Инджылызхэм зэрахуэр сыт?

Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэсащ, зауэ гуащIэм хэт бгырысхэм я хъыбар дуней псом щигъэIуащ - абы и гукъэкIыжхэр тхылъ щхьэхуэм щызэхуэхьэсауэ инджылызыбзэкIи урысыбзэкIи зыбжанэрэ къыдэкIащ. Щыгъуазэ фыдощI Лонгворт и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.

Хасэр зыублар Мансур-бейщ. Дакъызэрыхыхьам щхьэкIэ фIыщIэ къытхуищIа нэужь, ар Даут-бей (мистер Уркхарт) и узыншагъэмрэ и Iуэху зытетымрэ щIэупщIащ, итIанэ ди дежкIэ зыкъригъэзэкIащ: «Шэрджэсыр урысхэм зыхадза зауэм къыхыхьэнкIэ, шэрджэсхэм къащхьэщыжынкIэ хъуну Инджылызыр?» Сэ жысIащ дэ Инджылыз къэралым дызэримылIыкIуэр, ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, Инджылызыр Шэрджэсым къыдэщIынущ, уеблэмэ ар зыми IэщIэмылъ, зи щхьэ хуит къэралу къилъытэнкIи мэхъу.
Си жэуапыр тхьэмадэхэм ягу ирихьауэ къысщыхъуащ. Шынагъуэр къащхьэщыхьакIэт шэрджэсхэм - ар езыхэми зыхащIэрт, щIэгузавэр къадэIэпыкъун зэрамыIэрт. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэр дыкъуакъуэ сщIакъым - къазэрыгурыIуэнкIэ жысIащ. Абыхэм зэралъытэмкIэ, дэ гузэвэгъуэр ящхьэщытхыфынут. «Даут-бей къызэрыкIуэ лъандэрэ Инджылызым дыщогугъ, - пищащ Мансур и псалъэр. - Илъэсищ дэкIащ абы лъандэрэ, зауэмрэ лъымрэ дыхэкIыркъым. Даут-бей дыщыгугъат, аращ илъэсищ хъуауэ дыщIыпэплъэр. Шэрджэс тхьэмадэхэм ди Iэр щIэддзауэ тхылъ здихьащ Даут-бей, ар инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ ирилъхьамэ, абы щхьэ зиIэжьэрэ иджыри къэс? Инджылыз пащтыхьым щымыгугъ зы цIыхуи искъым Шэрджэсым - жьыи щIэи. Даут-бей и нэгу щIэкIащ ар. Ди щхьэр идолъхьэ инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ - къыддэIэпыкъу закъуэмэ. Пэжыр къыджеIэ иджы: сытым дыщыгугъ хъуну? Нобэ жытIэркъым дэ - нобэ къытлъэмыIэскIэ гузэрыдзэ тщIынукъым. Ди жагъуэ хъунур дыкъэвгъэгугъэрэ утыкум дыкъинэжмэщ».
НэхъыфIым щызгъэгугъын фIэкIа, сыт хуэдэ жэуап схуетынут сэ шэрджэсхэм? Сэ къыслъысрати, яжесIар мыращ: псори зэлъытар езы шэрджэсхэращ, нэгъуэщIым щыгугъын щхьэкIэ, езыхэр зэкъуэувэн хуейщ япэ щIыкIэ. Узэкъуэмыувэмэ, нэгъуэщIым и фIэщ ухъунукъым. Сэ сыкъыщIэкIуар аращи, сывдэзэуэнщ, схузэфIэкIыр фхуэсщIэнщ. Зи хуитыныгъэм щIэзэухэм я пщIэр ялъытэ инджылызхэм, хуей щыхъум деж ахэри къывдэзэуэнущ, я псэм еблэнукъым. Iэщэр вгъэтIылъ хъунукъым иджыпсту, зэрыпхъуакIуэхэм фазэремыкIужынур ялъагъумэ, инджылызхэри къыфкъуэувэнущ - заIэжьэнукъым…
Шэрджэсхэр зыпэплъэр арат - дэIэпыкъуэгъу хъунумэ, зремыгъэгувэ.
Мансур тхьэмадэхэм яхэпсэлъыхьащ; ахэр нэхъ нэщхъыфIэ къызэрыхъуамкIэ къэтщIащ ди жэуапхэр ягу зэрырихьар. Мансур и пIэр иубыдыжри, жиIащ: «Ди хьэщIэхэр дгъэзауэ ди хабзэкъым дэ, ди хабзэр ахэр тхъумэн хуейуэ аращ. ИлъэсипщIым щIигъуащ урысхэм зауэм дызэрыхадзэрэ, хуей хъумэ, иджыри илъэсипщIкIэ дызэуэнущ, Инджылызыр гъусэ къытхурехъу закъуэ. Зауэм ди лIыфI куэд хэкIуэдащ, абыхэм я пIэ иувэн ди мащIэкъым дэ. Ди мащIэр гынрэ бдзапцIэрэщ - ар къытIэщIэухащи, ди фочхэр зыми и пэрмэныжкъым. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэщ. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэху, урысхэм я IэмыщIэ зитлъ-хьэнукъым».
БдзапцIэ тоннитI-щы зэрестыр яжесIащ шэрджэсхэм - ахэр абы зэрыщыгуфIыкIам щIэ щIэткъым…
Ди хьэщIэщым декIуэлIэжауэ, пщыхьэщхьэм хеящIэр, Хьэжы-Уэлий, къыткIэлъыкIуащ. Сэфар-бей къахуитхам щыгъуазэ хъуати, нэжэгужэт ар, къыщIыткIэлъыкIуар дэри дигъэгуфIэн щхьэкIэт. «Нобэ щыщIэдзауэ, - къыджиIащ хеящIэм, - фэ дыфхуэдэщ дэри: инджылыз пащтыхьым дрицIыхущ, абы и IэмыщIэ дилъщ, унафэ къытхурещI закъуэ - псалъэ къыхэдгъэкIынукъым, и унафэр дгъэзэщIэнущ». ХеящIэм дыщигъэгъуэзащ Занокъуэ Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхам. Адрианополь дэс инджылыз консулым и пщэ дилъхьэри, Британием и лIыкIуэм шэрджэс тхьэмадэхэм къахуригъэтхащ: урыс дзэпщым деж цIыху ягъэкIуэн хуейщ, абы епсэлъэн щхьэкIэ; дзэпщым жэуап къыпахыху, Псыжь адрыщI зэуакIуэ кIуэ хъунукъым; урысыдзэр Шэрджэсым иришыжын, Шэрджэсым къращIыхьа быдапIэхэри якъутэжын хуейуэ дзэпщым преубыд. ЛIыкIуэхэр дзэпщым деж щэнейрэ ягъэкIуэн хуейщ, паубыдыр къахуимыщIэмэ, абыкIэ хъыбар ирагъэщIэн хуейщ Истамбыл дэс инджылыз лIыкIуэм.
Арат Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхар. Абы дыщыгуфIыкIащ дэ. Ар къадэхъуатэмэ, Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ зэувэлIауэ жыпIэ хъунут. Инджылызым, икIэм-икIэжым, яхуэфащэ гулъытэ къахуищIащ шэрджэсхэм, и щхьэм ирилъытащ, я Iуэхум къыхэIэбащ - арат дэ дыщIэгуфIар. ДымыщIэр абы кърикIуэнкIэ хъунурат.
Шэрджэс лIыкIуэхэр, урыс генералым деж кIуэн и пэ, ди хьэщIэщым къихьащ, тхылъым щIывгъунуIа, жари. Тхьэмадэхэм ятхам щIыдгъужынIауэ къыттехуэртэкъым дэ.
ЛIыкIуэхэр ХьэфIыцIей (Геленджик) кIуащ - арат генерал плъыжьыр зыдэсыр (зэрыщхьэцыгъуэм щхьэкIэ Вельяминовым арат шэрджэсхэр зэреджэр). Генералыр къащыгуфIыкIауэ жаIащ абыхэм, зытекIухьам щыгъуазэ ящIа нэужь, ауан къищIащ армыхъу, уеблэмэ къащыдыхьэшхащ. «Фи инджылыз хьэщIэхэр, - къажриIащ Вельяминовым, - хьэгъапхъэщ, фагъэжакъуэ фIэкIа, къыфхуащIэфын щыIэкъым, яхуэфащэри зыщ: е фыукIын е фи хэкум ифхужын. Шэрджэсхэм я гугъу пщIымэ, зы хэкIыпIэщ абыхэм яIэр - императорым и IэмыщIэ зралъхьэн». «Абы демыувалIэмэ, сыт къыдэфщIэнур?» - щIэупщIащ лIыкIуэхэр. «Узижэгъуэнщ! - къажриIащ. - ФэтщIэнум фыщIэупщIэмэ, си тырку тэрмэшым и пщэ дэслъхьэнщи, езгъэтхынщ. Ар ныфIэрыхьэмэ, щыгъуазэ зыфщI. Тхылъым феджи, жэуап къысIэрывгъэхьэж - махуитI пIалъэщ фэстынур».
Вельяминовым шэрджэсхэм къахуитха тхылъыр мистер Беллрэ сэрэ тлъэгъуащ. Абы Европэр щыгъуазэ хъун и гугъагъэнкъым Вельяминовым - генералыр зэрыахьмакъри зэрыбзаджэнаджэри кърипщIэнущ абы шэрджэсхэм къахуитха тхылъым. Сэ згъэщIэгъуар аращ - апхуэдэ генералт бгырысхэр Урысейм и IэмыщIэ изылъхьэнур: нэхъ губзыгъэIуэ игъуэтагъэнкъым императорым.
Генерал Вельяминовым шэрджэсхэм 1837 гъэм накъыгъэ мазэм и 28-м къахуитхам щыгъуазэ фыдощI: «ТенджызитIым я тIуащIэм щытепщэр фэракъым. Тырку пащтыхьым и унафэм фобакъуэри, урысхэм я щIыналъэр фохъунщIэ. Мамырыгъэ фыхуеймэ, фхъунщIауэ хъуар къыдэфтыжынщ, фи деж нэкIуэсахэмрэ гъэр фщIахэмрэ ди IэмыщIэ къифлъхьэжынщи, Урысейм тхьэмадэ къыфхуищI фипщхэм ящыщ зым и унафэм фыщIэувэнщ. Фи деж къакIуэ инджылызхэр къанэ щымыIэу щхьэхуещэщ, фыкъагъапцIэ, фагъэщхьэрыуэ; ахэр зэщэр фи хэкур зэрызыIэщIалъхьэнщ. Инджылызым и унафэм фыщIэувэ нэхърэ Урысейм и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Инджылызым, Франджым, нэгъуэщI европей къэралхэм запыфщIауэ фахуотхэ, ар щывгъэтрэ ди императорым и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, итIанэщ зауэм кIэ щигъуэтынур. Сыт фызыщыгугъыр? Уафэр къеухмэ, ар мыжурэкIэ зэтриIыгъэфынущ Урысейм - ар фщIэркъэ фэ? Инджылызхэр IэпщIэлъапщIэ хъунщ, ауэ къару зыбгъэдэлъыр Урысейращ. Зауэ къращIылIэ щхьэкIэ, абы зыри къыпэлъэщакъым игъащIэм. Фи лIыкIуэр Истамбыл дихун хузэфIэкIащ Урысейм, а зым къыщхьэщыжыфакъым Инджылызыр, атIэ дауэ абы фи лъэпкъыр къызэрихъумэфынур? Инджылызым Iуэхум хэлIыфIыхьын мурад иIэмэ, абы къыщыщIидзэн хуейр Лондон дэс ди лIыкIуэм дежщ. Фи инджылызхэм я щхьэ Iуэхущ зэрахуэр. Урысейм нэхъ лъэщ дунейм къэрал теткъым. Мамыру фыпсэуну фыхуеймэ, зыгурывгъаIуэ: дунейм щытепщэр Тхьэмрэ ди императорымрэщ: - Тхьэр - уафэм, ди императорыр - щIылъэм! Зауэ фыхуэмеймэ, тфIэвдыгъуауэ хъуар къыдэфтыжынщи, ди императорым и унафэм фыфIэкIынкъым. Гъэр фщIахэмрэ фи деж нэкIуэсахэмрэ къыдэфтыжа нэужь, тет ныфхуэдгъэкIуэнущи, абы къыфхуищI фи унафэщ. ДяпэкIэ, урысхэр фи деж ныщыкIуэкIэ, ахэр евгъэблэгъэн хуейщ, ерыскъыи нэгъуэщIи щывгъэщIэнкъым. Урыс хьэщIэхэм фи тхьэмадэхэм хуэфщI пщIэм хуэдэ къахуэфщIынщ… Дызыхуейм дыкIуэкIэ фыкъытпэрыуэ хъунукъым, дызыхуей щIыпIэм быдапIэ щыдухуэнуи хуит дыфщIынщ, абы щхьэкIэ дызыхуейм хуэдиз цIыхуи пхъэкIэбжьэкIи къыдэфтынщ.
ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фи хэкур къыфтетхынурэ фи унафэри тщIынущ. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэм фыкъеувалIэ. Дэ вжетIэр фи фIэщ фщIын хуейщ фэ, итIанэщ гущIэгъу щыфхуэтщIынур, арыншамэ, фи псыхъуэхэм мафIэ лыгъэр къыщылыдынущ, фи къуршхэр зэтедгъэщэхэнущ! Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэмэщ фи щхьэр хъума щыхъунур. Армыракъэ - фи мылъкур псори, уеблэмэ фи Iэщэ-фащэри дэкIуэу, къыфтетхынурэ, гъэр фытщIынущ. Вельяминов».
Абы и жэуапыр дэ дагъэтхын я гугъащ шэрджэсхэм, ди псалъэр нэхъ ткIыбжь хъун къафIэщIырти. Сытми, зэчэнджэщыжа нэужь, жэуапыр хеящIэм ирагъэтхащ:
«Къытхуэптхар къыдгурыIуащ. Уэ уурыс генералщ, дэ Тхьэм и шыкуркIэ, дымуслъымэн къабзэщ. ПцIымрэ щхьэхуещагъэмрэ дыпэIэщIэщ - аращ ди бегъымбарым дызыхуриджэр. ИлъэсипщI хъуауэ дызозауэ икIи дуней псор щыгъуазэщ дяку ныбжьэгъугъэ зэримылъым. Мыр нэттхын хуейуэ ди пщэм къыдилъхьащ инджылыз пащтыхьым. Уафэм и щIагъ щIэткъым Инджылызым нэхърэ нэхъ къэрал инрэ нэхъ лъэщрэ. СыткIи япэ итщ ар, пцIыи хэзагъэркъым. Уи жьэм дауэ къекIуа ар - Инджылызыр пцIыIуэпцIышэщ жыпIэныр? Дэ дощIэ Франджыр Мысырым щытеуам щыгъуэ Инджылызыр ди къуэш мамлюкхэм къазэрыдэщIар. Абы лъандэрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ. Инджылызыр зэи къыдэпцIыжакъым дэ, ар игъащIэми къадощI муслъымэнхэм.
Иджыпсту ди Iуэху зытетым щыгъуазэщ ар, къыддэIэпыкъунуи хьэзырщ. ТенджызитIым яку дэс лъэпкъхэр псори дызэшщ, зауэ фэтщIылIэн муради диIэкъым. Фэри дызэрыфщыгугъыр аращ: ди щIым къифщIыхьа быдапIэхэр фкъутэжи, Псыжь фызэпрыкIыж. Абы и ужькIэ дызэгурыIуэнщи, ди жагъуэ зэрыщIыжынкъым. Ар щIывжетIэр дыфщышынэу аракъым, зи жьауэ дыщIэува Инджылызым апхуэдэ чэнджэщ къыдехьэлIэри аращ. Дэ вжетIэм федэIуэн фи щхьэ тевмылъхьэмэ, фызэрегуакIуэщ, нэхъ ффIэзахуэр влэжь, ауэ афIэкIа зыри къытхуэвмытх, къытхуэфтхми, деджэнукъым. Инджылыз пащтыхьым и унафэм ипкъ иткIэ, ди хы Iуфэр хуит яхуэтщIынущ сатуущIэхэм, аращ фи быдапIэхэр икIэщIыпIэкIэ фкъутэжын хуейуэ щIыфпэдубыдыр. Уи щхьэм куэд тыболъхьэж уэ, ди хэкур зэтепкъутэну щыжыпIэкIэ. Ар зыхузэфIэкIынур Тхьэ закъуэрщ. Узыхуейуэ хъуар къыдэпщIэфыну жыбоIэ уэ, дэ дылъэпкъ мащIэми, Тхьэмрэ Инджылызымрэ къыддоIэпыкъури, иджыри къэс къыдэфщIэфаIакъым. Мыбы жэуап къептыжын мурад пщIымэ, жэуапыр зыхуэптхынур инджылыз пащтыхьырщ - абы и унафэм дызэрыщIэувар бжетIащ; жэуап къыдумытыжынумэ, афIэкIа къытхуумытхIа, зауэри зэпывмыгъэу. Мыр ныщIэттхыр фи топхэмрэ фи гынымрэ дагъэщтауэ аракъым - ар уигу къыумыгъэкIыххэ…»
Урысхэм я деж лIыкIуэ щэнейрэ ягъэкIуащ шэрджэс тхьэмадэхэм - лорд Понсонби къарихьэлIа чэнджэщым ипкъ иткIэ. ЛIыкIуэр щэнейрэ ягъэкIуа нэужь, тхьэмадэхэм къагурыIуащ генералым къепсэлъэн мурад зэримыIэр; итIанэ зауэм зыхуагъэхьэзыращ.

 

ЗэзыдзэкIар КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ.
Поделиться: