Мэрем пшыхь

Тхыгъэ кIэщIхэр

Зырэ Нолрэ

Бжыгъэ Зы и закъуэу псэурти, зэшырт. Гугъущ уи закъуэу упсэуну. Ар фIыуэ ищIэрт Зы. «Куэдщ си щхьэ закъуэ-си лъакъуитIу сызэрыпсэуар. Сежьэнщи, гъусэ схуэхъун гуэр къэзгъуэтынщ», - жиIэри Зы гъуэгу теуващ.
Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, мэз лъапэ гуэрым нэсри, тIэкIу зигъэпсэхуну жыг щIагъ щIэтIысхьа къудейуэ, къыздикIар имыщIэу, абы къыбгъэдыхьащ Ноль. Сэлам зэраха нэужь, Ноль щIоупщIэ:
- Гъуэгуанэ утет хуэдэщ. Дэнэ уздежьар, Зы?
- Уэлэхьи, закъуэныгъэр сужэгъури, гъусэ лъыхъуэ сыкъежьауэ арамэ.
- Сэ сыкъащтэ гъусэу, - жеIэ Ноль.
Зы абы йоплъри, мэдыхьэшх.
- ЗызыщIэж щыIамэ, зызылIэжи щыIэнт, щIыжаIэр уэ пхуэмыдэ гуэру пIэрэ, Ноль? Зэплъыжыт, сытым ущыщ мыгъуэ уэ? Угъуапэкъым, упщампIэкъым. Зи кур кърашхыкIа хьэлIамэу, унэщIщ. СыткIэ сэбэп укъысхуэхъуфын уэ. ПлIыуэ е Тхууэ ущытамэ, абы щыгъуэ Iуэхур нэгъуэщIт. Дэхьеи – у-Нолщ, къехьэхи – у-Нолщ. Уэ гъусэ ухъун сытми?
Зы и псалъэр иуха къудейт, Бгъу хъунщIакIуэр мэзым къыщIэкIыу Зым и пщэ псыгъуэр щиубыдам:
- Къащтэт мыдэ, Зы цIыкIу, уи гъуэмыли уи ахъши! «IыIы» къыхэбгъэкIмэ, уи ажалыр сIэщIэлъщ!
- Мэ, сIыгъыр узот, сумыукI закъуэ, - жеIэ Зы, шынауэ. Ноль ар щызэхихым, Зы нетIэ и жагъуэ къищIа пэтми, фIэгуэныхь хъуауэ, жэри абы и ужь къиуващи, жреIэ:
- Ущымышынэ Бгъу, ар къыптекIуэнукъым – уэ иджы ПщIы ухъуащ, сэ сыббгъэдэтщи!
Пэжуи, Ноль къызэрыбгъэдэувэу, Зы занщIэу зыхищIат нэхъ къарууфIэ зэрыхъуар. ЕIэри, Бгъу и пщэ гурыгъыр хузэрищIыкI пэтащ. ИтIанэ ар ипхщ, и плIэм кърилъхьэри, я унэм къигъэзэжащ, Ноли къызэрыгуэтым хуэдэу.
Къыхуэзэхэм ягъэщIагъуэрт ялъагъур икIи Зы къыжраIэрт, фIыщIэ къыхуащIу:
- Тхьэм уигъэпсэу, ди къуэшышхуэ! Мы Бгъу хъунщIакIуэм ди фэр ирихырт, псэупIэ къыдитыртэкъым. Иджы Iэрыубыд пщIащи, дытыншыжынщ.
- Сэракъым ар зи фIыщIэр, атIэ мис мы къызбгъурыт Нолщ. Мыр къыскъуэувэри, си лIыгъэми си къаруми хигъэхъуащ. КIэщIу жыпIэмэ, мы Нолщ ПщIы сызыщIар.
Абы лъандэрэ Зырэ Нолрэ ПщIы хъуауэ, зэхуэпэжу зэдопсэу.

ХьэмаскIэм къыщыщIар

Хьэшхуэм гъусэ хуэхъуа хьэмаскIэ цIыкIур абы апхуэдизкIэ къыкъуэгушхукIырти, и хьэмаскIэгъухэр хъымпIар ищIыжыртэкъым. «Фэ сытым фыщыщ, тхьэмыщкIэ гуп!» - жиIэрт. Уеблэмэ ар хьэзырт абыхэм хьэшхуэр яриуштыну. ЗэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ къыщыхъуи щыIэт.
Зэгуэрым хьэшхуэр машинэм иукIыу хьэмаскIэр и закъуэу къыщынэм, мурад ищIат и лъэпкъэгъухэм яхыхьэжыну, арщхьэкIэ модрейхэм ядакъым: «Дэ дощIэж хьэшхуэр щыпсэуам уэ къыдэпщIэу щытар. Екъу, зегъэхь адэ!»
Иджы хьэмаскIэр екIуэлIапIэншэ хъуауэ хьэулейуэ уэрамым дэтщ, ныбжьэгъуи жэрэгъуи имыIэжу, япэ къыIущIэр къыхуилъу.

Жыг закъуэ

Мыбдежыр зэгуэрым мэзу щытащ, ауэ паупщIурэ иджы къинэжар зы жыгей закъуэщ. Абы игу къокIыж жьы къыщепщэкIэ мэзым щIэта жыг къомым ящIу щыта Iэуэлъауэ лъэщыр. Ар и щыхьэтт мэзым иIэ къаруушхуэм.
ЩIымахуэ щIыIэр къэсамэ, мо жыг къомыр, зыр адрейм зригъэщIу, зыщIигъакъуэу, зэрыгъэхуабэу щытащ. КъафIэIуэхуакъым сыт хуэдэ борэнри. Гъэмахуэ шылэми арат – я нэхъ хуабэри кърадзэртэкъым жыгхэм: я щIыIэтыIэр зэхалъхьэрти, текIуэрт къэлыдыным нэса дунейм.
Щытщ и закъуэу зеиншафэ къызытеуа жыгейр, щытщ нэщхъейуэ, куэд щIауэ имыIэж, и ныбжьэгъуу щыта жыгхэм яхуэзэшу, зэщIэдэIукIамэ, абыхэм я макъ лъэщыр и тхьэкIумэм къиIуэу. Сыт иджы ар зыхуэпсэужыр? И мыхьэнэжри сыт абы къигъащIэм? Зым еджамэ, жэуап къэмыIужу, адрейм еджамэ, щыму, «пщIэжрэ?» жиIэу зыгуэрым еупщIми, «сощIэж» жызыIэн имыIэжу. «АтIэ, ар гъащIэ сытми?!» Жыгыр хоплъэ. ЩIымахуэ хъуамэ, и къудамэхэр мэгыз, гъэмахуэ хъуамэ, и пщIащэ псомкIи мэпапщэ, хощэтыкI. Ехь закъуэныгъэм – дунейм щынэхъ хьэлъэ дыдэ узыфэм.
Къагъырмэс Борис.

ГушыIэ
Узубакъым

Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым зэIущIэ екIуэкIыну колхозхэтхэр зэхуэсат. Абдежым бригадирым и благъэ Хьэжнэгъуей хуабжьу кърикъухьащ: хуэмыхущ, щхьэхынэщ, махуэ лэжьыгъэр хуэгъэзащIэркъым, зыхэтым къакIэроху, жыIэмыдаIуэщ, нэгъуэщI куэди хужиIащ.
ЗэIущIэ нэужьым Хьэжнэгъуей бригадирым зыхуигъазэри, и жагъуэ зэрыхъуар къригъэщIащ:
- Нобэ щыщIэдзауэ дызэбийщ. Дызэблагъэми, си гупэ уи дежкIэ нэзгъэзэнкъым. Апхуэдизу сумыубамэ хъунтэкъэ?! – жиIэри.
- Сэ узубакъым, уи ныкъусаныгъэхэм сытепсэлъыхьауэ аркъудейщ, - жиIэри, бригадирыр ежьэжащ.
Пщыбий СулътIан.

ЖыIэгъуэхэр
Уи щэхур зыгуэрым жепIамэ…

♦Уи гум къишхыдыкIар къыптекIуащ: е хахуагъэкIэ, е щыуагъэкIэ.
♦Унэгуащэм и щытыкIэр ипщэфIам къыхощ.
♦ХуэпщIэр зыфIэмащIэм, хуумыщIэфыр фIэкуэдщ.
♦Хьэл зырыз зимыIэ щыIэкъым, жи хьэлыншэм.
♦Хьэндыркъуакъуэм сызыхэс псыр куууащэрэт жиIэми, шэдми и уэрэд Iыхьэ къыщреш.
♦Щхьэхынэн щIыхуейм хуэжыджэрщ, жыджэрын щIыхуеймкIэ щхьэхынэщ.
♦Гум илъыр фадэм кърихумэ, къэпщэхуу ебгъафэ хъун куэд щыIэт.
♦ГъащIэр щэхущ: щхьэж нахуэ къыхуэщIыр и Iыхьэщ.
♦Уи щэхур зыгуэрым жепIамэ, адрейхэри къыумыгъанэ.
♦Щэху зи яку дэлъхэр зэфIэнэжмэ, дзыхь зэхуащIам хущIогъуэж.
♦Iыхьлым хуэдэу уи гуапэ зыщIыфын щыIэкъым, ауэ хэт нэхъыбэкIэ уи жагъуэ хуэщIын?
♦Гум щIыхьэнум, щхьэр хуиткъым, щхьэм ихьэнур, гум ищIэркъым.
♦Дунейр кIэкIэ зумыхьэ: абы щхьэ хуейщ.
♦Жэп зытемыха щхьэр къэбщ.
♦Псэр зыгуэрым и IэмыщIэ илъмэ, хьэзаб телъщ.
♦Псэр - кIэнщ, зыхьэхум ейщ, ямыхьэхумэ, къыпIэщIэнащ.
♦Бжьыми пщIэ хуащI, я пщэм дэлъмэ.
♦Гу зылъатэу уимыгугъэххэр псоми ящIэу къыщIокI.
♦ГъащIэм и IэфIри езыгъэлеймкIэ гынщ.

Бейтыгъуэн Сэфарбий.

ГъукIэ Маринэ
Уафэ щIагъым…
Новеллэ

Къалэшхуэм и уэрам нэхъыщхьэхэм языхэзым тет тыкуэным и бжэр Iуахри, хъумакIуэ щIалитIым и Iэблэр яIыгъыу зы цIыхухъу къыщIадзыжащ. Ар лъэгуажьэкIэ асфальтым техуэу джэлащ, ауэ бжьэхуцым хэхуауэ къыфIэщIа хуэдэ, къэтэджыжыну мыпIащIэу щылът.
- Иджыри зэ мыбы къыщIыхьи аращ узэрыхъур, - жаIэри, щIалитIыр нэщхъкIэ зэ къепыджыжри, тыкуэным щIыхьэжахэщ. Абы я псалъэхэр зыуи къыщыхъуакъым цIыхухъум. Уеблэмэ, хъуэным и пIэкIэ щытхъу зэхиха хуэдэ погуфIыкI. Ар хуэмурэ и гуфIакIэм доIэбэри, тыкуэным щэхуу къыщIиха щIакхъуэр къыдех, дыгъуэпшыхь хуэдэу нобэ гуэрми мэжалIэу нэху зэримыгъэщынум йогупсысри, гуфIэурэ щIакхъуэм йодзакъэ…
Гъуэгум узэпрыкIмэ щыт шхапIэ зыкъизыхым и щхьэгъубжэхэм язым къыIусщ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ. Iэнэзехьэм абыхэм я хъуреягъыр къежыхь, сыт хуэдэ лъэIури яхуищIэну хьэзырщ. ЩIалэм и пщащэм и гуапэ ищIыну хуейщи, нэхъ шхын гъэщIэгъуэну илъагъуу хъуар къыхухех. Хъыджэбзыращ, нэмысыфIагъэшхуэ зэрыхэлъыр наIуэ къи­щIыну и напIэр къелIыхауэ щысщ. Абы и шхэкIэм зы дакъикъэкIэ кIэлъыплъа нэужь, щIалэр йоупщI:
- ЩIакхъуэ щхьэ думышхрэ?
Хъыджэбзым ар хуабжьу фIэгъэщIэгъуэн хъуауэ жэуап къет:
- Сэ щIакхъуэ сшхыкъым! Ар апхуэдизу цIыхухэм щIафIэфIри сщIэркъым! ИгъащIэкIэ сымылъагъуми, сшхарэт жысIэну си фIэщ хъуркъым…
Къалэ сымаджэщым и пэшхэм языхэзым щIэсщ хъыджэбз щIалэ дыдэ. Ар стIолым бгъэдэсщ, елIалIэурэ тхылъымпIэ напэм зыгуэр иретхэри. Абы къыбгъэдэс дохутырым, сабий цIыкIу епсалъэ хуэдэ, къытригъэзэжурэ мы псалъэхэр жеIэ:
- УпIащIэу, узыхущIегъуэжын умыщIэ. Абы игъащIэкIи уегупсысынущ. Уи сабийм нэхъ лъапIэ мы дунейм сыт тетын?! Ар иджыпсту мыбы къыщIэбнэрэ зыгуэрым къищтэмэ-щэ?! Зэи  зыми къыпхуегъэгъэзэжынукъым…
- Сэ псоми сегупсысащ. Иджыпсту абы хуэфэщэн гъащIэ сэ хуэзухуэфынукъым. Мис, къыщIэзнэну сызэрыхуеймкIэ щыхьэт тхылъ, - жеIэри, хьэпшыр къигъэнауэ къыщымыхъуу, сымаджэщым щIокIыж…
Абы къыбгъэдэт пэшым щIэлъ пщащэр яхуэмыгъэувыIэжу магъ. Дунейр къытеукIурияуэ къыщохъури, и насыпыншагъэр егъеиж. Абы и щхьэм Iэ дилъэурэ, дохутыр цIыхубзым жеIэ:
- Умыгъ, си хъыджэбз цIыкIу. Зыри пхуэщIэнукъым! Уэ иджыри ущIалэщ, сабий бгъуэтыжынщ…
Ауэ, апхуэдэ гуауэ зылъыса хъыджэбзым а псалъэхэр зэхимыхыу и щхьэм илъ гупсысэхэр здэгъым къеIущэщ:
- Абы и нэ цIыкIухэр, и Iэпхъуамбэхэр, и Iупэ цIыкIур… ЩIым нэзмыгъэсу сыкIэлъыплъынут…
Сымаджэщым и гупэм къитщ ЗАГС-р. Абы и пщIантIэм развод IуэхукIэ къэкIуауэ зэлIзэфыз дэтщ, я зэманыр къэсыным йожьэри. А тIум апхуэдизкIэ я зэхуаку лъагъумыхъуныгъэ дэлъщи, зэгуэр фIыуэ зэрылъагъуу зэрышауи къыпхуэщIэжынкъым.
- Зэ ди зэманыр къэсу щхьэхуит сыхъужарэт, афIэкIа зэи узмылъагъужын хуэдэу, - жеIэ щIалэм.
- Сэ нэхъ Iейуэ сыхуопIащIэ абы, уэ нэхърэ. Къапщтэмэ, си дежкIэ лIам ухуэдэщ уэ, дунейм утетуи къызыщызгъэхъуххэркъым.
Губжьымрэ псалъэмакъ мышухэмрэ гущIыIэ зэхуищIа ныбжьыщIитIым я щIыбагъ зэхуагъэзауэ тесщ тетIысхьэпIэм. Дэтхэнэ зыми захуэу зыкъелъытэж икIи мы зэпеуэм зэрыщытекIуамкIэ шэч къытрихьэркъым. Ауэ абыхэм якIэлъыплъ дэтхэнэ зыми къыгуроIуэ тIури зэрыхэнар…
ЗАГС-м и щIыбагъымкIэ уекIуэкIрэ, адрей уэрамым утехьэмэ, дунейм ехыжа тхьэмыщкIэхэм я иужьрей хэщIапIэр щытщ. Абы дэт сынхэм язым бгъэдэсщ пщащэ зэкIуж, удз гъэгъа иIыгъыу. Ар зэми пыгуфIыкIыу, зэми и нэпсхэр илъэщIурэ, йопсалъэ сыным тегъэпщIа сурэтым гуфIэжу къиплъ щIалэм:
- Нобэ дыщызэрыша махуэу зэрыщытыр ди ныбжьэгъухэм псоми ящIэжырт, дауэ къыпщыхъурэ?! КъакIуэхэри къыдэхъуэхъуащ… УмыгъэщIагъуэ дэ зэрыжысIар. Уэ упсэууэ фIэкIа къызыфIэзгъэщIыркъым сэ. УзэрыщымыIэжыр си фIэщ хъумэ, сэри си гъащIэр абдежым иухыну къысфIощI. - И нэпс къытелъэдахэр елъэщIыжри, пещэж. - Сэ псом хуэмыдэу сызыхущIегъуэжыр пщIэрэ? Зызгъэгусэурэ сыномыпсалъэу згъэкIуа дакъикъэхэрщ… Сыту сыделэт… Апхуэдэу хъуну сщIами… Зы махуэ закъуэ, нэгъуэщI мыхъуми, узигъусэу есхьэкIыжарэт…
Ей, гъащIэ гъэщIэгъуэн! ДиIэ псом и мыхьэнэр тIэщIэмыкI щIыкIэ къыдгурыIуэу, кхъыIэ, дегъасэ!!!!

Фэ фщIэрэ?
Ди тхыдэм уриплъэжмэ…

Зиххэр адыгэ лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ахэр ди эрэм и пэкIэ I лIэщIыгъуэмрэ ди эрэм и V лIэщIыгъуэмрэ Кавказ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэуащ. Ауэ языныкъуэ еджагъэшхуэхэм зэратхыжымкIэ, VI лIэщIыгъуэм псэуа зиххэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэ щIыналъэшхуи щаIыгъащ.
***
Зиххэм хуэдэ къабзэу, VIII лIэщIыгъуэм Кавказым и картэм къохутэ адыгэхэр къызытепщIыкIыжа нэгъуэщI зы лъэпкъым и цIэри - ар кIэсэгъухэрщ. X лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу абыхэм щIыналъэшхуэ яIыгъащ - КъухьэпIэ Кавказыр, Псыжь (Кубань) Iуфэ, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэшхуэ. Ахэрщ къызыхэкIар адыгэ (кIэсэгъу) дзэзешэ ин, пелуан Ридадэ, 1022 гъэм тмутэрэкъаныпщ Мстислав гъэпцIагъэкIэ къиукIар.
***
Адыгэ (шэрджэс) мамлюкхэм Мысырым и пащтыхьыгъуэр илъэси 135-кIэ яIыгъащ, 1382 гъэм къыщыщIэдзауэ 1517 гъэм нэсыху. Япэу а пащтыхьыгъуэр иубыдат Бэркъукъу Анчокъу. Абы а къулыкъур тIэу Iэрыхьащ икIи псори зэхэту илъэс 16-кIэ иIыгъащ. Абы и зэманым шэрджэс мамлюкхэм я IэмыщIэ къихуащ Бейбэрсрэ Къэлэунрэ зэрагъэпэщауэ щыта къэрал абрагъуэр.
***
1501 гъэми Мысырым и сулътIан хъуар Биберд и къуэ Къанщауэ Гъурщ. Ар а къулыкъум илъэс 16-кIэ пэрытащ икIи куэдрэ еныкъуэкъуащ Тыркуми, Иранми, Португалиеми икIи хьэрып къэралхэр зэригъэбыдэным иужь итащ. И дзэр нэхъ лъэщ ищIын папщIэ, гъэр мин 13 къищэхуат, абыхэм я нэхъыбэр езыр зыщыщ Шэрджэс (Адыгэ) щIыналъэм иришат. Илъэс 75-рэ ныбжьым иту дунейм ехыжащ.
***
1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд Мысыр къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа Iэшрэф Сэфудин Къеит-бей. Абы и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи щалъхуа адэжь хэкур сыт щыгъу игу илът. Ар къэралым хуабжьу хуэлэжьащ. Абы еджапIэ, гъуэгу, лъэмыж, быдапIэ куэд иригъэухуащ. Къеит-бей хуабжьу Iущт. Абы къыгурыIуат Тыркум афIэкIа упэщIэт зэрымыхъужынур, ауэ ар къызэрытеуэнури фIыуэ ищIэрт. А псоми къыхэкIыу Тарс, Аданэ къалэхэр иритыжащ. 1498 гъэм дунейм ехыжащ.

 Фэ фщIэрэ?
ТхьэIухудхэм я зэпеуэр къызэрежьар

 «Дуней псом щынэхъ тхьэIухуд» зэпеуэ япэ дыдэу XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Лондон щызэхаублащ.
Абы щыгъуэ хъыджэбз нэхъ дахэ дыдэу къалъытар илъэс 18 зи ныбжь инджылыз пщащэщ. А бзылъхугъэм зэрыжиIэмкIэ, абы щыгъуэ зыхэта зэпеуэм пщащэ мини 8-м щIигъу щызэхьэзэхуэрт. Абыхэм ягъэлъэгъуэн хуейр я дахагъэмрэ гуакIуагъэмрэ я закъуэтэкъым, атIэ я Iэпкълъэпкъым и жанагъыр, яхэлъ жыджэрагъыр, спорт зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыхэзагъэр утыку кърахьэн хуейт. Апхуэдэу зэпеуэм хыхьэрт лъэпкъ къафэхэр гъэзэщIэныр, цIыхубэ уэрэдхэр жыIэныр, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэныр, нэгъуэщIхэри.
Япэ дыдэу «Дуней псом щынэхъ тхьэIухуд» цIэр зыхуагъэфэщам ирата саугъэтыр иджырей ахъшэмкIэ доллар 250-м хуэкIуэу аращ.
1914 гъэм екIуэкIа «Дуней псом щынэхъ тхьэIухуд» зэпеуэм щытекIуа инджылыз пщащэм зэреджэр Хайден Элисщ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ
15.04.2024 - 12:19 НОБЭ
12.04.2024 - 07:38 Нобэ