сильны» сериемкIэ къыдэкI тхылъ нэхъыфI дыдэхэм. Мухьэмэд зэхилъхьауэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1992 гъэм къыщыдэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр Темыркъан Юрий теухуа тхылъ хьэлэмэтри. Апхуэдэу иужьрей илъэситхум дунейм къытехьащ ХьэфIыцIэм игъэхьэзыра тхылъибл. Ахэр ятеухуащ адыгэ цIэрыIуэхэу усакIуэ Къэшэж Иннэ, сурэтыщI, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Шемякин (Къардэн) Михаил, тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, ДАХ-м и япэ тхьэмадэ Къалмыкъ Юрий сымэ.
Литературэмрэ публицистикэмрэ цIэрыIуэ зэрыщыхъуа гуащIэдэкIым къыгуэпх хъунукъым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрыщIалэ лъандэрэ дэзыхьэх редактор IэщIагъэри. Ар пасэ дыдэу IупщI хъуауэ щытащ - Мухьэмэд университетым щыщIэса гъэхэм, студентрэ пэт, абы дзыхь къыхуащIауэ щытащ «Университетская жизнь» газетым и редактор къулыкъур. А IэнатIэр къыхуэзыгъэфэщахэр щигъэщIэхъу къэхъуакъым адыгэ щIалэм: ар зи унафэщI газетыр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыдагъэкI газет нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зы хъуауэ щытащ - и унэтIыкIэкIи, и мыхьэнэкIи, и зэхэлъыкIэкIи.
1997 гъэ лъандэрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэщ. ЦIыхум гу лъамытэнкIэ Iэмал иIэкъым лъэпкъ газетым а зэманым и кIуэцIкIэ зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтам - нобэ ар Кавказ Ищхъэрэм къыщыдэкI газетхэм сыт и лъэныкъуэкIи йофIэкI.
Мухьэмэд и фIыгъэкIэ «Адыгэ псалъэр» ди лъэпкъым и гъащIэмрэ и щэнхабзэмрэ я гъуджэ хъуащ, гъуджэ къудейкъым - «Адыгэ псалъэр» нобэ ди лъэпкъ щэнхабзэм и унэтIакIуэщ, абы и хъугъуэфIыгъуэхэр цIыхубэм я деж нэзыхьэсщ, цIыхур зыузэщIыныгъэмрэ дэрэжэгъуэмрэ къыхузэщIэзыIэтэщ, хуэзыунэтI лъэпкъ газет гуащIафIэщ. Ди щэнхабзэми ди гъащIэми зы махуи теплъэкъукIыркъым Мухьэмэд зи унафэщI, абы и щIэныгъэ куумрэ и акъыл жанымрэ яунэтI газетыр.
Абы щыхьэт техъуэфынущ газетыр махуэ къэси зыIэрыхьэ, абы еджэ дэтхэнэ зыри. «Адыгэ псалъэм» уеджэ хъунущ ди лъэпкъым и нобэмрэ и дыгъуасэмрэ я щIэнгъуазэкIэ. Редактор нэхъыщхьэ къулыкъум щыпэрыувэм апхуэдэ мурадщ Мухьэмэд иIар, ар абы къызэрехъулIам шэч хэлъкъым. «Адыгэ псалъэм» и фIыгъэкIэ ди щIэблэр иужьрей зэманхэм щыгъуазэ хъуащ адыгэхэм лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къыпхаха щэнхабзэ къулейм, абыхэм я тхыдэ хьэлэмэтым, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я дунеймрэ я Iуэху зытетымрэ. А псор цIыхум я деж нэзыхьэс тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къытохуэ газетым, абыхэм я зэхэублакIуэри, я унэтIакIуэри, я къызэгъэпэщакIуэри, псом япэрауэ, «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэрщ. ХьэфIыцIэм и жэрдэмкIэ зэхэубла хъуауэ газетым щIэх-щIэхыурэ къытохуэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ напэкIуэцIхэр - «Махуэку», «Узыншагъэ», «Жьыщхьэ махуэ», «ЩIалэгъуэ», «Ислъамым и нур», «Малъхъэдис», «Си еджапIэ - си къежьапIэ», «Шыхулъагъуэ», «Гъуазэ», «IуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ», «Адыгэ къуажэхэм я щIэнгъуазэ», «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым», «ЦIыкIураш» (сабийхэм папщIэ), «ЩIыуэпсым и макъ», «Адыгэ хабзэ», нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ напэкIуэцIхэм цIыхур гуапэу IуощIэ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, а псоми я зэхэублакIуэр газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ, аращ абыхэм псэ хэзылъхьэри я купщIэр зыгъэбелджылыри.
Хэти щыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я адыгэ газетхэм зэщIыгъуу къыдагъэкI номер зэхэтхэр дунейм щIэх-щIэхыурэ къызэрытехьэм. Апхуэдэ номерхэр зыфIэмыщIэщыгъуэрэ зыфIэмыхьэлэмэтрэ урихьэлIэнукъым. «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ апхуэдэ номер 99-рэ дунейм къытехьащ, «Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури» псалъащхьэм щIэту. Мухьэмэд къыхилъхьэурэ, «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэм апхуэдэ номерхэм зыбжанэрэ къыщаIэтащ ди лъэпкъ щэнхабзэм, тхыдэм, анэдэлъхубзэм, хабзэхэм, ди нобэрей дунейм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.
Езыр зи редактор нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэм» нэмыщI, Мухьэмэд игъэхьэзырауэ дунейм къытохьэ «Нарт», «Черкесское зарубежье», «Хасэ» газетхэри. 1992 гъэ лъандэрэ къыдокI «Нарт» газетыр.
Абы и номер 75-рэ хуэдиз игъэхьэзыращ ХьэфIы­цIэм. Къару мащIэ текIуэда а Iуэхум?! Напэ пщыкIух, нэхъыби мэхъу «Нарт» газетым и дэтхэнэ къыдэкIыгъуэри. ГуащIэ ин дыдэ пхэлъын хуейщ а псор бгъэхьэзырын щхьэкIэ. Ар зыхузэфIэкI лэжьакIуэ гуащIафIэщ абы и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Псом ящхьэращи, «Нартым» и дэтхэнэ къыдэкIыгъуэри купщIафIэщ, зэмылIэужьыгъуэщ.
Уи акъылыр зыгъэлажьэ, уи гупсысэр зыунэтI, куэдым укъыхуэзыгъэуш, ухуезыджэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ къыбдэгуашэ, зэи узытемызашэ псалъэмакъ щIэщыгъуэкIэ гъэнщIа газетщ Мухьэмэд и «Нартыр». Ар дыдэр хужыпIэ мэхъу ХьэфIыцIэм езым и жэрдэмкIэ къызэригъэпэщауэ къыдигъэкI «Черкесское зарубежье» газетми. И цIэмкIи зэрыгурыIуэгъуэщи, абы и къалэн нэхъыщхьэр нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я хъыбархэм (я псэукIэ, я Iуэху зытет, н.къ.) ди цIыхухэр щыгъуазэ щIынырщ. А къалэныр сыт щыгъуи хузэфIокI Мухьэмэд и «Черкесское зарубежье» газетым - и тиражыр мин 20 - 50 хъууэ, 1992 гъэ лъандэрэ дунейм къытохьэ ар. Зи гугъу тщIы газетым и фIыгъэкIэ нобэрей щIэблэр щыгъуазэ мэхъу Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, Америкэм, Мысырым, Ливием, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэхэм я хъыбар Iэджэм - абыхэм я Iуэху зытетми я тхыдэми куууэ хэзыщIыкI цIыхущ газет хьэлэмэтыр къыдэзыгъэкI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Езыри куэдрэ яхохьэ абыхэм, газетым тридзэн хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къыхуэзытх хэхэс адыгэ куэди и нэIуасэщ, и ныбжьэгъущ.
Мухьэмэд и редактор лэжьыгъэм и гугъу щыпщIкIэ, ублэкI хъунукъым абы анэдэлъхубзэм хуиIэ гулъытэм. «Адыгэ псалъэ» газетым еджэ дэтхэнэм дежкIи нэрылъагъущ абы и бзэр иужьрей илъэсхэм куэдкIэ зэрефIэкIуар - ар, псом япэрауэ, зи фIыщIэр газетым и редактор нэхъыщхьэрщ. Газетым щылажьэ дэтхэнэри Мухьэмэд хуиущий зэпытщ ди анэдэлъхубзэр зэрыкъулейр, IэкIуэлъакIуэу къэбгъэсэбэпмэ, абы гупсысэм я нэхъ куури кърипIуатэ зэрыхъунум, ар къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым. Газетым и бзэр IупщI, гурыIуэгъуэ, гукъинэ щыхъун хуейщ абы еджэм, итIанэщ ар цIыхум къабыл щащIынури я гум щыдыхьэнури - аращ Мухьэмэд и лэжьэгъухэм япиубыдыр. Езыри апхуэдэущ адыгэбзэм зэрыхущытыр - абы и фIыпIэмрэ и куупIэмрэ къыщIэзыгъэлъэф тхакIуэщ ХьэфIыцIэр.
ТIорысэ хъуауэ къалъытэ псалъэ куэд къы­дэ­щIэ­рэщIэжащ Мухьэмэд и къалэмым, псалъэщIэхэри къигъэщIын хузэфIэкIащ - ар щынэрылъагъущ езым и тхыгъэхэми газетым и напэкIуэцIхэми.
Анэдэлъхубзэм зиужьын, абы и IэфIым щIэблэр къыщIэтэджэн папщIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ зэхэубла хъуауэ адыгэ еджапIэхэм илъэс 22 лъандэрэ щекIуэкI «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэм. УщымыгуфIыкIын плъэкIыркъым а жэрдэм телъыджэм: иужьрей илъэс тIощIырыпщIым Iэпэдэгъэлэл хъуауэ къэгъуэгурыкIуа анэдэлъхубзэм и пщIэр къиIэтыжыфынущ абы. Анэдэлъхубзэм и IэфIыр цIыхум щызыхищIэр ар сабий ныбжьым щитым дежщ. Аращ ХьэфIыцIэм и фIыгъэкIэ зэхэубла хъуа Iуэху дахэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр - ар фIыуэ къыгуроIуэ, къыгурыIуэ къудейм къыщымынэу, игурэ и псэрэ етауэ абы хуолажьэ Мухьэмэд. Шэч хэлъкъым абы щхьэкIэ пщIэ лей Мухьэмэд зэрыхуэфащэм. Лъэпкъым, щIэблэм къащхьэпэн Iуэху блэжьынумэ, «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм и зэхэублакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щапхъэ пхуэхъунущ.
Мухьэмэд, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ: Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президентым и япэ къуэдзэу щытащ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президентщ, «Адыгэ щIэнгъуазэ (энциклопедие)» институтым и директор къызэгъэпэщакIуэщ, Дунейпсо Кавказыдж жылагъуэ зэгухьэныгъэм (США, Чикагэ) хэтщ, «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэр зыунэтI гупым и унафэщIщ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зи къару илъыгъуэ тхакIуэщ, публицистщ, щIэныгъэлIщ, жылагъуэ лэжьакIуэ лъэрызехьэщ, и лъэпкъымрэ и республикэмрэ нэхъри ефIэкIуэн, заужьын папщIэ куэд хузэфIэкIащ.
Адыгэр нэхъыбэжкIи щогугъ абы. Ди фIэщ мэхъу ар и къаруи, и гуащIи, и зэфIэкIи зэи зэремыблэжынур. Апхуэдэр къалэн зыщащI цIыху лъэрызехьэхэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

 

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ.
Поделиться: