Мэрем пшыхь

ХьэтIохъущыкъуей напэ

Хъыбар

ХьэтIохъущокъуэм и лIыщIэхэм ящыщ зы, мэкъушэ щыIауэ къыздэкIуэжым, джабэ задэ гуэрым деж къыщыувыIащ. Вым тIэкIу зригъэгъэпсэхури джабэм къыкIэрыхьащ, арщхьэкIэ, мо уэшх нэужьым цIэнтхъуэрыгъуэ хъуащ гъуэгури, къыдэкIыфыркъым. ЩIалэр вым яхоуэ, зэхэзехуэн ищIауэ, джабэм кIэреукIыхь, выхэр мэцIантхъуэ...
Мэлыхъуэу губгъуэм ит Созырыхьэ абы гу къылъитэри къыбгъэдыхьащ.
– ГъуэгуфI апщий!
– Упсэу апщий!
– Я бзэ псалъэркъым, Iэщыр щIэбукIыр сыт, щIалэ? Уи лыжь ятелъ?
– И чэзум сынэмысыжу хъунукъым. Къысхуадэнукъым.
– Iэщри сфIэгуэныхьщ, уэри усфIэпсэкIуэдщ, сумыIуэтэжынумэ, сыбдэIэпыкъунт...
Псалъэ быдэ итащ имыIуэтэжыну.
– Выр щIэтIыкI.
ЩIалэм выхэр щIригъэтIыкIащ. Езы Созырыхьэ гум зыщIищIэщ, гур джабэм къыдишри къиутIыпщыжащ.
МыдэкIэ щIалэр къыздэкIуэжам ягъэщIагъуэри зэрагъэщIэгъуэнур ящIэркъым.
– Мыр дауэ! Уэлбанэ махуэм дауэ «ВыщхьэфIэч» укъыдашыфа?
– Уэлей, апхуэдэ къэмыхъуа!
– Мэкъугу илъу а ятIэ бдзантхьэм къыхэкIыфа жаIэуи-яIуатэуи зэхэзмыха, ыхьы!
ЩIалэм зыкъомрэ заригъэумысакъым, ауэ щыхагъэзыхьыпэм:
– Вым къыдишакъым, лIым къыдишащ, – жиIащ. Мэлыхъуэ щIалэм Iуэхур къызэрекIуэкIар жрагъэIэжащ. Ар зэхэзыха ХьэтIохъущокъуэр куэдрэ мыгупсысэу Созырыхьэр къригъашэри жриIащ:
– Умэлыхъуэ нэхърэ нэхъыфIщ, лей къыптезгъэхьэнкъым, си деж къанэ, – жиIэри.
ЩIалэм зыкъомрэ зытригъэхьакъым.
– СынолъэIу, си Iуэху къызумыхуэ. Си тхьэмыщкIапIэ сигъэсыж.
 ТэлайкIэ зэпсэлъылIа иужькIэ, акъылэгъу хъуащ. А махуэм щыщIэдзауэ Созырыхьэ ХьэтIохъущокъуэ-пщым и пелуан хъуащ.
Махуэ гуэрым, ХьэтIохъущокъуэм и щымыIэгъуэу зыкъригъэхьэлIэри, Шужьеипщ къакIуэри Созырыхьэр дишащ: «Си пелуаным уемыбэну хъунукъым», – жиIэри.
Къыздишам, кърагъэбэнынур щрагъэлъагъум, Созырыхьэ жиIащ:
– Хъусин КIыхьыр къысхуэбгъэлъагъуэри, Хъусин Лъабгъуэр къысхукъуэпшащ, – жери.
ИтIанэ Хъусин Лъабгъуэ зыхуигъазэри лъэIуащ:
– Ди адэхэр зэмыкъуэшми, ди анэхэр зэшыпхъущ, дызумыгъэбэн.
– Уэ куэд жоIэ, – жиIэри Хъусин Лъабгъуэр Iэбащ, арщхьэкIэ зыри хуещIэркъым.
Созырыхьэ къэгубжьауэ еIэри и дзажэналъихыр икъутащ, къиубыдыжри пхъэшыкъум щхьэдидзыхыжащ.
Ар зылъэгъуа Шужьеипщ хутыкъуауэ щыт Созырыхьэ хьэджэсэкIэ еуэри иукIащ.
ХьэтIохъущокъуэм, къэсыжу Iуэхум щыгъуазэ хъуа иужькIэ, мыпхуэдэу жеIэ:
– Си тобэщ, сэ ди лей сымыгъэгъуну щыжысIакIэ, си псалъэм семыпцIыжын!
Абы иужькIэщ ХьэтIохъущокъуэмрэ Шужьеймрэ Тэтэртуп тхьэрыIуапIэм кIуэуэ псалъэ щызыIахар. Къагъэзэжауэ къыщыкIуэжым, ХьэтIохъущокъуэм Шужьейр гъэпцIагъэкIэ иукIащ.
КIурашын БетIал.

ЖыIэгъуэхэр

ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым
ЗэрымыIыгъ лъэпкъыр иудыгъуафIэщ.
Зи бзэ зыфIэкIуэдам цIыхугъэм и нэхъ лъапIэм щыщ хощI.
Зи бзэр зэзымыпэсыж лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къоблагъэ.
Зи мыхъумыщIагъэ зымыгъэикIэ лъэпкъыр мыхъумыщIагъэ хэкIынукъым.
Зи напэр зымыхъумэр напэншэмэ, зи хэку зымыхъумэр лIыгъэншэщ.
Зи щIэныгъэмрэ зи бжыгъэмрэ зыгъэбагъуэ лъэпкъыр псэунущ.
Къэрал мыхъумыщIэм и цIыхур бэлыхь щыщIэркъым.
Лъэпкъым зыхуигъэувыж къалэным елъытащ и пщIэри.
ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым.
ЛIыфI зи тхьэмадэ лъэпкъым и пщIэр инщ.
МыхъумыщIэ зылэжьым хуэфэщэн удын темыхуэмэ, абы хуэдэхэм я бжыгъэм хохъуэ.
Уи адэшхуэ и пщIэр уи напщIэ телъкIэ уи фIыщIэм хэхъуэнукъым.
ФадэкIэ къыпхуэупсэр уи псэм йоIэ.
Хэти лъэпкъым хуолажьэ, хэти лъэпкъым къилэжьыр ешх.
Хуитыныгъэрэ пщIэрэ къызэрахьыр лIыгъэрэ цIыхугъэрэщ.
ЦIыхубэм къыбдамыщта Iуэхум къару игъуэтыркъым.
ЦIыхугъэрэ щэнкIэ, лIыгъэрэ хабзэкIэ адыгэм хуэдэ гъуэтыгъуейщ, и зэфIэгъэкIыр зыгъэмащIэр зэрызэгурыIуэгъуейрщ.
ЩIыгу зимыIэж лъэпкъыр цыджан пэлъытэщ.
Адэ-анэм хуаIэ лъагъуныгъэм хэщIыху, цIыхум я бжыгъэр нэхъ мащIэ мэхъу.
Балигъым хужымыIэр сабийм щиIуатэ къохъу.
Бын зимыIэм лъабжьэ иIэкъым, и къуэпсри мэгъужри и цIэри мэкIуэдыж.
Быныр гуащIэщ, умыщIэн куэд уагъащIэ, нэхъыбэжи уагъэшэч.
Быныр нэхъыбэу зыгъасэр уи псалъэракъым, блэжь Iуэхухэращ.
БыныфIрэ IуэхуфIрэ зэзынэкIам и цIэр кIуэдыркъым.
ГубэщIыкI Владимир.

ГушыIэхэр
Сэ насып сиIэт, ахъумэ…

- Уэлэхьи, Хьэжбий, нобэ сыщIэфлъхьэж пэтам, - жиIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум щыхуэзам.
- Сыту, Iэгъу? Къэхъуар сыт?
- Насып уиIэмэ, сыт хэлъ, ахъумэ нобэ сэ къэплъагъур метрибгъу зи кIыхьагъ пкIэлъейм сыкъехуэхащ, ауэ…
- Е зиунагъуэрэ, абы дауэ укъела-тIэ? – Хьэжбий гузавэу и ныбжьэгъур щызэпиплъыхьым:
- Аракъэ-тIэ, «ауэ» жыхуэсIэр. Сэ насыпыжьыр сиIэти, етIуанэ теувапIэм дежщ сыкъыщехуэхар, - жиIащ Дизыкъуажэ.

Щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ?

Мэз къикIыжрэ пэт, Хъуэжэ зылI кърихьэлIащ.
- Дэнэ ущыIа, Хъуэжэ? – къеупщIащ лIыр.
- Мэшых сыщыIащ, хукхъуэ къызошэ, - жиIащ Хъуэжэ.
- АтIэ уи гум илъыр пхъэи: мэз ущыIа хъунщ, - жиIащ лIым.
- Си гум илъри мэз сызэрыщыIари щыпщIэкIэ – емынэм узэрихуэрэ, щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ? – жиIащ Хъуэжэ.
Жылау Нурбий.

Тхыгъэ кIэщIхэр
Аслъэным ещхь

Хьэ бацэ цIыкIум и цыр ящат, и пщэц кIырыр къагъанэри. Иджы ар, цIыкIуми, и теплъэкIэ аслъэным ещхьти, псори «АслъэнкIэ» еджэу хуежьащ. Хьэ цIыкIуми, ар и фIэщ хъуауэ, псори езым къыщышынэн хуейуэ къилъытащи, хьэуэ зыхуэзэу хъуам заредз, арщхьэкIэ абыхэм къыхашхыхьыурэ къыхыфIадзэж. Хьэ цIыкIум къыгурыIуэркъым аслъэным урещхькIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIыр, атIэ, аслъэн нэсу ущытын щхьэкIэ, пщэц кIырым нэмыщI, нэгъуэщI куэди узэрыхуейр.

Тхылъ щхьэпэ

- Уи тхылъыщIэр си стIолым тезмыхыу телъщ.
- Си гуапэщ ар апхуэдизу уигу зэрырихьар.
- хуабжьу сэбэп къысхуохъу: пщэдджыжь къэс тебэр абы тызогъэувэ.

«ДэIэпыкъуэгъу»

Зыгуэр псым итхьэлэу лIы блэкIыр ирихьэлIати, егуоуащ: «Ей, дэIэпыкъуэгъу ухуей?» Модрейр, жэуап ­къимыту, псым щIэтIысыкIащ.
«Плъагъурэ абы и пагагъыр – къызэпсэлъэн къудей и щхьэ ирипэсакъым», - жиIэри лIыр екъури ежьэжащ.

Щхьэщытхъу

Псы куэду зыкIуэцIыхьа пхъэ фар мафIэм тралъхьат, гъущмэ исынщ, жаIэри. АрщхьэкIэ абы, езыр исын дэнэ къэна, мафIэр игъэункIыфI пэтащ. «Уэ сэбэп узэрыхъун щыIэкъым», - жаIэри, мафIэм къыпэрахыжащ, унэм къыщIахри хыфIадзащ.
Иджы ар и щхьэм щотхъуж: «Сэ зэгуэр мафIэм сыпэрылъу цIыхухэр згъэхуэбауэ щытащ!» - жеIэри.

ГущIэгъулы

Псэущхьэ лажьэншэ куэд зэришхам къыхэкIыу дыгъужьыр суд пащхьэм къихутат. Ар гузавэрт, си ажалыр къэса хъунщ, жиIэу.
Абдеж зы тхьэкIумэкIыхь къотэджри мэлъаIуэ: «Зиусхьэн судыщIэхэ, мы дыгъужьыр иджыри щIалэ дыдэщ, гъащIэми хабзэми хищIыкI щыIэкъым. СыныволъэIу, мыр фымыгъэтIысу, сэ згъэсэну къызэфтыну».
СудыщIэхэр зэчэнджэщри, тхьэкIумэкIыхьым и лъэIур хуащIащ. Арати, абырэ дыгъужьымрэ ежьэжащ, я унэ кIуэжыну. Дыгъужьыр нэсыжащ, и «гъэсакIуэр» и ныбэм илъу.

Щытхъуащ

 СщIа сурэтхэр плъэгъуа?
- Слъэгъуащ.
- АтIэ дауэ къыпщыхъуа?
- Шырыкъу Хъызыр ейхэм нэхърэ нэхъыфIщ.
- Iагъу, ар дауэ? Шырыкъум сурэт ищIыркъым.
- Сэри аращ щIыжысIэр.
Къагъырмэс Борис.

ГъащIэр Тхьэшхуэм и тыгъэщ
(Ущие зыхэлъ псысэ)

Зы хъыджэбз нэф гуэр, апхуэдэу зэрыщытым къыхэкIыу, игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ, и щхьэр фIыуэ имылъагъужу псэурт. Дуней псом гузэрыдзэ хуищIат, ауэ и псэм щигъафIэу зы цIыху дунейм тетт – ар фIыуэ илъагъу щIалэрт. Ар сытым дежи хущIэкъурт хъыджэбзым и гъащIэр зэрыщигъэпсынщIэным. Пщащэм жиIэрт дуней нэхум хэплъэну Iэмал иIамэ, пIалъэ къыхимыгъэкIыу и псэлъыхъум дэкIуэну зэрыхьэзырыр.
Куэд дэмыкIыу зыгуэрым и нитIыр хъыджэбзым тыгъэ хуищIащ. Иджы абы илъагъурт апхуэдизу и нэ къызыхуикIа дунейр. И псэлъыхъур къеупщIащ:
- Иджы, дуней дахэм хуиту ущыхэплъэкIэ, сэ укъыздэкIуэну? – жиIэри.
ЩIалэр нэфу къыщищIэм, пщащэр къэуIэбжьащ икIи абы дэкIуэн идакъым. Зэхихар и гум щIыхьауэ, и нэпсхэр хуэмыубыдыжу къежэхыу щIалэр къыIукIыжащ. ИужькIэ абы и къэшэну щытам письмо хуитхащ: «Си нитIыр хъумэ закъуэ, си дахэ, сэ апхуэдизкIэ фIыуэ услъагъурти, сыщымысхьу ахэр тыгъэ пхуэсщIыфащ», - жиIэу иту.

Мы псысэм къегъэлъагъуэ цIыхум гъащIэм къыщехъулIэм елъытауэ и хьэлкIэ, и акъылкIэ зэрызихъуэжыр. Языныкъуэхэрщ зыщIэжыр нэхъапэм я псэукIар, щытыкIэ нэхъ гугъу дыдэхэм гъащIэм щригъэувэми, я Iуэхур къыдаIыгъыу къабгъэдэтахэр.
Шыфэкъуж Данэ.

Прозэу тха усэ
ГукъэкIыжхэр

Фи Хэкум ноби ситщ. Фи деж зыщысплъыхьынкIэ срикъуркъым. Си гугъэнтэкъым гукъэкIыжхэм апхуэдиз щэху фхэлъу. Къытезгъэзэжурэ, мызэ-мытIэу сывблэкIаи хуэдэщ. ИтIани, сыкъэкIуэху щIэ гуэрхэр, нэхъапэм фхэзмылъэгъуа телъыджэхэр къызыкъувопхъуэт. ЛъащIэ имыIэу ара а фи пхъуантэм? Е сызыпэмыплъа хъыбар куэдыIуэ зэуэ къыстефтхъуэмэ, уIэгъэ зи куэд си гум зэрыхуэмышэчынур къывгурыIуэрэ? Ара си къэкIуэгъуэ къэс хъыбарыщIэ къыщIызэвутIыпщыр? Хьэуэ, фэ зыгуэр вдэзгъуэуэ аракъым. Уеблэмэ, псэм апхуэдизкIэ фыкъоIэфIэкIри, сызыщыщ зэманри сIэщIэгъупщыкIыжурэ, сыфхэджэразэу сыщыфхэгъуэщэжыр нэхъыбэщ. ФызэрыблэкIар е фыкъызэрызгъэнар къыспкърошэсэжри… аракъэ сызыукIыр?I Сэ нэгъазэ сызэримыIэри фэ фызэрызэзмышэлIэжыфынури къызгуроIуэри, блэкIам сыхуозэш. СыхуэзэшкIи къигъэзэжынукъым абы. Сэлам дыди къызимыхыжу ежьэжащ…
Хуэмурэ фызоутIыпщыж. ЗыфщызогъэпщкIу. ГъащIэм сыхокIуэтэж. Сесэжи хуэдэщ. Ауэ итIани, сыфхуэныкъуэ мэхъури, фи лъыхъуакIуэ сыножьэж. СыфкIэлъоIэбэ. СыфкIэлъопIастхъэ.
Сыщыфхузэгуэпи щыIэщ куэдрэ. Ауэ екIуэлIапIэншэ сыхъуа, гуитIщхьитIыгъэм и къапхъэным сриубыда нэужь, згъуэтыжыр фэращ. Сытывогъэуж, фыкъызодэхэщIэж, си нэпсыр схуволъэщIыж. Апхуэдэхэм деж согупсыс: сыту фIыщэу фызиIэт гукъэкIыжхэр! Си гум щызэтрихьа гуныкъуэгъуэхэри а гупсысэм лъэныкъуэкIэ ирегъэкIуэтэкIыж.

Зимычэзу бжьыхьэ

Налъэ-налъэу зэхуэсхьэса гъащIэм бжьыхьэ уэшхыр къыхошхэ. ТкIуэпс щIыIэхэр зыпхыкIа гъащIэр сымаджэ мэхъу. Къоуз гугъэфIкIэ гъэнщIауэ щыта зэманыр зэрыблэкIар, махуэ жагъуэхэм я уIэгъэхэр, гущIэм куууэ хыхьа гукъеуэхэр. Узым ягъэхыщIэ гъащIэм и псэр пыт къудейщ. Зихъумэжыфакъым… Мо гу пцIанэр псалъэ хьэулейхэм кIуапIэ ящIри, зэхауIухьащ. ИтIани ар хуейкъым ужьыхыну, дунейм къыхуохъуапсэ…
АрщхьэкIэ имычэзууэ къыхуэкIуа бжьыхьэм зыкъригъэщIэжыркъым. Гъэ кIуам къыхуэгуэпа, насыпкIэ къета бжьыхьэр иджы къызэрыщIэкIыжам еплъ… УэтIпсытIщ, пшагъуэщ. Сэращ езыр а бжьыхьэр къезыджэжар, итIани зыхузогъэгусэ…
Гугъуэт Заремэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ