Лъапсэрых

Кавказ зауэр илъэсищэкIэ зэрекIуэкIам псори дыщыгъуазэщ - Къэбэрдейм щызэхаублэри, убых щIыналъэм 1864 гъэм щаухащ ар. Зауэм Кавказ щIыналъэм и нэхъыбапIэм зыщиубгъуауэ щытащ, ауэ ар лъапсэрых зыхуэхъуар адыгэхэрщ: зауэм хэкIуэдам нэмыщI, я хэкур ирагъэбгынащ адыгэхэм я процент бгъущIым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар зэрыгеноцидым - апхуэдэ лей ирахащ адыгэхэм: я хэкур нэщI хъуху, лъапсэрых зауэр ящхьэщыкIакъым. Аращ геноцидкIэ зэджэр - лъэпкъыр зэтебукIэрэ и хэкум ипхумэ. Ди жагъуэ-ди щIасэми, урысыдзэм апхуэдэ лей зэрызэрихьамкIэ зыдумысыжын хуейщ нобэрей щIэблэм - абы хуейр лъыгъажэ зауэм хэкIуэдахэркъым, хуейр хэкур зрагъэбгынахэм я щIэблэмрэ зы къэралым нобэ щызэдэпсэу лъэпкъхэмрэщ.

ЩIЭУПЩIАПХЪЭЩ: зауэр лъэныкъуитIми къащытехьэлъэкIэ, абы и мафIэр кIуэ пэтми щызэщIэплъэкIэ, пхуэгъэувыIэнутэкъэ ар - насыпыншагъэмрэ геноцидымрэ къызыдэкIуа зауэ гущIэгъуншэр? Абы жэуап етыгъуафIэкъым…
1837 гъэм Кавказым кIуауэ щытащ пащтыхь Николай Езанэр. Генерал Филипсон Григорий игу къигъэкIыжащ: «Геленджик дынэсри, етIуанэ махуэм хъыбар дагъэщIащ бгырыс тхьэмадитху, зиусхьэн Вельяминовым епсэлъэн папщIэ, быдапIэм къызэрыкIуамкIэ. Шапсыгъхэмрэ натхъуэджхэмрэ лIыкIуэ къащIауэ жаIащ абыхэм. ЛIыкIуэхэм епсэлъащ Вельяминовыр. Абыхэм генералым къыжраIащ: Урысейм дэри ди лъахэри дритауэ игъэIуащ тырку сулътIаным, абыкIэ хуитыныгъэ имыIэми. Дэ дыщхьэхуитщ, ди хуитыныгъэр тхъумэн щхьэкIэ, лъы дгъэжэнущ, урысхэр Псыжь зэпрыкIыжыху, зауэр дгъэувыIэнукъым, ди лъахэр яубыдын мурад ящIауэ къытлъемыжьэмэ, урысхэмрэ дэрэ дызэныбжьэгъунущ… ЛIыкIуэхэм жэуап кIэщI яритащ Вельяминовым: ди пащтыхьым и унафэр догъэзащIэ дэ, зауэм хэунахъуэмэ, зи лажьэр езы шэрджэсхэращ…»
Урыс дзэпщхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, сыт текIуадэми, зауэр и кIэм нэгъэсын хуейт, бгырысхэр зэтекъутауэ; абыхэм уепсалъэурэ уагурыIуэмэ, сату ядэпщIурэ къыдэпхьэхмэ, нэхъ зыфIэзахуи яхэтащ урыс дзэпщхэм.
Шэрджэс лIыкIуэхэм Вельяминовыр ткIыбжьу щепсэлъа 1837 гъэм Кавказым щызауэ генерал Симборскэм бгырысхэр щыгъуазэ ищIауэ щытащ Урысейм и пащтыхьым и унафэм. Езы Симборскэм шэрджэсхэм яхуитхащ: «Зиусхьэным и IэмыщIэ зифлъхьа нэужь, абы фIыгъуэ къыфхудэкIуэнущ, мамыру фыпсэунущ, къайгъэрэ зауэ-банэрэ фяку къихъуэжынукъым, Урысейм сату дэфщI хъунурэ, зывужьынущ, абы фи пщIэмрэ фи щIыхьымрэ лъагэ дэхъунущ». Шэрджэсхэр нэгъуэщIкIи къигъэгугъащ генералым: «Фи хабзэхэм зыри хэIэбэнукъым, фи динымкIи пэрыуэгъу фиIэнукъым». АдэкIи: «Фи щхьэмрэ фи мылъкумрэ фызэрыхуитщ, сату вдэтщIынущ, фи IэрыкIхэр фэ вгъэув уасэхэмкIэ фщэ хъунущ»…
А псор бгырысхэм хуащIэн папщIэ, ахэр еувэлIэн хуейт паубыд псоми (бгырысхэм паубыдыр щызэхалъхьар Бытырбыхущ): Iэщэр ягъэтIылъауэ зауэр ягъэувыIэн; гъэрхэр къратыжын; бгырысхэм я деж кIуэсахэмрэ яубыдахэмрэ къратыжын; зауэр зэщIэзыгъэстхэмрэ абрэджхэмрэ зыхамыгъэхьэн; унафэщI къыхуащI «урыс къулыкъущIэм» и жыIэм фIэмыкIын… Зэрынэрылъагъущи, шэрджэсхэр генерал Симборскэм зыщигъэгугъымрэ абыхэм Бытырбыху япиубыдымрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Бытырбыху япиубыдым еувэлIатэмэ, вакъэ зэв иувауэт бгырысхэм зэралъытэнур: зэрыгурыIуэгъуэщи, абы еувэлIакъым шэрджэсхэр, ар дэнэ къэна, шэрджэсхэр Урысейм нэхъри пэжыжьэ ищIащ Бытырбыху япиубыдам. Урыс дзэпщхэм а псор яхузэфIэкIыххэнутэкъым 1837 гъэм - шэрджэсхэр нэхъри къызэщIагъэплъэн фIэкIа.
Симборскэм жиIам хуэфащэ жэуап къратыжащ убыххэм: «Хэт ди пщэ къыдэвгъэтIысхьэнур, абы и жыIэм дыфIэкI щIэмыхъунур сыт дэ? Ди хэкум фикIыжи, зэуакIуэ дыныфхуэкIуэнукъым…»
1859 гъэм и кIэм генерал Филипсонрэ абазэхэхэмрэ зэгурыIуэри, зауэр ягъэувыIащ. Абазэхэхэм затащ: абыхэм я дзэпщ Мухьэмэд-Iэмин урысхэм я IэмыщIэ зрилъхьащ. Я диныр, хабзэхэр, я хэкур къыхуагъанэмэ, зауэр яублэжынутэкъым абазэхэхэм - апхуэдэ псалъэ ятащ.
 Генерал Ольшевскэм итхыгъащ: «Мухьэмэд-Iэмин бзаджагъэ хуекIуауэ аращ, абы псалъэ къыдита щхьэкIэ, абазэхэхэм я нэхъыбэм затын мурад яIэкъым, уащIепсэлъэни щыIэкъым - дагъэплъэкъуэн фIэкIа, къикIынуIакъым. Дзэм дежкIэ емыкIущ абазэхэхэм уекIужауэ плъытэныр».
Шэрджэсхэмрэ урыс дзэпщхэмрэ, дапщэрэ зэпсэлъами, щIызэгурымыIуэм щхьэусыгъуэ иIащ - гущIэгъуншагъэр, лъы гъэжэнкIэ зэрызамыгъэнщIыр, зыр адрейм егъэлеяуэ зэрыхуэкъанлыр. Абы щыхьэт техъуэр мащIэкъым.
«Нобэ бгырыс хьэдэ зыбжанэ къытIэрыхьащ, - итхыгъащ Филипсон. - Хьэдэхэм я щхьэр паупщIри, чэтэным кIуэцIалъхьащ. Щхьэ къэс Вельяминовым зы червонецкIэ ещэху, итIанэ ЩIэныгъэхэмкIэ академием ирегъэхь». Ар дыдэм етх: «Зэрихабзэу, Засс унафэ ищIри, хьэдэхэм я щхьэхэр пригъэупщIащ, ахэр здишэри, Засс Прочнэ Окоп кIуэжащ. Абы и ужькIэ илъэс дэкIауэ, Засс Ставрополь сыщрихьэлIащ. Езыр зы Iэжьэм ист, Iэжьэ зыбжани и ужь итт. «Дэнэ уежьа, зиусхьэн, IэжьэкIэ пшэри сыт?» - жысIэри сеупщIащ. «Вельяминовым деж сокIуэ», - жиIащ генералым. Iэжьэхэм ярылъыр сигъэлъэгъуащ. Си гур къекIуащ, Iэжьэм сыщиплъэм: щхьэ къупщхьэ щэ ныкъуэ хъурт…»
А псор щIэстхыр бгырысхэр лъыгъажэ зауэм хэзыдза дзэпщ къанлыхэм гущIэгъу зэрахэмылъам щыхьэт техъуэ куэд зэрыщыIэрщ, абыхэм зэрахьа лейми къыхэкIащ и нэм нэсыху бгырысхэм Iэщэр зэрамыгъэтIылъар. Шэрджэсхэр абы зыхуишар дощIэ псоми: хэкур ябгынэн хуейуэ ирахулIащ зауэм къелар.
ШЭРДЖЭСХЭР (кIахэ адыгэхэр) я хэкум игъэкIын хуейуэ япэ зыукъуэдияр Кавказ корпусым и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ Милютин Дмитрийщ. 1857 гъэм абы итхащ: «Ахэр (шэрджэсхэр) Дон гъэIэпхъуэн хуейщ, сыту жыпIэмэ Ставрополь губернэм щIы нэщI щыIэкъым, ахэр абы дгъэIэпхъуэрэ къэзакъхэм я щIыб дэдгъэтIысхьэмэ, ди мурад нэхъыщхьэм - абыхэм я лъахэм къэзакъхэр къыщебэкI тщIын зэрыхуейм - нэхъри пэIэщIэ дыхуэхъунущ. Ахэр Дон дгъэIэпхъуэу абы щыдгъэзэгъэн хуейщ. Апхуэдэ мурад дызэриIэр бгырысхэм ящыдбзыщIын хуейщ, ахэр щыдгъэIэпхъуэну пIалъэр къэсыху».
Кавказ корпусым и дзэпщ Барятинский Александр акъылэгъу дэхъуащ Милютиным: «Лъэпкъ жыIэмыдаIуэхэм гущIэгъу щIахуэтщIын щхьэусыгъуэ диIэкъым, абыхэм я щIыр къытетхын хуейщ, къэралым и фейдэ хэлъщи».
Кавказ комитетыр (Бытырбыху) арэзы техъуакъым Милютинымрэ Барятинскэмрэ къыхалъхьа Iуэхум. Абы хэплъа нэужь, Комитетым чэнджэщ къыхилъхьащ: «Хэкум пащI зэрыщымыIэм дыщыгъуазэщ (шэрджэсхэрщ зи гугъу ящIыр - Ред.), абы къыхэкIкIэ, шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым дон губгъуэм Iэпхъуэ нэхърэ (шэрджэсхэм) лIэныгъэр нэхъ къызэращтэнум».
Зауэ кIыхьыр къытехьэлъауэ, Урысейм и къарур кIуэ пэтми зэрыщIэкIыр къагурыIуащ къэрал лIыщхьэ куэдым, зауэр гъэувыIэн хуейуэ и чэзу зэрыхъуам шэч къытрахьэртэкъым абыхэм - Бытырбыху ар нэхъ фIэзахуэу къыщIэкIынут а зэманым, ауэ ар дзэпщхэм я тхьэкIумэ ирагъэхьакъым.
Шэрджэсхэри абы хуэхьэзыр хъуагъэнутэкъым асыхьэтым - щхьэусыгъуэр мащIэкъым: шэрджэсхэм дежкIэ IупщIтэкъым зауэ къезыщIылIа империем бгъэдэлъ къарур зыхуэдизыр. Кавказ армэм и дзэпщ Барятинскэри абы и генералхэри зэщэр арат: зауэр нэхъри зэщIагъаплъэурэ, бгырысхэр абы нэхъ куууэ зэрыхашэн - итIанэ зэтебукIи я хэкур ебгъэбгыни хъунут, псори бгырысхэм я зэранкIэ къэхъуауэ бгъэIуу.
1860 гъэм къащтащ шэрджэсхэр зытеунэхъуа унафэр. Абы теухуауэ Милютиным итхыгъащ: «Псыжь адрыщI (Шэрджэсым - Ред.) зауэр зэрыщекIуэкIын хуей щIыкIэмкIэ я акъыл зэтехуакъым генерал-лейтенант Филипсонрэ граф Евдокимовымрэ. Филипсон зэрыжиIэмкIэ, КъухьэпIэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэмрэ КъуэкIыпIэ Кавказым исхэмрэ зэплъыт хъунутэкъым, Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ щедгъэкIуэкIа зауэм хуэдэ къыщезэгъынутэкъым Шэрджэсым, псом хуэмыдэу шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ я деж - абыхэм дахуэпхъашэмэ, европей къэралхэр, псом япэрауэ, Инджылызыр, зауэм къыхыхьэнкIэ зыхуэIуа щыIэтэкъым. Филипсон зэрилъытэмкIэ, КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэм дахэкIэ дагурыIуэн, къэдгъэдэIуэфын хуейт, Тыркум дащI сатумкIи я хабзэхэмкIи дапэрымыуэу. Илъэс щэщI хъуауэ къулыкъу щещIэ Филипсон Шэрджэсым, ауэ иджыри къэс къыгурыIуакъым бгырысхэм дахэкIэ уазэрыхэмызэгъэнур, уахэзэгъауэ фэ зытрагъауэми, гува-щIэхами къызэропцIыжынур».
Си гугъэмкIэ, Филипсони фIыуэ къыгурыIуэрт шэрджэсхэр къэгъэдэIуэгъуафIэ зэрымыхъунур - абы зэман зэрыхуейр. Шэрджэсхэм я хьэли я щэни, я хабзэхэми я псэукIэми куууэ щыгъуазэ хъуа цIыхут генерал-лейтенант Филипсон - илъэс тIощIрэ тхурэ щрихащ абыхэм я щIыналъэм. Абы шэч къытрихьэртэкъым, уахуэмыпхъашэмэ, захуагъэ якIэлъызепхьэмэ, шэрджэсхэм уазэрыхэзэгъэнум.
ПАЩТЫХЬ Александр ЕтIуанэр 1861 гъэм и бжьыхьэм Кавказым щыкIуам щыгъуэщ шэрджэсхэм я унафэр IупщI дыдэ щыхъуар. А гъэм фокIадэ мазэм и 16-м пащтыхьым IущIащ абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм я лIыкIуэхэр. Милютиным и гукъэкIыжхэм дыкъыщоджэ: «Урыс пащтыхьым и пащхьэ ихьащ Бэрзэдж лъэпкъ цIэрыIуэм ящыщ зы. (Зи гугъу ищIыр убых дзэпщ Бэрзэдж Джырандыкъуэщ. - Ред.). Абы и псалъэм и ужькIэ, абазэхэ тхьэмадэхэм ящыщ зым пащтыхьым иритащ абазэхэхэм къабгъэдэкI тхылъ. Тхылъым зэрыратхамкIэ, урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэт абазэхэхэм, абы игъащIэкIэ хуэпэжын щхьэкIэ; абазэхэхэр хущIегъуэжат зэрымыщIагъэкIэ иджыри къэс зэрызэуам… Пащтыхьым зэрелъэIури иратхащ тхылъым: Лабэ псым къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс, Псыжьрэ шапсыгъхэмрэ яку дэлъ щIыналъэр памыубыдыну, я хэкум быдапIэ кърамыщIыхьыну, хамэ жылагъуэхэр кърамыгъэтIысхьэну, гъавэ щIапIэхэм зэран хуэхъу гъуэгухэр ямыщIыну. Шэрджэс лIыкIуэхэм пащтыхьым жэуап кIэщI къаритащ: «Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэнумэ, къытпэвубыдIауэ фхуэздэнукъым, фи Iуэху зытетынумрэ фи псэукIэ хъунумкIэ унафэ яхуэсщIащ си дзэпщхэм. ЛъэIу гуэр фиIэмэ, ар граф Евдокимовым ефхьэлIэ».
Милютиным зэритхымкIэ, «бгырыс лIыкIуэхэм ягу зэгъакъым пащтыхьым къарита жэуапымкIэ. Абы щыгъуазэ щыхъум, бгырысхэр къызэрыгъэгубжьащ, зызытын мурад зиIахэм лъэныкъуэ зрагъэзын хуей хъуащ. Убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ унафэ ящIащ - зауэр яублэжынурэ, и кIэм нэсыху, ягъэувыIэнукъым; абазэхэхэм Евдокимовым иджыри зэ епсэлъэху заIэжьэмэ, нэхъ къащтащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Евдокимовым аргуэру епсэлъа щхьэкIэ, къикIа щыIэкъым.
Абдеж кIэ щигъуэтащ лъэныкъуитIри арэзы зытехъуэн унафэм щыгугъахэм я жэрдэмым.
Милютиным и гукъэкIыжхэм ущыхэплъэкIэ, гу лъыботэ ар зыщымыгъуазэ (е ибзыщI) гуэрхэри Iуэхум зэрыхэлъам. Шэрджэс тхьэмадэхэмрэ урыс императорымрэ 1861 гъэм щызэхуэзам щыгъуэ Iуэхум нэгъуэщI унафи тращIыхьынкIэ хъуну зэрыщытар къыхощ тхыгъэ гуэрхэм. Зи гугъу сщIыр Венюков М. И. къызэринэкIа «Кавказ гукъэкIыжхэрщ» (дунейм къыщытехьар 1880 гъэрщ. - «Русский Архив»,т. 1).
«Куэд зыщымыгъуазэ Iуэху гуэрым и гугъу сымыщIын слъэкIынукъым, - итхыгъащ Венюков М. И. - Кавказым нэса нэужь, бгырыс тхьэмадэхэм захуигъэзэн мурад ищIащ пащтыхьым, абыхэм епсэлъылIэн щхьэкIэ. Си гугъэмкIэ, абы щыгъуэ унафэ белджылы гуэри щыIакъым бгырысхэм ятеухуауэ, - бгырысхэм я лъахэм къихун, хьэмэ ар къыхуагъэнэн хуей, быдапIэхэм фIэмыкIауэ? «Александр ЕтIуанэм и тетыгъуэм и тхыдэр» (1871 гъэ) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы и правительствэм бгырысхэр я лъахэм къихун мурад иIагъэнукъым. А «Тхыдэм» дыщрохьэлIэ: «Бгырысхэр я хэкум къипхун щхьэкIэ, абы куэд дыдэ зэрыхэкIуэдэнумрэ зэрытекIуэдэнумрэ игъэчэнджэщагъэнущ… Бгырыс лIыкIуэхэм щепсалъэм, пащтыхьым яжриIащ я хабзэхэмрэ я мылъкумрэ зэрыхэмыIэбэнуIар, гулъытэ зэрыхуащIынур, быдапIэхэр зытращIыхьа щIым фIэкIа зэрафIэмыкIуэдынур, а псом щхьэкIэ паубыдынури зыщ - бгырысхэм гъэр ящIахэмрэ абыхэм я деж кIуэсахэмрэ къратыжынырщ. Сыт хуэдэ жэуап бгырыс тхьэмадэхэм къратар? ЕтIуанэ махуэм абыхэм (пащтыхьым) къыхуахьащ ахэр зыщIэдэу псори зэрыт тхылъ - урысыдзэр Псыжьрэ Лабэрэ икIэщIыпIэкIэ зэпрыкIыжын хуейуэ къагъэуващ бгырыс тхьэмадэхэм». Ар пэжщ, ауэ пэж псор хэIущIыIу ищIакъым а хъыбарыр къэзыIуэтэжам - Iуэхум и пэжыпIэм зэрыщымыгъуазэм къыхэкIагъэнщ. Сэ сыщыгъуазэщ абы.
Шэрджэс лIыкIуэхэр пащтыхьым хуэза нэужь, граф Евдокимовыр гузэвэгъуэ хэхуащ: Iэщэр ягъэтIылърэ Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэмэ, ахэр я лъахэм къранэнкIэ шынащ. Генералым и мурадыр нэгъуэщIт: бгым зы шэрджэси къринэнутэкъым - арат зыщIэзэур. Евдокимовыр бзаджагъэ хуекIуащ: и дзэлIхэм ящыщ зы, полковник Абдеррахман, жэщым бгырысхэм я деж игъэкIуащ, ахэр игъэжэкъуэн щхьэкIэ. «Хэвгъэзыхьмэ, пащтыхьым сытри къыфхуищIэнущ, - яжриIащ Евдокимовым бгырыс тхьэмадэхэм. - Пащтыхьым пэвубыд дзэр Лабэрэ Псыжьрэ зэпришыжын, хы Iуфэм IуащIыхьа быдапIэхэри яригъэкъутэжын хуейуэ». Евдокимовым и чэнджэщым игъэжэкъуащ шэрджэсхэр, абдеж къыщыкъутащ я Iуэхур - генералым зэщэр къехъу-лIащ».
Венюков и псалъэм уи фIэщ мыхъун хэлъкъым. Александр ЕтIуанэм имылъагъупIэр иIэтэкъым Урысейм и къарур зауэ кIыхьым зэрыщIихар, абы мылъкушхуэ зэрытекIуадэр. Шэрджэсхэр уи IэмыщIэ иплъхьэн щхьэкIэ, зауэм Iэджэ хэкIуэдэнут дяпэкIи - ар къыгурыIуэ хъунт пащтыхьым, ауэ ар къафIэIуэхутэкъым дзэпщхэм, шэрджэсхэм кIэ иратын мурад ящIати, абы текIынутэкъым ахэр. Урысей къэралыгъуэм и унафэщIым нэгъуэщI мурад гуэр иIауэ хуэбгъэфащэмэ, егъэлея хъун ди гугъэкъым.
 Дауи щрети, шэрджэсхэр иджыри къэс зытетам тетыж хъуну къыщIэкIынутэкъым - абы ирихулIат езы зэманым. ТIум я зыр къыхахын хуей хъунут шэрджэсхэм: е Урысейм хуэм-хуэмурэ гъунэгъу зыхуащIын, е я щхьэр зауэм халъхьэн - нэгъуэщI хэкIыпIэ яIэжакъым а зэманым. ЕтIуанэращ натIэ яхуэхъуар - аращ зытекIуэдэжар; Урысейми фIы къыхудэкIуакъым абы.
МЫ ТХЫГЪЭР зэрыдублам, геноцид Iуэхум, тебгъэзэжмэ, хэкум щрахум щыгъуэ шэрджэсхэм кIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ зэбгъэпщэн бгъуэтынукъым - ар къалэжьатэкъым шэрджэсхэм, ялъ щIэбгъэжэн, я хэкур нэщI щIэпщIын лажьи ябгъэдэлъакъым.
Къыумыгъэхъун плъэкIынутэкъэ а насыпынша­гъэр - шэрджэсхэм я хэкукъутэр? Абы жэуап етыгъуафIэкъым. Сэ зэрыслъытэмкIэ, Кавказ зауэр зэхэзыубла урыс дзэпщхэм къыхахари зрикIуари гъуэгу нэхъ пхэнж дыдэрщ - абы теунэхъуащ шэрджэсхэр, Урысейми мыгъуагъэ куэд къыхудэкIуащ.
Иджыри зэ къытызогъэзэжри жызоIэ: шэрджэсхэм геноцид зэрыращIылIам шэч хэлъкъым - ар пхущIэхъумэнукъым, къэралым зиумысыжын хуейщ абыкIэ.

Гордин Яков, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор. «Звезда» журнал, Санкт- Петербург, 2007 гъэ, №12.
Поделиться:

Читать также: