Шэрджэс парламент

Зауэр кIуэ пэтми нэхъ къащытехьэлъэм, адыгэ тхьэмадэхэм къагурыIуащ лъэпкъ псоми я къарур зэщIамыгъэуIуауэ я хэкум къиужьгъа дзэм зэрыпэмылъэщынур. Убых дзэпщ цIэрыIуэ Бэрзэдж Джырандыкъуэ и жэрдэмкIэ, 1861 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 13-м Сочэ псыхъуэ щызэхыхьащ шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм я лIыкIуэхэм я хасэ. Шэрджэс къэралыгъуэ къызэгъэпэщын хуейуэ унафэ ищIащ хасэм, абы и унафэр IэщIалъхьащ Лъэпкъ зэхуэсышхуэм (меджлисым е парламентым). Ме-джлисым и лэжьыгъэр иунэтIын хуейуэ лIыкIуэ (депутат) 15-м я пщэ далъхьащ; меджлисым и тхьэмадэ хъуащ Бэрзэдж Джырандыкъуэ.

МЕДЖЛИСЫМ и унафэкIэ, Шэрджэс къэралыгъуэр щIыналъэ 12-у ягуэшащ, щIыналъэхэм я тхьэмадэхэр хахащ. Унагъуищэ къэс шууитху ягъэшэсын хуейуэ зэгурыIуащ лIыкIуэхэр - зауэм щигуащIэгъуэ зэманым ар къаруушхуэт: Шэрджэс къэралыгъуэм и дзэм зэрыпхъуакIуэхэм удын хьэлъэ зыбжанэ ирадзын хузэфIэкIащ, хы Iуфэм къыIуащIыхьа быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Шэрджэс парламентым и лIыкIуэхэм зыхуагъэзащ европей къэралхэм, къэралыгъуэ къызэрызэрагъэпэщар, я хуитыныгъэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр зэпагъэун мурад зэрамыIэр дуней псом щагъэIуащ. Абы нэхъри къигъэгубжьащ урыс дзэпщхэр. Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ зауэр щыувыIати, Кавказым ис дзэм и нэхъыбэр (мин 270-рэ) Шэрджэсым къраутIыпщащ, хы IуфэмкIи Псыжь лъэныкъуэкIи къыщебгъэрыкIуащ. 1862 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 19-м генерал Колюбакин и дзэр Сочэ псыхъуэ къыдэужьгъащ, Шэрджэс парламентым и унэр ягъэсащ…
 Кавказым къыщыкIуам щыгъуэ пащтыхь ­Александр ЕтIуанэм хуэзащ шэрджэс лIыкIуэ­хэр. Ахэр арэзыт, хэкум къранэмэ, Iэщэр ягъэтIылъу Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэну. «Мазэ пIалъэ фызот, - къажриIащ пащтыхьым. - Мазэ дэкIмэ, граф Евдокимовым хъыбар евгъащIэ: Псыжь губгъуэ фидгъэтIысхьэну вжетIащи, фыарэзы; абыкIэ фымыарэзымэ, Тыркум фыIэпхъуэ». Шэдылъэ губгъуэм итIысхьэ нэхърэ Тыркум Iэпхъуэмэ, нэхъ къащтащ шэрджэсхэм…
Меджлисым и лIыкIуэхэр Тыркум, европей къэралхэм ягъэкIуащ, ахэр зыдагъэIэпыкъун щхьэкIэ, ауэ абыхэм къыхуащIа щыIэкъым, къадэIэпыкъункIэ къагъэгугъа фIэкIа. Зыри яхузэфIэкIакъым Истамбылрэ Лондонрэ къыщызэрагъэпэща Шэрджэс комитетхэм - ахъшэ гуэрхэр, Iэщэ-фащэ мащIэ тIэкIу, шыгъу, гын къэп зыбжанэщ европей къэралхэм ягу пыкIар, шэрджэсхэм я бэнэныгъэм къыхыхьэн ядэххакъым, Урысейм фIэлIыкIри. Меджлисым европей къэралхэм зэрызахуигъэза Псалъэм къигъэдзыхаIакъым, ар уеблэмэ яIэрымыхьа нэпцI защIащ, яIэрыхьэпами, Лондони, Парижи, Истамбыли жэуап къикIакъым. Нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, бгырысхэр утыкум къинащ…

Поделиться: