Адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ я къежьапIэр зы?

Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием КъБР-м щиIэ къудамэм (КБНЦРАН) и уна­фэщI, профессор Иуан Пётр и IэдакъэщIэкIыу тхылъыщIэ къыдэкIащ: «Адыгэхэмрэ къэзакъ­хэм­рэ Урысейм и тхыдэмрэ и политикэмрэ къызэры­хэщыр: цIыхугъэ хэлъу бджымэ» («Адыги (черкесы) и казаки в истории и политике России: опыт нравственного прочтения»).

«ТХЫЛЪЫМ лъабжьэ хуэхъур Урысеймрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ игъащIэкIи щIызэгъусэфын щхьэусыгъуэхэр къэгъэнэIуэнырщ», - аннотацэм щыгъуазэ дещI щIэныгъэлIым къыджиIэну зигъэхьэзырым. Тхыдэр и IэщIагъэу щымытми, дэтхэнэ адыгэми ещхьу, Иуан Пётр зытепсэлъыхьыр «илъэси 160-рэ дэкIа нэужьи, сыт и лъэныкъуэкIи иухакIэ узэмыджэфын зауэрщ». ЩIэныгъэлIым игу къоуэ апхуэдиз зэман зэрыдэкIам хуэдэу, тхыдэ пэжыр нобэр къыздэсым урысей цIыхубэми, дуней псоми я пащхьэ зэримылъыр. Адыгэ зэгухьэныгъэ, къэрал къулыкъущIэ ирехъу, лъэпкъ Iуэху зэрахуэныр пщэрылъ зыхуэ­хъу­хэм я къалэныр ягъэзэщIамэ, Урыс-Кавказ зауэм къыхэкIа лъэпощхьэпохэр гъэзэкIуэжа хъунут, езы Урысей къэралми лъэны­къуитIми нэплъэжыгъуэ яхуэхъун лъэбакъуэ махуэ ипэкIэ ячыфынут. А хэ­кIыпIэр къызэрамыгъуэ­тыфым нобэ адыгэхэри къэзакъхэри гугъу ирегъэхь, зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ хуэкIуэным и пIэкIэ, щIэблэм мы­кIуэдыжын зэпэщIэтыныгъэ къыхуагъэнэным нэсауэ.
«Нобэр къыздэсым Урысейм щызэпыуакъым Урыс-Кавказ зауэр цIыху ци­вилизацэшхуэм хьэщ­хьэрыIуэхэр зэрыдигуам ­теухуа тхыдэу къызыщы­хъухэм я псалъэмакъыр», - щыжеIэ Иуаным пэублэм. Iыхьищу зэхэлъ тхылъым и кIыхьагъкIэ и гупсысэхэм щыгъуазэ дищIурэ, щIэныгъэлIым еплъыкIэ гъэщIэгъуэн утыку кърехьэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, къэ­закъ­­хэмрэ адыгэхэмрэ тхыдэкIэ зэбийуэ къызэ­рекIуэкIам уигъэбэлэрыгъ щхьэкIэ, ипэжыпIэкIэ къэзакъхэр къызытехъукIыжар адыгэ­хэрщ. Урысыпщ Мсти­славрэ пасэрей адыгэ лъэпкъыжьу ялъытэ кIэ­сэгъухэм япщ Ридадэрэ щызэ­зэуа лъэхъэнэм егъэ­зэжри, Иуаным а зэманым уры­сыпщым и гъусэу къэкIуа зауэлIхэр щIыналъэм къызэринам щыхьэт техъуэ тегъэщIапIэхэр къегъуэт. Ар зэреплъымкIэ, Мстислав и ­гъусэу къа­кIуэхэу кIэсэгъухэм яхэшы­псыхьыжа зауэлI­хэрщ «къэзакъ» лъэпкъыр къызытехъукIар.
ПцIы хэлъкъым Урыс-Кавказ зауэм и зэманым пащтыхьым и чэнджэщэгъу мыхъумыщIэхэу Евдокимов Николай, Вельяминов Алексей, Фадеев Ростислав сымэ адыгэхэр зрахуа ­щIыналъэхэм икIэщIыпIэ­кIэ ирагъэтIысхьэн къэзакъ щхьэбжыгъэ щахуримы­къум, адэ-модэкIэ жыIэмыдаIуэу, цIыхубэр зыгъэпIейтейуэ щыпсэуа урыс мэ­къумэшыщIэхэм Iэщэ Iэ­щIалъхьэу «къэзакъы­щIэ-­
хэр» адыгэ щIыналъэм зэрыщызэхуахусами. Ахэращ иужькIэ «урыс къэ­закъ» зыфIащыжахэр. Ауэ тхыдэм укIуэцIрыплъмэ, урыс тхыдэджхэу Карамзин Николай, Татищев Василий сымэ я деж щегъэжьауэ, тхакIуэшхуэ Толстой Лев деж щиухыжу, щIэныгъэ зиIэхэр къэзакъыжьхэмрэ адыгэхэмрэ къежьапIэкIэ зэрызэIыхьлым щыхьэт тохъуэ, ар езы лъэпкъитIым я цIыху хьэлми къегъэлъа­гъуэ.
Урысейм и Президент ­Путин Владимир адыгэхэм я тхыдэр нэгъэсауэ и пащхьэ изымылъ­хьэф щIэныгъэлIхэмрэ ­къулыкъу­щIэ-­
хэмрэ игъэ­къуаншэурэ, Иуаным жеIэ: «Адыгэхэр зы щIыналъэм щызэрыу­бы­дыжыфын хуэдэу, къэралым унафэ узыншэ къы­щIыхудэмыгъэкIым щхьэ­усыгъуэу иIэр зи къулыкъу зыфIэкIуэды­ну хуэ­мей­хэм хъыбар нэпцIхэр зэрагъэIурщ, адыгэхэм щхьэхуэ защIу «Шэрджэсеишхуэ» къэрал яухуэным щэхуу щIэхъуэпс хуэдэу Президентым зэры­бгъэ­далъ­хьэрщ, къэралыр щхьэ­пагъ хэмылъу щIыналъэ цIыкIу-цIыкIуу иугуэ­шыкIауэ зэрыщытым фейдэ хэзых­хэр куэд зэры­хъурщ».
 Пащтыхьыгъуэм зэрихьа лейр Европэм щабзыщIын папщIэ зэIуащауэ щыта тхыдэ нэпцIыр утыку ирихыу, адыгэхэмрэ къэзакъ­хэмрэ зы лъэпкъыу зэ­рыщытыр зыгуригъаIуэу, езым жэуап щIимыхь блэ­кIам щхьэкIэ тобэ гуэр къихьыжу, урысей къэралым цивилизацэм и лъэны­къуэкIэ лъэбакъуэ щхьэпэ хуэчынум зыщIыхигъэкIы­жын  щыIэкъым, - аращ  щIэныгъэлIым  и  тхылъым  и  купщIэ  дыдэр.
Iуэху  еплъыкIэкIэ  техуэ-темыхуэм емылъытауэ,  лъэпкъ Iуэху зезыхуэ  дэтхэнэ  зыми  имыщIэ  гуэр  щигъуэтынущ Иуан Пётр и  тхылъыщIэм.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: