МЭРЕМ ПШЫХЬ

Ещанэр лейщ
Новеллэ

Сэрыншэу я гъащIэр нэхъыфI хъуну къызыщыхъуу,
IэщIыб сызыщIа псори щIемыгъуэжын Тхьэм фищI!

Мы дунейм псоми уосэж: гуауэми, гуфIэгъуэми, нэпсми. Апхуэдэущ гъащIэр зэрыщытыр. Дыгъуасэ гъэщIэгъуэну къыпщыхъуам, нобэ умылъагъуу ублэкIынкIэри мэхъу. Псоми чэзу яIэщ.
Десэжащ дэри ди лъагъуныгъэм. Апхуэдэ игъащIэкIи къэхъуну къытщымыхъуами, гъэщIэгъуэнагъ абы хэтлъагъуэжыркъым. Япэм хуэдэу абы и лыгъэм дисыжыркъым, и IэфIагъри зыхэтщIэжыркъым. Ди гухэлъхэм утезашэри, нэгъуэщIым и дежкIэ уеплъэкIын щIэбдзащ. Абы и нитIри и псэлъэкIэри нэхъ дахэу къыпщыхъуащ.  Абы гу лъызыта сэри лъэныкъуэкIэ сытекIуэтащ. Лъагъуныгъэм и шабзэхэм къауIа дигухэри хъужащ. ТхьэмахуэкIэ дызэрымылъагъуми - дызэхуэзэшыжыркъым. Япэм темыпыIэу зэхуэныкъуэу щыта ди псэхэри иджы я щхьэ закъуэу мэпсэуф. Псори я пIэ иувэжащ, зыми дигъэпIейтеижыркъым. Лэжьыгъэ, ныбжьэгъу, унагъуэ - аращ иджы ди гъащIэр зэрыкIуэр. УпщIэ лей хуэмейуэ, псори гурыIуэгъуэ хъуащ! Ар къыдгурыIуэри, дызэбгъэдэкIыжащ. Уэ уи гъуэгукIэ уежьэжащ, сэри си лъагъуэм сытеувэжащ. Псори гурыIуэгъуэщ!
Нобэрей ди зэхуэзэми мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым! ШхапIэ дыздыщIэсри, дыщызэрыцIыхуауэ щытар арами, Iуэхукъым. Хамэ зэхуэхъуа цIыхуитIыр зэрымыщIэкIэ зэхуэзауэ зэпсалъэу зэбгъэдэсу аращ. Сыт абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъыр?!
Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым. Зэгуэр ещанэу лей сызэрыхъуари схузыщыгъэгъупщэнукъым.  Ауэ, итIанэми, адэ куууэ сигу лъащIэм иджыри зы къуэпс цIыкIу щыIэщ уи цIэр тету. Иджыри къыхоузыкI си гур, уи нитIым сыщIэплъэмэ. Си щхьэм щызбзыщIыжми, гухэлъхэр и кIэм нэсу ткIужакъым. Ауэ ар си гум жиIэми, си жьэм зэи къыжьэдэкIынукъым!
Дэ дытопсэлъыхь ди лэжьыгъэм, ди Iуэхухэм, ди гъащIэм. Зыгуэрхэр дигу къыдогъэкIыж, додыхьэшх. Илъэситху дызэрызэрымылъэгъуари щымыIам хуэдэщ! Сщыгъупщэжат зэгуэр апхуэдэу хуиту дызэпсалъэу дызэбгъэдэсыфу щытауи! Дигу къэдгъэкIыжын Iэджи диIэщи, зым адрейр зэпыдудыжу допсалъэ!
- Дауэ уеплърэ, - укъызоупщI зэуэ, - ди лъагъуныгъэр и чэзум тхуэхъумэжатэмэ, ди гъащIэр нэгъуэщIу хъуну пIэрэт?
Жэуапым и пIэкIэ сыпогуфIыкI! Сэ схужыIэнут, ар зыхуэмыхъумэфар уэрауэ, сэ лажьэ симыIэу. Ауэ сыщымщ, сыхуейкъым губгъэн гуэр пхуэсщIу къозгъэщIэну.
- Иджыри Iейкъым дэ ди гъащIэр, - жызоIэ сэ. - Псори дызэрыхуеям хуэдэ хъуащ… Дызыхуэныкъуэ щыIэкъым!
- Пэжщ, псори диIэщ: ныбжьэгъу, лэжьыгъэ, мылъку. Зы мыхьэнэншэщ къытхуэтыр: насыпщ!  
Аргуэру зыри къызэрымыкI псалъэмакъ! Зэгуэр щыIам дыхущIегъуэж щхьэкIэ, абы къэгъазэ иIэкъым! Ауэ щхьэж и гъуэгу дытеувэжын и пэкIэ, аргуэру къызжыбоIэ:
- Псоми зэ къытедгъэзэжамэ, иджы нэгъуэщIут зэрыщытынур. Мы илъэсхэм сэ Iэджэ къызгурыIуащ…
Ауэ аргуэру жэуапым и пIэкIэ сыпыгуфIыкIри, си гъуэгу сытеувэжащ! Уэри укъыскIэлъоплъри ущытщ! Мис апхуэдэу зэгуэр сэри сеплъу сыщытащ нэгъуэщIым и Iэр пIыгъыу узэрежьэжым! Абы щыгъуэ уэ зэ укъысхуеплъэкIыжакъым, сэри сынэплъэнукъым! И чэзум мыхъуа лъагъуныгъэми къытремыгъэзэж! Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым! Закъуэныгъэми сигъащтэркъым! Си гум теплъхьа уIэгъэ псори лIыгъэм къыхэщIыкIа IуданэкIэ здыжащ! Уэрыншэуи сыпсэуфынущ!
А гупсысэхэм си гум нэжэгужагъэшхуэ къралъхьауэ, сокIуэж! СыпыгуфIыкIыурэ, си унэм сыщIыхьэжри - си макъ къызэрикIкIэ гъын щIэздзащ…

ГъукIэ Маринэ.

ГушыIэ
КIий макъыр уэрэд мэхъуж

Хъуэжэ джэгум къыщIэкIыжауэ зы уэрам кIыфI гуэрымкIэ кърикIуэжырт. Ар бэлэрыгъауэ бжыхь лъабжьэмкIэ къыздрикIуэжым, зы хьэ гуэр пабжьэм къыхэцIэфтри, и цеикIэм къепхъуэри блэжащ. Хъуэжэ абы къигъащтэри, и къарум къызэрихькIэ «Уа-а-а!» - жиIэу, кIийуэ щIидзащ.
Хъуэжэ и кIий макъыр мыужьыхыж щIыкIэ, дыхьэшх макъ и щIыбагъымкIэ къыщыIуащ. КъеплъэкIри къилъэгъуащ езым кIэщIу и ужь иту къэкIуэж зыдэгушыIэ хъыджэбзымрэ абы и ныбжьэгъумрэ. Ахэр къызэрилъагъуу Хъуэжэ и кIий макъ «уа-а-а»-м нэхъри зригъэIэтри, «рау-ри-ра-рий!» - жиIэу пигъэувэжащ, къащтэу зэрыкIияр уэрэд жиIэ хуэдэу хъыджэбзхэм къафIигъэщIыну икIи зыфIимыгъэIуэхуу лъабакъуэ хуабжькIэ ежьэжащ.

Махуэ Iэлисэхь.

Псалъэ пэжхэр
Бзэгузехьэм и щхъухьым хей Iэджэ еукI

Акъылыншэр сытым дежи нэмысыншэщ.
ТхьэмыщкIэм и тхьэусыхафэр бейм фIэдыхьэшхэнщ.
Гуапагъэу хуэпщIам нэхърэ нэхъыбэж гуауэ защIэу къозыщIэжыф уи ныбжьэгъухэми уи Iыхьлыхэми къахокI.
Напэншэм и пшынэм сыт хуэдэ макъами къригъэкIыфынущ, пхуэмыхъуу, джэрэзуи укъыдигъэфэфынущ.
Нэхъыжь псори тхьэмадэу ягъэтIысыркъым.
Дэ къыджьэхэмыуэмэ, адрейхэм къащыщI псори тфIэмыхьэнэншэщ.
Унагъуэм илъ зэгурыIуэныгъэр дыгъэ пэлъытэщ.
КIэух псоми пэщIэдзэ яIэщ.
ЦIыхуитI зэфIэнамэ, къуаншэр нэхъ губзыгъэращ.
Иджырей зэманым уи жыпым иплъи, итIанэ псалъэ.
Шым тесыф псори шууейкъым, еджэкIэ зыщIэ псори егъэджакIуэкъым.
Гугъэр здэщыIэр къэкIуэну зэманырщ, аращ абы дыщIыхуэпIащIэри.
Щхьэм илъыр къызэращIэр жьэм жиIэмкIэщ.
Бзэгузехьэм и щхъухьым хей Iэджэ еукI.
Зызыгъэпагэу уафэм худэплъейр щIылъэм щолъэпэрапэ.
КIапсэ зэпычар гуанэ имыIэу пхузэпыщIэжынукъым.
Зи блэкIар къизымыдзэм и къэкIуэнури щIагъуэкъым.
Жеймрэ фадэмрэ уапэщIэмыувэ, абыхэм пэлъэща щыIэкъым.
Благъэжьым и пащхьэм благъэщIэр щумыгъэпIий.
И чэзум умыщIа Iуэхур къыдэхыжыгъуейщ.
Гуащэр тIысауэ игуэшырт дыгъэр: и пхъум бжьыхьэ дыгъэр хуигъазэрт, и нысэм гъатхэ дыгъэр хуигъэфащэрт.
Унагъуэм щумыгъэса сабийр уэрамым щыбущиину ухэмыт.

КIурашын Алий.

УпщIэрейрэ къэщIэрейрэ

Акъыл - щхьэм итын хуейуэ Тхьэм къигъэщIа дефицит гуэрщ. Щагуэшым къыплъымысамэ, самэ псо ахъшэу щIэптакIи, къыпхуэщэхунукъым.
Гъуджэ - цIыхубзхэр илъэс 30 ирикъуху зыгъэгуфIэ, 40-м нэсыху хэзыгъаплъэ, 50-м щынахускIэ зыгъэнэщхъей, 60-м щыхуэкIуэкIэ зызыщахъумэ, 70-м хуаунэтIа нэужь ялъагъунуи теплъэнуи зыхуэмеиж абдж кIапэщ.
ИлъэсыщIэ - гуэгушыхъу Iэджэми я псэхэр зыщIат, шампанскэ бжыгъэншэм зызытраунащIэ, нэхъыфIу щыIэмкIэ дызыщыгугъ, дызэрыщыгугъауэ зэи къытхущIэмыкIыж, щIэкIыж жыхуаIэ имыщIэу махуэ 365-кIэ зигъэмызыжу къытхэс хьэщIэщ.
Къэб - зыкъому зэщхьэщидз хадэхэкIщ. Щхьэ къэбым нэхъ Iей яхэткъым, нэхъ къэмысэбэпи щыIэкъым. Iуэхушхуэракъэ, къэбым я нэхъыбэр а сортым щыщщ.
Нэмыс - модэм икIауэ куэдым къалъытэ фащэ дахащэщ.
НысащIэ - упщIэ нагъыщэу къежьэу, зыхишым зишэщIурэ, хэIэтыкIа нагъыщэм хуэкIуэ бзылъхугъэ джатэрыхахуэщ. Апхуэдэ нысэ зиIэ гуащэм къыхуэнэжыр мы хэкIыпIитIращ: е кикбоксингымкIэ спортым и мастер цIэр къихьын, е «Зызот мыгъуэ!» жиIэу тету нып хужьыр пщэфIапIэм къыщыпилъэн.
Уэрэд - пасэм щыгъуэ псалъэ хэбдз мыхъуу яусу щытамэ, иджы зэрыщыту хыфIэбдзэ хъун хуэдэу зэхалъхьэ усакIуэ Iэужьщ.
Фадэ - зэкIэ картэхэм имыхуа, ауэ кIуэ пэтми хэкур зыуфэбгъу тенджыз шынагъуэщ. А тенджызым щIилъэфахэмрэ а щIегъэлъэфэшхуэм хэуныкIахэмрэ къыпхуэбжатэмэ! АрщхьэкIэ, - щ-щ-щ-щ! - ар псоми дызэдищэхущ. ЩIилъэфахэми. ЩIегъэлъэфэшхуэм хэуныкIахэми. И Iуфэм Iутурэ хэплъэхэкIыж хъуа жьэущIхэми… ди экономистхэм жаIэр пэжмэ, а тенджыз закъуэращ дэ плъапIэрэ гугъапIэу къытхуэнэжар.
Хабзэ - зыщIэн зымыщIэж фыз лъэкъыцэ цIыкIу дэтхэнэми щыхуей меданым деж етIысылIэу къитIэпI, зэрыхуей дыдэу зэхибзыхь, зэрыфIэфI дыдэу зэхидыхь, дигу ирихь-иримыхьми, зыщыттIэгъэн хуейуэ псоми къытхудэкI иджырей «лъэпкъ фащэщ».
Хъуэхъу - Къэбэрдейм нэхъыфI дыдэу щалъагъу IуэрыIуатэ жанрщ. «Сэ хъуэхъуэкIэ сщIэркъым, хъуэхъуэкIэ зыщIэр Алыхьырщ…» жиIэу зыгуэр къыпхуэтIыскIэ, уи фIэщ умыщI: ар хъуэхъуакIуэ профессионал ухуэзауэ аращи, тхьэкIумэшхуитIыр тегъэхуи, зы сыхьэт ныкъуэфIкIэ узэредэIуэнум зыхуэщI… губзыгъэхэм я хъуэхъухэр акъылым къыхащIыкI, акъылыншэхэм аркъэкIэ кърагъэблурэ, хъуэхъур хъуэным хуашэри, хьэргъэшыргъэкIэ яух.
Чэнджэщ - кIэпIейкIэ къозымытыфынухэри зэрыжумарт тыгъэ нэщIышхуэщ.
ЩIакIуэ - гъащIэ блэкIам кIэлъащтэ щыгъыныгъуэщ.
IэплIэ - модэм икIа пасэрей зэдэхэщIэкIэщ.
Iуащхьэмахуэ - хьэщIэу къытхуэкIуэм тыгъэ хуащI сувенирщ. Насып диIэщи, зыми къиIэту хуэхьыркъым.

IутIыж Борис.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Ясминэ хьэмэрэ Дахэжан?

Дунейм къытехьа сабийм цIэ фIэщыным епха Iуэхум мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Къыхаха цIэм сабийм и гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытауэ къалъытэрт. Абы къыхэкIыуи, нэхъыбэу ар пщэрылъ зыщащIыр пщIэ зыхуащI цIыхут. Iуэхум хабзэ дахи къыдогъуэгурыкIуэ: сабийм цIэ фIэзыщам Iэмал имыIэу цIэфIэщ джанэ игъэхьэзырыжын хуейт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы фэилъхьэгъуэ гуэркIэ хуэупсэрт.
Псалъэм папщIэ, сабийм фIащыну цIэр къызэрыхахым теухуауэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщегъэлъагъуэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр:
- лъэпкъым, къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа цIыху Iумахуэм зэрихьэ цIэр сабийм ирату щытащ, абы ещхь хъужынущ жыхуаIэу;
- нарт эпосым къызэрыщыгъэлъэгъуэжащи, щIалэ цIыкIу къалъхуа нэужь и адэм и цIэр иратыжырт, «къуэ» псалъэр пагъэувэрти. Щапхъэу къэпхь хъунущ Бэдын и къуэ Бэдынокъуэ. Ещхьыркъабзэу, нартхэ хабзэу яIащ унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуамэ, абы и анэм и цIэр иратыжу. Псалъэм папщIэ ар IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ «Мэлычыпхъу и пшыналъэм». Абы и анэм зэреджэ Мэлэч цIэр иратыжащ, «пхъу»-р пагъэувэри;
- сабийр дунейм къыщытехьа пIалъэм къриубыдэу а унагъуэм хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуамэ, абы и цIэр фIащу щытащ.
Япэм адыгэхэм цIэ зэрыфIащу щыта хабзэхэр нобэ унагъуэхэм я нэхъыбэм IэщIыб ящIыжащ. Иджыпсту дэтхэнэ зы адэ-анэри хущIэкъу хуэдэщ зыми емыщхьу икIи нэхъ гъэщIэгъуэну я быным цIэ зэрыфIащынум. Абы щыгъуэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдыр егупсысыркъым цIэ къыхаххэм я мыхьэнэр зыхуэдэм.
Сыт хуэдэ цIэхэр фIащрэ иджырей сабийхэм?! Ясминэ, Асидэ, Леонеллэ, Сандринэ, Санитэ, Элантэ, Камиллэ, Сафие, Мелиссэ, Дамир, Имран, Айдар, Алхан, Нариман… Мыхэр, шэч хэмылъу, цIэ дахэхэщ, ауэ псори хамэбзэм къыхэкIащ.
ДызыщIэвгъэгупсысыжыт: франджыхэм, инджылызхэм, нэмыцэхэм, тыркухэм, хьэрыпхэм я бынхэм фIащыну пIэрэ Дыгъэшыр, Гуащэдахэ, НысэIэфI, Сэтэней, Данэ, Дахэжан, Дыщэнэ, Пщымахуэ, Нартщауэ, Ашэмэз, Шумахуэ хуэдэхэр?

Тамбий Заремэ.

Ущие зыхэлъ тхыгъэ
Эзоп и жэуапхэр

Зэгуэрым Эзоп зи пщылI Ксанф хьэщIэ гуп къыхуэкIуэнути, шхыныгъуэу щыIэм я нэхъ IэфIыр ипщэфIыну унафэ хуищIащ. Эзоп бэзэрым кIуэри, бзэгу къищэхуащ, ар игъэхьэзырри, Iэнэм яхуихьащ.
- Мыра нэхъ шхыныфIу щыIэр?! - къэгубжьащ Ксанф.
- Аращ, - жиIащ Эзоп. - Бзэгур псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Абы и фIыгъэкIэ къалэхэр яухуэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм заужь, щIэныгъэ зыдогъэгъуэт, цIыхухэр зопсалъэ, жыпIэнурамэ, Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэфIах. Бзэгум «къыпокI» гуапагъи, дахагъи, лъагъуныгъи.
Ксанфи и хьэщIэхэр апхуэдэ жэуапымкIэ арэзы хъуащ.
ЕтIуанэ махуэм Ксанф Эзоп жриIащ бэзэрым нэхъ Iей дыдэу щыIэр кърихыну. Эзоп аргуэру бзэгу къихьащ.
- Дыгъуасэ абы нэхъыфI щымыIэу жыпIащ, нобэ абы нэхъ Iей щымыIэу жыбоIэ! - къэгубжьащ Ксанф.
- Пэж дыдэщ, - жэуап етыж Эзоп. - Бзэгум нэхъ Iей сыт щыIэ? АбыкIэ цIыхухэм пцIы яупс, зэщохьэ, бзаджагъэ зэрахьэ. Бзэгум цIыхухэр бий зэхуещI, зауэ къегъэхъей, къалэхэр, уеблэмэ къэралыгъуэхэр зэхэкъутэнымкIэ унафэхэр къещтэ. Лъэпкъым, цIыхум гуауэшхуэ къыхуихьыфынущ. Сыт щыIэ атIэ абы нэхърэ нэхъ Iей?

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ