Мэрем пшыхь

Тхыгъэ кIэщIхэр
Щытхъуащ

 - СщIа сурэтхэр плъэгъуа?
- Слъэгъуащ.
-АтIэ дауэ къыпщыхъуа?
- Шырыкъу Хъызыр ейхэм нэхърэ нэхъыфIщ.
- Iагъу, ар дауэ? Шырыкъум сурэт ищIыркъым.
- Сэри аращ щIыжысIэр.

Нолым и зэфIэкIыр
ТIур Щым хуэзащи хуотхьэусыхэ?
- Сыту хьэтырыншэ мы Нолыр! Зы къызэт жысIэри селъэIуати, тхьэ иIуащ имыIэу.
- НтIэ сэри къызимытыну пIэрэ, згъэунэхунти, - жиIэри Щыр Нолым деж кIуащи, йолъэIу:
- Ей, Ноль, хуабжьу сыхуэныкъуэ хъуащи, кхъыIэ, Зы е ТIу къызэт хьэхуу.
Нолыр абы гуапэ дыдэу къыIущIащ.
- Айэ, уэстынт, Щы! Хьэху зрамытыр уэ пхуэдэ! Ауэ, уэлэхьи, сэ Зыи ТIуи симыIэ. Дэнэ къисхын? Сыхъурей закъуэу дунейм сытетщ. Сэ слъэкIыращи, зи ужь сиувэ бжыгъэр куэдкIэ согъэбэгъуэф. Уи фIэщ мыхъумэ, уи ужь сигъэувэ - занщIэу ЩэщI ухъунущ.
- А жыхуэпIэр сыту хъарзынэ! Къиувэ си ужьым!
Арати, Щыр ЩэщI хъуауэ къыздэкIуэжым, аргуэру ТIум хуэзэжащ, арщхьэкIэ мобы Щыр къицIыхужыркъым, ЩэщI хъуащи.
- Уэ, ТIу, ущыуащ, Нолым зыри зэримыIэр умыщIэу уелъэIуащ, армыхъумэ ар хьэтырыфIэ гуэру къыщIэкIащ, - жиIащ Щыуэ щытам. - Мис, сэ си ужь къиувэри, си зэфIэкIыр куэдкIэ нэхъ ин ищIащ - сэ иджы ЩэщI сыхъуащ. Уэри уи ужь Ноль игъэуви, ТIощI ухъунущ. ИтIанэ абы гукъанэ хуэпщIыжынкъым.

Чэзу зимыIэ щыIэкъым
ПщIантIэр ихъумэу епхауэ зи гъащIэр зыхьа, жьы хъууэ зи пщэм пщэхъур ирахыжу яутIыпщыжа хьэр иджы зыкIи хуеижтэкъым апхуэдизрэ зыщIэхъуэпса хуитыныгъэм. ЩIэст ар иджыри къэс зыщIэса, зэса хьэунэм. Ауэ куэд мыщIэу абы къыщIахуащ. Пщэхъу илъу пщIантIэм дэтт а унэм дяпэкIэ щIэсыну хьэ щIалэ лъэщыр.

Езыри ираупщIыкIынущ
ЖыгитI зэбгъэдэтым я зыр къагъэуати, адрейр гуфIэрт, «иджы си лъабжьэм уэшхыпс нэхъыбэ щIыхьэнщ!» - жиIэу. Ар егупсысыртэкъым езыри зэгуэр зэрыраупщIыкIынум.
Къагъырмэс Борис.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Ясминэ хьэмэ Дахэжан?

Дунейм къытехьа сабийм цIэ фIэщыным епха Iуэхум мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Къыхаха цIэм сабийм и гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытауэ къащыхъурт. Абы къыхэкIыуи, нэхъыбэу ар пщэрылъ зыщащIыр пщIэ зыхуащI цIыхут. Iуэхум хабзэ дахи къыдогъуэгурыкIуэ: сабийм цIэ фIэзыщIам Iэмал имыIэу цIэфIэщ джанэ игъэхьэзырыжын хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ зы фэилъхьэгъуэ гуэркIэ хуоупсэ.
Псалъэм папщIэ, сабийм фIащыну цIэр къызэрыхахым теухуауэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщегъэлъагъуэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр:
- лъэпкъым, къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа цIыху Iумахуэм зэрихьэ цIэр сабийм ирату щытащ, абы ещхь хъужынущ жыхуаIэу;
- нарт эпосым къызэрыщыгъэлъэгъуэжащи, щIалэ цIыкIу къалъхуа нэужь, и адэм и цIэр иратыжырт, «къуэ» псалъэр пагъэувэрти. Щапхъэу къэпхь хъунущ Бэдын и къуэ Бэдынокъуэ. Ещхьыркъабзэу, нартхэ хабзэу яIащ унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуамэ, абы и анэм и цIэр иратыжу. Псалъэм папщIэ ар IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ «Мэлычыпхъу и пшыналъэм». Абы и анэм зэреджэ Мэлэч цIэр иратыжащ, «пхъу»-р пагъэувэри;
- сабийр дунейм къыщытехьа пIалъэм къриубыдэу а унагъуэм хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуамэ, абы и цIэр фIащу щытащ.
Япэм адыгэхэм цIэ зэрыфIащу щыта хабзэхэр нобэ унагъуэхэм я нэхъыбэм IэщIыб ящIыжащ. Иджыпсту дэтхэнэ зы адэ-анэри хущIэкъу хуэдэщ зыми емыщхьу икIи нэхъ гъэщIэгъуэну я быным цIэ зэрыфIащынум. Абы щыгъуэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдыр егупсысыркъым цIэ къыхаххэм я мыхьэнэр зыхуэдэм.
Сыт хуэдэ цIэхэр фIащрэ иджырей сабийхэм?! Ясминэ, Асидэ, Леонеллэ, Сандринэ, Санитэ, Элантэ, Камиллэ, Сафие, Мелиссэ, Дамир, Имран, Айдар, Алхан, Нариман… Мыхэр, шэч хэмылъу, цIэ дахэщ, ауэ псори хамэбзэм къыхэкIащ.
ДызыщIэвгъэгупсысыжыт: франджыхэм, инджылызхэм, нэмыцэхэм, тыркухэм, хьэрыпхэм я бынхэм фIащыну пIэрэ Дыгъэшыр, Гуащэдахэ, НысэIэфI, Сэтэней, Данэ, Дахэжан, Дыщэнэ, Пщымахуэ, Нартщауэ, Ашэмэз, Шумахуэ, хуэдэхэр?
Тамбий Заремэ.

ГушыIэхэр
Сэлам щхьэкIэ сыбампIэрэ сэ

«Волгэм» ису блэж лIыщхьэм сэлам ирихащ Чэрим.
- Укъилъэгъуакъым а сэлам зэпхам, - жиIащ Дизыкъуажэ, и псэлъэгъум зыхуигъазэри. - МашинэкIэ блэжым сэлам щIепхыр сыт?!
- Уэлэхьи, абы и сэлам щхьэкIэ сымыбампIэ, ауэ пщэдей си щхьэ Iуэху гуэркIэ сыхуейти аращ.

И ныкъуэр сиIащэрэт

ЗэлIзэфызыр зэфIэнат.
ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! - щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.

ЖыIэгъуэхэр
Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ
Мылъку гуэшыным зауэ пэгъунэгъущ.
Удахэкъым зыжепIа цIыхубзым зыщыхъумэ.
Лъэпкъ бгъэкIуэдынумэ, мыхъумыщIэу хэлъыр гъэбагъуэ.
Щхьэщытхъум и пщIэр жыжьэ нэсыркъым.
Жьым хуэпщI пщIэр уи жьы хъугъуэм бгъуэтыжынщ.
ГъунэгъуфI зиIэм дэIэпыкъуэгъу иIэщ.
Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъэр зыхищIэркъым.
Адэ хуэмыщIам деж бын пэтрэ кIуэрейкъым.
Шынагъуэ хэмыхуа лIыр лIыхъужьым хабжэркъым.
ЦIыхум я нэхъ щабэм, хъийм къипшмэ, гущIэгъур фIокIуэд.
Езыгъэлейм удын нэхъыбэ къылъос.
ЦIыхур зэрыпсэур мащIэщ, а гъащIэ тIэкIури зэныкъуэкъуу яхь.
УпIащIэу унафэ къыумыщтэ, упIащIэу псэуэгъу къыхыумых, къэпщта унафэр гъэзащIэ, хэпха псэуэгъур Iыгъыф.
Анэм и лъагъуныгъэм мылри егъэткIури, мафIэри егъэупщIыIу.
Щытхъур Iэщэ лъэщщ - хэти къегъапцIэ, хэти къехьэху.
Ауану зэхэлъыр ауан щIынкIэ ерыщщ.
Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ.
Адыгэ лъэпкъым зэгурымыIуэ къыхэзылъхьэр лъэпкъым и бийщ.
Балигъым хужымыIэр сабийм щиIуатэ къохъу.
Гъуэгу зрамытым и гъуэгур хузэIухи, гъуэгу къезымытхэм япэ ищынщ.
Ажэр бажэм ныбжьэгъу хуэхъунукъым.
Чэнджэщыр фIыщ, чэнджэщэгъум Iуэхум куууэ хищIыкIмэ.
ЩIэм махуэ къэс хохъуэри, жьым махуэ къэс хощI.
ЩIыгу зимыIэж лъэпкъыр цыджан пэлъытэщ.
IуэхуфIкIэ гъэнщIа гъащIэр кIыхьщ.

ГубэщIыкI Владимир.

КIагуэ Iэгъуапэншэ
Гъатхэпэщ. Дыгъэр гуащIэу къопс. Мамэшхуэ «Зингер» лъакъуэрыгъадэм пэрысщи, дзапэ уэрэд жиIэурэ шэцыкуэм Iуданэр трешэ. «Зингер»-р» щхьэгъубжэм бгъэдэтщ, Мамэшхуэ пщIантIэр хуиту елъагъу… Щхьэгъубжэм адэкIэ къыщытщ псылъэшхуэ. КIэлош фIыцIэ цIыкIуитI лъыпыIуауэ абдеж щоджэгу илъэсих зи ныбжьэ Iэминэ. Ар хуэлIыIуэлIыфэщ. Чы къурагъ гуэр къигъуэтауэ бабыщыжьыр хьинтIыру кърехуэкI. МыкIуэмытэ хъужауэ мо бабыщ бэвыр щыщIивэм деж, мыдрейр зэрылъэлъу мэдыхьэшхри кIэлош зэмыгуэгъуитIыр къызэдэфэу тоуэ-топкIэ.
Ауэрэ бабыщри къыIэщIоужагъуэри, зыгуэр игу къэкIыжауэ, ар псылъэмкIэ мажэ. Зэпэхъурей цIыкIур «Iыхь-сыхь» ищIурэ псылъэм допщейри щхьэгъубжэм доплъ… Дыгъэр тоцIуукI - зыри илъагъуркъым. И пэр абджым кIэрепIытIэри, IэгуитI натIэ ищIу пэшым щIоплъэ.
Мамэшхуэ и щхьэр къеIэт:
- Ехыт! Уемыхуэх щIыкIэ ех жысIаи!
Ар Iэминэ и тхьэкIумэм иIуэркъым, лъакъуэрыгъадэ нэзым телъ ныкъуэдым и нэ тедияуэ зэпеплъыхь. Сыту пIэрэ а хужьыбзэр… Бацэплъ цIыкIуи Iуту зы дахэ гуэрщ. Хэту пIэрэ зыхуидыр? Дауи, сэракъым…
Анэшхуэм зэригъэзахуэр адэкIэ зэпиплъыхьурэ Iэминэ къонэщхъей. «Уарэ жыIэ! КIагуэ цIыкIу! Хужьыбзэу, Iэгъуапэншэу, бацэплъ баринэкIэ къэ­щIыхьауэ кIагуэ Iэгъуапэншэ. Ухуейми къаплъэ, аргуэрыжьу IэтIатщ зыхуидыр. Ар нэхъыжьщи, мамэшхуэ мыувыIэу зыгуэр хуед е хуебз. НтIэ, тхьэ, IэтIат нэхъ нэхърэ IэфIу мамэшхуэ солъагъум. Езыми къызжиIэркъэ: «Си Iэминэ-дыху баринэ, си Iэминэ дыгъэ нэху»… ЖыIэ пщIэ щIатрэ? Дахэу щыIэр IэтIат ейщ. Ар чеснэ-тIэ?»
Дауэрэ зыкъигъэгубжьыжами, псылъащхьэм тету щхьэгъубжэм зэрыдэплъам хуэдизи пэрымыту, пщащэр къытехьэпащ.
- Куэду фIыщ! Сыхуеиххэкъым, - жиIэу IэштIым тIыгурымкIэ щхьэгъубжэнэм тоуIуэ.
Анэшхуэм нэгъуджэр зыIуихыурэ Iэ къещI:
- Ех, си сабий… Ех, си дыгъэ-щыгъэ, уехуэхынщ.
Аратэкъым щхьэгъубжэм щIытеуIуари, Iэминэ псынщIэрыпсалъэу кърепхъ:
Мэшхуэ-шхулъэ,
Пагуэ-пэгуныжь!
Арыххэу псылъащхьэм зыкърегъэщэтэхри, ма­кIуэ-мэлъей, щызэранам деж зыздигъэпщкIу Дыкэ-мамэхэ зрегъэхь.
- УкъэкIуаи, сипхъу, - гуфIэу къоплъ абы Дыкэ, - мыбы узэрыщыIэр уи анэшхуэм ищIэрэ? УзэIына, тIу? Пагуэ щIэс, - жызоIэ…
- Н… н-нтIэ, - епIытI мыдрейм.
- Мыр хуабжьу узэхэуцэрэфа… Е-е-ей, узэрана хъунщ аргуэру…
- Зыри аркъым-тIэ… И, Дыкэ, ныжэбэ уи гупэ сыхэбгъэлъын?
- Ахьеи ухэзгъэлъын, фотIатIэ! Мыдэ къакIуэ, мыдэ. Хъыршын пщтыр сиIэщ.
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIт. Дыкэ-мамэхэ я бжэщхьэIум теувауэ IэтIат маджэ:
- Дыкэ, Iэминэ фи деж щыIэ?
- НтIэ-нтIэ. КъэкIуатэт мыдэ. Сыт мы пщыгъ дахэр? А-а-а, Пагуэ пхуида къыщIэкIынщ, - Дыкэ игъэщIагъуэу IэтIат и кIагуэ хужьыр зэпеплъыхь, щIыIущхьэхэм йопэщэщ. - УокIупсри, Мэлэчыпхъу. УамылъагъужкIэ уэ! УокIупс, на! ФIыкIэ зыухьэ, дахэ!
Бжэ дазэмкIэ къыдэплъурэ а тIум къакIэщIэдэIухь Iэминэ къыгурымыIуауэ къоуIэбжь: IэтIат щыгъ кIагуэр…
- Щхьэ зыкъэбгъэбзэха аргуэру? Мамэшхуэ къыуигъэпщэнущи удгъуэтыркъым. Нэхъей, нэхъей псынщIэу! - IэтIат зигъэбалигъыу зыхеш, кIагуэщIэм зыкъыдыфIэщIыжащи зегъафIэ. Ауэ аратэкъым иджыпсту Iэминэ зи бэлыхь иукIыр. IэтIат щыгъ Iэгъуапэншэр хужьыбзэт - и къэдыхьри хужьу; адрей илъэгъуам и къэдыхьыр дэпу плъыжьт…
… Зебыршэу здэкIуэм Iэминэ мэгузавэ: еууей мыгъуэ. Дауэ иджы мамэшхуэ сызэрыIуплъэнур? Си бзэм сыхуиттэкъым. СыпыкIащ сэ дяпэкIэ схуадынуми. Хэт-тIэ къуаншэр? Зэщхьыркъабзэу, тIуащIэу сыт щыгъуи тхуэдэртэкъэ мамэшхуэ? Пэжу, зэхэдмыгъэгъуэщэн папщIэ, IущIыхь зэмыфэгъу тхуIуилъхьэртэкъэ? Еууей, еууей!
КIэлош зэмыгуэгъуитIыр зылъигъэхури Iэминэ бгъукIэ кIуэуэрэ пэшым щIыхьащ. Анэшхуэр пIэкум ист, Iэпхъуалъэ дакъэр хикъузэурэ щIыIунэ ирихыу.
- Къыздэбущыхьыр дэнэ, гуащэ Бичэ? Зэ мыхъуми зэ шарыщэм уихьынщи, уи Дыкэ-мамэр - мэхь-мэхь!
Мыдрейм и нэпсыр къызэщIэвауэ ерагъкIэ къыдрешей:
- Мэшхуэ, мы зэм къысхуэгъэгъуи… дяпэкIэ…
- Мэ, Бичэ, щытIагъи сегъэплъ…
Iэминэ тогушхуэ: «Бичэ» - къыщыжриIэкIэ, зыкъыхуигъэгусакъым!
ПлъыжьыгъэкIэ къэщIыхьа кIагуэ хужь Iэгъуапэншэр быртIымым хуэфIыпст. Абы IитIымкIи мамэшхуэ и пщэм зрешэкIри ба хуещI, нэгъуджэм кIэщIоплъэри:
- Ей, си мамэ IэфIышхуэ… Ныжэбэ уи гупэ сыхэбгъэлъын?
Къармэ Iэсият.

Сатыр пIаскIуэхэр
IэнатIэ гъэувыкIэ

Шыр зыIут IэнатIэм IуагъэкIащ:
Диплом зыIыгъ шыдыр къыкъуэкIащ.

Гурэ псэкIэ диссертацэм бгъэдэтащ:
Аргъуей лIахэр мыдзэкъэжу къихутащ.

ЦIывыжь
 Си гъащIэм дерс къыхахыжынщ -
 Си нэгу щIэкIахэр сэ стхыжынщ:
 Къалэмыр къищтэри тIысащ,
 ЩIэтIахъуэу и щхьэм гупсысащ,
 ЗикI имыгъуэт итхын цIывыжьым -
 Щихьащ и гъащIэр куэншыбыжьым.
 
*   *   *
Щолажьэ гъуэгум баш къуэлэныр:
Ахъшэ хэхынырщ и къалэныр.
*   *   *
Хуэмыщу щытмэ лIыфIым къуэфI -
Ар имыуасэ тхьэрыкъуэф.
*   *   *
Ебгъафэу щытмэ цырибон
Пхуишэнущ уи хьэр псафэ Бонн.
*   *   *
Къетыкъуэ бжьищым еIубамэ,
ЩеIуэж иригъэщIауэ БАМ-р.
*   *   *
КъекIухьыр и нэм чы техуауэ,
Граммищэр махуэм Iумыхуамэ.
*   *   *
ЗэрыжаIэм хуэдэ дыдэу
Бюрократри мыгъуамэ:
Iуэхуу уиIэр зэфIеудыр
Ахъшэ тIэкIу ебгъэлъэгъуамэ.
*   *   *
«МатэщIэдзауэ упсэуну
 Ухуейуэ щытмэ, - жеIэ Рирэ, -
УкъимыкIуэту дежьууф
 Зи гупкIэ уисым и уэрирэм».
*   *   *
ИIащ ныбжьэгъу куэдыщэ Хъупым
 Лы хэлъу лэпс итыхукIэ и лэгъупым.
Джатокъуэ Юрэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ