Премьер-лигэм щоджэгу адыгэ закъуэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и зи чэзу чемпионатыр накъыгъэм и 16-м иухащ. Илъэс ещанэ хъуауэ абы и дыщэ медалхэр зыIэрегъэхьэ къэралым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъ «Газпром» акционер зэгухьэныгъэм и жьауэм щIэт Санкт-Петербург и «Зенит»-м. Премьер-лигэм щыджэгу адыгэ закъуэр зыхэт Мэзкуу и «Спартак»-р абы къыкIэлъокIуэ.
Натхъуэ Бибрэс, Щауей Алихъан, Мамты Хьэсэн, Бырхьэм Къантемыр, Къалмыкъ Амур сымэ, нэгъуэщI адыгэ щIалэ гуп Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм илъэс зытIущ ипэкIэ щыджэгуащ. Абыхэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр яIэт, зыхэт командэхэми пщIэшхуэ къыщыхуащIырт. АрщхьэкIэ зэманыр гущIэгъуншэщ – Натхъуэр Сербием Iэпхъуауэ абы и «Партизан»-р егъэбжьыфIэ, Щауейр Калининград и «Балтика»-м дэщIыгъуу япэ дивизионым щоныкъуакъуэ, Мамтымрэ Бырхьэмымрэ Краснодар и «Кубань»-мрэ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-мрэ етIуанэ дивизионым зыщрагъэIэтыну хущIокъухэр, Къалмыкъым и къару псори ирехьэлIэ Мэзкуу и «Торпедо»-р къэгъэщIэрэщIэжыным. Премьер-лигэм къыхэнэжар гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан и закъуэщ. Ар илъэситI хъуауэ Мэзкуу и «Спартак»-м хэтщ, ауэ иужь илъэс ныкъуэр Мэзкуу и Iэгъуэблагъэм и щIыхьыр зыхъумэ «Химки»-м бэджэнду щигъэкIуащ икIи хуабжьу сэбэп хуэхъуащ.
Куэдым зэращIэжщи, Химки щIыпIэм и командэр илъэс ипэкIэ премьер-лигэм яфIыхыхьащ щIыпIэ властхэр хуэмеищэу. Коронавирус уз зэрыцIалэр щыета гъатхэпэм и кIэухым ирихьэлIэу абы япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щиIыгъыу зэхьэзэхуэр зэпагъэуащ икIи, Iуэхур кIыхьлIыхь щыхъум, зэпеуэм щIрамыгъэдзэжу, щхьэж здэщытыр къыхуагъэнащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Химки»-м Iэмал игъуэтащ премьер-лигэм щыджэгуну. АрщхьэкIэ абы текIуэдэну мылъкур зэрыкуэд дыдэр зыщIэ къулыкъущIэхэм ар хуагъэдэхакъым икIи гуп нэхъыщхьэм хэмыхьэмэ зэрынэхъыфIыр е закъыщIэзыгъэкъуэн лъэныкъуэкIэ къыщагъутын хуейуэ жаIащ. Зэрызехьэр кIыхь хъуащ икIи 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэм щIидзэным зы тхьэмахуэ иIэжущ Iуэхум унафэ щигъуэтар - сытми «Химки»-р премьер-лигэм хагъэхьащ.
Хагъэхьа щхьэкIэ ар зэпеуэм хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ икIи турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщыхутащ. Апхуэдэм и деж къызэрыхъу хабзэти, тренер нэхъыжьхэр яхъуэжу хуежьащ. Юранрэ Гунькорэ мазэ зырыз-тIурытI ягъэлэжьауэ аращ. ИужькIэ тренер нэхъыщхьэу ягъэува Черевченкэ зэхьэзэхуэм нэхъ хуэжыжьаплъэу къыщIэкIащ икIи и пщэ къралъхьа гупыр щытыкIэ гугъум къришын папщIэ футболист лъэрызехьэ зытIущ зэрыхуейр къагуригъэIуащ. Япэ дыдэу зи цIэ къриIуар ди лъахэгъу, Мэзкуу и «Спартак»-м щызу къимыгъэсэбэп гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуанщ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ щIалэр зыIэригъэхьэну щIэхъуэпсырт Екатеринбург и «Урал»-ри. Абы и унафэщIым мазэ ипэкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм яжриIат Мырзэр зыхагъэхьэн папщIэ «Спартак»-м зэрыгурыIуар икIи Резуан и арэзыныгъэ фIэкIа Iуэхум зэрыхуэмыныкъуэжыр.
И унагъуэр зэса Мэзкуу иIэпхъукIыу Сыбырым кIуэну и нэ къикIыртэкъым ди лъахэгъуми, екатеринбургдэсхэр игъэщIэхъуащ. Къалащхьэм и Iэгъуэблагъэ Химким папщIэ уджэгун щхьэкIэ зыщIыпIи ущIэIэпхъуэн щыIэкъым.
- Си гуапэщ къысщIэхъуэпса гупымрэ къысхуэныкъуэ тренер нэхъыщхьэмрэ гъусэ сазэрыхуэхъуар,- жиIат абы щыгъуэ Резуан. - Черевченкэ Игорь дэрэ куэд щIауэ дызэроцIыху, Тулэ и «Арсенал»-м сыщыхэтым си гъэсакIуэу щытащ, икIи игъэув къалэнхэмрэ и мурадхэмрэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. Аращ нэхъыбэу тезыгъэчыныхьар икIи къызэлъэIуар «Химки»-м сыхыхьэну. ГупыщIэм сызэрыхэзэгъэным, абы сэбэп сызэрыхуэхъуным хуабжьу сыхущIэкъунущ. Сэри си зэфIэкIыр здынэсыр къэзгъэлъэгъуэнымкIэ ар IэмалыфIщ.
Къэхъуам темыпсэлъыхьу, дауи, къэнакъым Мырзэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Клюев Александри.
- Псом япэрауэ, Резуан хуейщ топ джэгуну икIи зыхэт гупым сэбэп хуэхъуну, - жиIат абы. – Ар зэфIэкI лъагэ зиIэ икIи зыкъэзыгъэлъэгъуэну зыфIэфI щIалэщ. Футболист нэсым зэрихабзэу, ар сыт щыгъуи джэгупIэ губгъуэм къихьэну, текIуэныгъэ инхэм хущIэкъуну хуейщ – Мэзкуу и «Спартак»-м апхуэдэ Iэмал иужь лъэхъэнэм къыщратакъым. Зыщыдгъэгъупщэнкъым Резуан абы щыхыхьам Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджэу зэрыщытар. Ар а пщIэ лъагэм иджыри хущIэкъунущ, ауэ япэщIыкIэ «Химки»-м екIурэ ещхьу зыкъыщигъэлъэгъуэну хуейщ.
Ди лъахэгъур зыхыхьа гупри гуфIэрт.
- Хуабжьу щIэгъэкъуэнышхуэщ Мырзэ Резуан къызэрытхыхьар, - ибзыщIыртэкъым «Химки»-м и спорт директор Ульянов Дмитрий. – Езыри абы хущIемыгъуэжыну къытщохъу. Мырзэр псоми яцIыху футболист лъэщу, ауэ «Спартак»-м хуэфэщэн джэгугъуэ зэман къыщрамытауэ. Ар зыхэдгъэхьэн папщIэ хуабжьу гугъу зедгъэхьащ икIи ди гуапэщ адрей къыщIэупщIахэм дэ дакъызэрыхихар.
Мырзэ Резуан «Химки»-р куэдкIэ къызэрыщыгугъыр къигъэлъэгъуащ яхыхьэну зэгурыIуэныгъэр зэрызэращIылIэрэ зы махуэ фIэкIа дэмыкIауэ джэгупIэ губгъуэм къызэрырагъэхьам. Адыгэ щIалэр абы зэрыхэтар иужь сыхьэт ныкъуэращ, ауэ и хьэрхуэрэгъухэр а зэман кIэщIым икъукIэ зэригъэгулэзам фIым ущегъэгугъ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэситI ипэкIэ Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м хагъэхьащ ар иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 4 иратри.
Дэ тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и зэхьэзэхуэ блэкIам «Арсенал»-м хэту фIы дыдэу зыкъэзыгъэлъэгъуа икIи къэралым и командэ къыхэхам ираджа Мырзэ Резуан щIэупщIэшхуэ зэриIэр. Ар зыхагъэтыну щIэхъуэпсырт Европэм и Чемпионхэм я лигэм мыгувэу щыджэгуну «Краснодар»-р, Европэм и Лигэр къызыпэщылъ Мэзкуу и «Спартак»-р, нэгъуэщI гуп лъэрызехьэхэр. Тулэдэсхэри гугъэрт игъащIэм ямыIа ехъулIэныгъэ къахуэзыхьахэм ящыщ ди лъахэгъум и Iуэхухэр зэблэууэ я деж игъэзэжыну. АрщхьэкIэ Мырзэм теухуауэ куууэ зэпсалъэрт Мэзкуу и «Спартак»-мрэ «Ростов»-мрэ я унафэщIхэр. Зыр хущIэкъурт нэхъ пуду футболистыфIыр зыIэригъэхьэну, адрейр хуейт, зы соми тримыгъэкIуэдами, мылъку нэхъыбэ къригъэщIыну. ИкIэм-икIэжым, зэгурыIуащ. 2018 гъэм зэрыхыхьэрэ, и фащэр щыгъыу, зэIущIищ фIэкIа езымыгъэкIуэкIа Мырзэ Резуан иращIылIа зэгурыIуэныгъэр иухыным илъэситI иIэжу къызэриутIыпщым папщIэ Мэзкуу и «Спартак»-м «Ростов»-м хуигъэкIуэнут еврэ мелуниплI. КъищынэмыщIауэ, езы адыгэ щIалэми щхьэхуэу и щхьэзакъуэ контрактым Iэ тридзащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсищым Мэзкуу и «Спартак»-м и щIыхьыр зэрихъумэнур икIи къыпэкIуэну улахуэр, саугъэтыр зыхуэдизыр. Ахэри зэрымымащIэр гурыIуэгъуэт. Арати, 2019 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 18-м щыщIэдзауэ Мырзэ Резуан щыщ зы хъуащ Урысей Федерацэм и футбол командэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Мэзкуу и «Спартак»-м (абы нэхърэ нэхъыбэрэ ди къэралым и чемпион хъуа щыIэкъым).
Мэзкуудэсхэм я Iуэхухэр а лъэхъэнэм хуабжьу гугъусыгъут. «Спартак»-р илъэс зыбжанэ хъуауэ зыIэщIэлъ мелардырыбжэ Федун Леонид и мылъкум щысхьыртэкъым лIэщIыгъуэ нэблагъэ ипэкIэ Старостин зэкъуэшхэм къызэрагъэпэщауэ щыта «цIыхубэ командэр» къэралым щыпашэхэм хигъэхьэжын папщIэ. АрщхьэкIэ, Совет Союзыр зэхэщэщэжу Урысей Федерацэр щхьэхуэ хъужа иужькIэ, 1990 гъэхэм сыт щыгъуи псоми ятекIуэурэ чемпионыгъэр зыIэщIэзылъхьэжауэ щыта Мэзкуу и «Спартак»-м абы къыщытригъэзэжыфар 2018 гъэ закъуэрат. Ауэ куэдрэ абыи иригуфIакъым – псалъэмакъ мыщхьэпэхэмрэ зэрыхьзэриймрэ нобэми къыхэкIыркъым.
Iуэхур игъэзэкIуэжыну ирагъэблэгъа белорус IэщIагъэлI Кононов Олег зэрыхуейм хуэдэу гупыр занщIэу хузэщIэгъэрыуIуакъым. Апхуэдэу щыхъум тегъэщIапIэ ищIыну жэрдэм къыхилъхьащ Тулэ и «Арсенал»-м къыщызыгъэпэжахэр. Апхуэдэхэт Бакаев Залымхъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ахэр тIури гъуащхьэхъумэныкъуэщ икIи я лъэныкъуэ зырызымкIэ щебгъэрыкIуэурэ я командэм ехъулIэныгъэ куэд къыхуахьат. Къапщтэмэ, Мырзэм «Зенит»-мрэ «Спартак»-мрэ яхудигъэкIа топхэм я фIыгъэкIэт тулэдэсхэм я цIэр щIэIуар икIи я тренер нэхъыщхьэ Кононовыр лэжьэну Мэзкуу щIашар. Ар езыри, зэрытлъагъуащи, фIыщIэмыщIэу къэнакъым: Iэмал зэригъуэту и пашэхэр зришэлIэжащ. Бакаевым и Iуэхур нэхъ тыншт – «Арсенал»-м бэджэнду «Спартак»-м иритати, къыIихыжат. Мырзэм гугъу дехьын хуей хъуащ - пасэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ар иджыри илъэситIкIэ «Ростов»-м ейт. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджа иужькIэ, Резуан и пщIэр нэхъ лъагэжу дэкIуеящ. Ростовдэсхэм ар Iэзэу къагъэсэбэпащ икIи, щIэупщIэ зэриIэр зэралъагъуу, зэралъэфыхьу щIа­дзат, къыщIахыну мылъкум хэпщIыкIыу хагъахъуэу.
Дапхуэдэу хъуми, Iуэхур тэмэму зэфIэкIащ. Мырзэм Iэмал игъуэтат куэд набдзэгубдзаплъэу къызыкIэлъыплъ командэ цIэрыIуэм хыхьэну икIи и зэфIэкIыр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну. Ар зэрымымащIэм щыхьэт техъуэфынут иужь илъэситхум ар зыхэта премьер-лигэм щыджэгухэу Мэзкуу и «Торпедо», Грознэ и «Тэрч» (иджы «Ахмат»), Ленинград областым и «Тосно», «Ростов», Тулэ и «Арсенал» командэхэр. Грознэрэ Дон Iус Ростоврэ къищынэмыщIауэ, адрейхэм ар щыпэшащ. «Тэрч»-мрэ «Ростов»-мрэ и Iуэхухэр щIыдэмыкIами, Резуан и зэран хэлъкъым: япэм псынщIэу фэбжь щигъуэтащ, етIуанэм и тренер нэхъыщхьэм и джэгукIэр зэриубзыхум Мырзэм ейр темыхуэу къыщIэкIащ.
Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Кононов Олег и унафэм щIэту Мырзэ Резуан зэIущIи 8 Тулэ щригъэкIуэкIауэ арат. А мащIэри IэщIагъэлI цIэрыIуэм хурикъуат ди лъахэгъум и зэфIэкIыр зэрылъагэр зригъэщIэн папщIэ. Абы щыгъуэт Мырзэм дигъэкIа топхэм «Спартак»-мрэ «Зенит»-мрэ щыхигъэщIар икIи «Арсенал»-р зэи къэмыхъуауэ Iэта щыхъуар. ТопитI зэуэ къахудэзыгъэкIа адыгэ щIалэри мэзкуудэсхэм ягу ираубыдат.
Мэзкуу и «Спартак»-м и генеральнэ директор Цорн Томас шэч къытрихьэртэкъым Мырзэм я командэр зэригъэлъэщынум:
- Мырзэ Резуан дэ къытхохьэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджагъащIэу. Дэ къытIэрыхьащ техникэ гъуэзэджэ зиIэ, гъуэм лъэщу икIи Iэзэу еуэ футболист. Аращи, «Спартак»-м и сэмэгу лъэныкъуэр къызэгъэпэща хъунущ ебгъэрыкIуэныгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ щIалэ жыджэркIэ, - жиIат абы лъэныкъуэхэм зэгурыIуэныгъэм Iэ традза иужькIэ. – Резуан и зэфIэкIхэм фIыуэ щыгъуазэщ ди тренер нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, иджыблагъэ къытхыхьэжа Бакаев Залымхъан дэщIыгъуу абы хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Тулэ и «Арсенал»-м. А тIур лъэныкъуэ зырызымкIэ щебгъэрыкIуэурэ я хьэрхуэрэгъухэр ягъэгулэзу щытащ. Иджыри апхуэдэу зэрыщытынум шэч къытесхьэркъым.
- Мэзкуу и «Спартак»-м сыхыхьэн папщIэ слъэкI псори злэжьащ икIи иджы щыщIэдзауэ къэралым и футбол клуб нэхъ цIэрыIуэ дыдэм сэри сыщыщщ. Зэхьэзэхуэ блэкIам Тулэ и «Арсенал»-м дыхэту ехъулIэныгъэфIхэр диIащ икIи абыхэм къапытщэну ди мурадщ, - къыпищат псалъэмакъым Мырзэ Резуан. – Кононов Олег хуейт и гупым сыхигъэхьэну, сэри абы и унафэм сыщIэту сыджэгуну сфIэфIщ. Ди мурадхэр зэкIэ къыдэхъулIащ, адэкIэ текIуэныгъэ инхэм дыщIэбэныну къытпэщылъщ. Ахэр зыIэрыдгъэхьэн папщIэ тхузэфIэкI псори зэретхьэлIэнум шэч хэлъкъым.
Бахъсэн къалэм къыщалъхуа ди лъахэгъу щIалэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ зэрыщыIуар гуапэт. Дыпэплъэрт Мырзэ Резуан и текIуэныгъэщIэхэм икIи премьер-лигэм зэрыхэта илъэсихрэ ныкъуэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкыр» зэи зытемыкIуэфа икIи ди республикэм къэкIуэхукIэ къыздашэ топджэгум дихьэххэм сыт щыгъуи бэлыхь дыхэзыгъэту щыта Мэзкуу и «Спартак»-м, дыхуей-дыхуэмейми дыдэщIырт, абы адыгэ щIалэ зэрыхэтым папщIэ. АрщхьэкIэ Резуан езыгъэблэгъахэр, япэщIыкIэ тренер нэхъыщхьэ Кононовыр, къыкIэлъыкIуэу генеральнэ директор Цорн яхъуэжащ. Абыхэм я пIэ къиувахэм тегъэщIапIэ ящIынур езыхэм къыздашащ икIи Мырзэр хуэм-хуэмурэ лей къэхъуащ.
Иужь лъэхъэнэм зыхэта «Химки»-р Резуан хуабжьу къыхуэныкъуэт. Езыми лъэкIыныгъэ ин зэриIэр аргуэру зэ наIуэ ищIыну, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам игъэзэжыну щIэхъуэпсырт. Арати, зыр адрейм щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуащ: адыгэ щIалэм я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIа мыхьэнэшхуэ зиIэ топхэм я фIыгъэкIэ «Химки»-р здэщыта иужь дыдэ увыпIэр ибгынэри нэхъ лъэрызехьэхэм яхыхьащ икIи еянэ увыпIэм щыту зэхьэзэхэур ирагъэухащ. Мырзэм къэщIэрэщIэжа и джэгукIэфIым къэралым и гуп къыхэхам и тренерхэми гу лъатэжащ икIи мыгувэу щIэзыдзэну Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм зыхуэзыгъэхьэзырынухэм хагъэхьащ. Дыщогугъ Резуан и Iэзагъ лъагэр аргуэру къыщигъэлъэгъуэну щIыпIэ ар хъуну.
Бэджэнду Мырзэр «Химки»-м зэрыщыIэну пIалъэр иухауэ Мэзкуу егъэзэж. Ар зыхэт «Спартак»-ми зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрыпэплъэм шэч къыщIытепхьэщэн щыIэкъым, и тренер нэхъыщхьэр аргуэру зэрахъуэжам къыхэкIыу. Хэт ищIэн, адэкIэ къыхуэнэж илъэсыр абы щигъэкIуэнкIи хъунщ. Армырамэ щIэупщIэр и куэдщ икIи премьер-лигэм иджыпсту щыджэгу адыгэ закъуэм дэтхэнэ гупри зэригъэлъэщыфынур иджыри зэ псоми хьэкъ ящыхъуащ. Резуан и уасэр аргуэру дэуеящ. Иджы ар «Спартак»-м иутIыпщынукъым еврэ мелуанитI нэхъ икIэ къихуауэ. НэхъыфIыжыр къэнэжа илъэсыр мэзкуудэсхэм яхэту игъакIуэмэщ. ИтIанэ абы Iэмал игъуэтынут Европэм и Чемпионхэм я лигэми зыкъыщигъэлъэгъуэну. Ар дэтхэнэ зы футболистри зыщIэхъуэпсщ.

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: