УэрэдкIэ дунейм йопсалъэ

Согуэ Данил «Мадинэ» оперэм щоджэгу.   1971 гъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щып­сэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Согуэ Данил Жамболэт и ­къуэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ири­къуащ.
Композитор, Музыкэ теат­рым и артисту илъэс куэд­кIэ лэ­жьа Согуэ Данил Зеикъуэ ­къуа­жэм къыщалъхуащ. Курыт еджа­пIэ нэужьым Налшык дэт Музыкэ училищэр къиухащ.
Зэрысабийрэ макъамэмрэ уэ­рэдымрэ дихьэха Данил и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхылъиплI: «Дахащэу си адыгэщI» (1991 гъэ), «Жьэгу пащ­хьэ» (1995 гъэ), ­«Сэ уэрэдыр къыхызох» (2000 гъэ), «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» (2012 гъэ).
Къыхэгъэщыпхъэщ Согуэм и уэрэдхэм адыгэ лъэпкъым, хэкум, лъахэм гулъытэ хэха зэращы­хуищIыр. Апхуэдэу абы иIэщ «Адыгэ хабзэ», «Адыгагъэ», «Си адыгэщI», «Адыгэ лIэужьхэр», «Адыгэ хэхэ­сым и лъэIу», «Адыгэ фащэ», «Адыгэ къафэ», «Си адэ лъа­хэ - си анэ куэщI», «Адыгэ псалъэ» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри.
Согуэм и уэрэдхэр цIыху­бэм фIыуэ ялъэгъуащи, ахэр щIэх-щIэхыурэ радиокIэ къат, теплъэ­гъуэхэр трахыурэ телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэ. Макъамэ гуакIуэрэ усыгъэ купщIафIэрэ зыщIэлъ а уэрэдхэм апхуэдэ цIэрыIуагъ щIагъуэтар ахэр зи IэдакъэщIэкIым и гуапагъэ Iыхьэ зэрахилъхьар арагъэнщ.
И япэ уэрэ­дыр дунейм къы­зэрытехьэрэ куэд щIами, Данил и цIэр лъэпкъ эстра­дэм нобэми щыпэрытщ, абы и IэдакъэщIэкIхэм зэманыр зыпэмылъэщ мэгъу къару яхэлъщ. Яхэлъщ, куп­щIэ яIэщ, цIыхугум ­лъоIэсыфри.
Ди уэрэджыIакIуэ пажэхэу Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Кърым Иринэ, Даур Иринэ, Зеущэ Iэуес, Хъуп­сырджэн Альберт, Мэремы­къуэ Хъусен сымэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэ Согуэм и IэдакъэщIэкI куэд.
Согуэ Данилрэ Даур Зоерэ я ­жьэгу пащхьэр адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэу зэрыщытыр я бжэщ­хьэIум узэребакъуэу гурыIуэгъуэ мэхъу.  Данил сыт и лъэныкъуэкIи зыдезыгъэкIу, зыщIэзыгъакъуэ Зое къыгуэхыпIэ имыIэу щэнхабзэм и хьэуам зэрыхэсыхьыр нэ­рылъа­гъущ.­ Данил дыщепсалъэм, къы­щыгъупщэхэр гузавэу щIегъуж абы е мыхьэнэ иIэу къы­щыхъу Iуэху­гъуэ гуэрхэм щыгъуазэ дещI. Шэч къызытумыхьэжынуращи, но­бэми макъамэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкI композиторым ар къызэрехъулIэр, творческэ къару зэриIэр куэдкIэ зи фIыгъэр абы щхьэгъусэ нэсу къыбгъэдэтырщ.
ЗанщIэу къыхэзгъэщынут - Данил  псэлъэрейхэм ящыщкъым. Ар гупсысакIуэу, лэжьакIуэу Тхьэм къи­гъэщIащ. ИтIанэ, мыбыи сегупсысащ, ар дунейм псалъэкIэкъым, уэрэдкIэщ зэрепсалъэри, абыкIэ адыгэ лъэпкъым дахагъэу жриIамрэ цIыхугуу игъэгуфIамрэ къыпхуэмылъытэн фIы­гъуэу бгъэдэлъщ. Иджыблагъэ Согуэм дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр фи пащхьэ идолъхьэ.

- ЛIыпIэ иува ди адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщу сэ уэрэ­дыпкъ зыхуэзмытха куэд щыIэкъым, - къригъэжьащ Данил. - Абы­хэм яхэтт зи IэдакъэщIэкIхэр уэрэд хьэзыру ­къакIуэхэри, гугъу сехьу фIэкIа сы­зыхуэмытхэфхэри. Иджырей уса­кIуэхэм я усэ газетхэм, журналхэм ­къатехуауэ слъагъурэ, сигу ирихьмэ, езы тхакIуэм семычэнджэщу, щыстх щыIэщ. Усэм макъамэ щIэс­­лъхьэн ипэ, хьэрф, псалъэ къэс нэрынэ-нэрынэу зэрызох, абы авторым щIилъхьа гупсысэр зыбжанэрэ си щхьэм щызызогъэзахуэри, итIа­нэщ макъамэр къыщыкIуэр. Къы­щыхъу­ щыIэщ, усэр къызэрымыкIуэу уигу ирихьу, уеблэмэ и сатырхэр гум кIэрыпщIэу, ауэ уэрэд къып­хухэмыщIыкIыу.
- Данил, утхэну сытым къару ­къуитрэ?
- Сэ сымытхэу схуэшэчынукъым. Ауэ нэхъыбэу сытхэн гуращэ къы­зэзытыр, шэч хэмылъу, усэ дахэхэрщ. Ди тхакIуэхэм я усэхэр къытезгъэ­зэжурэ щIызоплъыкI, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызогъуэт. Дауи, усэ псори уэрэд хъуркъым. Усэм и купщIэм, абы и мыхьэнэм, щIагъыбзэм елъытакъым уэрэд къыхэкIынрэ къыхэмыкIынрэ. Макъамэ хуэмыныкъуэ усэфIхэр щыIэщ, ауэ и нэхъыбэм макъамэ ящIэлъу тхащ, къахуэ­гъуэтын хуейуэ аращ армыхъумэ.
- Уи уэрэдылъэ цIыкIу­хэм ­сап­хып­лъати, гу зы­лъыстаращ, ахэр адыгэ усыгъэм и курыххэр къы­щыб­гъуэтыну къыдэкIыгъуэ хьэ­лэмэтщ, ари лэжьыгъэфIу къэп­лъытэ ­хъунущ.
- Иджыпсту хуей дэтхэнэри матхэри, фIыр и лъащIэм макIуэ. Ауэ абыхэм къагурымыIуэр зыщ, Iэпэм къыпыкI псори уэрэд хъуркъым. Ди уэрэджыIакIуэхэм я нэхъыбэм къалэну зыхуагъэувыжыр нэхъыбэрэ утыкум итынырщ, цIэрыIуэ защIынырщ, а Iуэхум, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъ псынщIэу мылъку къыхахынырщ. Ар гъуэгу нэпцIщ. Лэжьыгъэм апхуэдэу убгъэдыхьэ хъунукъым, абыи хуэпщI пщIэращ щыбгъуэтыжынур.
- Иджырей ди адыгэ эстрадэр сыт хуэдэу къэплъытэрэ?
- Сыт хуэдэ IэнатIэми хуэдэу, нэхъапэм цIыхухэр зэрылажьэу щытамрэ иджырей зэманымрэ зэбгъапщэмэ, зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ. Иджыпсту цIыхухэр нэхъыбэу я щхьэ Iуэхущ зэгугъур. Нэхъапэм лэжьыгъэм пщIэ иIэт, псом хуэмыдэу, усэм­рэ уэрэдымрэ хуащI гулъытэр лъагэт. Иджы уи сом хэплъхьэн, уэ езым уи къару къызэрихькIэ а унэтIыныгъэм зебгъэужьыжын хуейщ. Ауэ мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Тхэну хуей цIы­хум щхьэусыгъуэ къилъыхъуэр- къым. Зэманыр хьэлъэ хъуами, абы IэнатIэм хуэпэж, гурэ псэкIэ ета цIыхухэр къы­хигъэкъэбзыкIыу аркъудейщ. Лъэп­къым хуэлажьэ цIыхум и гуа­щIэм зыми хухэгъэщIынукъым.
Си уэрэд жызымыIэ щIагъуэ яхэткъым ди эстрадэм и лэжьакIуэхэм. Iуэхуракъэ, иджы псори тхакIуэ, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ хъуащ. Ауэ уи цIэр нобэ бгъэIукIэ зэфIэкIрэ. «Иджыри зэ дедэIуэжащэрэт!» - уэрэдым хужамыIэмэ, си дежкIэ а лэжьыгъэм мыхьэнэ иIэкъым. Ауэ ахэри бгъэкъуэншэныр щыуагъэу къыщIэкIынщ, псоми я щхьэ Iуэху зэрахуэ, зэрыхъум хуэдэу мэпсэу. Къэралым творческэ Iэужьым пщIэ хуищIу щытамэ, а псори къэхъунутэкъым.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, уи творческэ гъуэгуанэм и къежьапIэм Москва Агитационнэ бригадэхэм я уры­сейпсо зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм фыщыIащ. Абы мащIэу и гугъу уэзгъэщIынут.
- Зеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу сылажьэрти, 1964 гъэм Агитбригадэ къызэдгъэпэщат. Лэ­жьакIуэфIхэр къыхэщу сценарийр ­стхыри, щIыналъэ зэпеуэм япэ увы­пIэр къыщытхьат. Налшык щекIуэкIа зэпеуэм етIуанэ дыщыхъуащ, Солдатскэ щIыналъэм къикIа урыс гупым япэ увыпIэр иратри. Республикэм къыбгъэдэкIыу зы гуп Москва ягъэ­кIуэн хуейти, урысхэр лIыкIуэ ямыщIу, дэ дагъэкIуат. Къашыргъэ Билал, Бер Хьэбалэ, НэщIэпыджэ Ибрэхьим сымэ мазэкIэ дагъэхьэзырри дагъэкIуат. Ди гупым хэтащ «Адыгэ псалъэ» газетым иджы и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэди. Абы дыкIуэу дыкъэкIуэжыху Мухьэмэд и нэр къытримыгъэкIыу, нэпсейуэ газетрэ журналу къи­гъуэтыр щIиджыкIырт. Абдежым сэркIэ гуры­Iуэгъуэ хъуат журналист телъыджэ къызэрыхэкIынур. Зэрытлъагъущи, сыщыуатэкъым!
Зеикъуэ Агитбригадэр абы лауреат дыщыхъури, дыгуфIэу дыкъэкIуэжауэ щытащ.
- 2012 гъэм «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» уи тхылъыр дунейм къытехьащ. Лъэпкъым ухуэлажьэу къэпкIуа ­гъуэгуанэм уриплъэжмэ, уадыгэну сыт и уасэ?
- Ар уасэншэ фIыгъуэщ. Гугъущ, ауэ зы лъэныкъуэкIи тыншщ. Адыгэлъ пщIэту укъалъху къудейкIэ зэфIэкIыркъым - адыгагъэ зыхэбгъэлъын, абы зытебгъэпсыхьын, адыгэ гуп­сысэкIэм, псэукIэм утетын хуейщ. Сэ Iэджэрэ къысхуохуэ сы­зэры­адыгэм сыщыщыгуфIыкIыж. НэгъуэщI щIы­пIэхэм сыщыIауэ гуемыIу гуэрхэр си нэгу щIэкIмэ, ди хабзэ дахэхэм, ди цIыху щыпкъэхэм си гур къызэрагъэгъуэтыж. Уадыгэ­ным нэхъ лъапIэ щыIэкъым!
- Адыгагъэм и IэфIыр щIэблэм ­къедгъэщIэн, яIурытлъхьэн папщIэ, сыт щIапхъэу къэплъытэрэ?
- Ар хуабжьу Iуэху инщ, лъэпкъыр зыгъэгузавэхэм ящыщщ. Унагъуэм, хьэблэм, къуажэм деж къыщежьэ Iуэхущ ар. АдыгэбзэкIэ псалъэ сабийм и адэ-анэм щыIэпыщIаудри мащIэкъым. Сэ сызэреплъымкIэ, мы Iуэхур иджыпсту псори дызэлэжьыпхъэщ, адэ-анэм я закъуэ ябгъэ­дэтлъхьэмэ, яхуэгъэкъаруунукъым.
- Уи псалъэхэм къыхэбгъэщащ уи творчествэр фIыуэ зылъагъухэр зэман гъунэгъум тхылъыщIэкIэ бгъэгуфIэну…
- Усэ нэхъыфIу къэслъытэхэм яхуэст­ха уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ, щIэ куэди иту «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фIэщыгъэм щIэт тхылъ мыгувэу дунейм къытезгъэхьэну сыщогугъ.
- Уи IэдакъэщIэкI псоми хэбгъэфIыкIыу, зэманми гъащIэми хуэмыгъэкIуэщIу сыт хуэдэ уэрэд уиIэ?
- «Адыгэр зы дыхъужарэт!» фIэщыгъэм щIэту Зеущэ Iэуес жиIэу уэрэд сиIэщ. Мис ар фIы дыдэу солъагъу, си хъуэпсапIэри аращ - лъэпкъыр зы дыхъужынырщ.
- Уи гукъеуэр-щэ?
- Художественнэ совет, фIымрэ Iеймрэ зэхэзыгъэкI IэщIагъэлI гуп дызэримыIэрщ си гукъеуэр. лъэпкъ гъуазджэм сытым хуэдэу зригъэу­жьынут абы.
- Илъэс 80 гъуэгуанэ къызэбнэкIащи, гъащIэм къыщыхэпха IэщIагъэм насыпыфIэ уищIауэ пхужыIэну?
- Мэршэнкъул Iэдэм тхьэмыщкIэм къызжиIауэ щытащ: «Уи насыпщ, Данил! Уэ дунейм уехыжми, умылIа пэлъытэ ухъунущ. Уи Iэужьыр уи яужькIи псэунущ».
- Уарэзы-тIэ абыкIэ?
- Си унагъуэр схуэузыншэмэ, ди щIэблэм я гуфIэгъуэ тлъагъумэ, абыхэм иджыри тIэкIурэ сакIэ­лъып­лъыфмэ, сынасыпыфIэщ!
- ИлъэсыщIэ къихьам ди щIэ­джыкIакIуэхэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?
- ЦIыхум и зэфIэкI, щIэныгъэ, Iэ­щIагъэ, къулыкъу емылъытауэ, къы­зыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуищIын, ар фIыуэ илъагъун хуейщ. Армырамэ, абы бгъэдэлъ, иIэ псоми мыхьэнэ яIэкъым. Дэтхэнэ унагъуэри узыншагъэ, дэрэжэгъуэ щымыщIэу, гукъеуэр­ ­я мащIэу псэуну си гуапэщ.

 

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: