Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, дыгъуасэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар - илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъусаныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щыщIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ - ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.
Пэжщ, лэжьыгъэ щхьэхуэ гуэрхэри утыку къыщрахьаи щыIэщ, арщхьэкIэ а еплъыкIэхэм къызэщIаубыдэр залэт, языныкъуэхэри псалъэухам щыхэбухуанэкIэ, хэмызагъэу къыхэпкIыжырт. Термин зыкъомри урысыбзэм къызэрыщагъэсэбэпым хуэдэу, къызэрыгуэкIыу зэрадзэкIа къудейт («калькэ»). Апхуэдэу Iуэхум убгъэдыхьэмэ, езы «термин» псалъэм и купщIэм изагъэртэкъым.
«Термин» псалъэм латиныбзэу «данагъэ, гъунапкъэ» купщIэр бгъэдэлъщ, бзэщIэныгъэм къызэрищтамкIэ - «псалъэ е псалъэ зэпхауэ щIэныгъэ, техникэ е нэгъуэщI гуэрым и щыIэныгъэм фIэщыцIэ хуащIа». Бзэм хэт псалъэ сыт хуэдэми купщIэ зыбжанэ иIэ хъунумэ, терминыр зы къупхъэ-жыпхъэм итщ. Терминыр зэрыхъукIа щIэныгъэм зы купщIэ нэхъыбэ щиIэмэ, абы узытепсэлъыхьыр зэрыхьзэрий ищIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр адыгэбзэр курыт еджапIэхэм зэрыщадж тхылъхэр федеральнэ къэрал щапхъэм итIасэу зэхэлъхьэным мы гъэм пэрыуващ. Апхуэдэу щыщыткIэ, иужькIэ мылъку лей темыкIуадэу, иджыпсту терминхэр адыгэбзэкIэ зэгъэзэхуэныр игъуэ дыдэщ. А псалъэмакъыр къыщыхъейм, егъэджакIуэхэм ящыщ куэдым гуапэ ящыхъуакъым. Абы и щхьэусыгъуэр тIу мэхъу: япэр, дызэсам дытевгъэт; етIуанэр, терминыщIэхэм «тхьэкIумэр къеуIэ».
Япэ Iуэхугъуэм теухуауэ мыр къыхэгъэщыпхъэщ: адыгэбзэ зэзыгъэщIэну адыгэбзэ урокым къэкIуа еджакIуэм япэ классым къыщыщIэдзауэ 11-нэр къиухыху, мыадыгэбзэ термину 100-м нэс идогъащIэ. Сыщыуакъым, АДЫГЭБЗЭ урокым мыадыгэ псалъэ щыдогъащIэри дызэхэсщ! Абы хыдолъхьэж унагъуэм, садым, уэрамым мыадыгэ псалъэу щызэхахыурэ къапхъуатэр. Апхуэдэхэри, нэхъ мащIэу, 100 хуэдиз мэхъу. Ахэр зэхэту - 200. Сыт хуэдэ бзэми щыщу псалъэ 300 хуэдиз пщIэмэ, щIэныгъэ статья, поэмэ сыт хуэдэхэр пхуэмытхми, а бзэр зезыхьэм фIы дыдэу удэуэршэрыфынущ. Абы щыгъуэ, дэ езым, а бжыгъэм щыщу едгъащIэр псалъи 100 къудейщ! НтIэ, сыт хуэдэ адыгэбзэ ядгъащIэр? Игъуэ нэсауэ пIэрэ адыгэбзэ тхылъ хъуэжыным щIыгъуу апхуэдиз терминри ди бзэм къедгъэгъэщIыжыну? Дапщэщ щытхъуэжынур? Убыхыбзэм и махуэ къытхуэкIуэмэ? Дымыхъуэжынумэ, сыт щхьэусыгъуэр? «Тхьэм ещIэ, ящIIамэ, ешх», жыхуаIэм хуэдэу дызэхэсыну?
Пэжщ, илъэс-илъэситIкIэ егъэджакIуэр гугъу ехьынщ, абыхэм есэху, ауэ псори и пIэ иувэжынщ. Терминхэр зымыцIыхуххэ сабийр фIэигъуэджэу зыми еплъынукъым. Абы жепIэр, ебгъащIэр, ебгъэлъагъур къищтэнущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, «сабийм къыгурыIуэнукъым», жытIэу, щхьэхынагъэмкIэ зедгъэб хъунукъым.
ЕтIуанэрауэ, адыгэбзэм псалъэщIэ къигъэщIыр щIэнэкIалъэ хъун ипэ, урысыбзэм абы щиIыгъ купщIэм еплъыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, «падеж» - «падать» жиIэу аращ, алыджхэм я бзэм къыхихщ абыи, зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэридзэкIри бзэм хигъэхьащ; «причастие» - чристэн диным къыщагъэсэбэп «причастить» жыхуиIэм къытекIыжащ. Щапхъэр куэдщ, ауэ едгъэлейуэ цIыхум я щхьэ ткудэнкъым.
Сигу ирохь-иримыхькIэ дыбгъэдыхьэ хъунукъым Iуэхум. Хамэ гупсысэкIэм дыкъиувыкIрэ ди лъэпкъ гупсысэм дыкъыхэпсэлъыкIыу ныбжьырейуэ къэнэжын псалъэхэм гъащIэ етыпхъэщ. Иужь илъэсищэм адыгэбзэм зедгъэужьыным ипIэкIэ, дэтпIытIэурэ дупIэщIыпащ. НэгъуэщIыбзэм къыхэтха псалъэр фоупсу зетхьэурэ, адыгэ псалъэ къэщIыкIэр тщыгъупщэжащи, хамэ псалъэхэр дгъэуджурэ я лъабжьэр щIэдгъэлэжьыкIащ: белджылы, гъэбелджылын, белджылыншэ, мыбелджылы, зэрыбелджылыр, н. Апхуэдэу щыхъукIи, мы псалъэм хедгъэгъэкIуэта адыгэ псалъэ дахэхэр щыIэщ: IупщI, нахуэ. Мыбдежым иджыри ятIэ бдзантхьэм дыхэувэжынри хэтщ - урысыбзэ терминхэр тырку, хьэрып, къэжэр псалъэхэмкIэ тхъуэжкIэ, адыгэбзэм нэхъ Iуэхутхьэбзэшхуэ хуэтщIэркъым.
Европей къэралышхуэхэм термин къыщагъэщIкIэ, нэхъыбэу къагъэсэбэпыр латин, алыдж, нэмыцэ, франджы, инджылыз псалъэ Iыхьэхэр аращ. Адыгэбзэм и зэфIэкIыр, и псалъэ къэгъэщIыкIэр апхуэдизкIэ лъэщщи, зи гугъу тщIа бзэхэр гъуани къыдигъэплъынтэкъым. Къащтэ-къауэу шынэуз гуэрым диIыгъщи, зы илъэсым тIу къыпытщэурэ, пщэдейрей Iуэху тщIыурэ докIуэкI. А пщэдейри зи къэсыркъым, бзэ ужьыхынри къытпэплъэнукъым. Ауэ… ауэ а лъэпкъ гупсысэм уитын щхьэкIэ, Iэхъулъэхъу узыщIа гуэрым укъиувыкIыфыпхъэщ.
Курыт еджапIэм къыщагъэсэбэпу зы щапхъэ девгъэплъыт. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэм мыпхуэдэу еджакIуэхэм захуегъазэ: «Унэ» псалъэр именительнэ падежым, белджылы склоненэм тету зэфхъуэкI». Мы псалъэухар псалъи 8 мэхъури, абыхэм ящыщу 4-р нэгъуэщIыбзэм щыщщ. Япэрауэ, «склоненэ»-м урыс грамматикэм щигъэзащIэ лэжьыгъэмрэ адыгэ грамматикэм щигъэзащIэмрэ зэхуэдэкъым. Урыс грамматикэм склоненэу 3 иIэщ, абы нэмыщIыжкIэ, зэхуэмыдэ склоненэм иту псалъэ гупи иIэжщ. АтIэ щапхъэу къэтхьа псалъэухар мыпхуэдэу тхъуэжмэ, сыт и дагъуэ: «Унэ» псалъэр фIэщей кIэдэжым IупщIу ивгъэувэ». Иджы мы псалъэухам псалъэщIэ хэтхэр зэпкърытхынщ. «ФIэщей» - «именительнэ»: «фIэщын» псалъэм къытекIри «еигъэ» къэзыгъэлъагъуэ суффиксыр пыувэжащ - «фIащам ей» жыхуиIэщ. Зи бзэхабзэ зызыужьа бзэхэм «именительнэ» псалъэр «номинатив» жиIэуи хэтщ. «КIэдэж» - падеж кIэухыр - ар псэлъэкIэм къыпыува Iыхьэщ: и кIэмкIэ къыдэж, къыкъуэжа, «кIэ»-мрэ «дэж»-мрэ зэхыхьэри, ар фIэщыгъэ хъуащ. «IупщIу игъэувэн» - «белджылы склоненэм игъэувэн хуейщ» жиIэмэ, падежиплIым ящыщу зэрыбгъэувэн хуейм и Iыхьэр пыгъэувапхъэщ. Мыбдеж «именительнэ падежым» и «-р»-р пыгъэувэн хуейуэ арат. Абы ипIэкIэ - IупщIу хъуэж. Мыбелджылы склоненэу щытмэ, мыIупщIу хъуэжын.
ГурыIуэгъуэщ, бзэ мылъхуэж-мыпIэжым щыужа тхьэкIумэм щIэщыгъуэ занщIэу къызэримыщтэнур, ауэ псалъэ щыIэхэм префикс, суффикс пыдгъэувэкIэрэ е хамэ псалъэхэр дгъэщIэращIэкIэрэ бзэр лэжьэнукъым. Бзэр мылажьэмэ, гъущIыкIэр улъийуэ зэрыщащэм хуэдэу, ари зэхэщэщэжынущ. Апхуэдэу мыхъун щхьэкIэ, адыгэ псалъэ къэгъэщIыкIэр гъэлэжьауэ, нэхъ мыхъуми, адыгэбзэ урокхэм еджакIуэхэм МЫАДЫГЭ псалъэ егъэщIэныр щыгъэтыпхъэщ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь (10 - 11-нэ), нэхъыбэу адыгэ псалъэ къэгъэщIыкIэм хуэдгъасэмэ, бзэм зиутхыпщIыжынурэ къэлэжьэжыфынущ. Дэтхэнэ зы псалъэщIэри лъэпкъ гупсысэм, хабзэм укъыхэгупсысыкI-укъыхэпсэлъыкIыурэ бубзыху зэрыхъунур зыхэзыщIэм иригъэфIакIуэрэ зригъэужьу ныбжьырей Iэужь-лъэужьу адэкIи хуэгъэкIуэтэнщ.