Мэз Каринэ хуэдэ щыIэкъымАдыгэ бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ Мэз Каринэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм политикэмкIэ, спортымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ комиссэм хэтщ. Ар зэфIэкI, къару ин зыбгъэдэлъ, спортымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэ бзылъхугъэщ. Кавказ Ищхъэрэм цIыхубзхэм ящыщу тIэунейрэ Эверест и щыгум дэкIауэ диIэр Каринэ и закъуэщ. Абы къыщымынэу, Хан-Тенгри (6637 м), Килиманджарэ (5895 м), Манаслу (8156 м), Охос-дель-Саладэ (6893 м), нэгъуэщI щыгу мыцIыху куэдми и лъэр нихьэсащ Мэзым. Iуащхьэмахуэ и закъуэ къапщтэмэ, 150-рэ дэкIуеящ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
|