Гуащэнэ - урыс пащтыхь гуащэ

Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къы­щы­дэ­кIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица рус­ская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэ­гъуэнкъым -  художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэмрэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.

НэгъуэщI лIэщIыгъуэм псэуа и   лъэпкъэгъу бзылъ­хугъэм дэфтэрхэм   «я бзэ гъущэмкIэ» тетхы­хьы­фыну къыщIэкIынутэкъыми, Нуриет езым и ­лъагъуныгъэрэ гущIэгъукIэ игъэнщIащ къиIуэтэжыр. «Лъагъуныгъэр» гурыIуэ­гъуэщ къыздикIар: Къэбэрдейр зыгъэбыдэну яужь ит и адэм и гурыгъу-гурыщIэр къыгурыIуэу, «хьэуэ» къы­хэзымыгъэкIа пщащэм ­дауэ уримыпэгэнрэ, фIыуэ умы­лъагъунрэ? «ГущIэгъу» псалъэр къыщIыхэзгъэщар: пща­щэм къалэнышхуэ и пщэм къыдэхуауэ хамэхэм къахэхутамэ, абы и щIыIужкIи бзылъхугъэм деж­кIэ нэхъ шынагъуэ ды­дэу къэхъункIэ хъунур - и быныр зэрылIэжар - игъэ­вын хуей хъуамэ, дауэ уигу зэрыщIэмыгъунур?
Аращи, Нуриет, урыс пащ­тыхь гуащэм и ужьым иту «къикIухьым» хуэдэу, Идар Темрыкъуэ и Хэкум къокIуэ, Куржым и пасэрей щыхьэр Мцхетэ макIуэ, и адэ шыпхъум, куржы пщым и щхьэгъусэм и гъэфIэну илъэсиплIкIэ абы щыIа Гуащэнэ и лъэ зытеува къигъэ­накъым, пщащэм кур­жыбзэмрэ латиныбзэмрэ щы­з­ригъэщIа Сомтаврэ бзылъхугъэ къулъ­шы­ры­фым щыщIэкIыжу.
ТхакIуэм Идар Темры­къуэрэ ар щыпсэуа зэ­ма­нымрэ «я шыфэлIыфэм» къыщыщIедзэ­ри,­ адыгэхэр Урысей къэралыгъуэм и тхыдэм къы­щIыхэна Iуэхугъуэхэр къызэщIэкъуэжы­нымкIэ еух. Абы щыгъуэми, Гуащэнэ и нэIэ тригъэ­кIыркъым. И гугъу ещI ­пща­щэр илъэсиплIкIэ Куржым щыIауэ и адэм деж къыщашэжым иращIэкIа джэгум…
… Гуащэнэ зэрыпIейтейр ­ и нэгум къищу щытщ, къэфэну псори зыхэтыну удж хъурейр яухмэ, хьэщIэ лъапIэхэм ящыщ гуэрым къыдэфэн зэрыхуейр ищIэу. Ар хабзэщ. ХьэтиякIуэм Гуащэнэ утыкум ­ирегъэблагъэ, щIалэ хьэщIэм къыдигъэфэну. ­Гуащэнэ и напIэр къыщиIэтам, къыхэкIиикI пэ­-тащ - убыхыпщ Дэгу­мыкъуэ Къаплъэнт  и пащхьэм итыр. ИлъэситI и пэкIэ ­пщащэм ар Мцхетэ щилъэгъуат шууей зэпеуэм хэту. ЩIыпIэ куэдым къикIа шууей ахъырзэману 12 зэ­пеуати, 10-р уанэгум къри­дзыфат афэ джанэ ­дахэ зыщыгъ, дыгъэм пэцIу бжы зыIыгъ а щIалэм. А зэ­хьэзэхуэр пщащэм игу къинат. Иджы, мис, а щIалэм къыдэфэнут. Гуащэнэ хузэ­фIэкI къигъэнатэкъым, хабзэм тету, зэрыпIейтейм гу къылъамытэу къэфэным зы­хуигъэхьэзырын папщIэ.
ХьэтиякIуэм джэгум хэтхэм захуигъэзащ: «Маржэ хъунхэ, дэ ди хьэщIэщ ­убы­хыпщ Дэгумыкъуэ Къап­лъэн. Гу зэрыпкIуэ­цIы­лъым, зэфIэкI узэриIэм, цIы­хугъэрэ гъэсэныгъэрэ зэрыпхэлъым, дунейм ­ехы­­жа уи адэм хуэфэщэн щIалэ узэрыхъуам и хъыбарыр ди дежи къэсащ. ЛIыгъэ пхэлъым хуэфэщэну, къэфэнымкIи уIэзэу пIэ­рэ? Темрыкъуэ ипхъу Гуа­щэнэ делъэIунщ ди хьэщIэм «Ислъэмей» къыдэ­фэ­ну. Феуэт пшынэм!».
Нуриет и нэгу къыщIегъэхьэ а тIум я къэфэкIэр. Утыкум къикIыжа иужькIэ, макъамэр зэхимыхыж, къа­фэхэр имылъагъу хуэдэу, пщащэр зэрыщытар, щIалэ екIур, нэмысыфIэу къэфар, и гупсысэм къы­фIы­хыхьэу.
СэIэбцокъуэ Нуриет адэ­кIэ гу лъыдегъатэ: зауэлI хъы­жьэу, лIыгъэ пхэлъу ущы­тыныр адыгэ щIалэм дежкIэ мащIэт, пщащэм игу урихьын щхьэкIэ нэмыс пхэлъын, адыгэ хабзэм ­утетын хуейт, жеIэри. А хабзэхэм ящыщ зыт щIыуэпсым  щысхьырабгъу хууи­Iэ­ныр. ЛIыр е щIалэщIэр ­гъуэгу техьэмэ, ар гъуэ­гуанэ жыжьэ е гъунэгъу ирехъу, къудамэ зыбжанэ къыздищтэнурэ, здэкIуэм хисэнут. Зы гъатхи къанэртэкъым къуажэм ини цIы­кIуи дэкIыу бгылъэ ­щIы­пIэ­хэм жыг щыхамысэу. Жы­гыщIэхэр гъуэ­губ­гъухэмрэ губгъуэхэмрэ щыхасэрт. Адыгэ гъуэгурыкIуэр мэзым щIэтми, губгъуэм итми, гъуэгум тетми, гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ пэрыхьэту пхъэщ­хьэ­мыщхьэр игъуэтырти, мэ­жэ­лIэнутэкъым.
Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж зы адыгэ пщащи жыгипщI фIэкIа хэзымыса щIалэм пхудэкIуэнутэкъым. Арат Шэрджэсыр хадэ зэщIэгъэгъахэм я щIыналъэу къы­щIалъытэр.
Дэгумыкъуэ Къаплъэн дежкIэ дгъэзэжынти. Ар ихьэхуат Гуащэнэ и дахагъымрэ щабэу икIи губзыгъэу зэрыпсалъэмрэ. Убы­хыпщым иджыт япэ дыдэу щызыхищIар лъагъуныгъэр, ауэ абы и зыIыгъы­кIэмкIэ игъащIэкIэ къып­хуэ­щIэнтэкъым и гур къилъэтыным хуэдэу зэрыщы­тыр.
Къаплъэнрэ Гуащэнэрэ ауи ягу къэкIыртэкъым я япэ  зэIущIэр иужьрей ­хъуну. Пщым хъыбар кърагъэ­щIат и шыпхъу ­Амирэ ­тыркухэм ядыгъуауи, Гуа­щэнэ и хьэщIэщым щIы­хьэу абы епсэлъэнуи ­ху­нэмысу, гъуэгу техьэжащ.
Куэд мыщIэу Къэбэрдейм хъыбар гуауэ къэсащ - Дэгу­мыкъуэ Къаплъэн хэкIуэдащ, гъэрыпIэм ихуа и шыпхъур къатрихыжыну щы­кIуам.
Мыр СэIэбцокъуэм къигупсысами, зи ишэгъуэ ­хъуа пщащэр джэгум хы­хьэу зэрыщытар гурыIуэ­гъуэщи, хэт жиIэфыну зыгуэр абы фIыуэ имылъэ­гъуауэ? Къыхэпхым, гъусэ пщIым уи гъащIэр зэры­хъунур къанэ щымыIэу зэ­релъытари хьэкъкъэ?! Абы теухуауэ гуитIщхьитI ди­щIын  щхьэкIэ къыщIэ­кIынщ Нуриет мы зи псэу­гъуэхэр - Къаплъэнрэ Гуа­щэнэрэ - щIызэхуигъэзар. Ауэ тхыдэм къэгъази теIэ­зэщIыхьыжи иIэкъым, цIыху гъащIэм хуэдабзэу. Ахэр а зэманым и цIыхущ, я щхьэ Iуэхухэмрэ къэрал Iуэхухэмрэ къалэн зыхуэ­хъуахэм я дуней къагъэ­щIэн хуейуэ.
Абы щыхьэт тохъуэ пщы гуащэ Идар Айшэт и къуэ­рылъхум жриIар.
«Идархэ я нэхъыжьхэм я хасэр куэдрэ зэхэса, зэдэуа, зэчэнджэчэща нэужь, арэзы техъуащ Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ тетыгъуэ­хэр щызыIыгъхэр благъэ зэ­хуэхъуным къэралитIым я фейдэи зэрыхэлъым. Ахэр пщы гуащэ Айшэт къе­лъэIуащ Гуащэнэ епсэ­лъэну, Урысейм и пащты­хьым щIратыр гуригъэIуэну.
Гупсысэ хьэлъэхэм зэ­щIа­у­­быда гуащэр нэху къе­кIащ  и напIэ зэтримылъ­хьауэ, нэхъ жьыфэ къы­теуауэ. Ауэ, и къуэрылъхур къы­щы­щIыхьам, ар зэуэ къэгуфIэжри, и нэгури нэхъ щIалафэ къэхъужат.
- Гуащэнэ, си хъыджэбз цIыкIу, уи адэм и унафэр бжесIэн хуейщи, къедаIуэ. Уэ къыпщIоупщIэ урыс ­пащ­тыхь Иван, уи дэлъху нэхъыжь СулътIан анэмэту зыхуэдгъэкIуар. А пащты­хьым хузэфIэкIащ пщы-       гъуэ цIыкIу-цIыкIуу гуэша Урысейр зы къэралыгъуэу зэкъуигъэувэн. Ар зы­ху­зэ­фIэкIам къаруи акъыли иIэщ, Iущщ. Урыс пащты­хьым и щхьэгъусэ ухъуну арэзы техъуэ, уи адэми адыгэ лъэпкъми я зэфIэ­кIым хэбгъэхъуэну, я пщIэр къэпIэтыну ухуеймэ.
Гуащэнэ и фэр пыкIащ, чэсейм хуэдэу. Епэрыфэ и нэшхуитIыр фIыцIабзэ ­хъуауэ къыпщыхъурт. Абы ерагъкIэ къиIущэщащ: «Си адэм жиIэмкIэ уэри уа­рэ­зыуэ ара? Нанэ-гуащэ, сыт мы къызэфщIэр? Сэ сы­хуейкъым сыдэкIуэну. Фэри Iыхьлыхэри апхуэдиз илъэскIэ фызмылъэгъуауэ сыкъэкIуэжа къудейщ. Сы­хуейщ си унэм сисыжыну».
Къэгубжьаифэ зытригъэ­уауэ гуащэр и къуэрылъ-хум еплъащ, езыми и гур зэрыузыр зыкIи къригъэщIэну хуэмейуэ. «Уэ пщым урипхъущ, Гуащэнэ. Лъэпкъым и сэбэп зыхэ­лъ­ращ нэхъапэр, си псэ. Аращи, сыпщогугъ уи адэр бгъэгуфIэну. Тэмэму егупсыс. Уи адэр зэрумыгъэ­щIэхъунур си фIэщ мэхъу».
Махуищ дэкIри, урыс ­пащтыхьым лъыхъу къи­­гъэ­кIуахэм жраIащ Идархэ я пхъур иратыну зэры­хьэ­зырыр, ауэ зы Iуэ­хугъуэ гуэрхэр зэраухылIэн зэры­хуейр. Я хъыджэбзыр иджыри зы илъэскIэ да­­гъэ­сыжынущ. А пIалъэм къриубыдэу урысыбзэ зригъэщIэну, пащтыхь унэм щызекIуэ хабзэм, урыс лъэп­къым и дунейр зыхуэ­дэм зыщигъэгъуэзэну Iэмал иIэнущ. Гуащэнэ щашэкIэ, шууей 1500-рэ дэ­щIыгъунущ, адыгэ, астрэхъэн, нэгъуей, къэзакъ зауэлI защIэу. Ахэр Гуащэнэ и дэлъху нэхъыжь Мамс­рыкъуэ, Бэлгъэрыкъуэ, Думэ­ныкъуэ сымэ я ­малъхъэ астрэхъэн пащ­тыхь Бекбулатрэ абы и ­къуэ Саин-Булатрэ, я унафэм щIэтынущ».
СэIэбцокъуэ Нуриет и тхылъыр псом япэу зы­хуэгъэзар щIалэгъуалэр арагъэнущ: ар зэхэлъхьа хъуащ кIэщIу, гурыIуэгъуэу, еджэгъуафIэу, сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Тхыдэр къэ­зыгъэщIыр езы цIыхухэр щыаракIэ, абы цIыхугъэр ебэкIын хуейщ - аращ Ну­риет и тхылъым гупсысэ ­нэхъыщхьэу хэслъэгъуар, ди тхыдэм фIыуэ дыщы­гъуэзэн зэрыхуейм и гугъу умыщIмэ.
 

 

 

 

 

 

 

Марие мыхъуру къигъэсэбэпу щыта Iэлъыныр.

 

СэIэбцокъуэ Нуриет

 

Гуащэнэ и мылъхукъуэхэу Иванрэ Фёдоррэ и гъусэу.

 

Сыту IэфIт адэжь лъапсэр...

 

Идар Гуащэнэрэ Иван ЕплIанэмрэ я япэ зэIущIэ.

 

 

ШИРДИЙ Маринэ.
Поделиться: