1779 гъэм Къэбэрдейм щекIуэкIа мазибл зауэр

Нэщхъеягъуэм теухуауэ щыIэ тхыдэ лэжьыгъэхэр

IуэрыIуатэм «Мазибл зауэ» цIэмкIэ къыхэна лъэпкъ нэщхъея­гъуэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м (махуэгъэпсыжьымкIэ - фокIадэм и 29-м) илъэс 240-рэ ирикъуащ. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и кIуэцIкIэ къэбэрдейхэм я хэкур зэрахъумэжа тхыдэм хиубыдэ пэтрэ, 1779 гъэм къэхъуахэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр нобэр къыздэсым адыгэ тхыдэ щIэныгъэм хэткъым. ЩыIэр Сокъур Валерэ «Мазибл ­зауэ» зыфIища, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэ закъуэрщ, ари, ­КъБР-м епха тхыдэ лэжьыгъэхэм къы­щагъэщхьэпэн хуэдэу, иджыри къэс урысыбзэкIэ зэ­ра­дзэкIакъым.
Гу лъытапхъэщ 1779 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа дзэ-политикэ къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ Бутков Пётр, Къэжэр Валерэ, Хьэкъул Людмилэ сымэ я лэжьыгъэхэм мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ пычыгъуэхэм узэрыщрихьэлIэм. Ауэ ахэри, Къэбэрдейр XVIII лIэщIыгъуэм къызрикIуа тхыдэм и ­гугъу ящIурэ, къэбэрдейхэр 1779 гъэм пащтыхь зэрыпхъуакIуэ политикэм зэрыпэщIэта щIыкIэм блэкI пэтрэ тепсэлъыхьу аращ. Нало Заур «Жэщ­теуэшхуэм и гъыбзэ» уэ­рэ­дым и тхыдэр» («Из истории «Песни Боль­шого  Ночного нападения») лэ­жьы­гъэм къыщегъэлъагъуэ 1779 гъэм Къэбэрдейм къыщыхъуахэр Iуэ­­ры­Iуа­тэм, тхыдэ щыхьэт пщIын хуэдизу, зэ­рихъумар.
Мазибл зауэм хуэфэщэн гулъытэ щIыхуамыщIам и щхьэусыгъуэр ар Къэбэрдейм хэщIыныгъэ абрагъуэ езыта къэхъукъащIэу зэрыщытыр ара къыщIэкIынщ. Къэралым и нэIэ щIэта совет тхыдэ щIэныгъэм апхуэ­дэ ­къэхъукъащIэхэм утеп­сэ­лъы­хьых­хэ­ныр идэртэкъым, лъэпкъ зэныбжьэ­гъугъэм зэран хуэмыхъун, зыуэ щыт совет лъэпкъыр зэфIэува хъун пап­щIэ. Совет лъэхъэнэр икIа нэужьи, адыгэ тхыдэджхэм, лIыхъужьыгъэм и щапхъэхэм къа­дэ­кIуэу, нэщхъея­гъуэ­хэм епха тхы­дэри яджын Iэмалыр къы­зэIузыха ипэрей илъэсипщIыр зы­Iэ­щIагъэ­кIащ. Иджыпс­турей къэрал зэхэ­тыкIэм здиунэтIам тепщIыхьмэ, абыи зэхэгъэж имыщIу, дэтхэнэ зы лъэпкъми  и  тхыдэр  нэгъэсауэ  къи­гъэ­лъэгъуэну Iэмал ириту щыткъым. Ар наIуэ хъуащ Урыс-Кавказ зауэр илъэси 150-рэ щрикъуам щыгъуэ. Ди къэралым аргуэрыжьу тхыдэ зэхэгъэжым гъуэгу щигъуэтащ. ПсэщIэ къызыIукIэжа импер Iуэху зехьэкIэм тхыдэджхэри цIы­хубэри хуегъэсакъ я блэкIам къыхэщ нэщхъеягъуэхэм гулъытэшхуэ хуащIыным.
А Iуэхум ехьэлIауэ нэмыцэ философ Ясперс Карл и жыIэгъуэ сигу ­къокIыж: «Зауэм къихьа гузэвэ­гъуэр зыщагъэгъупщэныр яхуэбдэ хъунукъым. БлэкIам сыт щыгъуи теп­сэ­лъыхьын хуейщ. Ар къэхъуащ, къэ­хъуну Iэмал иIащ, аращи, иджыри ­къигъэзэжынкIэ хъунущ. ЩIэ­ныгъэм фIэ­кIа   абы    и  гъуэгур зэрызэ­пыбуп­щIы­­фын щыIэкъым. Шына­гъуэр ар пщIэну ухуэмеинырщ, зы­щыб­гъэ­гъупщэным ухущIэкъунырщ, ар пэж дыдэу къы­зэрыхъуар уи фIэщ мыхъу­нырщ». Абы зи гугъу ищIыр 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа  ­зауэрщ,  ауэ, дэ дызэреп­лъымкIэ, а пса­лъэхэр XVIII лIэщIы­гъуэм и кIэм - XIX и пэщIэдзэм Кавказым ще­кIуэкIа гузэвэгъуэми еп­хьэлIэ хъунущ.
КупщIэшхуэ зыщIэлъ а псалъэхэр дигу илъу, илъэсищэкIэ (1763 - 1864) екIуэ­кIа Урыс-Кавказ зауэм и напэкIуэцI нэхъ гущIыхьэхэм яз къы­зэ­Iутхынщ.

Мазибл зауэм
щхьэусыгъуэ хуэхъуар

Псоми ящIэ Урысейм Кавказыр зы­IэщIилъхьэныр 1763 гъэм Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм  деж Мэздэгу быдапIэр зэ­рыIуищIыхьамкIэ зэрыщIидзар. Мэз­дэгу быдапIэр Урысейм лъэ увыпIэ лъэщу щызыIэригъэхьат Кавказым. 1768 - 1774 гъэхэм Тыркум дригъэкIуэкIа зауэм и кIэн къыщикIыу, Къэйнарджи ЦIыкIу деж мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр щыпхигъэкIа нэужь, Урысейм Къэбэрдейм и ипщэ щIыпIэхэр, абы щыпсэу цIыхубэм игъащIэ лъандэм мэш гъэкIыпIэу, Iэщ зе­хуапIэу яIахэр, зыIэригъэхьэн щIи­дзащ. А Iуэхугъуэм Къэбэрдейм и социально-экономикэ щытыкIэм зэ­хъуэкIыныгъэшхуэ иритат. Къэбэр­дейхэм (балъкъэрхэми, осе­тинхэми) я дежкIэ Iэщ зехуэныр ерыскъы хэхыпIэ нэхъыщхьэт, абы къыхэкIыу щIымахуэ хъупIэу щыт Къурей губгъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэт.
Урысхэр я Хэкум и кум кърамыгъэхьэн папщIэ, къэбэрдейхэр зыхэта Iуэхухэм зыри къикIакъым. Абы ищIыIужкIэ, Урысейм 1777 гъэм щегъэжьауэ Балъкъ и Iуфэ сэмэгум, Псыжь и Iуфэ ижьым, Мэздэгу щегъэжьауэ Iузэв нэс пхыкIыу ягъэува ­гъунапкъэщIэм быдапIипщI три­щIы­хьын щIидзащ. Абыхэм ящыщу Екатериноградскэр, Павловскэр, Марьинскэр, Георгиевскэр, Александровскэр, Константиноградскэр зытращIыхьар КъэбэрдеищIрат. Абы къыхэкIыу, пщы зыбжанэм зэрымыарэзыр къыща­гъэнаIуэм, абыхэм цIыхубэри ягуэуващ. А щхьэусыгъуэрщ Къэбэрдейм Iэщэ къищтэн хуей щIэхъуар, ауэ ап­щIондэху зэуэн Iуэху зэрамыхуэу, я Iуэхур псалъэ къудейкIэ пхагъэкIыну иужь итахэщ.
Щымыхъужым, 1778 гъэм къэбэрдеипщхэр Павловскэ быдапIэм теуащ. Абыхэм къапэщIэуващ генерал Якоби зи унафэщI урысыдзэр. 1778 гъэм и кIэм къэбэрдейхэм аргуэру Урысейм зыхуагъэзащ, гъунапкъэм тращIыхьа быдапIэ псори трахыжыныр паубыду.
1779 гъэм гъатхэпэм и 29-м къэбэрдей пщы-уэркъхэр зэхуосри унафэ ящI, Урысейм быдапIэхэр трихыжын имы­дэмэ, Iэщэ къащтэну. Къэбэрдей пщы уэлий Тэтэрхъан Жамбот Iуэхур зауэ-банэм хуимыгъэкIуэну хэтащ. Урысейм   пIалъэ кIыхькIэ зэры­пэ­щIэ­тын къару Къэбэрдейм зэримыIэр къы­­зыгурыIуэ закъуэтIакъуэхэм яз къыщIэкIынт ар. ИтIани, яфIэкIуэдынкIи хъуну щIыхэр апхуэдизкIэ куэдти, аращ нэхъыбэу Урысейм пэщIэувэ-ныр тезыгъэкIуар. Пщы-уэркъхэм я ­нэхъыбэм мурад быдэ ящIат ипщэкIэ щылъ ящIхэр зыIэрамыгъэхьэжауэ мыувыIэну. Къэбэрдейм Iуэхур ап­хуэдизкIэ къыщызэщIэплъати, куржы пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм Куржым Iэпхъуэну иригъэблагъэхэр щыIэт. «Куржы пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм къэбэрдей пщы-уэркъхэм Урысейм дзыхь зэрыхуамыщIыр къигъэсэбэпри, 1778 гъэм и дыгъэгъазэм КъэбэрдеитI­ми я пщы-уэркъхэм захуигъэзащ псори Куржым Iэпхъуэну иригъэблагъэу, щIы пшэрхэмкIэ, псыхъуэ нэхъыфIхэмкIэ къигъэгугъэу…» - къы­щы­­хегъэщ и тхыгъэхэм Бутков Пётр. Абы къигъэгузэва Кавказ админист­рацэм щыщ къулыкъущIэхэм Бытырбыху ятхырт: «Зэры-Къэбэрдейуэ, я пщылIхэр я гъусэу, Куржым Iэпхъуэну загъэхьэзыр». Арати, Къэбэрдейм къы­­щыхъея зэрызехьэм теухуа хъыбарыр урыс пащтыхьым деж нагъэсащ.

 Зауэм
зыхуагъэхьэзырын щIадзэ

1779 гъэм и гъатхэм щегъэжьауэ Къэбэрдейм зауэм зыхуигъэхьэзы­рын щIедзэ. БалигъыпIэ ит цIыху­хъухэм щхьэж игъуэт Iэщэр пщIэхэлъу ипщэ щIыналъэмкIэ яунэтI, Балъкъ зэпрокIри, Къурей губгъуэ жыхуаIэ щIыпIэм деж зыщаубгъу, вэн-сэн щIэдзэгъуэр щхьэусыгъуэ ящIу зы­къыщагъэлъэгъуэну.  Абыи къыщы­мы­нэу, абыхэм зауэм зыхуагъэхьэзырын щIадзащ, ухуэныгъэ мыин ­ды­дэхэр зэтралъхьэу, быдапIэм зэ­ребгъэрыкIуэну Iэмэпсымэр зэра­гъэпэщу. Iэщэ яIыгъыу зыкъэзыIэтахэм ­Къурей ТIуащIэ (иджырей ­Псы­хъурей) мэзым хэщIапIэ щащIри зыщагъэпщкIуащ. Сокъур Валерэ къы­­зэрилъытэмкIэ, зауэм ­хуа­гъэхьэзыра псори абдеж дыдэращ щызэрагъэпэщар. Къэбэрдейм щызекIуэ политикэ хабзэмкIэ, зауэ къэ­хъумэ, пщы уэлийр езыр-езыру дзэпщу ягъэувырт. Абы унафэ ищIыфын хуэдэу щыщымытым деж (нэхъыбэм - ныбжьым къыхэкIыу), бгъэдэлъ зэ­фIэкIым елъытауэ нэгъуэщI дзэпщ къы­­хахырт. Зауэр иуха нэужь, абы а ­къалэнхэр зыщхьэщихыжырт. Мыбы щыгъуэм, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, пщы уэлийр Урысейм пэщIэувэныр зыфIэмыкъабыл Тэтэрхъан Жан­хъуэтт. Ара къыщIэкIынщ и щхьэусыгъуэр дзэзешэ IэкIуэлъакIуагъкIэ цIэ­рыIуэ Бомэт Мысост дзэпщ нэхъыщ­хьэу щIыхахам. Ар дыдэр дзэ гупи-щым я зым и унафэщI хъуащ. Адрей тIум Къетыкъуэ Хьэмырзэрэ Къа­рэ­мырзэрэ трагъэуващ. Сокъур Валерэ зэрыжиIэмкIэ, иужьрейр Мысостхэ ящыщт. ТIасхъэщIэх къалэнхэр Къэ­нэмэт Елбэздыкъуэ и пщэ далъхьащ. Абы а къалэныр зыхуей хуэзэпауэ ­игъэзэщIащ. Кърымым щыщ ермэлы щIалэ Восканян Артемий «къи­щэхущ», ар Александровскэ быдапIэм дигъэхьэри, члисэм гуэт шхапIэм мафIэ щIригъэдзащ. Теуэгъуэр къы­зэ­рысамкIэ абыкIэ къэбэрдейхэм хъыбар яригъащIэу арат.
 
Зауэм зэрыщIидзар

Къэбэрдейхэм накъыгъэм и кум зэуэн щIадзащ. Абыхэм къагухьащ ­беслъэнейхэр, кIэмыргуейхэр, шэшэнхэр, нэгъуейхэр. ПсыжьадрыщI шэрджэсхэр (цIыху мин 1,5-м нэс) Шэткъалэ (Ставрополь) теуащ. Шэшэнхэр Мэздэгу полкым зыщиубгъуа станицэхэм ебгъэрыкIуэрт. Зауэр къыщы­хъеят Псыхуабэ и Iэшэлъашэми. Къэ­бэрдейхэм я къару нэхъыщхьэр Ека­териноградскэмрэ Марьинскэмрэ ­ираутIыпщащ. Езы быдапIэхэм ебгъэрыкIуауэ аратэкъым адыгэхэр,  къэзакъхэр ирагъэкIуэтри, Iэщ мини 5-м нэс яхуа къудейт. ЖыпIэпэмэ, абыхэм нэхъапэIуэкIэ езыхэм трахахэр зыIэрагъэхьэжауэ арат. Урыс быдапIэхэм дэс дзэхэм захъумэжа фIэ-кIа, къыдэкIахэкъым.
Мэкъуауэгъуэм и 5-м минитхум нэб­лагъэ къэбэрдеидзэм къэзакъхэм ­ятеуэн ипэкIэ, гупищу заугуэшащ. Япэрейр генерал Якоби гухьэну ежьа къэзакъхэмрэ къалмыкъхэмрэ ­ятеуащ. ЕтIуанэр езы генерал Якоби и дзэм зыщиубгъуа лагерым теуащ. Ещанэр Марьинскэ быдапIэм ебгъэрыкIуащ. ЕтIуанэ гупым къэзакъ­хэр жыжьэрыуэ топхэмрэ фо­чышэкIэ къапэуври, къикIуэтын хуей ­хъуахэщ. Марьинскэ быдапIэм ебгъэ­рыкIуахэр жэщитI-махуитIкIэ зэуащ, ауэ ар я­у­бы­дыфакъым. Теуахэм цIыхуи 120-рэ хэ­щIыныгъэу ягъуэтащ.
Сокъур Валерэ зэрыжиIэмкIэ, ахэращ зытеухуар «Къэбэрдей жэщ­теуэшхуэм и уэрэдыр».

Павловскэ быдапIэм деж щекIуэкIа
зауэзэрылIыр

Мэкъуауэгъуэм и 10-м генерал Якоби Павловскэ быдапIэм дзэхэр къыдешри, «зэпэплIимэ» («каре») гупищу егъэув. Къэбэрдейхэр япэщIыкIэ зы сатырышхуэу мэув, итIанэ, бийм зэрызиукъуэдиям елъытауэ, щыуэ ­заугуэшри къапэщIэтхэм йобгъэ­ры­кIуэ. Генерал Якоби ахэр гъунэгъуу зыб­гъэдигъэхьэри, топышэрэ фо­чы­шэкIэ къахэуэн щIидзащ. Къэбэр­дейхэр къикIуэтын хуей хъуащ. ИтIанэ аргуэру зызэщIакъуэжри, урысыдзэм и сэмэгурабгъу къуапэм теуащ. Ауэ бийр зэрамыгугъауэ нэхъ лъэщу ­къы­щIэкIри, хэщIыныгъэшхуэ яIэу ­къикIуэтыжын хуей хъуахэщ. Марьинс­кэм дежи къыщыхагъэщIащ къэбэрдейхэр. Капитан Бес Я. и гупыр быдапIэм къыдэкIри, губгъуэ хуитым деж адыгэ зауэлIхэм щатеуащ. А зэхэуэм адыгэхэм цIыху 97-рэ щафIэкIуэдащ. Ипэ къэхъуа зэхэуищым теухуа хъыбар щитхыжым, генерал Якоби игъэ­Iуащ «къэбэрдейхэр яукIахэмрэ уIэ­гъэ­хэмрэ къызэранэкIыу зэрызэтри­къутар, здашэжахэр мини 3-м зэ­рынэсыр». Урыс унафэщIхэм бийм хэщIыныгъэу иратар ягъэбагъуэ ­хабзэт.  Ауэ къэбэрдей жэщтеуэм ­ады­гэхэр зэрыщыхилъэфар пэжт.
Урыс-кавказ къаугъэхэм, зэрыхабзэу, тыркутелъхьэхэмрэ кърымтелъ­хьэ­хэмрэ къигъэбырсеящ. Къэбэрдейм хэпщIыкIыу тыркутелъхьэ гукъы­дэжхэр къыщызэщIэхъеящ, псом япэ - цIыхубэм я деж.  Тырку щэ­­ху­рылажьэхэм «къэбэрдейхэмрэ адрей бгырыс лъэпкъхэмрэ къадэIэпыкъуну Аджа Али бек» къежьа хуэдэу зыпхагъэIукIыу щIадзащ.
Екатеринэ ЕтIуанэм Къэбэрдейм щыIэ хъуа щытыкIэр апхуэдизкIэ ­къы­фIэIуэхуати, 1779 гъэм бадзэуэ­гъуэм унафэ щэху къыдигъэкIащ урысыдзэм Къэбэрдейм сыт хуейми щищIэну хуиту. «Унафэ дощI, - ды­къыщоджэ а дэфтэрым, - къэбэрдейхэр ягъэбэяужын папщIэ дзэ щхьэхуэ къызэгъэпэщын зэрыхуеймкIэ… зэ­дэ­Iуапхъэр ящIэжын щхьэкIэ». Абы ­къе­гъэлъагъуэ къэбэрдейхэм зыкъы­зэраIэтам сыт хуэдиз гугъуехь Урысейм къыхуимыхьами, абы Къэбэрдейр зыIэщIигъэкIыну игу къы­зэ­рымыкIыххар. Къэбэрдейхэми урыс ­тетыгъуэр зытегушхуэфынур къагу­рыIуащ.

Пщы-уэркъыдзэр зэрыхэкIуэдар

1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м ­«Къетыкъуэ ТIуащIэкIэ» зэджэ щIы­пIэм зауэлI 300-м нэс зыхэт къэбэрдей пщы-уэркъыдзэр, езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ хъу, генерал-майор Фабрициан Фёдор и унафэм щIэт биидзэм уащхъуэдэмыщхъуэу къыщаухъуреихьащ. Жэщу, зауэлIхэм я зыгъэпсэхугъуэм хуэзэущ ар къызэры­хъуар. Хуэбгъэфащэ хъунущ къэбэр- дейхэм зыщагъэпщкIу щIыпIэмрэ зэ­манымрэ теухуауэ бийм зыгуэрым ­бзэгу хуихьауэ. Сокъур Валерэ абы ехьэлIауэ мыр етх: «Езы къэбэрдей­хэр жэщтеуэнкIэ Iэзэт,  мыбдежым  а ­Iэ­малым урысхэм я фейдэ нэхъ хахыфащ».
Генерал Фабрициан пщыхьэщ-        хьэм, «егерь батальонитI, мэздэгу щыIэ батальоным щыщ ротитI, къэ­закъ мин, къалмыкъ мин» и гъусэу ­Павловскэ быдапIэм деж зыщызыубгъуа зауэлI хэщIапIэм къыдэкIащ. Жэщыкум Балъкъ къызэпрыкIщ, адыгэхэм яшхэр жыжьэу Iуихури, Къэбэрдей лъэныкъуэмкIэ къэуващ, абыкIэ дэ­Iэ­пыкъуэгъу къимыкIыфын хуэдэу. Генерал Якоби эскадронищ и гъусэу ­Ба­лъкъ Iуфэм бгъэдыхьэри, адыгэ ­зауэлIхэм я кIуапIэр ищхьэмкIи и ­лъабжьэмкIи къыщызэпиупщIащ, псым и жапIэр къигъэщхьэпэурэ, езыр, лъэсыдзэм я пашэу, ипщэкIэ бжьэпэ лъагэм къытеуващ. А лъагапIэм укъеплъыхыурэ зауэлIхэм тын- шу топкIэ уакъыхэуэфынут.
Генерал Фабрициан зэрыжиIэ­жымкIэ, зауэр пщэдджыжьым сы­хьэ­тиблым щегъэжьауэ сыхьэт 12 пщIон-дэ екIуэкIащ. СыхьэтитхукIэ екIуэкIа а зауэзэрылIым «къэбэрдейхэм лъэ­ныкъуэ псомкIи мафIэр къащыте­лъалъэу, егъэлеяуэ гуащIэу зауэхэрт, ауэ затын Iуэху зэрахуакъым, зы къэмынэу я щхьэр халъхьащ». Бутков Пётр щхьэусыгъуэхэр къимыгъэлъа­гъуэу етх: «Iэщэ зыIыгъ къэрэхьэ­лъ­къыр вёрстихкIэ а щIыпIэм пэ­мыжыжьэу щытащ, ауэ къадэIэпы­къуакъым». Дэ дызэрегупсысымкIэ, япэрауэ, урысыдзэм абыхэм апхуэ-            дэ Iэмал яритынутэкъым. ЕтIуанэу, псори щIэгъэхуэбжьауэ екIуэкIырти, лъэ­сыдзэр апхуэдэу псынщIэу къэ­-       сы­фынутэкъым зауэ губгъуэм. ИкIэм-икIэжым текIуэныгъэр топхэмрэ фоч нэхъыфIхэмрэ зыIыгъ урысыдзэм Iэрыхьащ. БжыгъэкIэ зэрынэхъыбэм нэмыщI, урысыдзэм а зауэм зэкъуэ­хуауэ бийм теуэн Iэмалыр къыщигъэщхьэпащ, губгъуэм зыщызыуб-           гъуа зауэзэрылIми я кIэн къыщикIащ.
Адыгэхэм Iэщэу яIэщIэлъар нэхъыбэу закъуэрыуэ фоч, джатэ, сэш-хуэ, къамэ, шабзэ хуэдэхэрт. Закъуэ­рыуэ фочым зэ уэгъуэ фIэкIа къуи-тыркъым, адрейхэм джатэрэ сэш­­-    хуэкIэ узэуэн хуейт. А псом къа­гъэлъагъуэ урысыдзэр а зауэм куэд дыдэкIэ нэхъ хузэпэщу зэры­щытар.

Зауэр зэриухар

Апхуэдиз хэщIыныгъэ зэраIэм хуэдэу, Къэбэрдейм икIуэтыпэну и ­мурадтэкъым. Къэжэр Валерэ къы­зэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэм «ид­жы­ри къэс зэрыщытауэ, Урысейм зэрыбгъэдэтыну зэрызагъэхьэзырыр Иван ЕплIанэм (Грознэм) и зэман лъандэрэ зэрыщытам хуэдэут, зэныбжьэгъу зэ­ху­щытыкIэм, «феодальнэ зэгу­ры­Iуэныгъэ» жыхуаIэм тетут. Къэбэр­дейхэм ар щыжаIэм, урыс унафэщI-хэм Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIы­кIумрэ хъунщIакIуэ экспедицэ къау­тIыпщащ.
ЩэкIуэгъуэм и 28-м урысыдзэр гу­питI хъууэ Къэбэрдейм теуащ. Къэбэрдеишхуэм кIуа дзэм и пашэр генерал Якобит, Джылахъстэнейм - полковник Савельевт. Дзэ гупитIми къэбэрдейхэр псэемыблэжу къапэщIэуващ. МафIэсым хадэхэр, губгъуэхэр, унэхэр хэкIуадэрт. Адыгэхэр икIэм-икIэжым ирагъэкIуэтащ. АфIэкIа бийм къы­зэ­рыпэувын къару зэрамыIэж закъуэращ къызыхэкIар пщыи уэркъи яхэту, цIыху мини 3-м нэс зыфIэкIуэда къэ­бэрдейхэр мамырыгъэм щIэлъэ­Iу­нымрэ бийм къапиубыда зэгурыIуэ­ныгъэ езыхэр зыхилъафэр къабыл щIынымрэ.
1779 гъэм дыгъэгъазэм и пэщIэ­дзэм урыс генералхэу Якобирэ Фаб­ри­цианрэ я текIуэныгъэм и хъыбар тетыгъуэм лъагъэIэсащ: «Къэбэрдеиш­хуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ … уна­фэм щIэдгъэуващ». Къэбэрдейр ап­хуэдизкIэ къарууншэ хъуат икIи зэ­хэкъутати, Кавказ дзэ администра- цэм абы зыкъезыгъэIэтыжын Iэмал щымыIэу къилъытэрт.

Мазибл зауэр
зэриухар

 
1779 гъэм екIуэкIа зауэм къэбэрдейхэр къызэрыщыхагъэщIам Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ я зэхущыты­-кIэр къэгъазэ имыIэу ихъуэжащ. Къэбэрдейхэм ирагъэта тхьэрыIуэм ипкъ иткIэ, Кавказ линиер щаухуэм ящIхэр зэрызэрапхъуам теухуауэ яIэ гукъанэ псори IуагъэкIуэту, Балъкъ ­гъунапкъэу къалъытэу, Къэбэрдейм и ипщэ  Iыхьэр  зэрыпачамкIэ арэзы хъун хуейхэт. «Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъ гъунапкъэр Къэбэрдеиш­хуэм - Балъкъ, Къэбэрдей ЦIыкIум - Тэрч тету ирикIуэу къэлъытапхъэщ. А псыежэххэм я Iуфэ сэмэгухэм Iэщ щызэрахуэнуи мэш щащIэнуи къэ­бэрдейхэр хуиткъым», - етх абы теу­хуауэ Бутков Пётр.
ТхьэрыIуэщIэм ипкъ иткIэ, ипэкIэ «бгъэдэтыныгъэ» («подданство») зэ­хущытыкIэм тета Къэбэрдеймрэ ­Уры­сеймрэ зэрызэпыщIа щIыкIэми ­зихъуэжат. Иджы «бгъэдэтыным» ­кърагъэкIыр къэбэрдеипщхэм урыс пащтыхьым и лъагагъыр къабыл ящIын зэрыхуей къудейм деж щиу-хыртэкъым, атIэ унафэщI нэхъыщ-хьэм къиубыда щIыналъэм исхэр и IэмыщIэ зэрилъым хуэдэут зэхущы­тыкIэр къызэралъытэр, абы кърикIуэ псори и гъусэу.
ТхьэрыIуэм ипкъ иткIэ, иджы Къэ­бэрдейм и щхьэ и унафэ ищIыжу Урысейм, Тыркум, Кърым хъаныгъуэм политикэ IуэхукIэ екIуэлIэну хуимытым и закъуэтэкъым, Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэми запищIэныр къы­хуамыдэнт. Къэбэрдеишхуэр хуит­тэкъым КъухьэпIэ Кавказым щыщ адыгэхэм запищIэну, Къэбэрдей ЦIыкIум  ардыдэр  шэшэнхэм ятеу­хуауэ къыхуадэртэкъым. Кавказ къу­лыкъущIэхэм унафэ къыхуащIат: «Псом нэхърэ бгырысхэр зэкъуэувэным хуэсакъын, зэрыхъукIэ, абыхэм я зэхуакум къаугъэ къыщыгъэхъеин».
ТхьэрыIуэм пщы-уэркъхэм я уна-    фэ щIэт мэкъумэшыщIэхэр я тепщэ-хэм зэрепха быдагъри къигъэлэлащ. Иужьрейхэр щыхуей дыдэм деж къыщхьэщыжакIуэ лъыхъуэу Урысейм кIуэну хуитт. «Къэрэхьэлъкъыр хуитщ  я тепщэхэм къабгъэдэкIыу Кавказ ­линием и кум Iэпхъуэну, хэхыпщIэкIэ        е нэгъуэщI IуэхукIэ къыхагъэзыхьмэ,          е Урысейм пэщIэувэну къыхураджэ­мэ», - укъыщоджэ тхьэрыIуэм. Ауэ ­щыхъукIэ, мэкъумэшыщIэхэр «я теп­щэхэр зыгуэркIэ нэгъуэщIыпIэ Iэп­хъуэмэ, абыхэм я ужь иту мыIэпхъуэ-ну, емыдэIуэну, урыс къыщ­хьэ­щы­жы­ныгъэмрэ унафэмрэ я жьауэ щIэувэ-ну гукъыдэж зэраIэр къагъэнэIуэну» хуит ящIырт. ИужькIэ а унафэм ипкъ иткIэ къэбэрдей адыгэхэр Кавказ ­линием Iэпхъуэжрей хъуахэщ, пщы­лIыгъэм IэщIэкIын мурадкIэ. А псом къигъэлъагъуэрт Къэбэрдейм нэхъ ­лъапIэ дыдэу щызекIуэ пщы-пщылI зэхущытыкIэм и лъабжьэр щIиудыну Урысейр зэрыхуежьар. Ауэ щыхъукIэ, пщылIыпIэ ит мэкъумэшыщIэхэр ­гъэр­­хэм хуэдэут езы Урысейм зэры­щагъэупсэур. Пащтыхьыгъуэм гу­щIэгъу Iуэху зэрихуэххэртэкъым. Абы       и политикэр зыхуэунэтIар, езыхэм ­къапэщIэувэн къару къэмынэжын хуэдэу, Къэбэрдейм щыIэ цIыхубэ зэ­хэ­тыкIэр зэтекъутэнырт. А мурад ды­дэр и плъапIэт мэкъумэшыщIэхэм ­чы­ристан диныр къащтэну хуит зэ­ращIами.
ТхьэрыIуэр къэбэрдеипщхэр зэ­рыхагъэзыхь Iэмал ткIий хъуат, и мурадри къэбэрдей цIыхубэр зэкъуэу­дынырт, урысыдзэр къытеуэ хъумэ, ­зимыхъумэжыфын хуэдэу. «Урысейм ибзыщIын хуейуэ къилъытэжыртэкъым Кавказ Гупэм (Центральное Предкавказье) ис лъэпкъхэм я Iуэху щыхэIэбэкIэ зыIэрагъэхьэну зыхуэ­пабгъэ дыдэр - «зэфIэгъэнауэ, зыр ­адрейм пэщIэгъэувэжын», - етх Къэжэр Валерэ.
ТхьэрыIуэм и кIэм къыщыкIуэ уна­фэм Кавказ линием тес адыгэхэм ­къахуидэртэкъым дяпэкIэ хуит къамы­щIауэ Кавказ линием ихьэну. Билет яIэми, Къэбэрдейм и ипщэ Iыхьэхэм щызекIуэныр абыхэм я дежкIэ шынагъуэншэтэкъым.
Къэжэр Валерэ пэжу гу лъитащ: «Къэбэрдей пщы-уэркъхэм я IуэхущIафэхэр и нэIэ щIигъэува, цIыхубэр политикэрэ я псэукIэкIэ гуп-гуп ири­щы­кIыу зэныкъуэкъун хуэдэу зэпэ­щIигъэува, лъэпкъым и кIуэцIкIэ ­къаугъэ къэгъэхъеипIэхэр къыщы­зэ­щIигъэста, зэрыхъукIэ Къэбэрдейр ­нэгъуэщI хэкухэм зэралъимыгъэIэ-сын Iуэху зэрихуа, и щIым и нэхъыфI-хэр зэщIикъуэу хъупIэ нэхъ пшэрхэр зэрипхъуа нэужь, Урысейм лъэбакъуэ закъуэ ичыжамэ зэфIэкIат Къэбэрдейм урысей унафэр щиукъуэдиипэу военно-административнэ кIэ­лъып­лъы­ныгъэм щIигъэувэн щхьэкIэ».
Апхуэдэ лъэбакъуэ Урысейм ичын пап­щIэ, иджыри илъэс 40 дэкIын ­хуейт. А зэманым къриубыдэу, пащтыхьы­гъуэм пэщIэувэн мурадкIэ, XVIII лIэ­щIыгъуэм Къэбэрдейм Iэджэрэ зыкъыщаIэтащ. Абы и ужь къиуващ 1804 гъэм Глазенап, 1810 гъэм - Булгаковым, 1822 - 1825 гъэхэм Ермоловым ира­гъэкIуэкIа зэрыпхъуакIуэ экспедицэхэр. А зэманым хеубыдэ Къэбэрдейм илъэс 20-м нэблэгъэнкIэ щызекIуа шэрихьэт лъэхъэнэри. Ермо­ловым и закъуэщ зыхузэфIэкIар 1822 гъэм Къэбэрдейр Iэщэм и къарукIэ зыIэщIилъхьэу, зэрыщыту Урысейм и унафэм щIигъэувэныр.
Иджы Iуэхур къэбэрдейхэм я тхьэрыIуэ къудейкIэ зэфIэкIыжынутэкъым. Генерал Якоби ахэр хигъэзы­хьащ зауэм къатригъахуэ щIыхуэу (контрибуцэ) сом мини 10, шыуэ мини 2,  Iэщышхуэу  мини 5, мэлу мини 4,5-рэ ятыну. Апхуэдизу мылъку-былым­-кIэ лъэпкъым уетхьэкъуныр хъун­щIэ­ным мащIэт къызэрыщхьэщыкIыр.
А псор илъэс 62-м и кIуэцIкIэ Къэ-бэрдейм и щIыналъэмрэ и политикэ щхьэхуэныгъэмрэ лъэкI къимы­гъанэу зэрихъумэжам щыщ теплъэ­гъуэ къудейт. А Iуэхугъуэхэр зэрекIуэкIа дыдэм и щыхьэтхэр, Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ импер Iуэху зехьэкIэм ипкъ иткIэ пристэв унафэм зэрыщIагъэува щIыкIэр нэгъэсауэ къыщыбогъуэтыф урыс пащ­тыхьым и унафэ щIэта генералхэм я тхыгъэхэмрэ къулыкъу дэфтэрхэмрэ. УщрохьэлIэ абыхэм адыгэхэм я IуэрыIуатэми, псалъэм папщIэ: «Къэ­бэрдей жэщтеуэ», «Пащтыхь зэрып­хъуакIуэ» уэрэдхэм.

Зауэм и
лIыхъужьхэр

Мазибл зауэм и тхыдэр нэгъэса ­хъунукъым, абы нэхъ жыджэру хэтахэм я цIэр къидмыIуэмэ. Абыхэм ящыщщ пщIэ зиIэу щыта пщыхэу: ­Мысост Кургъуокъуэ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост, Къарэмырзэ Кургъуокъуэ, Хьэмырзэ Беслъэн, Хьэмырзэ КIэщI, Хьэмырзэ Исмэхьил; лIакъуэлIэшхэу Къундетхэ Сэлэтджэрий, Къэрэшей, Къаншокъуэ сымэ, Тамбийхэ Къа­рэ­мырзэрэ Къазийрэ.
«Къэбэрдей жэщтеуэ» уэрэдым IупщIу къыхощ хэкIуэда зауэлIхэм я цIэхэр: Къетыкъуэхэ Хьэмырзэрэ Ис­мэхьилрэ (зэадэзэкъуэт); ХьэтIохъущокъуэхэ ХьэтIохъущыкъуэрэ Мысострэ, Хьэмырзэ Ажджэрий (Хьэмырзэ Ис­мэхьил и къуэ), Бжьэкъуоукъуэ зэ­къуэшиблыр, зи унэцIэ кърамыIуэхэу Муса, Хьэсанш, Долэтыкъуэ, Къазий-цIыкIу сымэ. IуэрыIуатэм къыхэщ ­зауэлIхэм щыщщ Ахэмынхэ, Елчэпархэ ящыщхэр, н.
 … Ахэмынхэ фи дыщэ пхъэвым
 лъыр щIож,
Елчэпархэ фи дыгъэ-мазэр
къухьэжщ,
Бжьэкъуоукъуэр зэшибл
фыхъурти фикIуадэщ,
Хьэдиблри гуиблкIэ къашэжщ.
А лIыхъужьхэм щIэблэм и пщIэ мыухыж къудейкъым къалэжьар, къэбэрдей лъэпкъым ягу имыхужын хуэдэу, фэеплъ яхуэфащэщ.

КЪАЛМЫКЪ Жылэбий, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: