Адыгэхэр (XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм)

КъикIуэт зымыщIэ адыгэ шууейхэр. Сурэтыр 1859 гъэм ящIащ.

Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ абыхэм я бжыгъэр XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: Кавказ зауэр зэхаубла нэужь, урыс дзэпщхэми хамэ къэралхэм къикI лIыкIуэхэми ялъытэ хъуащ адыгэхэм (къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, бжьэдыгъухэм, кIэмыргуейхэм, жанейхэм, н.) я цIыху бжыгъэр.

А IУЭХУР япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлIхэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арат. Апхуэдэ бжыгъэ къагъэлъагъуэ (ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм тещIыхьауэ) урыс дзэпщ Бларамберг (мин 500), барон Сталь (мин 307-рэ), урыс тIасхъэщIэх Торнау (мин 495-рэ). Адыгэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Хъан-Джэрий зэрилъытэмкIэ, адыгэхэр 1836 гъэм мин 265-рэт зэрыхъур. А бжыгъэм нэхърэ зымащIэкIэ нэхъыбэщ Берже Адольф 1858 гъэм къигъэлъэгъуар - мин 290-рэ.
ГъэщIэгъуэныракъэ, а бжыгъэхэмкIэ акъылэгъу мэхъу совет зэманым а Iуэхум тетхыхьа щIэныгъэлI зыбжани. Псалъэм папщIэ, Гарданов Константин зэрилъытэмкIэ, XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я бжыгъэр мин 500-м щIигъуу щытакъым.
Адыгэхэм я хабзэхэмрэ я псэукIэмрэ куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм ящыщ революционер цIэрыIуэ Лапинский Теофил. 1857 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, ар илъэсищкIэ яхэтащ адыгэхэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Лапинскэр щIэмыупщIэнкIэ Iэмал иIакъым адыгэхэм я бжыгъэм. 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIа тхылъым, «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» зыфIищам, зэрыщитхымкIэ, кIахэ адыгэхэм (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) я бжыгъэр Лапинскэм мин 900-м щIигъуу елъытэ. АбыкIэ щхьэусыгъуэр и мащIакъым Лапинскэм.
«Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, - етх Лапинскэм. - Сэ зэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу. Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ - мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжурэ, европей автор куэдми ­къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ… Шэрджэсхэм къезауэ урысыдзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин 200 шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
Лапинскэр, зэрыжытIащи, Шэрджэсым къыщыкIуар 1857 гъэрщ - Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэщ. Абы и пэкIэ, 1829 гъэм, адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къэкIуауэ щытащ урысыдзэм и генштабым и лэжьакIуэ Новицкий Г. В. Абы а гъэм къызэрилъытамкIэ, адыгэхэр (кIахэ адыгэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Псыжь адрыщI ис адыгэхэр) мин 263-рэ хъууэ арат. КъыкIэлъыкIуэ гъэми къытригъэзащ Новицкэм тIасхъэщIэх Iуэхум икIи абы щыгъуэ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) мелуанрэ мин 82-рэ хъууэ илъытауэ щытащ (унагъуэ 54110-рэ). Новицкэм зэритхамкIэ, адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъ мащIэ исакъым (абы щыхьэт тохъуэ а Iуэхум иужькIэ тетхыхьа щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр). Адыгэ унагъуэм цIыху 20 е нэхъыбэ зэрисар я фIэщ хъуркъым адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхъур ди зэманым зыджа щIэныгъэлIхэм. Абыхэм ящыщ куэдым зэратхамкIэ, XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэ унагъуэхэм исар, ику иту къапщтэмэ, цIыхуи 8-м фIэкIыркъым (уеблэмэ нэхъ мащIэщ). Iуэхум нэхъ хэзыщIыкI щIэны-гъэлIхэр щыхьэт тохъуэ адыгэ унагъуэм XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм цIыху 20 нэхъыби зэрисам. А зэманым адыгэ унагъуэм щIэблэ зыбжанэ зэрисар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: я тхьэмадэр псэуху, унагъуэхэр зы пщIантIэ дэсу щытащ, цIыху дапщэ хъуми. Адыгэхэм ятеухуауэ унагъуэкIэ узэджэн хуейр тхьэмадэр зыщхьэщыт пщIантIэрщ, абы дэс хабзэт унагъуэ зыбжанэ - аращ ди тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Новицкэм кIахэ адыгэхэр пщIантIэ (унагъуэкъым!) мин 54-рэ мэхъу щыжиIэм, ар щыуакъым, щыуауэ иужькIэ ягъэкъуэншами. Новицкэм зи гугъу ищI пщIантIэ (езым зэритхымкIэ, «двор») къэс цIыху 20 зэрыдэсарщ абы кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуу щытауэ щIыжиIэри.
КЪЭБЭРДЕЙ адыгэхэм я бжыгъэм и IуэхукIэ ар дыдэр жыпIэ хъунущ: куэдым яфIэфIакъым ахэр зэгуэр (псалъэм папщIэ, XVI - XVIII лIэщIыгъуэхэм) куэд хъууэ щытауэ ятхыни жаIэни. Псалъэм папщIэ, Берже 1858 гъэм зэритхамкIэ, къэбэрдейхэр мин 36-м зэрыщIигъу щыIакъым. Абы акъылэгъу дэхъу щIэныгъэлI щыIащ совет лъэхъэнэми. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым - сыткIэ щхьэпэт къэбэрдей адыгэхэм (кIахэ адыгэхэми) я бжыгъэр зэрыпхузэфIэкIкIэ бгъэмэщIауэ птхыныр. Зы щапхъэ закъуэ къэтхьынщ. Урысыдзэм и генштабым и офицер Бларамберг Иоганн 1834 гъэм итхыгъащ (еплъ абы и «Историческое, топографическое, статистическое, этнографическое и военное описание Кавказа» тхылъым) къэбэрдейхэр унагъуэ мин 45-рэт зэрыхъур - ар 1804 гъэрщ. Къэбэрдейр лъыгъажэ зауэмрэ емынэ уз бзаджэмрэ лъэрыщIыкI ящIа нэужь, Бларамберг зэритхымкIэ, Къэбэрдейм къинэжар цIыху мин 30 хуэдизщ. Бларамберг щыуэркъым: тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм иса цIыху бжыгъэм щыщу зауэмрэ емынэ узымрэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къелар Iыхьэ пщIанэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдейхэм я бжыгъэр мин 500 нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытакъым - абы щыхьэт тохъуэ тхыдэр. 1793 гъэм Къэбэрдейм къэкIуауэ щыта академик Паллас Петер-Симон зэритхамкIэ, зауэ къащIэхъуэмэ, къэбэрдейхэм шу мин 20 ягъэшэсыф. Къэбэрдейм и тхыдэм щыгъуазэм фIыуэ ещIэ шууэ зауэм Iухьэм я нэхъыбапIэр уэркъхэм къахэкIауэ зэрыщытар: къэбэрдейхэр мелуан ныкъуэ нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытатэмэ, уэркъ шу мин тIощI ягъэшэ-сыфынкIэ Iэмал иIакъым - ар гурыIуэгъуэщ. Уэркъ шу къэс, зэрыхабзэти, зауэлI зытхух щIагъурт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, академик Паллас щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэхэм зауэм Iуашэфырт, шуми лъэсми, цIыху минищэ. Апхуэдэдзэ зэщIамыгъэшэсэфмэ, къэбэрдейхэм 1707 гъэм кърым хъаным и дзэ фIыцIэр (мин 80 хъур) зэхакъутэфынтэкъым - а зауэм и хъыбар куэд къыхэнащ урыс тхыдэми европей зекIуэлIхэми я тхыгъэхэми.
Адыгэ унагъуэм цIыху 20-м нэхърэ нэхъыбэ исауэ елъытэ профессор Дзэмыхь Къасболэт. Абы зэритхымкIэ, адыгэ унагъуэм, XVI - XIX лIэщIыгъуэхэм тепщIыхьмэ, цIыху 20-м къыщыщIэдзауэ цIыхуи 100-м нэс ису щытащ - абы и щхьэусыгъуэри зы адыгэ пщIантIэм унагъуэ зыбжанэ зэрыдэсарщ (зы адыгэ пщIантIэм, зэрыжытIащи, унагъуэ хъуауэ зэкъуэш зыбжанэ дэс хабзэу щытащ). Абы ипкъ иткIэ, профессор Дзэмыхь Къасболэт елъытэ Къэбэрдейм XVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж цIыху мин 450-м нэс исауэ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, етх Дзэмыхьым, къэбэрдей адыгэхэм зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытам - ари XVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж. Ар Къэбэрдейм и закъуэ!
ЩIЭНЫГЪЭЛI куэд щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ адыгэхэм (иджы адыгейкIэ дызэджэ хъуахэм) я бжыгъэр зы мелуанми къыщызэтенэу щытакъым - куэдым ятх а бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нэсу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, Дьячков-Тарасов Николай 1853 гъэм итхыгъащ: «Фельдмаршал Паскевич и унафэкIэ зэхуахьэса хъыбархэм ятепщIыхьмэ, бгырысхэм (адыгэхэм) я бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нос, абыхэм зауэм Iуашэфынущ зауэлI мин 250-рэ». Псыжь къэзакъхэм я тхыдэр зыджа Щербинэ Ф. А. фIэмащIэщ Новицкэм къигъэлъагъуэ бжыгъэр - 1082200-р. Абы нэхърэ нэхъыбэщ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) - итхыгъащ Щербинэ.
Адыгэхэм я бжыгъэр зы мелуаным куэдкIэ щIигъуу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Кавказ зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынауэ щыта цIыху бжыгъэри. Абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэ Дзидзарие Георгий зэрилъытэмкIэ, Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс мин 900-м нэс (Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къинэжар мини 100-м щIигъужыртэкъым).

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.

 

ТХЬЭЗЭПЛЪ Фозий

Си лъахэ

Иретхъу си щхьэцыр
ГущIэгъуншэу.
Си гъащIэр хуеймэ
ИрекIуэщI,
Сыпсэуфынкъым сэ
Уэрыншэу,
Сыхуейкъым лъахэ сэ
НэгъуэщI.
Сэ жэщи махуи
Еш сымыщIэу,
Мы щIыгу гъунэншэр
ЩIэсщыкIынщ…
Уэ псалъэ дахэу
Пхуэзгъэфащэр
СыпсэухункIэ къэсщыпынщ.

Адыгэм илъ Iэлыр щожэхри си лъынтхуэм…

И бзийхэм сагъафIэу сесакъым Хэку дыщэм,
Хэку-анэм и жьыбгъи нэкIущхьэр къимыст...
Зигъэщхъыу Хэку-анэр къиплъакъым си гущэм,
Бзэрабзэу Хэку-анэр пIэ лъапи темыст.

Сэ нэкIэ згъэвакъым уи бгыжьхэм я уэси,
Сисакъым Бахъсэни Тэрчыжьи я куэщI.
КъэзмыщIэу хъыджэбзхэм я плъэкIэм и уаси,
Псэр хуэлIэу си лъахэм, илъэсхэр мэкIуэщI.

Сыт щхьэкIэ сигу хэщIрэ? ХамэщI сыщыпсэуми,
Сэ куэдрэ, сэ куэдрэ уи къуршхэм сопщIыхь.
Уи гъавэр бэгъуэным, щIэжьейхэм хэхъуэным
Си гуащIэр хуэсщIыну сэ сфIэфIт щхьэузыхь...

Адыгэм илъ Iэлыр щожэхри си лъынтхуэм,
Си гущIэм и мафIэ къэхъункъым щыкIуэщI.
Мы си псэ ешари, си гуауи, си гуапи
Изолъхьэ, си лъахэ, сэ нобэ уи куэщI.

Тырку, Истамбыл къалэ

Лапинский Теофил щыхьэт тохъуэ

Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэщ поляк зауэлI хахуэ Лапинский Теофил (1826 - 1886 гъгъ.) И лъэпкъэгъу гупышхуэ къыздишэри, ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ 1857 гъэм, илъэсищкIэ ядэзэуащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм). Зауэ гуащIэм хэт кIахэ адыгэхэм я хэкум щилъэгъуамрэ и гукъэкIыжхэмрэ итхыжри, Лапинскэм 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIащ «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъыр.

ШЭРДЖЭСХЭМ «я дзыхь къызагъэза нэужь, - етх Лапинскэм, - дэнэ сыкIуэнуми, сыт зэзгъэлъагъунуми, пэрыуэгъу сиIэжакъым, я щIыналъэм зыщысплъыхьащ, тхьэмадэ, дзэпщ куэдым нэIуасэ сахуэхъуащ - ар фи нэгу щыщIэкIынущ си тхылъым».
Адыгэхэм яхэтыху, Лапинскэм куууэ щыгъуазэ захуищIащ абыхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я бэнэныгъэм, я бзэри зригъэщIащ.
 Лапинскэр шэрджэсхэм я деж щыщыIа зэманыр (1857-1859 гъэхэр) Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт. Илъэс зыбжанэ дэкIри, 1864 гъэм, лъыгъажэ зауэм кIэ игъуэтащ, адыгэхэм я щхьэр халъхьауэ. Лапинскэм и тхылъыр дунейм къыщытехьар 1863 гъэрщ - зауэр зэфIэмыкI щIыкIэ. Тхылъым и пэублэ псалъэхэм Лапинскэм щыжеIэ: «Тхылъыр стхын мурад щысщIым, сэ, псом япэрауэ, зи ужь ситар бэнэныгъэ гуащIэм хэт, мафIэлыгъейр зрадза шэрджэсхэр утыкум къибнэ зэрымыхъунур Европэм зэхезгъэщIыкIынырщ: я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэ абыхэм нобэ, зауэ гуащIэм хиубыдащи, я щхьэр халъхьэнкIэ, лъапсэкIуэдыр къахуэкIуэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ар къащыбгъэщI хъунукъым а лъэпкъым. Сыт и щхьэусыгъуэми, Европэм пэIэщIэ хъуауэ зыбжанэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ шэрджэсхэр. Ар зыхуэфащэ лъэпкъкъым ахэр. Зы щIыпIи ущрихьэлIэнукъым шэрджэсхэм нэхърэ нэхъ щIэх зыужьыныгъэмрэ цивилизацэмрэ я гъуэгум тепшэфын лъэпкъ - абы щхьэкIэ Iэмалрэ лъэкIыныгъэрэ епт закъуэмэ. Аращ зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм ядэIэпыкъун щIыхуейр, я псэмрэ я хэкумрэ къещэ зэрыпхъуакIуэхэм ахэр ящихъумэн хуейуэ и къалэнщ Европэм… Я щхьэ къудейркъым шэрджэсхэр щIэзауэр, абыхэм яхъумэ Европэм и хуитыныгъэри».
Лапинскэм лъэкI къигъэнакъым, зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ. Шэрджэсым къихьэн и пэ Истамбыл къэкIуащ Лапинскэр, абы дэс адыгэхэм нэIуасэ захуищIащ, зи ужь итыр къагуригъэIуащ. Къулыкъушхуэ зиIэ адыгэ лIыщхьэ, дзэпщ куэд дэст Истамбыл. Абыхэми тыркухэми Лапинскэр къагъэгугъащ къыдэIэпыкъункIэ - IэщэкIэ, фащэкIэ, зауэлIкIэ. Иужьым къызэрыщIидзыжамкIэ, псоми къагъэгугъа щхьэкIэ, Шэрджэсым къэкIуа нэужь, Лапинскэм зыри къыдэIэпыкъужакъым - ар абы щибзыщIыркъым и тхылъым. КъыдэIэпыкъун дэнэ къэна, зэрахузэфIэкIкIэ лъакъуэпэщIэдз къыхуащIащ, пцIы къыкIэлъызэрахьэурэ зэрагъэулъииным щIэкъуащ тыркухэри Истамбыл дэс адыгэ лIыщхьэхэри.
Лапинскэм Шэрджэсым къыздишащ и лъэпкъэгъу зауэлIищэм щIигъу. Абыхэм я нэхъыбэм я гъащIэр щIатащ Шэрджэсым и хуитыныгъэм. Нэхъыби къыздишэн мурад иIащ Лапинскэм: поляк минипщI щызэхуэсат Истамбыл, шэрджэсхэм къадэIэпыкъун щхьэкIэ, IэщэкIэ зызэщIаузэдауэ. Ари къыхуадакъым Лапинскэм: урыс лIыкIуэм къайгъэ къиIэтащ жари, ар щхьэусыгъуэ ящIри, Лапинскэм и мурадыр тыркухэм къызэпаудыгъащ. Абы и закъуэкъым: Iэщэ къыкIэлърагъэшэнкIэ къэзыгъэгугъахэм, Лапинскэм зэритхымкIэ, ягу пыкIар... фоч тIорысэ зыбгъупщIрэ шыгъу къэп зыбжанэрэщ. Шэрджэсым щыIэху, Лапинскэм куууэ щыгъуазэ зыхуищIащ адыгэхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм. Лапинскэм иригъэлейуэ пхужыIэнутэкъым адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным нэсу щитхкIэ. «Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, - етх Лапинскэм. - Сэ зэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу (къэбэрдейхэмрэ нэгъуэщI адыгэ лъэпкъ цIыкIухэмрэ хэмыту). Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ - мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжурэ, европей авторхэм къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ... Шэрджэсхэм зауэ къезыщIылIа урысхэм я дзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин щитI шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
Шэрджэсхэм я бжыгъэр мелуаным зэрынэсым щыхьэт трищIэу, Лапинскэм етх: «Шапсыгъми Абазэхэми къызэрыщызжаIамкIэ, IэщэкIэ зэщIэузэдауэ - шуми лъэсми - шэрджэсхэм зауэм Iуашэфынущ цIыху мини 150-рэ (мини 100-р лъэсу, мин 50-р шууэ). «ЦIыху мини 150-рэ зауэм щыIуфшэфынукIэ, урысыдзэм щхьэ фыпэмылъэщарэ?» - жысIэри тхьэмадэхэм сеупщIати, мыращ жэуапу къызатар: «Урысейм гъуни нэзи иIэкъым, къэрал абрагъуэщ». Абы щIызгъужынуращ: цIыху мини 150-р зауэлI мини 150-рэ хъуркъым - ар къагуроIуэ езы шэрджэсхэми. Шэрджэсхэр нэхъыбэм зэрызауэр сэшхуэрэ къамэрэщ, фочыр я мащIэщ, гыныр яхурикъуркъым». ФочкIи, топкIи, гынкIи къадэIэпыкъуащ Лапинскэр шэрджэсхэм, топауи топ зыщIыфи щIыгъуащ, Польшэм къыздришауэ. Ауэ, Лапинскэм и жагъуэ хъууэ зэритхыгъащи, ар мащIэ дыдэт. Топ щащI, топышэ щагъавэ лъэщапIи шапсыгъхэм я деж къыщызэригъэпэщауэ щытащ Лапинскэм.
Адыгэхэм я дзэр зауэм зэрыхуагъэхьэзыр хабзэхэми зыбжанэрэ тепсэлъыхьащ Лапинскэр: «Зауэм Iухьэн и пэ адыгэ тхьэмадэхэм хасэ зэхуашэс. Хасэм кърохьэлIэ зауэм Iухьэн хуей шухэри лъэсыдзэри; абыхэм къаувыхьри, тхьэмадэхэм хасэр зэхаублэ. Тхьэмадэхэм яхэсщ дзэр зауэм Iузышэн хуей дзэпщыр - зэрыхабзэщи, ар зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа лIыщ. Акъыли лIыгъи пхэлъын, жьакIуэуи ущытын хуейщ, дзэпщ ухъун щхьэкIэ. Тхьэмадэхэм унафэ ящI, мэхасэ: дапщэщ бийм щебгъэрыкIуэн хуейр, зауэм шуми лъэсми дапщэ Iухьэн хуейр? Тхьэмадэхэр чэзу-чэзууэ мэпсалъэ, зыри япэрыуэркъым абыхэм. Хасэм унафэ ищIа нэужь, утыкум зыш кърагъэувэ, абы мэшэсри, тхьэмадэхэм ящыщ зым хасэм и унафэр яжреIэ, абы псори еувэлIа нэужь, тхьэ яIуэн хуейщ я псэ зэремыблэжынумкIэ. Дзэр дзэпщым и IэмыщIэ иралъхьэ абы и ужькIэ, дзэм и унафэр зыIэщIэлъынур аращ». Мыри щIегъуж: «И щхьэм и хуитыныгъэм зыри пищIыркъым адыгэм, лей кIэлъызумыхьэмэ, сабийм хуэдэу гупцIанэщ, ухуэткIийми, ухэзэгъэнущ, уемыкъуэншэкI закъуэ, - ар къыпхуидэнукъым».
ЗАУЭ ГУАЩIЭМ хэтми, шэрджэсхэм я цIыхугъэрэ я хабзэрэ щебэкъуа ирихьэлIауэ итхыркъым Лапинскэм, ар дэнэ къэна, щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ зэрыхуэпабгъэм мызэ-мытIэу гу лъитащ. «Адрей лъэпкъхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным трагъэкIуадэ зэманым и зэхуэдитIщ шэрджэсыр зыхуейр - апхуэдизкIэ гурыхуэщ, акъыл жанщи, - итхыгъащ Лапинскэм. - Шэрджэс щIалэ цIыкIу Iэджэм сарихьэлIащ си гъусэ полякхэм къакIэрыхъыжьауэ: тхылъ напэ гуэр къаIэрыхьамэ, абы итым щыгъуазэ ящIыху, якIэрыкIыртэкъым. Илъэс 13 - 14 зи ныбжь шапсыгъ щIалэ цIыкIуитI си гъусэхэм ящыщ унтер-офицер гуэрым къыкIэрыхъыжьэри, тхэкIэрэ еджэкIэрэ яригъэщIэху, бэуапIэ иратакъым - си нэкIэ слъэгъуауэ сыщыгъуазэщ абы...»
ИлъэсищкIэ ядэзэуауэ, шэрджэсхэм яхэкIыжын  хуей хъуауэ щытащ Лапинскэр. А зэманым къриубы­дэу Лапинскэр нэIуасэ яхуэхъуащ шэрджэс дзэпщхэм - Занокъуэ Сэфарбий, Мухьэмэд-Iэмин, Хьэжы-Джырандыкъуэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Лапинскэм игу къеуэу етх ахэр зэрызэгурымыIуэр, абы и зэранкIэ шапсыгъхэр, абазэхэхэр, натхъуэджхэр, убыххэр зэкIэщIэчауэ зэрызауэр, я акъыл зэрызэтемыхуэр. Шэрджэсхэм я щхьэр зауэм халъхьэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ елъытэ ар Лапинскэм. ГъэщIэгъуэнщ абазэхэхэм я дзэпщ Мухьэмэд-Iэмин щхьэкIэ Лапинскэм итхыр. Мухьэмэд-Iэмин Щамил Шэрджэсым къигъэкIуауэ щытащ, ядэзэуэн щхьэкIэ. Абазэхэхэм нэIиб яхуэхъури, Щамил 1859 гъэм зитыху, Мухьэмэд-Iэмин епсыхакъым. Щамил зита нэужь, Мухьэмэд-Iэмин зэрынэIибыр щыгъупщэжащ. Лапинскэм етх: «Сэ сакъыхэкIыжа нэужь, Мухьэмэд-Iэмин урысхэм Щхьэгуащэ Iуфэ щаIущIащ. ЕкIужын щхьэкIэ зэрахыхьар щажриIэм, урысхэр Мухьэмэд-Iэмин къыщыгуфIыкIащ, ирагъэблэгъащ, ягъэхьэщIащ, итIанэ Тифлис яшащ, абазэхэ тхьэмадэ 24-рэ щIыгъуу. Генерал-губернаторым IущIэри, жраIащ Iэщэр зэрагъэтIылъыр. Абазэхэ лIыкIуэхэр абы и ужькIэ, Мухьэмэд-Iэмин я пашэу, Бытырбыху кIуэри, пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьащ... Щамил зауэурэ яубыдащ, Мухьэмэд-Iэмин езым зитри, шу гъусэхэри иIэу, урысей къалащхьэм дыхьащ; урысей къалащхьэм щагъэлъэпIащ бийм екIужа нэIиб цIэрыIуэр...»
Кавказым икIыжа нэужь, Лапинскэм и нэIэ зэи ятригъэкIакъым шэрджэсхэм я бэнэныгъэм. Истамбыл зыбжанэрэ зыщиIэжьащ Лапинскэм, зауэ гуащIэм хэт шэрджэсхэм тыркухэр къадигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Тыркухэм апхуэдэ мурад зэрамыIэм щIэх дыдэ гу лъитащ Лапинскэм. Тыркум и закъуэкъым, Лапинскэм зэритхымкIэ, шэрджэсхэр утыкум къизынар: Британиеми, Франджыми, нэгъуэщI европей къэралхэми ял узыртэкъым лъы зыгъажэ бгырысхэм щхьэкIэ. Езым хузэфIэкIынурати, зауэм хэт шэрджэсхэм я хъыбар Европэм щигъэIуащ, «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» тхылъыр итхри. Тхылъ гъуэзэджэкIэ еджащ абы Карл Маркс, езыри куэдрэ хуэзащ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа поляк цIэрыIуэм, ар Европэм ис нэхъ цIыху губзыгъэ дыдэхэм ящыщ зыуэ илъытащ.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.


Дунейм ехыжахэр нэхъыбэщ, псэууэ къэнам нэхърэ. 1864 гъэ

Уи IэмыщIэ имылъым и унафэ дауэ зэрыпщIынур?

УРЫСЕЙМ зауэ къызэрыдищIылIэ лъандэрэ зы къэрали кавказ лъэпкъхэм къыддэIэпыкъуакъым. Тырку сулътIаным деж куэдрэ дгъэкIуащ лIыкIуэ, къыткъуэувэнкIэ, къыддэIэпыкъункIэ дыщыгугъыу, ауэ абыи къытхуищIа щыIэкъым. Персиеми дгъэкIуащ лIыкIуэ, иужьрейуэ Мэхъмэт Алий зыхуэдгъэзащ, ауэ абыхэми, дыкъагъэгугъа фIэкIа, дызэхащIыкIакъым. Шэрджэсым и лIыкIуэхэм я пщэ дэтлъхьауэ щытащ Урысейм къыдищIылIа зауэр къызэрыттехьэлъэм и хъыбар къэрал лIыщхьэхэм я деж нагъэсын хуейуэ: дэ ди хабзэхэри ди динри нэгъуэщIщ, арыншамэ Урысейр апхуэдизрэ щхьэ къыдэзэуэн хуейт?

Псоми ящIэн хуейщ урыс инэралхэр зэрытхьэгъэпцIыр, я сэлэтхэр зэрыгущIэгъуншэр. Шэрджэсхэр дызэтраукIэмэ, хэт и фейдэ хэлъ абы? Псори къыддэщIын хуейщ адыгэхэм! Урыс сэлэт мин Iэджэ къыдаутIыпщащ дэ, Iэпхлъэпх дызэращIынщ зи ужь итыр, дыкъаухъуреихьауэ. Дэ даухмэ, фэ къыващIылIэнущ зауэ. Ди щхьэм и закъуэкъым дэ дызыхуэзахуэр. Дэ дызыIэщIалъхьэмэ, Тыркуми нэсынурэ абыи къыщызэтеувыIэнукъым - аращ иджыпсту фыкъыддэIэпыкъун щIыхуейр.
Ар нывжедгъэIэн щхьэкIэщ ди лIыкIуэхэр ныщIыфхуэдгъэкIуар, ауэ ди лIыкIуэхэм я псалъэр зыми зэхищIыкIакъым, зыми къилъэгъуакъым ди хьэтыр. ДызэхащIыкIрэ ди бэнэныгъэм къыхыхьатэмэ, сыт хуэдиз зауэлI хахуэм я пашэ хъунут сулътIаныр, сыт хуэдизым я гур къихьэхунут абы!
Урысейм и закъуэкъым дунейм тетыр - къэрал Iэджэ тетщ дунейм. Урысейм нэхърэ нэхъ къэрал ини нэхъ лъэщи зэрыщыIэм шэрджэсхэр дыщыгъуазэщ. Дыщыгъуазэщ Инджылызри Франджыри гузэвэгъуэ хадзэ лъэпкъхэм къазэрыщхьэщыжым. ИтIани къытлъэIэсыркъым абыхэм я гущIэгъуи я дэIэпыкъуныгъи. Шэрджэсхэр дыкъуаншэмэ, гущIэгъуи къытхуремыщI, къыддремыIэпыкъу инджылызхэри франджыхэри. Ди хэкур Урысейм щыщ хъуауэ къыщыгъэ­лъэгъуащ европей картэхэм - абыи дыщыгъуазэщ дэ. Дыщыгъуазэщ ди нэщIыбагъкIэ хьэгъэщагъэхэр зэрыщызэрахьэм: дэ къыдамыгъэщIэххэу, Урысеймрэ Тыркумрэ ди унафэр ящI, зэгуроIуэри зым IэщIэмылъыр адрейм ирет, дэ къыдэупщIыни я щхьэ тралъхьэркъым.
Урысхэм Европэм щыжаIэ дэ абыхэм драгъэр хуэдэу, дыхьэкIэкхъуэкIэ защIэу, гущIэгъуи тхуэмыфащэу, унафэ е хабзэ гуэрми дыпхуемыувэлIэну. Лъэпкъышхуэ дыдэщ инджылызхэр, дызэхащIыкIынкIэ дащогугъ, ауэ дэ дыхьэкIэкхъуэкIэмэ, зыми емыдаIуэ дыхъунщIакIуэмэ, ди хьэтыр къремылъагъу, нэкIи къыдремыплъ.
СулътIаным псалъэ еттауэ щытащ дэ, ауэ ар ди лъэныкъуэ хъунукъым, Урысейм ди нэщIыбагъкIэ гурыIуащи. СулътIаным ещIэ Урысейр къызэрыдэзауэр, итIани абы йопсалъэ, щэхуу гуроIуэ: уи IэмыщIэ имылъым и унафэр дауэ зэрыпщIынур? Дэ дыгъэркъым, дыпщэ, дыпт хъуну. Пэжщ, дызэкIэщIэчащ, дыщызэгурымыIуэр нэхъыбэщ, зы унафэм деувалIэркъым - аращ ди мыгъуагъэ псори къызыхэкIыр. Ауэ дэ дыщхьэхуитщ, ди щхьэхуитыныгъэращ дызыщIэзэур, ар хамэм и Iэмы­щIэ итлъхьэн муради диIэкъым.

Шэрджэс меджлисым (парламентым) къэрал лIыщхьэхэм
зэрызахуигъэза Псалъэм щыщ. 1861 гъэ

Шапсыгъыр и хэкум къонэж. 1864 гъэ

Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ

Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ дыдэщ Ажджэрий и къуэ КушыкупщкIэ зэджэр. КъызыхэкIар пщы лъэпкъщ, аращ КушыкупщкIэ щIеджэр. ЛъэпкъкIэ зыщыщыр нобэми IупщI хъуакъым. Сэ зэрыхуэзгъэфащэмкIэ, Кушыку Уарп Iуфэ (Шэрджэсым) Iуса беслъэней жылэщ къызыщалъхуар, езыр беслъэнейуэ къыщIэкIынущ. Ар щIыжысIэм щхьэусыгъуэ иIэщ.

1960 ГЪЭМ си деж зы щIалэ къэкIуауэ щытащ, Щхьэщэхуж къуажэм (Краснодар крайм щыщ Успен районым хохьэ) къикIауэ. ЩIалэм къызжиIащ: «Сэ Кушыкупщ и къуэрылъхум срикъуэщ. Адыгейм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым Кушыкупщ и хъыбар сыщыщIэупщIати, чэнджэщ къызатащ уэ зыпхуэзгъэзэн хуейуэ». Кушыкупщ и уэрэдхэм ящыщ зытIущ хуэстхащ щIалэм, дзэпщ цIэрыIуэм и сурэт естащ. ЩIалэм къызэрызжиIамкIэ, лъэпкъым иджыпсту зэрихьэр «Ажджэрий» унэцIэщ, Уарп Iуфэ щопсэу.
Кушыкупщ щызэуар Беслъэнеймрэ Шэрджэсымрэщ, ари щыхьэт тохъуэ Кушыку беслъэней пщы лъэпкъым къызэрыхэкIам.
«Апхуэдэпщыр гъуэтыжыгъуейщ» - а псалъэр хэтщ Кушыкупщ и уэрэдым. Балигъ хъууэ шым шэса нэужь, Кушыкупщ зауэ гуащIэ Iэджэм хэхутащ, и лIыгъэкIэ щапхъэ хъууэ. Адыгэхэм нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым Кушыкупщ и цIэр, и гъыбзэри ди зэманым къэсащ.
Кушыкупщ и гъыбзэхэр тIу мэхъу. Зыр и щхьэгъусэм иусащ, яукIауэ шыкхъаблэкIэ къыщыхуахьыжам щыгъуэ. ЕтIуанэр и шу гъусэхэм яусащ. ГъыбзитIри зэпэжыжьэкъым, псалъэ куэд щызэтохуэ. ТIури топсэлъыхь Кушыкупщ зауэм щызэрихьа лIыгъэм.
Кушыкупщ и хъыбар куэд ноби щызэхэпхынущ Шэрджэсми Адыгейми. Тхыдэми щыгъунэжщ абы и хъыбархэр, тхылъхэми уащрохьэлIэ, ар нэIуасэ зыхуэхъуахэм ятхыжауэ.
Генерал лъыиф Засс адыгэхэм лейуэ къакIэлъызэрихьам тхыдэр щыгъуазэщ: адыгэ хьэдэхэм я щхьэхэр пиупщIурэ бжэгъу щхьэкIэм фIэзыIуу, Берлин езыгъэхьу щытар аращ. Псыжь адрыщI, Прочнэ окопкIэ зэджэ быдапIэм (Армавир деж) дэсащ генерал лъыифыр. Кушыкупщ шууитI (Хъырцыжь Алэрэ Щоджэн Шумахуэрэ) зыщIигъури, быдапIэм дыхьащ, Засс и пхъур къыдахри, бгым ихьэжащ. Генералым и пхъур илъэсищкIэ щаIыгъащ бгым: и щхьэм бадзэ трагъэтIысхьакъым, адыгэбзэ ирагъащIэщ, адыгэ фащэкIэ яхуапэри, и адэм хуашэжащ. Генералым жраIащ: «Дэ дыхьэкIэкхъуэкIэ уи гугъэ щхьэкIэ, дыхьэкIэкхъуэкIэкъым». А хъыбарыр мыпхуэдэуи къаIуатэ: генералым хуаIуэхуащ: «Уи пхъур ныпхудошэж», - жари. Засс и дзэр лъэныкъуитIкIэ иригъэувэкIащ, и пхъур къыхуэзыхьыж шухэр иригъэубыдын щхьэкIэ. Шууищыр къэсащ. Засс и пхъур Щоджэн Шумахуэ и шыплIэм дэст. Шууищыр генералым и пащхьэ ихьэри, хъыджэбзыр ирагъэпсыхащ. «Фыубыд!» - жери Засс унафэ ищIащ. Шууищыр сэлэтхэм къыщаувыхьым, хъыджэбзым и адэм жриIащ: «Iэпэ ятефлъхьэмэ, зыслIэжынщ! Дунейм зы хабзэ дахэ тетмэ, абыхэм я деж щыслъэгъуащ». И пхъум ар щыжиIэм, генералыр икIуэтыжащ. Къыщежьэжым Кушыкупщ Засс жриIащ: «Уи пхъур ди деж щыIэху, дызэблэгъащ. Нобэ щыщIэдзауэ зэбий дыхъужащ».
Кушыкупщ и гъыбзитIым я зыр Къэсейхьэблэ (Бахъсэненок) щыщ Уэзы Мухьэжыр, Хьэмдэхъу Исуф, Дзэгъэщтокъуэ Къарэмырзэ сымэ дагъэтхащ. Мис ар:

Уарэ, уарэдэ, ди Кушыкупщти, сэрмахуэ,
Уэ пхуэдэпщ гущэр, уэ дуней, гъуэтыжыгъуейщ.
Къурэлеягъуэт, зиунагъуэрэ,
Данагъуэ гущэр, сэрмахуэ, уи пащIэкIитIт.
Мылицэ гущэу кхъуэцхэр зыгъэкIым, сэрмахуэ,
ЩхьэцыкIэ гущэм а махуэм зэдрагъэIэ.
Iэпщашэ гущэм щызэдеIэжкIэрэ, маржэ,
Дэ фоч пэбж гущэкIэ махуэм дыкъэзышэж.
Шырэ уанэрэ щызэхуахь махуэм, сэрмахуэ,
Шу джакIуэ гущэхэри а махуэм нызыхуагъакIуэ.
Пхъэрышхуэхэри дэ къыщыткIэлъыкIуэкIэрэ, сэрмахуэ,
Шууищэ гущэхэри, уэ дуней, и нэхъ фIэмащIэт.
Фоч фIыцIэ псыгъуэхэри, сэрмахуэ,
Шэрэ гын гущэкIэрэ, уэ дуней, зэзыгъэзэгъ.
ДэныскIуей гущэми яхэмызагъэхэр, сэрмахуэ,
Шэ закъуэ гущэкIэрэ тхурегъэпсых.
Пащтыхьыжьмэ и гуимэ щхъуантIэхэри
Шы лъабжьэ гущэкIэ, а дуней, зэхэзыкъутэ!
Пащтыхьыжьмэ и лъэс лэжьакIуэхэри, сэрмахуэ,
Щхьэлажьэ гущэкIэ, а дуней, ныщегъэгъупщэ.
Банэкъуэ быдэхэри, сэрмахуэ,
Жэщ кIуэн гущэкIэрэ тхуэзыгъэлажьэ.
Жэщмагъырмэ и щIылъэ пшагъуэхэри, сэрмахуэ,
ЗекIуэ шу гущэт,
Уэ дуней, уи щIакIуэ къащхъуэт.
Сэфрал гущэр зытес шы гъуабжэм, сэрмахуэ,
Уафэ вагъуэ гущэм, а дуней, зыхрегъадзэ.
Дунеижь гущэм къытезна псогуэми, сэрмахуэ,
Елмысхъан гущэр, уэ дуней, я нэхъ тхьэмыщкIэт.
ТхьэмыщкIэхэм я щIэгъэкъуэнурэ, сэрмахуэ,
Кушыкупщ гущэр а махуэм епсыхыжащ.
Джаурышэ гущэкIэрэ яхуэмыгъалIэурэ, сэрмахуэ,
Сабий уз гущэм, уэ дуней, игъэлIэжа мыгъуэщ.

КУШЫКУПЩ «сабий узым» ихьыжар пэжкъым, ар гъыбзэм иужькIэ къыхэпшэхъуа псалъэщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Уарп псыхъуэ 1829 гъэм щекIуэкIа зауэм Кушыкупщ уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуам. ЛIыхъужьыр а уIэгъэм илIыкIащ.

КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.

 

 

 

Поделиться: