ЩIалэу къулей хъуахэр

«Forbes» журналым къызэрытрадзамкIэ, нобэкIэ мылъку нэхъыбэ дыдэ зыбгъэдэлъыр Facebook сетыр къызэзыгъэпэща Цукерберг Маркщ. Иужьрей къыдэкIыгъуэм зэритымкIэ, Марк и ныбжьыр илъэс 27-рэ щрикъуам, доллар мелард 17,5-рэ къилэжьат. Мелардырыбжэхэм яхэхуащ Цукерберг социальнэ сетыр къызэгъэпэщыным иужь щихьэм щыгъуэ и гъусахэри - Московиц Дастинрэ (доллар меларди 3,5-рэ къилэжьащ) Саверин Эдуардорэ (доллар мелардитI).
Къулейхэм я етIуанэ увыпIэр иубыдащ Колумбием щыщ магнат гуэрым и къуэ Санто Доминго Алехандрэ. Абы доллар меларди 9,5-рэ иIэщ.
Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэм я ещанэр азиат мелардырыбжэ Танакэ Йошикацущ - Gree социальнэ зэрыджэгу платформэр къызэзыгъэпэщар. А хъыр къагъэсэбэп Японием и цIыху мелуан 30-м. Танакэ и мылъкур доллар меларди 4,3-м щIегъу.
Абы къыкIэлъыкIуэр доллар меларди 2,1-рэ къэзылэжьа Паркер Шонщ. Ар зэгуэрым Facebook сетым и президенту щытащ, иджы инвестицэм зритащ.
«Forbes» журналым зи цIэр ихуа бейхэм зы бзылъхугъи яхэтщ. Илъэс 30 зи ныбжь пщащэм доллар меларди 4,5-рэ иIэщ. Ар и адэм тыгъэ къыхуищIа компанием хуэзэ мылъкущ.
Турн унд Таксис Альбер пащтыхьыкъуэр иджыри щхьэгъусэ зимыIэ щIалибгъу нэхъ къулейхэм ящыщщ. И ныбжьыр илъэс 28-рэ фIэкIа мыхъуу доллар мелард 1,5-рэ мылъкуу зэригъэпэщащ. Iэзэу машинэ псынщIэу къезыхуэкI Альбер нэхъыбэу зи ужь итыр спортыращ, атIэ хьэрычэт Iуэхукъым.
Апхуэдиз дыдэ бгъэдэлъщ илъэс 35-рэ хъу Пер Роберт. Нэхъапэм ар Apple фирмэм инженеру щылажьэу щытащ, иужькIэ езым и компание къызэригъэпэщыжащ.
Дуней псом щынэхъ къулейхэм яхэхуащ урысей хьэрычэтыщIэ Ноготков Максими. Ар „Связной“ тыкуэнхэр зи IэмыщIэ илъращ, доллар мелард мылъкуу бгъэдэлъщ.

Дохъушокъуэ Синэ.

Хамэ къэрал хъыбархэр

Пенсэ ныбжьым нэсахэр ягъафIэ

Чех пенсионерхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу тIысыжа нэужь, къахьу щыта улахуэм и процент 50-р пенсэу хуагъэувыж. Ар ику иту еврэ 1000 мэхъу. Чех цIыхухъухэр илъэс 61-м, цIыхубзхэр илъэс 58-м пенсэ макIуэ.

* * *
Португалием и цIыхухэр илъэс 65-м щынэсам деж пенсионер мэхъу. Абыхэм я улахуэм и процент 54-р пенсэу хуагъэувыж. Къыхэгъэщыпхъэщ а къэралым къыщахь улахуэр ику иту еврэ 1000 зэрыхъур.

* * *
Финляндием къыщахь улахуэр еврэ мини 3,7-рэ мэхъу. Абы и процент 58,4-р пенсэу хуагъэувыж.
* * *
Словением щыпсэу цIыхухъухэр илъэс 63-м, цIыхубзхэр илъэс 61-м пенсэм макIуэ. Я улахуэм и процент 62-р пенсэ ахъшэу къратыж.

* * *
Тыркум и цIыхухэм ират пенсэмкIэ дунейм еханэ увыпIэ щаубыд. Абыхэм я цIыхубзхэм я ныбжьыр илъэс 58-м, цIыхухъухэр илъэс 60-м пенсэ макIуэ. Бынитху къэзылъхуа анэхэр илъэс 48-м пенсионер мэхъу. Мы къэралым я улахуэр ику иту еврэ 900 мэхъу, абы и процент 64,5-р пенсэу ират.

* * *
Италием и пенсэр улахуэм и процент 65-щ, ар ику иту еврэ мини 2,5-рэ мэхъу. ЦIыхухъухэри цIыхубзхэри зэхуэдэу илъэс 59-м пенсэм макIуэ.

* * *
ЦIыхухъухэм я ныбжьыр илъэс 65-рэ, цIыхубзхэр илъэс 60 ирикъуа нэужь пенсэ кIуэ цIыхухэм улахуэм и процент 77-р ирату щыхабзэщ Австрием. Мы къэралым щат улахуэр дуней псом щынэхъыбэ дыдэу къыщалъытэ. Ику иту абыхэм къахь еврэ мини 2,7-рэ.

* * *
Испанием и пенсионерхэр псом нэхърэ нэхъ къулей къэралищым хыхьэу къалъытэр. Абыхэм я улахуэм и процент 81-р пенсэу къратыж, ар еврэ мини 2,2-рэ мэхъу. Испанхэм я ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуа нэужь, загъэпсэхуну тIысыжу аращ.
 
* * *
Люксембург Европэм и къэрал нэхъ цIыкIу дыдэхэм ящыщщ, ауэ и пенсионерхэм хуабжьу якIэлъоплъ. Илъэс 60-м унэсауэ пенсэ укIуэмэ, улахуэм и процент 87-р къуатынущ. Ику ит улахуэр еврэ мини 4,3-рэ мэхъу.

* * *
Дуней псом щынэхъ къулей пенсионерхэр алыджхэращ. Абыхэм я пенсэр проценти 4 къудейкIэ нэхъ мащIэу аращ я улахуэм нэхърэ. Я ныбжьыр илъэс 57-рэ ирикъуу пенсэ тIысыжа нэужь, я хэхъуэр зэрыщытауэ къонэж, ику ит улахуэу еврэ мини 2,1-рэ къахь.

* * *
А псоми еплъыта нэужь, урысей пенсионерхэм уи гур ящIоуз. Абыхэм ику ит я улахуэр сом мин 30, пенсэр сом мини 10 (еврэ 133-рэ) хъууэ аращ.

Къэбарт  Мирэ.

Гупсысэр - псалъэкIэ

Iэмал зимыIэр

ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж и лъэужь къонэри. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу. ЦIыхум и хьэлым зеужь зэрагъасэ елъытауэ. Хэти нэпсейщ, дуней псор IэщIэплъхьами и гум зимыгъэнщIыну, хэти дыгъуакIуэщ, къыпэщIэхуэм блэмыкIыну, хэти гущIэгъуншэщ щысхь имыщIэу, хэти хьэлэлщ, иIэр къуитыну, хэти хьэзырщ дэхуэхам дэIэпыкъуну. Ерыщ щыIэщ, цIыхум я сэбэп зэрихуэу, делэ ерыщ щыIэщ, букIами и мурадым темыкIыну. Куэд мэхъу цIыхум хьэл зэхуэмыдэу иIэр. Псори дунейм тетщ я псэукIэкIэ, ауэ и псэукIэм теухуауэ дэтхэнэ зыми къыбжиIэнур зыщ - гъащIэр зэрыбгъакIуэщ. Iэмал зимыIэр зыщ - цIыхум игъасэр езым ещхь зэрыхъужырщ.

Iуэху еплъыкIэ

Уэ уфIэмыхьэнэншэм, гу зылъумытэхэм нэгъуэщIым мыхьэнэшхуэ кърихынкIэ мэхъу ар фIэегъэлея Iуэхуу, арыншауэ езыр псэуа мыхъуну. Ауэ уэ фIыуэ зыплъытэжын щхьэкIэ жыпIэ псалъэмрэ блэжь Iуэхумрэ егупсысыжыф убгъуауэ, нэгъуэщI цIыхум и пIэ иуви. ЗэрымыщIэкIэ пIэщIэкIа щыуагъэр къыбдагъуэжынкъым.

Нэхущ Хьэжпагуэ.

Сабий джэгукIэхэр

Хашэ

Пшапэр зэхэуауэ щIалэ цIыкIухэр джэгуу щытащ. Бгъу-пщIы нэхърэ нэхъ мащIэмэ, гъэщIэгъуэн хъуркъым. Джэгухэм зы шыдыгъу, зы шуупэ шу, шуукIэ шу, зы хашэ хах. Мыдрейхэр псори пхъэрщ. Ахэр гъуэм деж къыщызэхонэри модрейхэр IуокI, къуэгъэнапIэ зэрыхъуу шуупэ шуми, шуукIэ шуми, шыдыгъуми загъэпщкIу, хуейхэмэ, зэгъусэу, хуэмейхэмэ, зырызу. Ахэр здэкIуари зыщагъэпщкIуари хашэм ещIэ.
Абы пхъэрхэм я деж къегъэзэжри яжреIэ зызыгъэпщкIуахэр дауэ къагъуэтынуми. Иныкъуэм деж пцIы яхуиупсу, иныкъуэм деж, хуейуэ щытмэ, пэж яжриIэу. Ауэ пхъэрхэр нэхъыбэрэ игъэлъыхъуэн щхьэкIэ, япэ щIыкIэ жиIэркъым зызыгъэпщкIуахэр здэщыIэр. Ар зыщIэ пхъэрхэр гъуэм теплъэкъукIыркъым. Гъуэр зыми имыхъумэ щхьэкIэ, пхъэрыр IукIауэ зызыгъэпщкIуахэр япэ къежэлIэжмэ, псори зэрыщытам ещхьу аргуэру къыщIадзэжынущ. Ар пхъэрхэм я дежкIэ зэ хэнэгъуэу ялъытэ.
Сытми зэрылъыхъуар ирикъуну илъытэмэ, хашэм пхъэрым ящыщ зыгуэрхэм яжреIэ шыдыгъур дэнэ щыIэми, мыдрейхэм дэнэ зыщагъэпщкIуами.
Ар зэриIуэтамкIэ хашэм хъыбар ярегъащIэ зызыгъэпщкIуахэми: е хьэм хуэдэу мэкъугъ, е мэфий, е кIуркIунаум ещхьу маджэ - зэрызэгурыIуэщ. Абы щыгъуэми шыдыгъури мыдрейхэри здэщысым деж, пхъэрым щрамыхужьамэ, IукIыну хуиткъым, хэткъым. Ар и пIэм щамыгъуэтамэ, хашэр йогуо: уздэщысын хуеям ущагъуэтакъым, къыкъуэкIыж. Ещхьыркъабзэщ мыдрейхэри.
Ауэ шыдыгъур и пIэм ирахуа и ужькIэ зафIигъэпщкIужрэ ямыгъуэтыжмэ, етIуанэ джэгугъуэм деж ар шыдыгъуу къытонэж. Абы зыщигъэпщкIур «мес шыдыгъур», жаIэу къалъэгъуауэ, арщхьэкIэ езыр пхъэрым япэ гъуэм нэмысыжыну есэп щищIым дежщ. Шуупэ шуми, шуукIэ шуми апхуэдэу загъэпщкIуж хъунукъым. Ахэр гъуэм къызэрысыжынум и ужь иту аращ. Пхъэрым япэ къищу къэсыжар зэрыщытауэ къонэж, арыншамэ, нэгъуэщI абы я пIэкIэ хахри, ахэр пхъэру къонэ.
Шыдыгъу зызыгъэпщкIужар къыщалъыхъуэкIэ, пхъэрым хашэри хохьэ, ауэ абы иджы ищIэркъым шыдыгъур здэщыIэр. Апхуэдэу ямыгъуэту еджэрэ къашэжмэ, ар шыдыгъуу къонэж.

МафIэдз  Сэрэбий.

ЦIыху Iущхэм я гупсысэхэр
 
Модэм и убзыхуакIуэ

Шанель Габриель Бонёр 1883 гъэм Сомюре (Франджы) къыщалъхуащ. Абы и ныбжьыр илъэс 12 щрикъум, и анэр дунейм ехыжащ. ИужькIэ и дэлъхуиплIымрэ и шыпхъухэмрэ я гъусэу адэм къыхыфIидзэри, сабийхэр щапIыж унэм иратауэ щытащ. Габриель илъэс 18 хъуа нэужь лэжьэн щыщIидзащ щыгъын щащэ тыкуэным. Зэман щиIэм деж хъыджэбз цIыкIум кабарем уэрэд щыжиIэрт. НэхъыфIу илъагъур «Ko Ko Ri Ko», «Qui qua vu Coco» уэрэдхэрат. Езы пщащэми Коко къыфIащауэ щытащ. УэрэджыIакIуэ хъуакъым ар, ауэ 1910 гъэм Париж щыгъын щащэ тыкуэн къыщызэIуихащ. ИтIанэ бзылъхугъэхэм папщIэ пыIэ цIыкIухэр ищIу щIидзащ, ауэрэ МодэмкIэ унэ къызэIуихащ.
«Ридикюли къесхьэкIыурэ сешащ», - жиIэри Iэпэ сумкэ идащ Коко, 1955 гъэм утыку кърихьауэ щытащ ар. 1921 гъэм дунейм къытехьащ цIэрыIуэ хъуа «Chanel №5» дыхур. Шанель Кокощ япэ бзылъхугъэ бостей фIыцIэ кIэщI цIыкIухэр къезыгъэжьари, ар махуэми пщыгъ хъунут, зэхыхьэхэми урикIуэну къезэгъырт, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэми урихэт хъурт, бостейм и гъусэу зэрызыбгъэщIэращIэ хьэпшыпым елъытауэ.
Шанель идахэмрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэт бзылъхугъэ къулейхэм я плъапIэр. Абы и сумкэ цIыкIухэр, дыщэхэкIхэр, вакъэхэр дэнэ къэрали щызэбграхырт. 1950 - 1960 гъэхэм Коко Голливудым и студие зэмылIэужьыгъуэхэм дэлажьэу щытащ, абы ихуапэрт актрисэ цIэрыIуэхэу Хепберн Одри, Тэйлор Лиз сымэ хуэдэхэр.
И ныбжьыр илъэс 87-рэ хъууэ 1971 гъэм дунейм ехыжащ Шанель. Ар Швейцарием щыщIалъхьащ.
Шанель Коко цIыхухэм я гум къызэринар модэм и убзыхуакIуэ къудейуэкъым, атIэ ар хуабжьу акъылыфIэу, жьакIуэу, Iущу щытащ. ЗэрылIэрэ зэман дэкIами, абы и псэлъафэхэр нобэми цIыхухэм яIурылъщ.

* * *
Бзылъхугъэм и щхьэц зэщIэкъуэкIэр ихъуэжамэ, куэд мыщIэу и гъащIэми зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэну аращ.

* * *
ЦIыхубз мыдахэ теткъым дунейм, щхьэхынэ мыхъумэ.

* * *
Американкэхэр зыхуэдэ щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, ахэр сыт щыгъуи мэгуфIэ.

* * *
ЗэкIужу, щIыкIафIэу дунейм утетын щхьэкIэ Iэмал имыIэу ущIалэу, удахэу ущытын хуейкъым.

* * *
Жьыгъэм лъагъуныгъэм дыщихъумэркъым, ауэ лъагъуныгъэм жьыгъэм дыщехъумэ.

* * *
Гуапэу къоплъращ зи нэр дахэр.

Прозэу тха усэ

Уэрэд

Макъамэ гуэрым сынешэж, макъамэ гуэрым сыхогъуащэ. Ди уафэм нэпс зэрыщIигъэжыр, макъамэ щэхум къыджеIэж. Псалъэншэщ. Уафэри гъунэншэщ. КууIуэщ. КууIуэщи, гупсысэри еуIэ. УIэгъэр нэхъри гуауэ кIуапIэщ. Псэр сыту лъапIэ… Макъамэм щIэлъри аракъэ… Зыгуэрым и псэ, гум и плъыфэ…
Макъамэм лъапцIэу хохьэ псалъэ. Я пситIыр уафэм щызэхохьэ, я гъащIэр вагъуэхэм япсыхь. Аргуэру нэгум укъыщIохьэ. Уэрэдыр макIуэ насыпыхь. Ар щIэхыу носри гу уIэгъэм, и лъащIэм хъуаскIэ щыIэпоху. Зы хъуаскIэ жылэр къызэрокI, гу лъащIэм гъащIэ къотIэпIыкI. Уэрэдым жеIэ: «И цIэр фIэщ, и гугъэ нэпсри умылъэщI»… ПкъыроузыкI макъамэм псалъэ. Уэрэдым ещIэр гум и пIалъэр.

Гугъуэт Заремэ.

ФщIэну щхьэпэщ

ХьэщIэхэмрэ лъагъуныгъэмрэ

Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIауэ лIыжь жьакIэхуищ къилъэгъуащ.
- ФызмыцIыхуми фыгъуэгурыкIуэщ, фыкъэмэжэлIа хъунщ, фыкъеблагъэ, фезгъэдзэкъэнщ, - захуигъэзащ абыхэм бзылъхугъэм.
- Уи щхьэгъусэр щIэс? - щIэупщIащ лIыжьхэр.
- Хьэуэ.
- Абы щыгъуэм дыныщIыхьэнкъым.
ЦIыхубзым и щхьэгъусэр пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжа нэужь, махуэм къэхъуар хуиIуэтэжащ.
- КIуэи иджыри абдеж щытыжу щытмэ, сызэрыщIэсыр яжеIи къегъэблагъэ, - жиIащ лIым.
Бзылъхугъэр къыдэкIри, щыри иригъэблэгъащ.
- Дэ псори дызэгъусэу фи унэм дыныщIыхьэфынукъым, - жаIащ дадэ жьакIэхухэм.
- Ар сыт щхьэкIэ?
Зыр къопсалъэри жеIэ:
- Мобы и цIэр Беижьщ, адрейм зэреджэр ЕхъулIэныгъэщ, сэ сы - Лъагъуныгъэщ. Иджы кIуэи щIыхьэжи, уи щхьэгъусэм ечэнджэщ дэ тщыщу фи унагъуэм нихьэну фызыхуеймкIэ.
ЦIыхубзыр щIыхьэжри и лIым жриIэжащ.
- Сыту фIыт, - жиIащ щIалэм. – Дыхэдэн хуей щыхъуакIэ, Беижьыр къедгъэблэгъэнщи, дызыхущыщIэ щымыIэу дыпсэунщ.
Бзылъхугъэм ар идэркъым:
 - ЕхъулIэныгъэр къедгъэблагъэмэ, нэхъыфIу соплъ!
А псалъэмакъыр зэхэзыха пщащэр и пэшым къыщIэкIри, и адэ-анэм захуигъэзащ:
- Лъагъуныгъэр къыщIэдгъэхьэмэ, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, дызэхуэгумащIэу дызэдэпсэунтэкъэ?!
- Пэжщ, ди хъыджэбзым жиIэр, - пиупщIащ лIым. – КIуэи Лъагъуныгъэр ди деж щыпсэуну къегъэблагъэ.
Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIри:
- Дэтхэнэра Лъагъуныгъэр? Аращ едгъэблэгъэну дызэрызэгурыIуар.
Лъагъуныгъэр къыщытэджым, адрей лIыжьитIри къыбгъурыувэри къэкIуащ.
Ар зыгъэщIагъуэ цIыхубзыр щIэупщIащ:
- Щыри зэгъусэу зыщIыпIи фыщIэмыхьэу жыфIащ, иджы сыт къэхъуар?
ЛIыжьхэм ящыщ зым жеIэ:
- Фэ Беижьыр е ЕхъулIэныгъэр евгъэблэгъауэ щытамэ, тIур уэрамым дыкъыдэнэнут, Лъагъуныгъэращ фи унагъуэ ихьэну зыхуэвгъэфэщари - дэ ар зэи тпэIэщIэ тщIыркъым, дригъусэщ.
Лъагъуныгъэ здэщыIэм къулеигъэри ехъулIэныгъэри щIыIэщ.

Къэбарт Мирэ.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ