МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГушыIэ
Хъуэжэ езым зыкъигъэпцIэжащ

Хъуэжэ пIащIэу унэм кIуэжырт. Уэрамым щызэхэт цIыху гупым щаблэкIым зыгуэр къеупщIащ:
- СлIожь, Хъуэжэ, уи кIэм мафIэ щIэна, дэнэ апхуэдизу упIащIэу уздэжэр? - жиIэри.
Хъуэжэ и кIэм еплъыжри:
- Хьэуэ, мафIэ лъэпкъ слъагъуркъым, - жиIащ.
- АтIэ дэнэ уздэжэр? - къеупщIащ аргуэру а зэгуэпыгъуэр.
Хъуэжэ къызэтеувыIащ, лIыр гъунэгъуу къызыбгъэдишэри щэху дыдэу жриIащ:
- Хъурмэ куэд къашауэ къалэжьыщхьэ деж пщIэншэу щат, си хъуржыныжьыр цIыкIуIуэ къысщыхъужауэ чыматэри къэсщтэну сокIуэж, зыми жумыIэу уи закъуэ къыдэкI, - жиIэри Хъуэжэ ежьэжащ.
Зы тэлай дэкIауэ, Хъуэжэ щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри къилъэгъуащ пэгун, матэ, хъуржын яIыгъыу хъурмэхьэ пхъэра цIыхухэр.
- Алыхь-алыхь, зыхэзгъэкIыжырти пщIэншэу ят хъурмэм, - жиIэри и хъуржыныжьымрэ зы чыматэрэ къищтэри езыри якIэлъыдэжащ бгым.
КъэпцIа цIыхухэр бгыщхьэм щызэрызехьэу тетт, къэзыгъэпцIам лъыхъуэхэу. Япэ зыхуэзауэ щыта лIым Хъуэжэ къызэрилъагъуу, къепхъуэри утыкум ирилъэфащ:
- Мис а пцIыр зыгъэIуар, - жиIэри.
- Хэт жысIэу зэхиха? КъызэфшалIэ мыдэ! - къахуикIуэтакъым Хъуэжэ.
- Сэ щэхуу къызжепIащ, - жиIэри лIы зэгуэпыгъуэр къэуващ.
- Си шыдыр хьэм щишхым щыгъуэ си макъым къызэрикIкIэ сыкIиияти, зыми зэхихакъым, иджы уэ зым щэхуу бжесIар сыту псынщIэу къуажэ псом щызэлъащIыса? - жиIэри яхуидакъым Хъуэжэ «пцIы» къытралъхьэу.

КъардэнгъущI Зырамыку.

ЖыIэгъуэхэр
Iейм зыкъызэкъуех, фIыр къызэрокI

АкъылыфIэр гъуэмбми йозагъэ, акъыл ныкъуэр дунейм техуэркъым.
Губзыгъэм зыфIегъэлIыкI, делэм зыщегъэшынэ.
Делэ унафэ гъэзэщIэгъуафIэщ: къутэн мыхъумэ, щIын гугъу ящIыркъым.
Пщыхьэщхьэм нэхърэ пщэдджыжьыр нэхъ Iущщ жаIэ, арагъэнщ Iуэхур пщыхьэщхьэм щIалэжьыр.
Баш иупсу къыщымыхъуу пцIы еупс.
Зы пэж жыуамыгъэIэн щхьэкIэ пцIищэ уагъэупсыни!
КъысфIощI щыжаIэми, шэч къытрахьэу къызыфIомыгъэщI.
ЖыIэкIэмыщIэм гупсысэ дахэри фэладжэ ещI.
ЕпIуэкIыу зэман йомыгъэхьу, жыIи пыкI.
Сэбэпыншэ зэпэубыда щыIэкъым.
ХуэщIэ хуэщIи, зэ хуомыщIэжыфмэ, къаугъэ ухадзэнщи, утыншыжынщ.
Дзыхэр узым нэхъ къол, бэшэчым нэхърэ.
Къоуз псом и гугъу япэ къыпхуэзэм хуомыщI: езым къригъажьэмэ, сыкъэпщIэнщ.
Ежьужь мащIэ гум щыгъуалъхьэрэ?
Iейм зыкъызэкъуех, фIыр къызэрокI.
Дунейм и махуитI зэхуэдэкъым - цIыхури апхуэдэщ.
Дзажэр хьэлъэху, зылъэфым и лъэр нэхъ щIокI.
Зэрыщымыту зыкъыпщызыгъэхъур, зэрыщытым тоукIытыхьыж.
Къэбгъуэтыжар щIэуэ къыпхэхъуам хуэдэжкъым - гуфIэгъуэ дыдэщ.

Бейтыгъуэн Сэфарбий.

Адыгэ лIакъуэхэр
Абазэхэхэр

Абазэхэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщ зыуэ щытащ, иджы адыгейкIэ (кIахэ адыгэкIэ) дызэджэм хыхьэ зы гупщ. Пасэ зэманым лъэпкъым и цIыхухэр нэхъыбэу зэлэжьу щытар гъавэ щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ, апхуэдэу абыхэм яIэт жыг хадэ хъарзынэхэри. ЩIым къытрах, Iэщым къыпах хъерымкIэ сату дащIырт я гъунэгъу лъэпкъхэм.
XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм Кавказыр къэгъэIурыщIэным хуэунэтIауэ урысей пащтыхьхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм я зэранкIэ абазэхэхэм ящыщу я лъахэм къинэжар цIыхуу исам и Iыхьэ пщIанэрщ. 1863 гъэм генерал Евдокимовым а лъэпкъым ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ахэр Псыжь Iуфэ и тафэ щIыпIэхэм итIысхьэн е 1864 гъэм и мазаем и 1 пщIондэ Тыркум Iэпхъуэн хуейт. Унафэр зымыдахэр хэкум икIыжащ, адрейхэр къуршым ихьэжыгъащ, ауэ бгыхэми ахэр къахъумэфакъым: щIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ икIуэдыкIащ. 1901 гъэм абазэхэ адыгэу Кубань областым къинэжар цIыху мини 5-м щIигъуртэкъым.
Абазэхэ адыгэхэр нобэ куэд хъужыркъым. Ахэр щопсэу Хьэкуринэхьэблэ, Мамхэгъ жылэхэм (Адыгэ Республикэ). А жылэхэр тIысауэ щытащ 1862 - 1863 гъэхэм, Хуарзэ псыр яку дэжу. 1958 гъэм Хьэкуринэхьэблэрэ Мамхэгърэ зэгуагъэхьэжри Щоджэнхьэблэ къуажэ къызэрагъэпэщащ. Адыгэ Республикэр къэунэхуа нэужь ахэр зэгуагъэкIыжри япэм яIа цIэхэр иратыжащ. А жылэхэм щыпсэухэрщ адыгэбзэм и абазэхэ диалектым ирипсалъэхэр.

Беслъэнейхэр

«Беслъэней» фIэщыгъэцIэр къэбэрдеипщхэр къызытепщIыкIыжа Инал и къуэ Къэсей и къуэ Беслъэн деж къыщежьэу тхыдэтххэм хуагъэфащэ.
Курыт лIэщIыгъуэхэм беслъэнейхэр Псыжь и адрыщI Лабэ и Iуфэ щIыпIэхэм щыпсэуащ. Беслъэней пщыхэм я къежьапIэр Инал и лIакъуэ Къанокъуэщ, ауэ ахэри унагъуитIу гуэшыжащ - Щолэхъухэрэ Бэчмырзэхэрэ. А унагъуитIым яIэщIэлъащ щIышхуэ, БеслъэнейкIэ еджэу. Беслъэнейхэр къэбэрдейхэм къакIэлъыкIуэу адыгэ лъахэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэурт. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм беслъэнейхэр я бжыгъэкIи, я псэукIэкIи адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщ хъуат. Ауэ абы и цIыху куэд Кавказ зауэм хэкIуэдащ, нэхъыбэж Тыркум Iэпхъуащ. Къэбэрдейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яку дэса беслъэнейхэр хэкум икIыжа нэужь, зэпыча хъуащ къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмрэ щыпсэу адыгэхэм я зэпыщIэныгъэр, къэбэрдей адыгэбзэр адрей адыгэхэм я бзэм къыгуэщхьэхукIащ.
Мы зэманым беслъэнейхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Беслъэней, ВакIуэжылэ къуажэхэм, Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэпсынэрэ Улапрэ, Краснодар крайм щыщ Успен районым и Кургъуокъуейрэ Къанокъуейрэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, беслъэнейхэр цIыху мини 8-м ноблагъэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и беслъэней диалектым иропсалъэ.

Тхыгъэ кIэщI
Зи чэзур

Гъэмахуэ мазищыр икIа пэтми, дунейр, япэхэми хуэдэу, уэфIт, махуэ къэс дыгъэ къепсырт, хуабэти, «Сэ си пIалъэр иджыри икIакъым, - жиIэрт гъэмахуэм. - Япэхэми хуэдэу, хуабэу иджыри зыкъомрэ сыщытыфынущ. Си гугъу къэвмыщI бжьыхьэ кIэмэлъамэхэм!»
Бжьыхьэм ар идэртэкъым. «Уэ уи пIалъэр зэрикIрэ куэд щIащ, иджы сэращ чэзур зейр, - жиIэрт абы. - Плъагъуркъэ, си нэщэнэу, мы жыг щIагъхэм щIэлъ пщIащэ гъуэжь-плъыжьыфэ къомыр?! Къуалэбзухэри хуабэ щIыпIэхэм лъэтэжащ. Аращи, лъэныкъуэ зегъэзи хуит къысхуэщI дунейр. Сыт хуэдиз сиIэ сэ бжьыхьэ уэшхрэ пшагъуэ Iуву! Сэри згъэлъэгъуэну сыхуейщ слъэкIыр».
Апхуэдэу гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ зэдауэурэ, щIымахуэр къэсри тIури хьэрэкъуакIэ дихуэжащ. Уэсыр джабын хужьу щIылъэм къытрилъхьэщ, уаер напэм епхъуэу къиутIыпщщ, псыежэххэм мыл афэхэр ящитIагъэри…, и бий псоми ятекIуа дзэпщу, лъэбакъуэхъуу къэуващ щIымахуэр: «Сэращ зи чэзур!» - жиIэри. ИкIи абы зыри пэпсэлъэжакъым, зыри пэрыуэфакъым, гъатхэр къэсыху. Гъатхэр абы текIуащ хуабагъэ, гуапагъэ защIэкIэрэ. Къузауэ, хузауэ щIымахуэм иIыгъа псори дыгъэ къарукIэ хуит къищIыжри, дунейр ящIэщыгъуэу игъэбэуэжащ. Арат, гъатхэм и чэзумэ!

Къагъырмэс Борис.

ХЬЭЩIЭ БЗАДЖЭ
Хъыбар

ГъуэгурыкIуэ гуэр, пшапэр зэхэуати, зы пщIантIэ гуэрым дыхьащ:
- Мы унэм нэху сыкъыщекIынщ, - жери.
 ПщэфIапIэм фыз къыщIэкIри, къыIущIащ.
- Фи унэ ныжэбэ сивгъэлъын? - жиIащ гъуэгурыкIуэм.
 - Езыр дэскъым, мэз кIуащи, и къэсыжыгъуэ хъуащ, унэм ихьи, пэплъэ, - къыжриIащ фызым. - АпщIондэху сэ сыфхуэпщэфIэнщ.
 ЛIыр унэм ихьэри, тIысащ. Бысымыр къэсыжащ.
- ХьэщIэ диIи! - жиIащ бысымым. - Ауэ тIум я зыращ унэм дилъ хъунур.
 - АтIэ сэ силъынщ, - жиIащ хьэщIэм.
 ХьэщIэм зэрыфIэмыкIынур къыгурыIуащ бысымым. КъыгурыIуэри, ебзэджэкIын мурад ищIащ.
- Абы щыгъуэ, - жиIащ бысымым, - дыкъызэдэпкIэнщи, нэхъ жыжьэ пкIэр унэм къинэнщ.
- Хъунщ, - жиIащ хьэщIэм. - Уэ убысымщи, япэ пкIэ.
ЖьантIэм дэувэри, бысымыр пкIащ - бжэщхьэIум нэсакъым. ХьэщIэр пкIэри, бжэщхьэIум фIэкIащ.
- Унэр уэ къыплъысащ, - жиIащ бысымым. - Дышхэнщи, угъуэлъыжынщ.
ХьэщIэмрэ бысымымрэ пщэфIапIэм кIуащ. Фызым Iэнэ къахуигъэуващ.
 Iэнэм бгъэдэтIысхьа щхьэкIэ, бысымыр шхакъым: зэ-тIэу едзакъэри, тIысыжащ:
 - Мыхъумышхэ сыхъуащи, шхын сщыкIуэркъым нобэ, - жери.
- Сэ сыгъуэгурыкIуэщ, сымэжэлIащ, - жиIащ хьэщIэм, икIи фызым къахуигъэува Iэнэр иухъуэнщIащ, бысымым и гурыIупсыр къажэурэ.
 ХьэщIэр шхэри, унэмкIэ игъэзэжащ.
 - Мэз нэщI щIэта жыхуаIэращ, шхын щхьэкIэ солIэ, зыгуэр тхуэпщэфI, - жриIащ бысымым унэгуащэм.
- Си хьэзырыр Iэнэм нытеслъхьэри нэзгъэуват, хьэщIэм щхьэ удэмышхарэ? - игъэщIэгъуащ фызым. - Зэ-тIэу ухэIэбэри, щыбгъэтыжащ.
 - Теурэзыр къыхукIуэ абы: сэ щызгъэтыжмэ, тэджыжын си гугъащ.
- Мэжаджэ пхуэзгъэжьэнщ, - жиIащ фызым.
- Гъажьэ.
Фызым мэжаджэр игъэжьэну тригъэуващ.
 Мэжаджэр мыжьэ щIыкIэ, хьэщIэр пщэфIапIэм къыщIыхьащ.
- Жейм уезэгъыркъэ, ди хьэщIэ? - жиIащ бысымым.
- Зыгуэр сигу къэкIыжащи, сигъэжейркъым, - жиIащ хьэщIэм.
- ЩIалэ зеиншищ си гъунэгъущ сэ. ЗэхэкIын хъури, зэшищым сраджащ: «Ди мылъкур тхуэгуэш», - жари. Зы танэ, зы мэл, зы бжэн яIэти, яхуэзгуэшащ. Зэрызгуэшам арэзы техъуакъым зэшхэр, зыр зым ефыгъуэжри, зэщыхьэжащ. Щызэщыхьэжым: «ФызэрегуакIуэщ, сыкъевджэн хуеякъым, си унафэм фыкъыщемыувэлIэнукIэ», - жысIэщ, яхуэзгуэшар зэхэстхъуэжри сакъыхэкIыжащ. Мис мыпхуэдэущ зэрызэхэстхъуэжар, - жери хьэщIэм пэрыIэбэр къищтэщ, жьэгум дэтIысхьэри, мэжаджэмрэ яжьэ пщтырымрэ зэхитхъуащ. - Хуэфащэр есщIакъэ зэшищым?
Ар жери, хьэщIэр унэм ихьэжащ.
- Хуэфащэр зращIа щыIэмэ, сэращ зращIар, - жиIащ бысымым, хьэщIэр пщэфIапIэм щIэкIыжа нэужь.

Къэрмокъуэ Хьэмид.

            Едзыгъуэхэр

                              * * *
Сэ сокIуэ сытету гъащIэ гъуэгум,
Нэхъуеиншэу куэдрэ сыкъызоплъэкIыж.
Лъэбакъуэ пхэнж счым хуэшэчкъым сигуми,
Си лъэужьыр дахэу зызогъэзэхуэж.

                             * * *
Си къуэш! Псалъэр мэл IэрыпIкъым,
БутIыпщакъэ - пхуэубыдыжкъым.
Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс,
Уэ пхуэдэ цIыхум хуэщI нэмыс!

                             * * *
Дуней насыпыр уэ Тхьэм къуитами,
УгуфIэу хыумытIэ ислъэмей!
Насыпыншагъэр къыптепсыхами,
Умыгужьей! Пэплъэ уи пщэдейм!

                             * * *
Зэ закъуэ дэуеяти мэлым и кIэр,
Бжэныр зэрылъэлъу дыхьэшхащ:
«Уэ-хьэхь! Модэ, мо гъуамэр зэрыпкIэ,
Iэщ лъэпкъым ди напэжьыр трихащ!»

                            * * *
Уо, цIыху, зыри сэ уэ пхуэзмыщIэфами,
Сропагэ зым: гуапэу сэлам узохыф.
Уэри, дыщэ таж сэ къысхуумыгъэжами,
СэркIэ дэрэжэгъуэщ: пэжу дунейм тетыф!

                            * * *
ЯмыщIэу хы къэукъубеям хэхуами,
Хэт зымыщIэр цIыху Iэджэ къызэрелар?
Ауэ фадэм лъапэ хамышиями,
ЦIыху дапщэ игъуэ нэмысу итхьэла?

                           * * *
Сэ псы есыкIэ сымыщIэми,
Уэр щхьэкIэ тенджызым зыхэздзэнщ.
МафIэс сыщошынэ сэ игъащIэми,
Ауэ си псэр мафIэм пэрыздзэнщ.

                       * * *
Дэ дызытет дунейр театр абрагъуэщ,
Дунейм щыпсэу цIыхуу хъуари артист дэгъуэщ.
Ахэр щхьэж зэрыхузэфIэкIыу мэджэгу,
Дэ ди гъащIэр къощыр а псом я нэгу.

                          * * *
Жэщ мазэгъуэм вагъуэиж сэ слъагъуху,
Ууей сфIэщIу, си щхьэфэцыр мэтэдж:
ШыгъушыпсыпIэм сэ сыхэлъу согъэщ нэху,
Къысщохъу зыгуэр си гум сэкIэ къепыдж.

                          * * *
Зи бзэкIэ уэрэд зыхужымыIэм,
ХамэбзэкIэ уэрэд жиIэн ерыщщ.
А уэрэджыIакIуэм макъ имыIэр
Хамэбзэм ищI къыщохъу нэхъ лъэщ.

                                                                Дудар Хьэутий.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ