Астероидым и махуэ

   Мэкъуауэгъуэм и 30-р Астероидым и дунейпсо махуэщ (Asteroid Day). АбыкIэ унафэ къыщащтащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхыхьэу 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м ирагъэкIуэкIам.

   Астероидым и махуэр хуэгъэзащ хьэршым ­къилъэтыкIа пкъыгъуэ абрагъуэхэр дыщыпсэу ЩIым къыщыжьэхэуэкIэ, а Iуэхугъуэм мы­хъумыщIагъэу къишэнкIэ хъунур зыхуэдизым жылагъуэр, цIыхубэр нэхъри щыгъуазэ щIыным.
Телъыджэр аращи, дызытепсэлъыхьым щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэр "Queen" уэрэджыIакIуэ гупым а лъэхъэнэм гитарист цIэрыIуэу хэта, апхуэдэ дыдэуи щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къекIуэкIа, астрофизик Мэй Брайанрэ режиссёр Рихтерс Григрэ 2014 гъэм зэрызэгурыIуауэ щытарщ, ЩIы Хъурейм къэралу тетым къыщызэдащтэн хуэдэу, Астероидым и махуэ хэгъэунэхукIын зэрыхуейм ехьэлIауэ.
   АстероидкIэ йоджэ Дыгъэм къедза и Iэгъуэблагъэм хэмыIэпхъукIыу къыщызылъэтыхь пкъыгъуэхэу «планетэ» зыхужытIэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIухэм. Абыхэм я нэхъыбэм хэша теплъэ яIэщи, зэпэхъурейхэр куэдкIэ щынэхъмащIэщ, атмосфери зэщIаIыгъэркъым.
   МетеориткIэ йоджэ астероидым и пыдзахуэу е и зы Iыхьэу, ди планетэм и хьэуам къыщыхыхьэкIэ щызэхимысхьэжу, щIы щхьэфэм къылъэIэсыну зыхузэфIэкIам.
Метеор зыхужыпIэ хъунур ЩIы Хъурейм и хьэуам къанэ щымыIэу щызэхисхьэжа уафэщI цIыкIурщ.
   ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Дыгъэм и къэухьым къызэщIиубыдэу хьэршым итщ зи зэблэупIэр километрым нэхърэ нэхъ ин астероиду мелуани 2-м нэблагъэ. Абы щыгъуэми дыкъэзыгъэгузавэу къыхэгъэщыпхъэр аращи, къэзыущыхь уафэщIхэм ящыщу зи зэпрыупIэр километри 3-м нэхърэ нэхъ инхэр дэркIэ шынагъуэ ин къэзышэщ, ахэр ди планетэм ямылейуэ гъунэгъу къыщыхуэхъухэм я деж.
БлэкIам дриплъэжмэ
   Тхыдэ мыжыжьэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэршым къикIыу ЩIым къылъэIэса «Тунгус метеорит» зыфIаща мывэшхуэр ди къэралым Сыбыр лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щIыналъэм, нэхъ пыухыкIауэ къыжытIэмэ, псыхъуэхэу Ленэрэ Тунгускэрэ я зэхуаку дэт тIуащIэшхуэм щехуэхауэ щытар 1908 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-рщ. Аращ Астероидым и дунейпсо махуэр а пIалъэм щIыхуагъэзари.
Апхуэдэуи, ди планетэм къытехуа метеорит нэхъ инхэм ящыщу къалъытэ Африкэм щыIэ Намибие къэралым и щIыналъэм къыщагъуэтыжа мывэ телъыджэри. Абы и зэпрыупIэр метри 3-м ноблагъэ, тонн  60-м щIигъу и хьэлъагъщ. Ар а щIыпIэм щехуэхар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мин 80 ипэкIэщ. И зэхэлъыкIэм и процент 84-р гъущIщ. Iэшэлъашэм щыпсэу фермерым абы гу щылъитауэ зыхужаIэр 1920 гъэращ.
   Дыщыпсэу ЩIыгум илъэс мин 13 ипэкIэ къылъэIэсауэ щыта метеорит нэхъ шынагъуэхэм ящыщщ Антарктидэм 1984 гъэм гу зыщылъата, Марс уафэщI жыжьэм нэгъуэщI хьэршырыкIуэ пкъыгъуэ абрагъуэм къыгуиудыкIыу, ди деж къэса, АLH84001зи нагъыщэ мывэ абрагъуэри. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абы и ныбжьыр илъэс меларди 4,5-м ноблагъэ.
Дауи, дызытепсэлъыхь Iуэхум ехьэлIауэ зи цIэ нэхъ къиIуапхъэхэм ящыщщ 2013 гъэм Урал бгы екIуэкIым адэкIэ къыщыс Челябинск къалэм щхьэщылъэтыкIыу километр 70-кIэ абы пыIудза Чебаркуль жылэм зы километркIэ пыIуха хыжьей цIыкIум щехуэхауэ щыта метеоритри. Мывэ пыдзахуэхэм, псори зэхэту, килограмм 650-рэ я хьэлъагът.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ