КъБР-м и цIыхубэ артист Къаздэхъу СулътIан

Зыми емыщхь

Пасэу белджылы къэхъуат Къаздэхъу СулътIан гъуазджэм зэрыдихьэхыр: школ самодеятельностым хэтт, езыр къыщалъхуа Ислъэмей къуажэм икIыурэ Бахъсэн кIуэрти, ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъагъуэ спектаклхэм еплъырт. Налшыки щынэс щыIэт, театрым еплъын папщIэ. Тэмэму ящIащ Москва кIуэуэ актёру еджэну мурад зыщIа Сулъ­тIан нэхъыжьхэр зэрыпэрымыуар.

МОСКВА Луначарскэм и цIэр зезыхьэ и театр институтыр 1958 гъэм Къаздэхъу СулътIан щIыгъуу къаухауэ щытащ цIыху пщыкIублым. ЗэщIэгъэуIуауэ, гугъэшхуэ уагъэщIу къэ­кIуэжащ ахэр псори лъэпкъ ­театрым.
Нэхъыщхьэр - зэчийрщ, сценическэ Iэзагъырщ. Ауэ ари зыми щыщкъым, театрыр гукIи псэкIи фIыуэ умылъагъумэ, абы сытым дежи ухуэпэжу ущымытмэ.
СулътIан щIалэ лъагэкъым, и нэгур угъурлыфэщ, и макъыр щабэщ, езыр Iэдэбщ. Абы ищIащ цIыху ткIийм икIи пхъашэм, хьилэшым икIи бзаджэм, жэрдэмыншэм икIи псэ махэм - кIэщIу жыпIэмэ, я дуней тетыкIэкIи, я лэжьыгъэкIи, я псэукIэкIи зэмыщхь цIыху Iэджэм я теплъэхэр. Ауэ зыми жиIакъым СулътIан и лэжьэкIэм фэрыщIагъ хэлъу, ролым пэмылъэщауэ.
Шэч хэлъкъым - фIыщ актёрым ­адрейхэм къазэрыщхьэщыкI хъэтI, езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэжмэ. Къаздэхъур адрейхэм ещхь зымыщI и хъэтIщ дэтхэнэ зы ролми щIэ зэрыхилъхьэфыр. Ар хуэхейщ зыгуэрым зыпыщIыжыным. СулътIан щыджэгуащ спектакль куэдым - псори тIощIрэ пщIым щIегъу. Абыхэм я нэхъыбэм роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ.
Къаздэхъум актёр зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым щыхьэт тохъуэ классическэ пьесэхэми (Островский А. Н. и «Гу пщтырым», Мольер и «Хуэмыхъуу Iэзэ ящIам», Флетчер и «Фыз къэгъэIурыщIэкIэм», нэгъуэщIхэми), совет драматургхэм я пьесэхэми (Злобиным и «Махуэ телъыджэм», Розовым и «Гъуэгу махуэм», Вишневскэм и «Псэ зэпылъхьэпIэ илъэсым», Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам»), адыгэ драматургхэм ятха пьесэхэм япкъ иткIэ ягъэува спектаклхэми ехъулIэныгъэкIэ ар зэрыщыджэгур.
Актёрым куууэ зыхещIэ дэтхэнэ пьесэри зытеухуа Iуэхугъуэр, абы къыхэкIыуи сыт хуэдэ ролми бгъэ­дыхьэкIэ тэмэм къыхуегъуэтыф. Псом хуэмыдэу ар наIуэ щыхъуащ «Фыз къэгъэIурыщIэкIэм». СулътIан зи роль игъэзэщIа капитан Перец щхьэщытхъум фадэр фIэфIщ, езыр мыщIыжьщ, гурбиянщ. Ауэ зи псэр къабзэ цIыхущ. ФитI-бзитIу, гущIэ­гъуншэу, гъэпцIакIуэу яхэткъым ар цIыхухэм. Абы и гур зэIухащ. Къаздэхъум пэжагъышхуэ хэлъу къигъэлъэгъуащ ар. А ролымкIэ СулътIан жиIэ хуэдэщ: «Ари цIыхущ, гъащIэ мыхъу­ мыщIэм зэрызэIигъэхьар и да­гъуэми».­ ­
Вишневский Всеволод и «Оптимистическая трагедия»-р совет пье­сэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Къаздэхъум абы Одессит и ролыр щигъэзэщIащ. Пэжу, ар ролышхуэкъым. Ауэ ар ин хъунуми зэрыцIыкIуу къэнэжынуми, зэрыжаIэщи, зэлъы­тар езы артистырщ. СулътIан хузэ­фIэкIащ пычыгъуэ тIэкIур ин ищIын. Къаздэхъум и Одесситыр щхьэ­хуещэщ, и ныбжьэгъу дыдэхэри ищэ­фынущ езым и сэбэп зыхэлъым щхьэкIэ. Абы и мызакъуэу, ар куп­щIэн­шэщ, къэрабгъэщ, зи хущхьэ хъум и бзущ.
«ЩIыщIэ къэIэта» спектаклыр ди театрым и иужьрей илъэсхэм иIа лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Абы роль нэхъыщхьэхэм ящыщ зы щигъэзэщIащ Къаздэхъум – къуажэ Советым и унафэщI Разметнову джэ­гуащ. Шолоховым и романми абы къытращIыкIа спектаклми гулъытэшхуэ щыхуащI а образым. Ар куэдкIэ къащхьэщокI Давыдов гуа­щIэми Нагульнов мэхъашэми. Раз­мет­новыр къэлыбыгъуафIэкъым, ауэ и Iэдэбагъым щIихъумэркъым и тегушхуэныгъэр. Ар цIыху гуапэщ ныбжьэгъум щепсалъэм деж, гулъы­тэ яхуещI и къуажэгъу гуащIэ­рып­сэухэм. Апхуэдэущ Разметновыр дэ Къаздэхъум зэрыдигъэлъагъур. ­Нэ­гъуэщI роль куэди СулътIан ­игъэ­­зэ­щIащ и Iэзагъэм щыхьэт те­хъуэу.
АтIэ, сыт Къаздэхъум и ехъулIэныгъэхэм я щэхур? Дауи, ищхьэмкIэ щыжытIахэрщ нэхъыщхьэр. Ауэ ­СулътIан фIыуэ ещIэ актёрым и лэ­жьыгъэм цIыкIуфIэкIу зэры­хэ­мы­лъыр, сценэм къихьа цIыхум и псэ­лъэкIэкIи, и джэгукIэкIи дагъуэ иIэн зэры­хуэ­мейр. Къаздэхъур ящыщ­къым зи макъым щIэдэIужхэм. Сценэм щитым деж ар зэдаIуэр и гум и макъырщ. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр псалъэм и IукIэракъым, абы щIэлъ гупсысэрщ. Къаздэхъу СулътIан ­ху­щIокъу и джэгукIэкIи, и бэкъуэ­­кIэ­кIи, и зыIыгъыкIэ псомкIи а гупсысэр сценэм къыщигъэлъэгъуэну.
 
КЪАМБИЙ Зуфар.
1978 гъэ

 

Гъунэгъу телъыджэ

ЕджапIэм сыкъикIыжу театрым къыщызгъэзэжам япэ дыдэу къысIущIауэ щытар СулътIанщ. Театрым щIалэгъуалэ и мащIэу, ещанэ студиер Москва ягъэкIуа къудейуэ арати, лэжьыгъэм псын­щIэу сыпэрыуващ.

СПЕКТАКЛЬ екIуэкIхэм псынщIэ дыдэу сыхашэрт, щIэ ягъэувахэми ролыншэ сыщыхъуртэкъым. Мис а лъэхъэнэм гъуэгугъэлъа­гъуэ, чэнджэщэгъу, теат­рым и щэху мытхахэм нэIуасэ сахуэзыщIар СулътIант. Къалэм фэтэр зэры­щы­зимы­Iэм къыхэкIыу, къуа­жэм кIуэр-къэкIуэжу сы­лажьэрт.
Театр лэжьыгъэр зэрыгъэщIэгъуэным хуэдэу, абы и ухуэкIэри мыдрейхэм ещхь­т­экъым, пщэдджы­жьым сыхьэтыр пщIым щIэбдзэрти, сыхьэтитI хъуху репетицэт, абы иужькIэ пщыхьэщхьэ хъуху сыхьэ­тищ-плIыкIэ зыбгъэпсэхурти, пщыхьэщхьэм къуажэм яшэну спектаклым укърихьэлIэжын хуейт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а зэман мащIэм сэ къуажэм сыкIуэ­жыфыртэкъыми, а сыхьэт зыщыплIыр есхьэкIынымкIэ хуабжьу зыкъысщIигъэкъуащ Къаздэхъум. Езы­хэри ехьэжьауэ мыпсэуми, зыщIэсыр «хрущёвкэ» пэш цIыкIуитIми, зэи цIыхуншэ хъуртэкъым СулътIан и унагъуэр, апхуэдэ дыдэуи я Iэнэр ерыскъыншэтэкъым. Мызэ-мытIэу щызгъуэтащ абы щхьэегъэзыпIэ, гувауэ спектаклыр иухамэ, нэху сыкъыщригъэкIыуи щытащ. Репетицэ нэужьым дыкъанэрт театрми, си ролым зэгъусэу дел жьырт.
Лэжьыгъэм щыщIэбдза лъэхъэнэм зыкъыпщIэзыгъэкъуа цIыхур пщыгъупщэ хъун-тIэ? ИужькIэ зэман докI­ри, сэри лэжьыгъэм сы­хэ­зэгъауэ, актёрыным нэ­мыщI режиссёрынми сы­щы­хыхьэм, япэ дыдэу згъэу­вар Иоселиани Отар и пьесэм къытесщIыкIа спек­так­лырати, дауи, СулътIан хэзгъэхьащ. Шэт Николай и пьесэ «Сыт и уасэ лъа­гъуныгъэр?» щызгъэувми, ды­зэдэлэжьащ икIи а спектаклым дыщызэдэджэ­гуащ.
Зэман докIри, фэтэр къызат, СулътIан и бынунагъуэр пэш зэв цIыкIуитIым къы­щIешри, зы унэ дыщIохуэ, дыщIэхуэ къудей мыхъуу, зы къатым дытохуэ, дэ унагъуитIым фIэкIа темысу.
Мис абдежщ сэ къыщызгурыIуар гъунэгъуфI жы­хуаIэр зыхуэдэр. Унэ ­ды­зыщIэхуар артистхэмрэ ­дохутырхэмрэ зэдагуэшу арати, щIэсхэри псынщIэу ды­зэ­рыцIыхури, «хьэблэ цIыкIу» зыфIэтщыжауэ дып­сэуащ. Гуп зэхэшэу, хьэблэ зэрыIыгъыу, дифIри ди Iейри зэрыщIэу дып­сэуным елIэлIар СулътIанрэ абы и щхьэгъусэ Русла­нэрэщ.
Хуабжьу зэдекIуу, зыр зым щIэгъэкъуэн хуэхъуу я гъащIэ мащIэр зэдахьащ а тIум, я псэхэр зэпэIэщIэу псэуфыну къыщIэкIынтэкъыми, зэрагъэхьышхуэ щымыIэу, зэкIэлъехыжащ дунейм. Хьэблэр апхуэдизу а тIум зэрагъэIыгъырти, зыгуэрым къишэмэ е ипхъу иригъашэмэ, а Iуэхугъуэм елIалIэхэрт езыхэм яйм хуэ­дэу. Егъэлеяуэ Iэтауэ, те­левиденэмкIэ трахыу дгъэ­лъэпIащ унэр къызэрыдатрэ илъэс 20 щрикъури, илъэс 25-рэ щыхъури. Зэ­рыгурыIуэгъуэщи, абы­хэм я зэхэублакIуэу щытари а тIурщ.
СИ ПСАЛЪЭМАКЪЫР ­гъунэгъум тезухуами, СулътIан и гуащIэми фIыуэ сыщыгъуазэу щытащ. ДжэгуакIуэшхуэм и зэфIэкIым, абы зэрызиужьым сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэ­лъып­лъырт, си лэжьыгъэми ар къалэн къысщищIырти. Режиссёрхэм нэхъ къагъэ­сэбэпу щытар СулътIан хэлъ комедийнэ зэфIэкIырт, уеблэмэ, образ дыхьэшхэну хъуар абы иратырт гугъу зрамыгъэхьын папщIэ. Актёр Iэзэм а ролыр къызэрехъулIэнур ящIэрти, театр­еплъхэм я гум зэрынэсын зэфIэкI зэриIэр къагъэ­сэбэпырт. Ауэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэмрэ» «Эди­пымрэ» СулътIан щигъэ­зэщIа образхэр тлъэгъуа иужькIэ, режиссёрхэми ­теат­реплъхэми къагуры­Iуащ абы и къэухьыр зэ­рыи­ныр, узыгъэгупсысэ психологие драмэми, трагедиеми зэ­рыхуэIэижьыр.
СулътIан и зэфIэкIхэр къыщыгъэсэбэпа хъуащ радиомрэ телевиденэмрэ. Абы къыбгъэдэкIа лэжьыгъэ куэд яIэщ «дыщэ фонд» жыхуаIэм хэхуауэ. Къаздэхъум куууэ иджат, ищIэрт ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ я IэдакъэщIэкIхэр. И кIэм нэс гукIэ ищIэрт Алим и ­«Мадинэ» поэмэри, уса­кIуэш­хуэм и тхыгъэхэм къыт­рищIыкIа композицэ игъэхьэзыращ «Зы актёрым и театр» жы­хуаIэхэм хуэдэу, икIи мурад ищIат абы щыгъуазэ ищIыну республикэм курыт еджапIэу итыр.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ­        а мурад дахэр и кIэм хунэгъэсакъым, игъэлъэгъуэфар спектаклитхущ. «Мы узыр тIэкIу сщхьэщыкIмэ, уэри узигъусэу, республикэм и школ псори къызэхэткIухьынщ», - къызжиIэгъат абы. Хъарзынэ хъунт, абы и лэжьэгъуу щыта нэхъ щIалэхэм а IуэхугъуэщIэр и кIэм нагъэсамэ. Сэ сыщыгъуазэщ а мурадми, си ­гуапэу сыдэгуэшэнт ап­хуэдэ гупыж зыщIынухэм.
Куэд илэжьу щытащ икIи хузэфIэкIащ СулътIан хамэ къэрал щыIэ ди лъэп къэ­гъу­хэм хуэгъэзауэ. Мы­зэ-мытIэу ар щыIащ адыгэ щыпсэу къэралхэм, яхуэзащ икIи зыкъыщигъэлъэгъуащ «Адыгэ Хасэ» куэ­дым. Хэкум къагъэзэ­жынымкIэ зыбжанэм сэбэп яхуэхъуащ, ахэр иджы унагъуэ хъужауэ ди деж щопсэу. Къаздэхъум и уна­гъуэр «етIуанэ хэкущ» жаIэу, абы и деж къемыблагъэу, щы­мыхьэщIэу и шыгъупIастэ яIумыхуэу адыгэ куэдым ягъэ­зэжакъым.
-  СулътIан хуабжьу и нэ къикIыу щытащ илъэс 70 щрикъур игъэлъэпIэну, абы ирихьэлIэу игъэлъэгъуэну лэжьыгъэшхуэ зыбжани иубзыхуат. СощIэж, Къаздэхъум и илъэс хыщI юбилейр зэфIэдгъэкIауэ, мыр къызжиIауэ щытауэ: «Юбилей куэдри фIыкъым, ауэ илъэсипщI къэс зэ узэхуэс хъунущ къэпкIуа гъуэ­гуанэм уриплъэжыну, пху­зэ­фIэкIар къэппщытэжыну. Шыбг дыкъимыхуэу илъэс блыщIым дынэсарэ, абы и лъагапIэм дытету «зы пшыхьыфI» тщIыжамэ, ара хъунт дэ тхузэфIэкIынур». И псэм ищIа хъунт - къехъу­лIакъым.

ТХЬЭЗЭПЛЪЫЖ Ислъам,
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.

 

Ди гум щопсалъэ, щогуфIэ, щопсэу

Илъэс тIощIкIэ сыкIэлъыплъащ СулътIан и лэжьыгъэм. А зэманым къриубыдэу абы и зэфIэкIым куэд хигъэхъуащ. «Мыр япэм сцIыхуу щыта Къаздэхъуракъым» щIыжы­пIэн щыIэт. ФIы и лъэныкъуэкIэ.

IУТIЫЖ Борис и «Тыргъэтауэ» спектаклым щыслъэгъуа артистыр къыс­хуэцIыхужыртэкъым. СулътIан игъэ­зэщIа Шупашэ и ролыр купщIафIэт, зэрыджэгу щIыкIэри уи фIэщ хъурт.
Абы иужькIэ Къаздэхъур удихьэхыу хэтащ «Хьэцацэ дахащэ», «Гуа­щэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэр гушы­Iэщ», «Фыз цIыкIу къамэшхуэ», «ТIатIушэрэ СатIурэ», «Эдип» спектакл­хэм. Илъэс къэси и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпытт. Хуэфащэ дыдэуи СулътIан къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэ лъа­пIэр.
Илъэс тIощIкIэ си ныбжьэгъуащ а цIыху гуащIафIэр. Ар хьэлэлт - сом фIэкIа имыIыгъми, къыбдигуэшынут. Ар гумащIэт - хамэ къэрал къикIа ди лъэпкъэгъухэм зэман ятригъэ­кIуа­дэрт. Ар езэшыртэкъым - гуп яхэс­мэ, усэ къеджэрт, дахэу гушыIэрт, уэ­рэдыжь къыхэбдзэмэ, къыбдиIыгът.
Сэ мызэ-мытIэу СулътIан и гъусэу гъуэгу сытехьащ. Ар цIыху тыншт, жэщи махуи, илъэс бжыгъэкIэ уригъусами, уигъэзэшынутэкъым.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къаздэхъу СулътIан щыIэжкъым. Ауэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр фIыуэ зы­лъагъу­хэм ЦIыхубэ Артистыр ноби я гум щопсалъэ, щогуфIэ, щопсэу.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

 

Хущхъуэ хъарзынэ

 

ГушыIэр, жаIэ, Тхьэм и щIасэщ.
Ар зи мыщIасэр щIэх жьы мэхъу.
Жьы зывмыщIынумэ нэхъ пасэу,
Хущхъуэ хъарзынэщ мыр: «Къаздэхъу»…

Хущхъуэгъуэ папщIэу уи лэжьыгъэр
Уэ яхуогуэшыр цIыху къопщIам.
Аращ и щэхур лъагъуныгъэ
Адыгэ лъэпкъым къыпхуищIам.

ДЫГЪУАСЭ хуэдэщ мы усэ кIэщI цIыкIур сэ СулътIан щыхуэстхар, ауэ гущIэгъуншэу ежэкI зэманым зэрыжиIэмкIэ, илъэс 12 мэхъу абы лъандэрэ. Псом нэхърэ нэхъ гуауэу абы хэлъращи, илъэс зытIо­щIырыпщI хуэдизкIэ ажал Iуэху лъэпкъ зи щхьэ хуумы­хьыфыну абы щыгъуэ къытщыхъуу щыта езы Къаз­дэхъу СулътIан дунейм зэрехыжрэ илъэс бжыгъэ хъуащ.
Актёр Iэзэу, актёр Iэсэу щытауэ къызолъытэ сэ Къаз­дэхъу СулътIан. СулътIан и актёр Iэзагъым зэран хуэ­хъуарэ сэбэп хуэхъуарэ Тхьэм ещIэ, ауэ си тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэм хэту ар куэдрэ сценэм къызэрихьар Адыгэ театрыр фIыуэ зылъагъу псоми ящIэж, сэри абы хуабжьу сригуфIэу икIи сригушхуэу щытащ.
СулътIан и актёр Iэзагъэм теухуауэ зэ къытезгъэзэжынщи, ар ящыщт птхам нэгъуэщIынэкIэ уезыгъэп­лъыжыфхэм, ущыгуфIыкIыу, кIуэаракъэ, уригъэхъуэпсэжу ролыр зыгъэзащIэхэм.
СэркIэ гуимыхужщ абы Тыргъэтауэ и адэ Шупашэ и ролыр гукIи псэкIи етауэ игъэзащIэу, тхыгъэм зы «IэфI» гуэр хэлъыххэмэ, ар къеплъхэм, къедаIуэхэм я деж гупсэхуу нихьэсыфу зэрыщытар. Апхуэдэ дыдэу Iэзэу игъэзэщIащ СулътIан «Эдип» пьесэм къытращIыкIа спектаклым хэт Форбас и ролри.
АтIэми, Къаздэхъур цIыхухэм ягу нэхъ къызэринари, и актёр IуэхущIафэм и нэхъыбапIэри абы и гушыIэ, ­ауан ролхэрщ, комедиехэм щигъэлъэгъуа зэфIэкIырщ. Си тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэу «Гуащэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», «ГушыIэр гушыIэщ», «Жьэмыгъуэ - Африкэм» жыхуиIэхэм хэтащ СулътIан. Сэ сытым дежи жызоIэ, ноби жысIэну сыхуейщ: Къаздэхъу СулътIанрэ Мэшыкъуэ Фенярэ а спектаклхэм я ролхэр зэрыщагъэзэщIам хуэдэу зыгъэзэщIэн къэгъуэ­тыгъуейщ. А артист гъуэзэджэхэм я фIыгъэкIэ си персонажхэу Жьэмыгъуэрэ Хьэжымуридрэ роль-маскэ жыхуаIэ мыхьэнэр щагъуэтауэ къызолъытэ сэ ди театр гъуазджэм.
Сэ си насып къикIауэ къызолъытэ Къаздэхъу Сулъ­тIан хуэдэ актер иным си пьесэхэр цIыхухэм я гум, я псэм зэрынихьэсам къыхэкIыу. Срогушхуэ ар си ныбжьэгъуфIу зэрыщытам, зы лэжьапIэ дыIумытами, дызэдэлэжьащ, театр Iуэху къызэдетхьэжьэу, зэфIэтхыу дызэщIыгъуащ, жысIэну сызэрыхуитым.
И актёр Iэзагъэм и закъуэтэкъым Къаздэхъум цIыхур зэрызыIэпишэр. Нэгъэсауэ цIыху угъурлыт, жумартт, хэтыкIэ, дэгъуэгурыкIуэкIэ ищIэрт.
Елбэдым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «хрущёвкэ» гуэрщ СулътIан щыпсэуар. Актёр, къэфакIуэ, музыкант жыпIэми, гъуазджэм и лэжьакIуэ зыкъом щопсэу а унэм. Щопсэу, сэ зэрысщIэмкIэ, я гуауэри я гуапэри зыуэ, я шыгъупIастэ зэIурылъу, я Iуэху дэтхэнэри къы­зэдаIэту. ЖыпIэнуракъэ, хъуэпсэгъуэу. А псор щIы­жысIэращи, Къаздэхъу СулътIанрэ абы и щхьэгъусэ Русланэрэщ (жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ, ари дунейм ехыжащ) а зэгъунэгъуфIхэм я нэхъыжьуи Iуэхупэуб­лэуи щытахэр.
Бын и лъэныкъуэкIи я псэхэр щIэгуфIэн лъэужь дунейм къытранащ СулътIанрэ Русланэрэ. я къуэ закъуэ Аслъэн «щэ уэстын, хьэмэ щэ и уасэу зы уэстын?» жыхуаIэм хуэдэщи, нобэрей гъащIэм хъарзынэу хэзэгъауэ къэзылъхуахэм зэрахуэфэщэну мэпсэу, сабийуэ къаIэрыхьэу СулътIанрэ Русланэрэ зэдапIа фIэкIа умыщIэну, Аслъэн и щхьэгъусэ Рити нэгъэсауэ цIыху угъурлыщ, бын дахэ зэдапI. Апхуэдэщ СулътIанрэ Русланэрэ япхъу Ларисэ и унагъуэри. Ларисэ адэм и Iэ­щIагъэр къыхихащ, иджыпсту актёр IэщIагъэмкIэ ­сабийхэм ядолажьэ.
Мыпхуэдэу сухыну сыхуейт си тхыгъэр. Къаздэхъу СулътIани, СулътIан и ныбжьхэми, ахэр къызыщIэтэджа ди артист нэхъыжьыжхэми я балигъ гъащIэм и нэхъыбапIэр щрахьэкIар, Тхьэм ирещIи, Адыгэ теат­рыращ, абы нэхъыфIу ялъагъу уни дунейм тетауэ къыщIэкIынукъым. Илъэс мин бжыгъэкIэ адыгэ лъэпкъыр дыхуэкIуауэ жыпIэ хъунущ театр диIэ  ­хъуным (театр унэракъым дэ мыбдежым зи гугъу тщIыр). ­Зы лIы ныбжь хуэдизи ирикъуакъым а насыпыр дэ зэ­рыдгъуэтрэ. НтIэ, а насыпыр адэкIи зыхуэхъумэн, ­нэгъэсауэ лъэпкъым хуэзыгъэблэфын абы епха псо-­         ри Тхьэм дищI!
IУТIЫЖ Борис,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
2007 гъэ

 

Си адэр иужьрейуэ мэджэгу

Дэтхэнэ зы цIыхуми иIэщ гум щигъа­фIэ гукъэкIыжхэр. АпхуэдэхэмкIэ сыв­дэгуэшэну сыхуейщ.

ЖЬЫ ХЪУАУЭ зипхъу закъуэр зыфIэкIуэду зи закъуэу къэна лIыжьым и ролыр си адэм «Жын фIыцIэ» спектаклым зэрыщигъэзэщIам сыщеплъар си сабиигъуэрами, нобэр къыздэсым сщыгъупщэркъым. Гузэвэгъуэм иужьыгуа, гъащIэр зыфIэ­мыIэфIыж лIыжьым губгъуэхэр, мэзхэр, бгыхэр, къуажэхэр къызэхикIухьырт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зы къуажэ гуэрым щилъэгъуащ и пхъум ещхьу зы хъыджэбз. ЛIыжьым щIидзащ абы щэхуу кIэлъып­лъын. ИужькIэ махуэ къэс губгъуэ удз гъэгъахэр хуихь хъуащ. Хъыджэбзым лIыжьым и гузэвэгъуэр зыхуэдэр къищIа нэужь, тхьэмадэм и щытыкIэр къыгуры­Iуащ­ икIи адэ гумащIэр пхъум зэрыхущытым хуэдэу къыхущытыну хуит ищIащ. Зэман дэкIа нэужь, хъыджэбзыр щIалэ ­къулейм щхьэгъусэ хуохъу, ауэ, псэгъу хуэхъуам и унагъуэм ар «зэрапэскъым», унагъуэ бей къызэрыхэмыкIам, и адэр фадэм зэрыдихьэхым, нысащIэр зэрысымаджэм къыхэкIыу. ЩIалэм и унагъуэр хуожьэ нысащIэр лъэныкъуэ ирагъэзыну. Гузэвэгъуэ къызэрыхъунур лIыжьым псэкIэ зыхещIэри, а унагъуэм макIуэ, ауэ хъыджэбзыр дунейм ехыжауэ ирохьэлIэ…
Пхъу хуэхъуа пщащэр щылIэм, лIыжьми щIэпсэун щхьэусыгъуэ имыIэжу къызэрилъытэр и нэгум къищу, гум щIыхьэ гъыбзэ къришу, хъыджэбзыр и IэплIэм илъу утыку къохьэ. А дакъикъэм пэшым щIэсхэр дымат… Сигу узат апхуэдэу дэIэпыкъуэ­гъуншэу, закъуэныгъэр къытехьэлъэу, зэфIэкIыншэу си адэр щыслъэгъуам. ­Нэхъ сфIэгуэныхь хъуар си адэрарэ е зи ролыр игъэзащIэ лIыжьырарэ гурыIуэ­гъуэтэкъым… КъыкIэлъыкIуэ гукъэкIыжыр зэпхар си адэр дунейм ехыжыным ипэ къи­хуэу сызрихьэлIа Iуэхугъуэрщ. ЛэжьапIэ нэужьым си адэ-анэр слъагъуну сы­кIуат. А зэманым я узыншагъэм къимыхьу тIури пIэм хэлът. Си анэм пэшыр къызэпип­лъыхьри, жиIащ: «Къаздэхъу, куэд щIауэ унэр зыхуей хуэдгъэзакъым, унэлъащIэхэр жьы хъуащ, зэтхъуэкIамэ фIыт. Зыгуэр къытщыщIрэ цIыхухэр къакIуэм, цIыху цIэрыIуэу щыта щхьэкIэ, фIыуи псэ­уакъым, унэлъащIэ лъапIи яIакъым, я пэшхэри зехьатэкъым къытхужаIэнщ». Абы и жэуапу си адэм жиIащ: «Умыгу­­завэ, Русланэ, мылъкукIэ мыхъуми, ныбжьэ­гъукIэ дыкъулейщ! Дунейм нэхъ лъапIэ дыдэу тетыр - цIыхуращ! Нэхъыщхьэр цIыхум и гукъеуэр щхьэщыпхыфу, зыр зым удэIэпыкъуфу, узэкъуэту упсэунырщ».
А лъапIэныгъэхэр си адэ-анэр псэуху ядэтлъэгъуащ. Си адэр щIэпсэуари щIэлэжьари цIыхухэращ, сценэр абы и гъа­щIэм къыгуихыртэкъым.
Иужь дыдэу утыку зэрихьам сыкъытемыувыIэн слъэкIынукъым. Иужьрей мазэхэм ар сымаджэщым щIэлъащ. Си адэм и гукъыдэжыр къэзыIэтыф щымыIэу хэплъэрт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Балъкъыз Валерэ (а зэманым Къэбэрдей драмэ театрым и унафэщIу лажьэрт) сы­маджэщым къакIуэри, хъыбар къригъэщIащ IутIыж Борис и творческэ пшыхь зэрыщыIэнум, абы и «УгушыIэнумэ, ­къеблагъэ» пьесэм щыщ Iыхьэ си адэмрэ Мэшыкъуэ Фенэрэ ягъэзэщIэну программэм зэрыхагъэхьам теухуауэ. Си адэр, дауи, абы арэзы техъуакъым. Балъкъыз Валерэ фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ си адэм гугъэ езыгъэщI псалъэхэр абы щыгъуэ къызэрыхуигъуэтыфам папщIэ. Валерэрэ сэрэ тщIэрт си адэр СЦЕНЭМ ЗЭ­РЫЩЫПСЭУР, утыку щиткIэ къаруущIэ къызэрыхэхъуэр. СЦЕНЭМ ЗЭРЫ­ЩЫ­ДЖЭГУНУМ узым ирипэщIэтыну къару къыхилъхьэну хуабжьу дыщыгугъырт. Си адэм театреплъхэм фIыуэ къызэра­лъагъур,­ къызэрыпэплъэр къыгурыIуэрти… арэзы хъуащ. И нэм хъуаскIэ къыщIих хъужащ, къару, гукъыдэж къылъы­къуэкIри, жиIэн хуейхэр игу къигъэкIыжу щIидзащ. Спектаклыр щыщыIэну махуэм, машинэ къагъакIуэри, театрым докIуэ. Си адэр зэрысымаджэр и лэжьэгъу артистхэм ящIэрти, джэгуфыну пIэрэ, жаIэу гузавэрт.
Си адэр сценэм щихьэнум пэплъэрт. Сэ зыхэсщIэрт театреплъхэр и джэгукIэмкIэ арэзы имыщIыфыным ар зэрытегузэвыхьыр. Мис сценэм итщ. Си адэр джэгурт, иужьрейуэ утыку зэритыр гукIи псэкIи зыхищIэу. И къару, и гурыгъу-гурыщIэ псор и IэзагъкIэ къигъэлъагъуэу спектаклым еплъхэм ар яхуэупсащ. Абы къыпэкIуащ актёрым и дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэр - пшыхьым кърихьэлIахэм я Iэгуауэ кIыхьыр.
Сценэм икIыжа нэужь, программэр иухыху ар и лэжьэгъухэм я джэгукIэм кIэлъыплъащ. Зигъэпсэхуну жетIа щхьэ­кIэ, къытхуидакъым. И нэхэм нэщ­хъея­гъуэ къащIихырт, и лэжьэгъухэм, сценэм, ­театреплъхэм сэлам ярихыж хуэдэт…
Абы сыщыкIэлъыплъым сигу къэкIыжащ «Жын фIыцIэ» спектаклым къарууншэу, дэIэпыкъуэгъуншэу, и пхъур фIэ­кIуэ­дауэ, закъуэныгъэр къытехьэлъэу къы­хэщ лIыжьыр. Иджы и пхъур абы бгъэ­дэтт зэгуэрым лIыжьым зыхищIар езым и щхьэкIэ игъэву.
БЫДЭ Ларисэ,
Къаздэхъу СулътIан ипхъу. 2014 гъэ

 

 

 

 

«Тыргъэтауэ» спектаклым щоджэгу ЖьакIэмыхъу КIунэрэ Къаздэхъу СулътIанрэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ТIыхъужь Алийрэ
Къаздэхъу СулътIанрэ. 1995 гъэ

Поделиться: