МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэжьхэр
ЦIыкIу щхьэкIэ, лъабжьэщ

♦Мыщэм пщIащэ техуэмэ, мэгубжь, жыг техуэмэ, зеущэху.
♦УзищIасэм и псэ ухуехь.
♦ПцIы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр джэгуакIуэщ.
♦Нэм нэ хъумэ иIэщ.
♦Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ.
♦ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэкъуэшщ.
♦Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукIэкIэ Iэзэщ.
♦Псыхъуэр жылэ тIысыпIэщ.
♦Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.
♦Уэс щесам лъэужь щыIэщ.
♦ПцIы IэфI нэхърэ пэж дыдж.
♦ЩIопщыкъурэ пэт жьы еубыд.
♦Уанэм лIы имысмэ, пхъэ тыкъырщ.
♦Шу гупыр зэдилъмэ, щхьэж игу илъ ещIэж.
♦ШыфIрэ выфIрэ псыбафэкъым.
♦Фом тхъу хэплъхьэкIэ зэIигъэхьэркъым.
♦«Хэт и щхьэр нэхъ дахэ?» щыжаIэм, шылъэгум и щхьэр къригъэжащ.
♦ЩIалэ гъакIуи кIэлъыкIуэж.
♦Фоч нэщI лIитIгъэшынэщ.
♦ЩауэщIэм и щIакIуэри и кIуэкIэри дахэщ.
♦Хьэ мыукIытэ къупщхьэ йогъу.
♦ЦIыкIу щхьэкIэ, лъабжьэщ.
♦ХьэгъуэлIыгъуэ махуищ гухэхъуэщ.
♦Шэс псори шукъым.
♦ЩIакIуэр губгъуэ унэщ.

ЗэвгъэцIыху
Ломб Като

Ломб Като венгр зэдзэкIакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэщ. Дунейм япэ дыдэу жаIэр занщIэу зэзыдзэкIыу лэжьэн щIэзыдзахэм ящыщщ ар. Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр гугъу демыхьу псынщIэу зригъэщIэфу зэрыщытарщ ар къэрал куэдым цIэрыIуэ щызыщIар. Хуиту ирипсалъэрт, иреджэрт, иритхэрт урысыбзэм, инджылызыбзэм, франджыбзэм, нэмыцэбзэм. КъыгурыIуэрт икIи зыхуей тIэкIур жиIэфырт итальян, испан, япон, китай, польскэ бзэхэмкIэ. Псалъалъэр къигъэсэбэпурэ еджэфырт болгар, дат, румын, словак, украин, латынь бзэхэмкIэ.
Езыр химикт,  ауэ и щIалэгъуэм щIидзэри бзэхэр иджащ. Като и гукъэкIыжхэр иту къыдэкIа тхылъым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм урысыбзэр щэхуу зригъэщIат, Гоголь Николай и «Мертвые души» тхыгъэм еджэурэ. Совет армэм Венгрыр къищта нэужь, советыдзэ администрацэм зэдзэкIакIуэу щылэжьащ.
Псэуху бзэщIэ зэрызригъэщIэным иужь итащ бзылъхугъэр. И IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм и фIыгъэкIэ къулыкъушхуэхэр   иIыгъащ, КъэралкIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм зэдзэкIакIуэу щылэжьащ. А IэнатIэр щиIыгъым   къэрал куэд къызэхикIухьащ, икIи абыхэм ятехуа тхыгъэ куэд ихуащ Като къыдигъэкIа «ЗэдзэкIакIуэм дунейр къызэрызэхикIухьар» тхылъым.
ГъэщIэгъуэнщ Ломб ищIэу щыта бзэ 16-м я нэхъыбэр езым и щхьэ закъуэу зэрызригъэщIар, абы папщIэ къигъэсэбэпари тхылъхэмрэ художественнэ тхыгъэхэмрэщ.
Ломб мызэ-мытIэу щыIащ СССР-м икIи и зэфIэкIхэм хуэфащэ пщIэ хуащIащ. Абы бгъэдэлъ зэчийм теухуа тхыгъэхэр къытехуащ «Наука и жизнь», «Огонёк» журналхэм.
Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ фIэкIа имыIэжу (и ныбжьыр илъэс 90 хъууэ) ивритыр зригъэщIэну етIысылIат, хьэрыпыбзэр иджыну и мурадт.

* * *

Ломб Като «Сэ бзэхэр зэрызэзгъащIэр» и тхылъым и пэублэ псалъэм итщ:
«Сэ бзэхэр зэрызджым теухуа псалъэмакъ къэхъея нэужь, псоми упщIищкIэ зыкъысхуагъазэ. Абыхэм сытым дежи естыж жэуапхэр зэщхьщ. Аращи, цIыху псоми яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэм я жэуапхэр щагъуэтын папщIэ згъэхьэзыра тхылъщ мыр.
Япэ упщIэр: ЦIыхум бзэ 16 зригъэщIэфыну?
Жэуап: Хьэуэ. А псори зэхуэдэу тэмэму зэбгъэщIэфынукъым, шэрыуэу урипсэлъэфынукъым. Сэ си анэдэлъхубзэр зыщ зэрыхъур - ар венгр бзэращ. КъищынэмыщIауэ, зэхуэдэу бзитху согъэшэрыуэ, ахэр сэ сщыщу жыпIэ хъунущ - урысыбзэ, инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ, венгрыбзэ. А бзэхэмкIэ сыт хуэдэ псалъафэри занщIэу схузодзэкI, тынш дыдэу зэдзэкIакIуэу сролажьэ. Итальян, испан, япон, китай, польскэ бзэхэм срилэжьэн ипэ къихуэу, си Iэрытххэр къэзгъэсэбэпу махуэ ныкъуэкIэ къэспщытэжын хуейщ. Адрей бзэхэм художественнэ литературэ хэхахэр иризэздзэкIыу аращ.
ЕтIуанэ упщIэр: Бзэхэр щхьэ йомыгъэджрэ?
Жэуап: Сэ сыегъэджакIуэкъым. ЦIыхухэр бзэхэм хуебгъэджэн папщIэ бзэ куэд пщIэн хуейуэ аракъым. Ебгъэджэныр къалэн хэхащ, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ. Операцэ зэ ящIа цIыхум нэгъуэщI зыгуэр операцэ ищIыну ебгъэувалIэ хъурэ? Сэ апхуэдэм скальпелыр IэщIэслъхьэнутэкъым.
Ещанэ упщIэр: Апхуэдиз бзэ пщIэн щхьэкIэ ямылей зэфIэкI гуэр ббгъэдэлъын хуей?
Жэуап: Хьэуэ. Сэ сызэрегупсысымкIэ, гъуазджэм къищынэмыщIауэ, цIыхум сыт хуэдэ Iуэху ищIэфынуми зэлъытар езым абы хуиIэ жэрдэмырщ, егугъуныгъэрщ, жыджэрагъырщ. Псалъэр фIыуэ зылъагъухэм, езым и гупсысэмрэ нэгъуэщIым жиIахэмрэ къызэриIуэтэж бзэм и шэрыуагъым, беягъым мыхьэнэ гуэр езытхэм яхузэфIэкIынущ ар. Сэ ар згъэунэхуащ си Iуэху бгъэдыхьэкIэкIэ, цIыхухэм сепсалъэкIэрэ. Илъэс плIыщIкIэ сыкIэлъыплъащ абы.

Къэбарт Мирэ.

Фэ фщIэрэ?
Къуалэбзухэм я цIэхэр

Баклан японский - Япон хыбабыщ
Глухарь - Хъунгъар, бзудэгу, бзыудэгу
Лунь степной - Жьец, мэкъупIэжьец
Мухоловка-пеструшка - Жьыкъанкъуэлэн
Лысуха - Псыджэд, къамылджэд
Балобан европейский - Къыякъ
Воробей снежный - Уэсбзу
Стеноглаз - Дурэшбзу, бзудамэплъ
Воробей черногрудый - БзубгъэгуфIыцIэ
Орел горный - Къуршыбгъэ
Сплюшка - ЖьындуцIыкIу
Орел-карлик - Бгъэжьей
Синица усатая -  ЦIыжьдадэжьэгъуху
Синица хохлатая - АмкIыщ
Красавка - КърупщэфIыцIэ
Краснозобик - Бгъэгуплъ
Галка альпийская - Къуалэпэгъуэ
Барсучок - Бгъэнбзу
Галстучник - Щхьэщ, пшахъуэджэд
Бекас - Сыр-сыр, бзупэкIыхь, удыдж

Дэ къытхуатх
Джэдыгухэр

Цыбанэ зигъэкIэрахъуэу гъуджэм бгъэдэтт. Ар щатэрт, папщэрт, зэ ижьымкIэ, зэм сэмэгумкIэ зыщигъазэкIэ цыпхыдзэм ещхь и щIыб гъуджэм къищыр илъагъурти, и ни и пи къихьыртэкъым.
- Е сыцыфIэкъым, е сыплъыфэкъым, - жиIащ абы икIэм-икIэжым губжьа-губжьауэ.
Мастэ-Iуданэр зэи зымыгъэтIылъ анэр къуэм еплъри зыри жимыIэу Iуданэр къищтащ, шэцыкуэ IэщIэлъым тришэну. Цыбанэ хуэмышэчыжу анэм бгъэдыхьэри:
- Мы си джэдыгу фаджэм хуэдэ иIэу зы псэущхьи мы мэзым щIэскъым. НэгъуэщI схуэбдыфынукъэ? - жриIащ.
Анэм жиIэнIауэ хунэмысу зыгуэр къэджащ:
- Ей, гъунэгъур фыщIэс! - жери.
Анэр щIэкIмэ -  Бажэ къыщытщ.
-  Къеблагъэ, Бажэ, сыт ухуейт? - щIэупщIащ ар.
-  Джэдыгу здынущи, кхъыIэ, хъунумэ, зы мастэ къызэт, - жиIащ Бажэ.
- Сыт, на, щIозмытынур?! Тхьэ, цыджан мастэм нэхърэ нэхъ папцIэмэ сысейр икIи сабын фIыцIэм зэ хэпIумэ, сыт хуэдэ фэми тыншу хыхьэнумэ, - ар жиIэри маститI иритри гъунэгъур игъэкIуэтэжащ.
ЕтIуанэ махуэм Цыбанэ джэгуну хуейм ихьащ. Бажэрэ Мэзыхьэрэ я джэдыгу щIэрыпсхэр зыр зым хуигъэщIэгъуэжу гъэхъунэм итхэт.
- Еплъыт, еплъыт зо мы си джэдыгу дахэм! - жиIэрт Бажэ пIащIэрыпсалъэу, къригъэжьар Мэзыхьэ фIызэпиудынкIэ шынэу. - Бжьыхьэ дыгъэпсым гъуэплъ, дыщафэ ищIа  тхьэмпэ хуабэхэм зызгъафIэу, сыхэджэгухьу  сыхэлъын сфIэфIти,  абыхэмкIэ мамэ джэдыгу дахэ схуидащ. Мастэр, пщIэрэ, къезытар Цыжьбанэращ.
- Цыжьбанэ  и фIыгъэкIэ нанэ джэдыгу схуидащ. Ди гъунэгъу мэл БжьэтIей цыщхъуэ къытхуихьат. Ар нанэ сэрэ зэгъусэу дыпщIащ, иужьым  цыпхымкIэ зэIытхыжри цыIэрылъхьэ тщIащ.  Нанэ цыкIуэкIымкIэ иджащ, итIанэ Iуданэр тIууэ зэгуилъхьэри щIиджэжащ. Цыжьбанэм фIэкIа мастэ иIэу зы псэущхьи нанэ мы мэзым щIигъуэтакъым. Къеплъыт, - и щIыIутелъ щхъуафэ щIэрыпсыр  игъэлъагъуэу Мэзыхьэ зыщегъэкIэрахъуэ Бажэ и пащхьэм.
Абыхэм жаIар зэхэзыха Цыбанэ и джэдыгу мастэм еплъыжри пыгуфIыкIащ.

Мэлей ФатIимэ.

ГъэщIэгъуэнщ
Къалэдэсхэм я бжыгъэр

Къэралхэм я цIыхуу къалэхэм щыпсэур: Ватиканым, Монакэм, Наурум, Сингапурым цIыхуу щыпсэум я проценти 100-р къалэдэсщ, Бельгием - процент 97-р, Андоррэм - 95-р, Исландием, Катарым - 92-р, Бахрейным, Израилым, Уругвайм - 91-р. И цIыхухэм я процент 80-м щIигъур къалэхэм щыпсэу къэралхэр блы мэхъу. Къалэдэсхэр щынэхъ мащIэ дыдэр Бутанырщ - проценти 7 къудейщ, Руандэмрэ Бурундиемрэ - 8-щ, Непалым - 11-щ, Угандэм - 13-щ. Къалэдэсхэр щохъу: США-м - процент 76,2-рэ, Урысей Федерацэм - 73,1-рэ. УФ-м и республикэхэу Адыгейм - 53-рэ, Дагъыстэным - 41,5-рэ, Ингушым - 32,4-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - 60,1-рэ, Къалмыкъым - 39,7-рэ, Осетие Ищхъэрэм - 68,9-рэ, Шэшэным - 33,6-рэ.

* * *

Франджы актрисэ цIэрыIуэ Бернар Сарэ илъэс 70 ныбжьым иту илъэс 13 фIэкIа мыхъу Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат икIи абы зыми шэч хуищIатэкъым - сценэм итыр лъагъуныгъэм итхьэкъуа пщащэ цIыкIуу фIэкIа зыми къащыхъуатэкъым.

* * *

Фэ фщIэрэ Норвегие тенджызым зы жэщ-махуэм къриубыдэу хуабэу МВт мелуан 80 хьэуам зэрыхиутIыпщхьэр? Дунейм хыуэ тетым зы жэщ-махуэм хуабэу МВт мелард 30 хаутIыпщхьэ. Ар Дыгъэм ЩIым хуабэу къритым и процент 20-м нос.

* * *

Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорт, 54-р эсминецт, 212-р псыщIагъырыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. Абы нэмыщI, ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.

Гупсысэр - псалъэкIэ
ПщIыхь псэгъапцIэ

ФIыгъуэмрэ фыгъуэмрэ зэращIылIа зэдауэ, зэзауэ, зэрыукI гущIэгъуншэ IэубыдыпIэншэм я зэхуаку къыдэспхъуэтыкIа си гурыфIыгъуэм, си насып мылъытэм, си дуней гъащIэр щIэщыгъуэкIэ схуэзыгъэнщIым пхуэслъэгъуащ ныжэбэ пщIыхь. Нэщэнэм я нэхъ хъуэпсэгъуэр къызыхэтэджыкI, гур зыщIэхъуэпс, псэр зыщIэзыгъапсэ гурыфIыгъуэхэр къызыхэхъуэпскIыкI пщIыхь дахащэ. Си лъэр щIым тримыубыдэжу, си гур си пкъым къысфIилъэтынкIэ сигъэшынэжу сегъэпсэу си нэгу щIэкIам.
ЗыкIи къэмысэбэпыжыну хыфIадзэжа хьэпшыпу зэгуэр искIутыжа, сабэмрэ нэпсымрэ езгъэтхьэлэжа гугъэ кIапэлъапэхэм я лъыхъуакIуэ щхьэхуимыту срегъэжьэж. Фо зэхуэхьэсыным нэхъуеиншэу бгъэдэт бжьэ зэрыбыным я лэжьэкIэм, я Iуэху зехьэкIэм сыдригъэплъейкIэрэ сригъэхъуэпсэн мурад иIэми ярейуэ, щхьэхуимыту къэзгъэщIа гъащIэм и къудамэ, удз гъэгъа куэдым си гугъэ-щыгъэхэр къыпызегъэхыж, псэм акъылыр и дэлэлу дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэзмыгъанэу зэхузегъэхьэсыж. Упсэуну сыту фIыIуэ щIыжысIэн щхьэусыгъуэхэр мымащIэу си пащхьэм къизылъхьа пщIыхьым къигъэщIа къару лъэщым си блэкIамрэ си къэкIуэнумрэ сакъыпэурэ зэлъыIуегъэкIуэтри зэуIу, зэкъуэт, зэрыIыгъ хъужа гугъэхэм къахищIыкIа гурыфIыгъуэшхуэр Iэдэбу я зэхуаку дегъэзагъэ - си нобэм дыгъэпс гуакIуэу кърекIых. АпщIондэху си гур къогуфIыкI, къогушхукI, къыспэплъэ гъащIэм и плъыфэ зэмыфэгъухэр напIэдэхьеигъуэм си нэгу къыщIегъэувэ. УвыIэгъуэ имыIэу хъуапсэ си псэр зэрынэхум, ар зыхуэпабгъэ, зыщIэбэг дахагъэ псори Iэрылъхьэ, нэрылъагъу зэрыхъунум къыпкърыкI гупсысэхэм зэшыпIэ срагъахуэркъым, тепыIи къызатыркъым.
ТыншыгъуэкIэ къызэтэу, гурыфIыгъуэкIэ сызыгъафIэу си хъуреягъыр зыгъэщхъуэкIэплъыкIэ пщIыхьыр къыздэтIысу, къыздэтэджу, къыздэбакъуэу сегъэпсэу. Уафэ къащхъуэр уи нэгуу сегъэлъагъу, сызэрыбауэ хьэуам уи джэрпэджэж щызэхызегъэх. КъысхуэгумащIэрэ сыфIэпсэкIуэду зи кхъуакIэхэр къысхуэзыгъэджэгу дыгъэр уи хуабагъкIэ, гуапагъкIэ къысхуоупсэ. А псор зыхэзыщIэ, зыгъэунэху си гур зэгъэжауэ къыспэплъэ гъащIэм сыхуегъэпабгъэ - уэ ущызгъуэт, ущызыхэсщIэ гъащIэм - пцIапцIэу, цIанлъэу, цIэнтхъуэрыгъуэу зэгуэр къысхущIэкIыжынкIэ хъуну  гъащIэм - пщIыхь псэгъапцIэр щыскIэрымыкI гъащIэ лъащIэм.

КхъуэIуфэ Рабия.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ