Мэрем пшыхь

Псалъэжьхэр

Дунейр чэзущ
Япэ умыуэ, къауэм ущымысхь.

 «Акъыл уэстын, хьэмэрэ былым уэстын?» - щыжаIэм, «Акъыл къызэти, былым сэ къэзгъуэтыжынщ», - жиIащ.
Акъылыр жыжьэу маплъэ, нэр абы и лъагъуэм ирокIуэ.
Вы хъунур шкIэ щIыкIэ къыбощIэ.
Гур зыхуеIэм, Iэр лъоIэс.
ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри къызэдокIуэ.
Делагъэм уритепщэ нэхърэ, акъылым урипщылIмэ, нэхъыфIщ.
Дунейр чэзущ.
ЖаIэ псор къэхъуркъым, къэхъу псор яIуатэркъым.
Зым и хущхъуэр зым и щхъухьщ.
КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.
Адыгэм я нэхъ тхьэмыщкIэри бысымщ.
АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
Бзаджэм уи кIэр иубыдмэ, пыупщIи блэкI.
Быным къыщхьэщыж хабзэкъым.
Гугъэ нэпцIыр щхьэгъэпцIэжщ.
Делэм уи пыIэ хуэгъэтIылъи блэкI.
Жьым еубзи, щIэр гъэгушхуэ.
Захуэм - хабзэр и телъхьэщ.
Зы жьэм жьэдэкIыр, жьищэм жьэдохьэ.
Зым ищIэр щэхущи, тIум ящIэр нахуэщ.
КIэпIейкIэ зымылъытэр, кIэпIейкIэ и уасэкъым.

ЖыIэгъуэхэр

И пщалъэр умыщIэмэ

Лъагъуныгъэмрэ насыпымрэ хухэха зэманыр псынщIэу мажэ.
Щэхуу пщIа гуапагъэм щыгъуазэр Тхьэм и закъуэщ, ауэ псоми ялъагъуу фIыгъуэ къыпэкIуэжынущ.
И пщалъэр умыщIэмэ, фори гын пхуэщIынущ.
Лэжьыгъэм хуэмыщхьэх цIыхум ищIэн сытым дежи иIэщ.
Псэущхьэм и фэр нэхъ тыншу ихъуэжыфынущ цIыхум и хьэл-щэным нэхърэ.
ЗымыщIэр езыр зыхуэсакъыжын хуейуэ аращ, гъуэщам адрейхэр къыдэIэпыкъупхъэщ.
Гъуэгу зыкIуфынур кIуэращ жаIэ, пэжыр къэзыхутэфынури къэзылъыхъуэращ.
ГъащIэр нэхъ пудыху, лIэныгъэр нэхъ лъапIэщ.
Хъурей Феликс.

ГушыIэхэр

ХъуэпсапIэ
Студентым бэджэнду къищта фэтэрыр зейр къыщыхьащ:
- Мазэ къэс фэтэрыпщIэр къызэптыну дызэгурыIуащи, абы дытегъэт. МазитI блэкIащи, абы и уасэр къызумытауэ ущIэзгъэкIынукъым.
- Упсэуарэт! Куэд щIауэ сызыщIэхъуэпсар къызэхъулIащ, фэтэр сиIэ хъуащ!
Дыкъэгъафэ
Адэм иущиин и гугъэу, и пхъум бгъэдотIысхьэ:
- Ленэ, зыгуэр бжесIэнущи, къызэдаIуэ.
- Папэ, нобэ Iейуэ сешащи, сынодэIуэфынукъым, дыкъэгъафи нэхъыфIщ.
Машинэр зэхъуэкIын хуейщ
Жьы дыдэ хъуа и машинэм ису дадэр машинэ щызэрагъэпэщыжым Iухьащ.
- Уа, си щIалэ, мы си машинэм фIыуэ къижыхьыжыркъым, дагъэр зэхъуэкIын хуэмейуэ пIэрэ?
- Хьэуэ, дадэ, дагъэм зыри и лажьэкъым, зэхъуэкIын хуейр уи машинэращ.

Дэ къытхуатх
Абы хуэдэлIкъым яукIыр

Жанхъуэт хьэблэр зыгъэтIысауэ къалъытэ Жанхъуэт и къуэм и хъыбар куэд щыIэми, мыбы зыщIыпIи сыщрихьэлIауэ сщIэжыркъым.
Къуажэр щытIысагъащIэм жылагъуэр зэдэарэзыуэ Жанхъуэт унафэщIу хахауэ щытащ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, и пщэ къыдэхуэ къалэныр хъарзынэу зэфIигъэкIыу, къуажэ унафэ хуэщIу, и псалъэм пщIэ иIэу щытащ. И ныбжьыр щыхэкIуатэм, лIыжь губзыгъэм, емыкIу къихьынкIэ шынэри, къуажэр зэхуишэсащ, и къулыкъур нэхъ зыхуэфащэу къалъытэр хригъэхыну. Къуажэдэсхэр зэчэнджэщыжри, АслъэныкъуэкIэ еджэу я къуажэ дэс щIалэ ахъырзэманым къытеувыIащ. Ауэ щыхъукIи, къуажэм хьэщIэ къахуэкIуэмэ, нэхъыжьу бгъэдагъэсыну Жанхъуэт ираджэ хабзэт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым къуажэм хьэщIэ къызэреблэгъам и хъыбар Жанхъуэт къыIэрохьэ, махуэ псом ежьа щхьэкIэ джакIуэ къыхуэкIуакъым. ЛIыжьым ар игу хутемыгъахуэу, тридзэри, Аслъэныкъуэ деж кIуащ:
- Сыт, Аслъэныкъуэ, уи закъуэ хьэщIэ бгъэхьэщIэж зэрыхъурэ куэд щIа? - жиIащ Жанхъуэт, и псалъэхэм губжь зэрыщIэлъыр хуэмыбзыщIу.
ЩIалэм абы къыпидзыжын щимыгъуэтым, и щхьэр ирихьэхри:
 - Сыпщысхьащ, Жанхъуэт, - жиIащ.
ГъащIэ зылъэгъуа лIыжь губзыгъэм къыгурыIуащ ар зымыдар Аслъэныкъуэ и щхьэгъусэр арауэ зэрыщытыр, икIи зыри жимыIэу къыщIэкIыжащ.
Аслъэныкъуэ и лэжьакIуэхэм ящыщ зым зэрыщыIеяр Жанхъуэт къыщищIэм, ириджэри:
- Аслъэныкъуэ мазэ улахуэу къуитым хуэдиз уэстынщ и щхьэгъусэмрэ езымрэ сэр щхьэкIэ ныжэбэ жаIэр къызжепIэжмэ, - жеIэри, гуроIуэ.
АдэкIэ абы Жанхъуэт къригъэдэIуащ Аслъэныкъуэрэ и щхьэгъусэмрэ яку къыдэхъуа псалъэмакъым. Пщыхьэщхьэм Аслъэныкъуэ и щхьэгъусэм жриIэжащ Жанхъуэт къызытекIухьа щхьэусыгъуэр икIи хьэщIэхэм бгъэдигъэсыну къызэрыримыгъэблэгъамкIэ зэрыукIытэжар.
- А лIыжьым уи унафэ щIебгъэщIращ сымыщIэр. Жылэм я унафэщIыр уэрамэ, жьантIэр зейри уэращ, дяпэкIэ ар ди унэ къихьауэ сумыгъэлъагъу. Жылэм дэши, гъэкIуэд е укIи къэкIуэж, - жиIащ бзылъхугъэм щIыкIэншэу зызэкIэщIишыурэ.
- А зиунагъуэрэ, апхуэдэ емыкIу нэхъыжьым иращIэрэ? – пидзыжащ абы и щхьэгъусэм къэуIэбжьауэ.
Аслъэныкъуэ сыт жимыIами, щхьэгъусэм и бзаджагъэр текIуэри, Жанхъуэт лей кIэлъызэрихьэну арэзы ищIащ.
Махуэ гуэрым Аслъэныкъуэ Жанхъуэт и деж кIуэри, и гъусэу зекIуэ ежьэну елъэIуащ. Щежьэну пIалъэмкIэ зэгурыIуэри, ахэр зэбгрыкIыжащ.
Зэманыр куэдрэ кIуэрэ?! ЗэраухылIа пIалъэр къэблагъэри, ахэр ежьащ.
Гъуэгум здытетым, зы щIыпIэ гуэрым нэсу Аслъэныкъуэ къэувыIэну мурад щищIым, Жанхъуэт идакъым:
 - Мы дыкъыздэсар шкIэ хъупIэу сиIа щIыпIэращ, дауэ дыкъыщызэтеувыIэн мыбдеж? - жиIэри.
Гъуэгуанэ IыхьэфI къызэранэкIауэ Аслъэныкъуэ аргуэру къэувыIэну тогушхуэ, Жанхъуэтым и былым хъупIэу щытам деж къыщыувыIэну зэрыфIэемыкIур къыщызэпхигъэIукIым, модрейр къодзыхэри, унэмкIэ къаунэтIыж.
 Аслъэныкъуэ къыпежьа и щхьэгъусэм и напщIэр хишу къоплъ, «КIэ ептакъэ?» жыхуиIэу.
- Абы хуэдэлIкъым яукIыр! - жеIэри мыдрейри лэгъунэм щIохьэж.
Абы фIэкIа хэмылъу зэщхьэгъусэхэр зэщыIеящ.
Жанхъуэт лIыжьым бзылъхугъэм и хьэгъэщагъэр къыгурыIуати, унэIут щIалэр зэщхьэгъусэхэм якIэщIигъэдэIухьыну егъакIуэ.
- Мы лIыжь кхъахэр щыпхуэмыгъэкIуэдкIэ, еуи укI, - жи бзылъхугъэ губжьам, пэшыр хуримыкъуу къызэхикIухьыурэ.
Аслъэныкъуэ и щхьэгъусэм щошынэри, акъылэгъу дохъу.
Аргуэрыжьти, Аслъэныкъуэ Жанхъуэт къегъэдаIуэри, ирешажьэ. Тенджыз ФIыцIэм и Iэгъуэблагъэхэм нэсауэ:
- Мы щIыпIэхэм си ныбжьэгъу щIалэ щыпсэууэ щытащ, дыщIэупщIамэ, хуабжьу и гуапэ хъунут, - жеIэ Жанхъуэтым.
Аслъэныкъуэ и мурад бзаджэр къемыхъулIэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къигъэдзыхащ. ЛIыжьым жыхуиIа и ныбжьэгъури куэдрэ къамылъыхъуэу къагъуэтащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, а тхьэмыщкIэр илъэс Iэджэ ипэ нэф хъуат.
- А си псэр къурмэн зыхуэсщIын, сыпщIэбэгыу си гъащIэр сыбогъэхьри, упсэуж си гугъакъым, - жи нэфым и нэпсхэр къыщIэжу. - Зы лъэIу пхузиIэщ. Ди щIыпIэхэм си лъы щIыхуэ телъу бий щызиIэщ. А лIы ябгэм и лъым щыщ уи хьэзырылъэхэм из къысхуэпхьрэ себгъэфамэ, асыхьэту си псэр хэкIми, «солIэ» жысIэнтэкъым.
- Ар Iуэху тIэ, - жеIэри, Жанхъуэт унэм къыщIокI.
Жэщыбгым фIыуэ фIэкIат Жанхъуэт и ныбжьэгъум и бийм деж щынэсам. Маджэ, лIыр къыдешри, и пIэ къримыгъэкIыу еукI, и хьэзырылъэхэм из лъы къещтэри и ныбжьэгъум деж къегъэзэж. ЛIыжь нэфым игу зэгъауэ фIыщIэ хуещI и ныбжьэгъум.
- ЕмыкIу сыкъыумыщI, ауэ иджыри зы лъэIу пхузиIэт, - жеIэ лIыжьым.
- СхузэфIэкI къэзгъэнэнкъым, - етыж жэуап Жанхъуэт.
- Я дэкIуэгъуэ хъуауэ хъыджэбзитI сиIэщи, ахэр мы щIыпIэм къизнэнкIэ зы Iэмал щыIэкъым. Уи анэмэтщ.
АдыгэлI зэрихабзэу, Жанхъуэт и ныбжьэгъур игъэщIэхъуакъым. Ауэ хъыджэбзхэр къызэришэн шы хуейти, Аслъэныкъуэ здыщIигъури дыгъуакIуэ ежьащ. ХакIуапцIэ екIу хэту шы гуартэ къахуу къыщысыжым, хъыджэбзхэм я адэр дунейм ехыжауэ кърихьэлIэжащ. ЛIыжьым и хьэдащхьэр зыхуей хуагъазэри къежьэжащ.
 Къуажэбгъум къэсыжауэ къызэтеувыIахэщ. Жанхъуэт хъыджэбзитIыр я деж ишэри къигъэзэжащ, итIанэ «шы зимыIэхэр фыкъыдэкI» жиIэу къуажэм гъуо хигъэхьащ. Къуажэбгъум деж къэкIуа дэтхэнэми шыкIэ хуэупсащ. Абы иужькIэ щхьэж и унэ кIуэжащ.
Жанхъуэт унэм къэсыжа иужь, и бзэгузехьэм еджэри Аслъэныкъуэрэ и щхьэгъусэмрэ ныжэбэ зытепсэлъыхьыр къыхуиIуэтэжыну унафэ хуищIащ. Бзэгузехьэм и къалэныр игъэзэщIа иужь, пщэдджыжьыр нэхутхьэху къэхъуа къудейуэ, Жанхъуэт Аслъэныкъуэ деж йоблагъэри, зэщхьэгъуситIми захуапэу къыщIэкIыну яхурегъэIуэху, абы хэтуи выгур зэщIрегъащIэ.
- Мы цIыхубзыр выгу чы пцIанэм тесу и дыщ бошэж, гупкIэр унэмкIэ богъазэ, уоIэдэкъауэри ибодзыж. Ар пхузэфIэмыкIынумэ, зэщхьэгъуситIми фи псэр мыбдеж щыхэсхынущ, - жиIэри, Жанхъуэт и къамэр кърихащ.
Аслъэныкъуэ нэгъуэщI къыщыхуэмынэм, и щхьэгъусэр и дыщ ишэжри, унафэ къызэрыхуащIам хуэдэу, иридзыжащ. Абы яужь зэмани дэкIыжауэ Жанхъуэт Аслъэныкъуэ деж къэкIуауэ:
- СлIожь, Аслъэныкъуэ, уи фызым куэдрэ ухуэщыгъуэу ущысыну? – къыжреIэ, ауан ищI щIыкIэу.
- Унафэр ууейщ, Жанхъуэт, зэрыжыпIэм хуэдэу сщIынщ, - къет мыдрейми жэуап.
Жанхъуэтым и ныбжьэгъум и пхъуитIым языр Аслъэныкъуэ къритыну щыжиIэм, щIалэр арэзы тохъуэри, нэчыхь ирагъэтх. Адрей хъыджэбзми хуэфэщэн къыхуегъуэтри, унагъуэу егъэтIысыж. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Жанхъуэт и ныбжьэгъум и пхъуитIри зыхуей хуигъэзащ, жылэри ихъумащ.
Бесчокъуэ Далым,
Хьэтуей къуажэ.

Чэнджэщхэр

ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ
И лъэпкъэгъу дэхуэхам зыхуэзымышийр шхий и уасэкъым.
Зи напэ зымыхъумэр напэншэмэ, зи хэку зымыхъумэр лIыгъэншэщ.
Уи щхьэм ухуэлажьэмэ, уи жып къихъуэнщ, лъэпкъым ухуэлажьэмэ, уи пщIэм хэхъуэнщ.
Зи бзэ зыфIэкIуэдам цIыхугъэм и нэхъ лъапIэм щыщ хощI.
ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ.
Уи щхьэм зэран хуэхъуам хуэбгъэгъу хъунущ, бгъэгъу мыхъунур уи лъэпкъым къытехьэ лейрщ.
Уи псэр хэлъхьи, уи бзэр къегъэл.
ЦIыхугъэшхуэ зыхэлъ лъэпкъым гуащIэшхуэ хуэщщ.
Узыхэсым и лъабжьэ къэптIыныр уи мащэ къэптIыж пэлъытэщ.
ГубэщIыкI Владимир.

Сабийхэм папщIэ

ЕгъэджакIуэм и зы махуэ
ФIы дыдэу илъагъу и егъэджакIуэр нобэ нэщхъейуэ къыщыхъурт Хьэдис. Пэжщ, зэрихабзэу, гъэщIэгъуэну, удихьэхыу урокищри иригъэкIуэкIащ, егъэджакIуэм и жагъуэ «2» оценкэри зыми къихьакъым. Абы зэрыщыгуфIыкIри къажриIащ, ауэ, итIани, езыр нэщхъейт.
Иужь дыдэ дерсыр дунейхэгъуазэрт. ЩIыб дэтыныр, къуейщIеиныр сыт щыгъуи зыфIэфI Хьэдис цIыкIу егъэджакIуэм бгъэдыхьэри еIущэщащ:
- КхъыIэ, Ларисэ ЛатIифовнэ, нобэрей дерсыр щIыбым щедгъэгъэкIуэкI.
ЕгъэджакIуэр щхьэгъубжэм дэплъри, къэуIэбжьащ: нобэрей дунейм и дахагъэм иджыпстут абы гу щылъитар. Хьэщхьэтеуэм щIигъэна жыгхэр, еджапIэ пщIантIэм дэт псейхэм ятеубгъуа дыжьыныфэ хъар пIащIэр - псоми узыIэпашэрт.
- Сыт щIэмыхъунур, Хьэдис? Сыту фIыуэ сигу къэбгъэкIа! ИIэ, цIыкIухэ, хуабэу зыфхуапи, щIыбым дыщIэкIынщ. Сурэт щIынымкIэ пщэдей диIэ дерсми дытепсэлъыхьынщ.
ЕгъэджакIуэр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ щIымахуэ зэманым. ЦIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнт уэсыр къыщIесыр, щIыIэ щIэхъур. Сабийхэр куэдым щIэупщIэрт. Иужьым ахэр Ларисэ ЛатIифовнэ псейм бгъэдишэри яжриIащ:
- Сурэт тхынымкIэ пщэдей диIэну дерсым иджы зыхуэвгъэхьэзыр. Псей къудамэ цIыкIухэм набдзэгубдзаплъэу феплъ. Ар пщэдей сурэту фтхыжынщ.
ЦIыкIухэм яхэту классым щIыхьэж егъэджакIуэр зэуэ къыпыгуфIыкIащ: хущхъуэ зэфам нышэдибэ лъандэрэ щхьэщимыха щхьэуз бзаджэр иджыпсту зыхищIэжыртэкъым.
Мэлей ФатIимэ.

Фэ фщIэрэ?

Къуалэбзухэм я цIэхэр
Воробей каменный - Къуршбзу, къуршбзуужь.
Дрозд каменный синий - БзущIыху, бзуупцIэщIыху.
Дупель - Бжьыхьэджэд.
Жаворонок белокрылый - Бзудамэху, бзудамэхужь, дамэху.
Журавль венценосный - Кърущхьэгумэ.
Каравайка - Шэмэджыпэбзу.
Кваква - Псыхэуэпщагуэ.
Голубь - Тхьэрыкъуэ.
Горихвостка водяная - ПсыбзукIэплъ.
Грифы Старого Света - Бгъэ пIащэ гуп.
Лебедь - Къыу.
Мухоловка-белошейка - Бзупщэху.
Овсянка черноголовая - КIырыкъщхьэфIыцIэ.
Орел горный - Къуршыбгъэ.
Пеночка зеленая - ЦIужьомэудзыфэ.
Орел-карлик – Бгъэжьей.
Пеночка желтобрюхая – НыбгъуэщIэф.
Поползень канадский - КъэбцIацIэцIыкIу.
Попугай - Дыдыкъуш.

 

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ