Илъэс етIуанэ хъуауэ бжьыпэр еубыд

Налшык щекIуэкIащ «МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм я дружинэ нэхъыфI» зэпеуэ. Абы хэтащ республикэм и щыхьэрым и школхэм я гуп 18.

Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр мафIэс-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм профилактикэмкIэ и Налшык къудамэм, ВДПО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и Налшык къалэ IэнатIэмрэ республикэм и щыхьэрым Граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмрэ мафIэс шынагъуэншагъэмрэ я IуэхухэмкIэ и центрымрэ.
ЗэпеуэмкIэ я мурадыр мафIэсым зыщыхъумэным хащIыкIыным егъэджакIуэхэри сабийхэри къыхэшэнырщ, мафIэс-къегъэлакIуэ лIыхъужь IэщIагъэм зегъэубгъунырщ.
Дэтхэнэ командэми хыхьэрт МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм я дружинэм хэтхэм ящыщу 9 (щIалэ цIыкIухэу 5, хъыджэбз цIыкIухэу 4), Налшык къалэм 9 - 11-нэ классхэм щеджэхэу. Дэтхэнэ спорт дисциплинэми мафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм я школ дружинэм и щIыхьыр щахъумащ зы щIалэрэ хъыджэбзрэ.
Теориеми, еплъыныгъэ-зэпеуэм и практикэ Iыхьэми гъэщIэгъуэну зыкъыщагъэлъэгъуащ школакIуэхэм. МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэм къыщыхахащ гуп зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ, апхуэдэуи дисциплинэ хэхахэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ.
ПкIэлъейкIэ етIуанэ къатым и щхьэгъубжэм нэс дэкIуеиным щытекIуахэщ ЩоджэнцIыкIу Нурий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №31-м и 11-нэ «А» классым щIэс Шыгъушэ Азамэтрэ курыт еджапIэ №28-м 10-нэ «А» классым щеджэ КIыщ Лянэрэ.
МафIэсгъэункIыфым и фащэр нэхъ псынщIэу зыщатIэгъащ курыт еджапIэ №9-м и 10-нэ «В» классым щеджэ Бэлагъы Эмиррэ курыт еджапIэ №11-м и школакIуэ (11-нэ класс) Щауэ Каринэрэ.
Курыт еджапIэ №5-м и 10-нэ классым щеджэ Бичекуев Хъусейнрэ курыт еджапIэ №11-м и еджакIуэ (10-нэ «А» класс) Махуэ Азизэрэ Iэмэпсымэхэр лэжьыгъэм хуагъэхьэзырынымкIэ бжьыпэр яубыдащ.
 Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ псоми ятекIуащ курыт еджапIэ №11-м и «Трошев» гупыр. «Авангард» командэм («курыт еджапIэ №5) и мафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэм етIуанэ увыпIэр къахьащ. Ещанэ хъуащ курыт еджапIэ №9-м и «Лидер» гупыр. Къыхэдгъэщынщи, илъэс ипэкIэ, 11-нэ школым и мафIэсгъэункIыфIхэм япэ, «Авангард» гупым етIуанэ увыпIэхэр къахьауэ щытащ.
ПрофилактикэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мыщхъуэжь Марьянэ зэрыжиIащи, гуп псоми Iуэхум хъарзынэу зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуащ, апхуэдэуи мафIэсым къегъэлынымрэ гъащIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ зэрыхащIыкIыр.
- МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэ дружинэхэм яхэткъым къапэщылъ къалэнхэм пэмылъэща, зэхьэзэхуэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи, - къыхигъэщащ абы.
Бжьыпэр зыубыда командэм, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къэзыхьахэм иратащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэмрэ я IуэхухэмкIэ министерствэмрэ Урысейпсо мафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэ дружинэм и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и Налшык къалэ IэнатIэмрэ къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, кубокхэмрэ медалхэмрэ.
МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэу спорт дисциплинэхэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэми щIыхь тхылъхэр иратащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащI Iуэхур егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуахэу ­КъБР-м и мафIэс-къегъэлакIуэ гупым и тренер нэхъыщхьэ, Урысейм спортымкIэ и мастер Мысыр Ибрэхьим, Урысейм къегъэлакIуэ спортымкIэ и мастер Мысыр Тимур, КъБР-м щыIэ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэм и мафIэс-къегъэлакIуэ часть №2-м и япэ гупым и унафэщI Къущхьэ Мухьэмэд сымэ.

 

СЭБАН Арсен, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: