Хьэту Пётр и усэхэр

Удж-пыху

Бжьыхьэ уэфIым и макъамэр,
гур ихузми, мэIур гуакIуэу.
Сэ уэ зыр узимыIамэ,
зым щымыщт дунейм щызгъакIуэр.
Нэщхъей дыдэщ дунеижьыр, -
пщIащэпыхущи - псэр мэпыхьэ…
Уэрщ, уэращ сэ сыщIэхъыжьэр,
мы удж-пыхуми сыщIыхыхьэр…

*   *   *
Си лъагъуныгъэ, си дуней, си гуащIэ,
къыщIетхъ сыгуIэу си гум кIэрыпщIар,
сыкъигъэщIащ апхуэдэу сыгумащIэу,
гущIэгъур зиIэ, хэт сызыхищIа?
Мэхуалэ Бжьыхьэ хурыр пыгуфIыкIыу,
и нэпс щIигъэкIми гъуэжьу нэхур щыху,
си гъащIэр - уз мыхъужу - къызофыкIыр,
сфIогъуэлъ, сфIокIуасэ гъэхэр - пщIащэпыхущ…

Зэрыджэр мэлыд

Сыпхуэзэм, уи Iэр субыдынщ
сиIам уэрэду,
Си гукъэкIыжхэр къэлыдынщ,
зэрыджэм хуэдэу…
Иджыри си псэм уэ ухэлъщ
нэхунэ хуабэу,
иджыри ткIуакъым си гухэлъ,
пхуэсщIар нэхъапэм;
бжезмыIэфахэр бжесIэжынщ,
сызэIымынэу, -
си псалъэ щIыхуэр уэстыжынщ,
зыцIыкIу къэмынэу:
ди къуалэбзур кIэлъыпхъэращ
кIуэса гъэмахуэм,
сэ езы дыдэри аращ -
сIэщIокI си махуэр.
Мы бжьыхьэ уэфI къыпхуэмызар
къыпфIощI зэщыджэу…
Сэ дэнкIэ нэр сымыгъэзам -
мэлыд зэрыджэр.

*   *   *
Хьэцыбанэу жыг зыбжанэ
зыкъизыхыу бжьэпэм тетым,
си гур, си лъэр ягъэжану,
хьэщыкъ сащI, сраIумэту.
Ауэ, пэжщ, сигу къагъэкIыжхэр
нэщхъеягъуэрэ дыджыгъэщ -
уIэгъэжьу стелъ мыкIыжхэрщ -
къыпэкIуарщ си лъагъуныгъэм…
Дауэ мыхъуми, къысщохъужыр
сэ си губжь абы ягъэлу,
гу пхъашагъэр ягъэхъужу,
сэ езыр сыкърагъэлу…

Псэр кIуэдакъым

Бжьыхьэр лъахэм къихьащ,
зэрыджейр игъэджэгуу,
си дуней-си блэкIар
щIигъэкIыжу си нэгум.
Уафэр плъыфэу иIащ,
пшэхэр хисхьэу къыпфIэщIу, -
пэжу, сэри сиIащ
гъащIэм сигу хэзыгъэщIи,
ауэ псэр мыкIуэда,
Iиблис Iуэху сыдихьэхыу, -
ныбжьэгъу пэж си куэдащ,
Iей къеблар ягъэмэхыу…

*   *   *
Уафэ къащхъуэм зыщегъафIэ дыгъэм,
бжьыхьэ уэфIыр си бгъэ-си псэм щызщ.
Уэ уи пыгуфIыкIым - уи удыгъэм -
сигъэIэсэу, жызегъэIэ: дызщ.
Мынасыпу жыIэ ар, упыхьэу, -
гур иригъуми, ар ди лэгъупыкъущ…
А насыпыр къыбдэкIуащи, бжьыхьэ,
тхъумэжыну тIэкIу къыддэIэпыкъу.

Гупсысэ щэху

Зи теплъэр гуакIуэу  Бжьыхьэ гъуатIэ,
балигъым и гупсысэ щэху,
уэ сыптхьэкъуныр сэ си натIэщ,
борэныр бжэм къытеуIуэху.
Ауэ ар жыжьэу хы гъуэз къащхъуэщ…
Уэ зэкIэ сыткIи узэкIужщ, -
бгъэзащIэу и унафэр Уащхъуэ,
уи пIалъэ гъуэгур къыбокIуж.
ЩIыуэпсым сытри щIэтщ уи хабзэм:
уэлбанэр, уэфIыр, жьы блэжар,
жыг къэпIейтейхэр, бзу бзэрабзэу
хуабапIэ лъыхъуэ ежьэжар…    
Сыту сфIэфIыIуэ гъуэплъ-гъуэжьыгъэм
нэр щIэзукъуанцIэу сыпхыплъыну,
уи уафэ къащхъуэ-уафэ бзыгъэр
си псэм щызгъафIэу изгъэлъыну...
Сэ сеузэщI уи жумартыгъэм,
бжызоIэ: берычэт бесын!
Си дэрэжэгъуэу а уи тыгъэр
зыхэзыщIэнми лъызгъэсынщ.

Тыгъэ

Ар си насыпу къызолъытэ, -
аргуэру бжьыхьэ зэрыслъагъур,
узыщIэзышэ и гулъытэу
и плъэкIэ гуапэр, и пкъы щIагъуэр;
жыгей щхьэукъуэр, уэздыгъейхэр -
зэщIэпсэу гугъэкIэ гъэнщIахэр, -
псэр зыхуэныкъуэу чыцэ бейхэр,
зи пхъэщхьэмыщхьэу Iэгу ущIахэр;
абы и теплъэр, и бэуэкIэр
сызэрыцIыкIурэ зыхызощIэ,
икIи си лъынтхуэм и къеуэкIэр
абы ейм техуэу фIыуэ сощIэ.
Си бжьыхьэ хуру си нэхунэ,
уэ тыгъэ пщIым имыIэ гъунэ.

*   *   *
Иухащ гъэмахуэр… Соплъ аргуэру,
зимыгъэнщIрэ псэм зыхущIэзгъэхьэу,
къытхуехауэ уафэм жэнэт хуру,
морэ-гъуэплърэ щэхуу зекIуэ Бжьыхьэм.
Пэжу, уэркъ нысащIэу, зекIуэкIафIэщ,
лъахэр игъэбжьыфIэу, игъэуардэу,
псори дэхъу къыпфIэщIу лъагъугъуафIэ,
гур хигъахъуэу имыIэжу мардэ…
Уэршэрэгъу мамырщи, щыхъэр си псэм,
зыкъызигъэщIэжу, хузоIуатэ,
сэ си гъащIэм хэлъри курых-купсэу
щэхуу къызиIуэкIхэм хызогъуатэ.
Сэ си натIэм илъыр сысеижщи,
хуэсщIу зызмылIэж абы гукъанэ,
IэфIри дыджри гъащIэм есеижыр,
зым си деж имынэ и лъэданэ…
Бжьыхьэ хурыр, сощIэ, хъунщ ныуэжьи,
сызэрытридзэнур сщIэжу тафэм,
ауэ фIыкъэ - зэкIэ щIымахуэжькъым…
Соплъ, гугъэфIхэр сщIыуэ, къехам уафэм.

ЩIыуэпсым и гъэр

Дыгъэ нэбзийхэм псэр ягъафIэу,
сэ сфIэфIщ псыхъуэжьым сыдэсыну;
сощIэж щIыуэпс сфIэлъагъугъуафIэм
си махуэри зэригъэсынур…
Къэтхъэнсолыкъум, хьэцыбанэм
жьы тIэкIу къыкъуэухэр ходжэгухьыр,
къыпфIэщIу мафIэ зэщIэнарэ
щызэтрисхьэну гъуей къэухьыр.
Уплъамэ адкIэ - гъуэплъщ мэзыщхьэр,
бгы щхьэхухэм бзийхэр щыхисхьэжу;
гукъани щыхъэркъым си гущхьэм,
къысщохъу бий лъэпкъи симыIэжу.
Щыджэгу бдзэжьейр къыхэлыдыкIыу,
йожэхыр псыр, къыздэуэршэру…
Сызэрыпсэум сыщогуфIыкIыр,
щIыуэпсым щытми сыригъэру.

*   *   *
Уэ пщIэрэ псыхъуэм сыщIыдэтыр,
псэр «стхьэщIу» мэзым сыщIыщIэтыр,
гъунэгъу захуэсщIу - слъагъуу наIуэу,
бзу ушэхэм сэ сыщIедаIуэр,
сыщIыкIэлъыплъыр жьыбгъэ щабэм,
щIысфIэфIыр сэ бжьыхьэкIэ хуабэр,
сигу щIыхигъахъуэр бгы аранэм,
щIигъэпIейтейр, щIихузыр жьанэм,
сыщIэнэщхъейр сэ щыуэлбанэм,
къэтхъэнсолыкъум, хьэцыбанэм,
зэрыджэм, тутым, хьэмкIутIейми
сащIегуэпэкIыр Iыхьэлейуэ?
Теплъызэу нэр пщыхьэщхьэ пшэплъым,
гугъэфIхэр згъэпсу, сыт сыщIеплъыр?
Сыт сыщIепэмыр сфIэтелъыджэу
пщыхьэщхьэм сэ губгъуэбалыджэм?
Сыт зэзэмызи мы щIыуэпсым
къыщIысфIыщIихур сэ си нэпсыр?
Си Уащхъуэ фIэкIи си мыгъусэу,
си фIэщ хъужауэ щIэстхри усэ?..
ЯгъэнщI а псогуэм си гухэлъыр,
пхузиIэр IэфIу - си  псэм хэлъыр,
ЩIэзмыужэгъури ахэр гъэкIэ -
уэ фIыуэ услъагъуным щхьэкIэщ.

*   *   *
Бжьыхьэ уэфIу чыцэ гъуафэм,
къысхуеха пфIэщIыну уафэм,
къыпылъэту пкIей хуэдам,
тхьэмпэ гъуэжь къэзубыдащ…
Мэз щхьэукъуэр къэзгъэпсалъэу,
содыхьэшхыр, къыщIэзгъалъэу:
«И кIэ цIыкIукIэ сIыгъщ!.. Мырелъ,   
бжьыхьэ дыщэр сэ сIэщIэлъщ!
Бдзэжьей дыщэу, си Iэгу илъщ,
езгъэщIэнщ си гухэлъищ!..»

Тхьэмпэхэр

Мэджэгур мафIэкIэ фокIадэр,
и бзий телъыджэм псэр ехьэху,
мис къыщоудж ар ди жыг хадэм, -
бзэгу-тхьэмпэ плъахэр къыпегъэху;
блолъэт - гъэ блэкIхэу - ахэр щабэу,
я псэ макъамэр мэужьыхыж…
Сэ IэгукIэ къэзубыдхэр хуабэу
къонэжыр си гум - имыхуж.

ГукъэкIыжхэр

СыныбжьыщIэ фIэкI умыщIэу,
гур къилъэту, си лъэр щIокI,
сиIэтыжу си гурыщIэм,
гъуей телъыджэм сэ сыпхокI…
ЗыпщызгъэнщIыркъым, мэз лъахэ,
сыту куэдрэ сыкъэта!..
Зэхызох макъамэ Iуахэр,
таурыхъищэм ящIэтар…
Зэи сэ спкърымыкIыжхэу,
зыгъэхуабэр си псэ жар
гукъэкIыжхэрщ… ГукъэкIыжхэм
сэ мыбдеж сыкъашэжащ.

Щихухэм загъэщIагъуэ

Ди лъахэм и дахагъэр зымылъагъур
гущIэгъур зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ…
НалкъутналмэскIэ къищIыкIащ лъэс лъагъуэр,
мес, шыщIэм губгъуэр зэхежыхь,  мэщыщ…
Псыхъуэжьым адкIэ мэзыр щоуфафэ,
ущIыхьэм, таурыхъищэ къыщIэпхынщ,
мыдкIэIуэ щиху сатырхэр пфIощIыр къафэу,
макъамэр, щIэдэIукIи, зэхэпхынщ.
ГуфIэгъуэр и нэгу илъу дыгъэ нагъуэм
сырымэу жэщ щхьэтепхъуэр, мес, зытрех…
Пэж дыдэу щихухэм, феплъыт, загъэщIагъуэ,
гъуэз дыжьыныфэр нуру къащхьэщех, -
акъужьыр щабэу тхьэмпэхэм ирожэ,
защимыгъэнщIу, гуапэу ядоджэгу…
А псом ятхьэкъур си псэр, сигу яхуожэ:
ди лъахэм и дахагъэр щIэтщ си нэгу…

Махуэм хощI

Нэхущыр къулъшыкъухуэплъэщ,
нэхъ щIыIэтыIи хъуащ,
гу лъыптэу махуэм хощIыр,
дакъикъэр лъапIэ хъуащ, -
бгъуэтыжкъым хущIыхьэгъуэ,
бжьыхьэкIэм гъащIэр кIэщIщ…
Зэролъэлъыж бэджыхъхэр, -
абджынэхэр солъэщI…

Письмо гъуэплъ

ЩызэIуздзым ди щхьэгъубжэр,
жьым письмо къысхущIихьащ…
Тхьэмпэр телъщ иджы си стIолым, -
ди кхъужьейм ар къигъэхьащ.
Сыкъеджащ а письмо гъуэплъым:
жыгыр Iущу къыщIэкIащ…
Сигъэджалъэу сэ сыхоплъэ, -
гум щIыхьащ къызиIуэкIар...

*   *   *
Бжьыхьэ уэфIым и нэбзийхэм
ягъэхуабэ тхьэмпэ гъуэплъыр -
къыпыхунущ… Жыг лъэдийхэм
иужь дыдэу я псэр къоплъыр…
СыкIэлъоплъыр си гур хэщIу, -
псэ зыпытыр мыуахътыншэ, -
сщIэжу щытми гъащIэ кIэщIым
тещыгъуэныр щыгугъыншэу…

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ