Мэрем пшыхь

ХьэтIохъущыкъуей напэ

Выгу

Куэдрэ си гум къокIыж, ди адэм япэ дыдэу сыцIыкIуу выгум сыщригъэтIысхьауэ щытар.
- Еуэ, нэгъакIуэ адыгэлI хуэдэу, - жиIэщ, чы кIыхьыр къысIэщIилъхьэри, езыр  выгукIэмкIэ Iэпхъуащ.
Согузавэ кхъухьлъатэ рулыр къысIэщIалъхьам хуэдэу. ТIэкIу сышына щхьэкIэ,  иужькIэ си гур къызэрыгъуэтыжри,  выхэм я фэр исхыу щIэздзащ. ЩIэзгъапхъуэу, сызыхуэзэ щIалэ цIыкIухэр зэзгъэхъуэпсэну. Ауэ дэнэт…
- Гублащхьэм зыдумыгъахуэу Iэ сэмэгумкIэ дэрэбинэр  убыд, выхэр  шыхэм, шыдхэм хуэдэу щIэпхъуэнукъым, абы щхьэкIэ гугъу зумыгъэхь, - къызжиIэрт си адэм, си гурылъыр къищIауэ.
Выгур дыдейтэкъым, колхозым  ди адэр щылажьэрти,  губгъуэм сыздигъэIэпыкъуну сыздишауэ арат (апхуэдэу къысщыхъурт). Пщыхьэщхьэм сеша-селIауэ  сыкъэкIуэжами (абы щыгъуи выгур сэрат къэзыхужар, лIыгъэшхуэ сщIауи къысщыхъурт), си гур зэрыхэхъуам псори сщигъэгъупщэжат. Армырами, зызгъэлIу  выхэр тIэкIу зэрыщIэзгъэпхъуар  си ныбжьэгъухэм зэрахуэсIуэтэжар сыт и уасэт!
ЛIэщIыгъуэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ колхозхэр, совхозхэр, унагъуэхэр ирипсэууэ, ирилажьэу къагъэсэбэпу щытащ выгур.  Выхэр шыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къарут, бэшэчт. Шыхэм ирахьэлIэ Iэпслъэпс  (хамут, джэрыщIэ, бгъэрыщIэ, вожжэ, нахъутэ, шытепхъуэ) къомым хуэди хуейтэкъым.
Выхэм   ирахьэлIэр псори пхъэ закъуэм къыхэщIы­кIат, зэрыхъури тIут - бжьырэ дамэкъуэрэ.  Къэбгъэшын  хуеймэ, чы кIыхьымкIэ  уздэкIуэну лъэныкъуэмкIэ вым и джабэм уеуэрт, къэбгъэувыIэнумэ, вым и щхьэм утеIэбэрт. Чыр кIэщIу къыппэщIэхуамэ, зыщIэщIа пхъэ шыгукъум урикIуэрти и щхьэм уеуэрт. Языныкъуэхэр гублащхьэм  щабэ гуэр далъхьэрти (нэхъ тыншт выхэр узыхуеймкIэ бгъэкIуэну)  къыдэмыкIыу  абдеж дэсу я лэжьыгъэр зэфIагъэкIырт.  
Колхозхэмрэ совхозхэмрэ Къущхьэхъу щыщыIэ зэманым шэ къашыр  выгукIэ заводым  яшэрт, пхъэ  гъэсын пIащэхэр зэкIуэцIыпхауэ  къуэ зэвым къыдалъэфырт, IуэхукIэ къехыжынуми арат къуажэм къызэрыкIуэжыр…
Выхэр  гум щIащIэн щхьэкIэ цIыкIуу гъэсэн  щIадзэрт. Абы и пэ къихуэу гуухэр нэхъ пIащэу, узыншэу къыхахырти абыхэм егуауэрт (ясэкIырт).  ИужькIэ гуухэм выкIэ еджэрт. Шыхэри арат, хакIуэр алащэ хъурт. Дрипсырийуэ, IэубыдыпIэншэу бзаджэу щытахэр абы иужькIэ Iэсэ, жыIэщIэ хъурт. Выхэр шыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ бэшэчт икIи гум пхуигъахуэ закъуэмэ, сыт хуэдизи яшэфынут. Шыгухэри абыхэм куэдкIэ  къакIэрыхуртэкъым, ауэ ар зиIэ унагъуэхэр мащIэт.
Машинэхэр къежьэри ди зэманым выгухэри, шыгухэри, шыдыгухэри  мащIэ дыдэ хъуащ.

Къардэн Мухьэмэд.
Ислъэмей къуажэ

ГушыIэхэр

МыбыкIэ сыкъамыгъэкIуэжыну пIэрэ?

Хъуэжэ илъэситхукIэ Сыбырым щыIэн хуейуэ суд къытращIыхьат. «ПцIы яхуиупсри цIыхухэр къызэригъэIэтащ», - жаIэри арат тезыр къыщIытралъхьар.
Судыр и кIэм щынэсым, судыщIэм Хъуэжэ иужь псалъэ жиIэжыну хуит ищIащ. Хъуэжэ жиIащ:
- А сыздэвгъакIуэми цIыхухэм пцIы яхуэзупсрэ къызэрызгъэIэтмэ, мыбыкIэ сыкъамыгъэкIуэжыну пIэрэ?

ПщIыхьэпIэ

Хъуэжэ Iэзэм деж кIуэри жриIащ:
- ЩIэрыкIуэ згъажьэу сепщIыхьащ, сытым хуэпхь хъуну?
- Ар бжесIэн щхьэкIэ, джэд фIыцIэ сыхуей хъунущи, уи пщIантIэм дэт джэдым щыщ зы укIи къысхуэхь, араншауэ схузэхэгъэкIынукъым уи пщIыхьэпIэр, - къыжриIащ Iэзэм.
Хъуэжэ и щхьэм щIэтIэхъуащ:
- Си пщIантIэм джэд дэтатэмэ, щIэрыкIуэ згъажьэрэт, - жиIэри.

ЖыIэгъуэхэр
УкIытэр зэщ зэрыпфIэкIуэдыр

Ахъшэ куэд зэхуэпхьэс нэхърэ, псапэ нэхъыбэ зэхуэпхьэсмэ нэхъыфIщ.
♦Бзэгузехьэм и бзэгум пцIы куэд зрехьэфри, мэгуфIэ.

ЗызыфIэIеижрэ зызыфIэделэжрэ иджыри къэс щыIакъым.
Гъэхэр блэкIыурэ уэ укъанэ уи гугъэ щхьэкIэ, уэри уздашэ.
Насыпым уелъэпауэмэ, и щIыб къыпхуегъазэ.
ЦIыху Iейм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыгъуейщ.
Уи псалъэр кIэщIрэ купщIэ иIэу упсэлъэфмэ, акъыл тэмэм уиIэщ.
«Уи анэм жиIэм уемыдэIуэну Iей дыдэщ, сэ абы сыхущIегъуэжащи, сыIэбэкIэ сылъэIэсыжыркъым», - жиIэрт быным.
Лъагъуныгъэр фом нэхърэ нэхъ IэфIу жаIэ куэдым.
ЦIыхум яхэмызагъэр щхьэ бжыгъэм хыумыбжэми хъунущ.
Ямылейуэ дахащэхэм бзаджащэ къащыхэкIи къохъу.
УкIытэр зэщ зэрыпфIэкIуэдыр.
ЦIыху дыдж куэд тетщ дунейм, абы и IэфIагъыр пщагъэгъупщэфу.
Зи гъэтIылъыгъэм хэмыIэбэну хуейхэр щIыхуэ къэщтэрейщ.
ФIыщIэ жыгыр хэсэгъуей щхьэкIэ, къыпыкIэр пшхыну IэфIщ.
Сабийр дахэу фхуапэми, IэфIу вгъашхэми, хъарзынэщ, ауэ гъэсэныгъэм нэхъ фегугъу.
УимыIуэхуу уагъэлэжь псори хьэлъэщ.

КIурашын Алий.

Хъыбар кIэщIхэр
Уэсмэн и фызышэ

Уэсмэн хъыджэбзаплъэ кIуэрти, и ныбжьэгъу ХьэтIиф здишащ.
Уэсмэн фэрэкIнапэт, ХьэтIиф нэхъ щIалэ бжьыфIэт. Уэсмэн бэлэбанэт, ХьэтIиф нэхъ зэгъэпэщат.
ЩIалитIыр здэкIуа унагъуэм ирагъэблагъэри, хъыджэбзыр кърагъэлъэгъуащ. Нэфми гу лъитэнт Уэсмэн плъакIуэ зыхуэкIуа хъыджэбзым ХьэтIиф зэрехъуэпсэжам. Ауэ ХьэтIиф къыщригъэжьэнур къыхуэгъуэтыртэкъым. Апхуэдэу щысурэ, хэгъэрейхэм ящыщ щIалэжь гуэрым Уэсмэн зыкъыхуигъэзащ:
- Мы ди пэшыр апхуэдэу щIыIэкъым, ныбжьэгъу, уи пыIэжьынэр щхьэрых! – жиIэри.
ХьэтIиф зыхуей дыдэр аратэкъэ?! КъыпыгуфIыкIри:
- Уэлэхьи, пыIэжьынэ умылъэгъуа уэ! Я гъуэлъыпIэ къуапэм фIэлъу къигъэна пыIэ къуацэжьыр плъэгъуатэмэ, сыкъэпщIэнт! Мы щхьэрыгъыр хьэхуу сэ естауэ аращ! – жиIащ ХьэтIиф, хъыджэбзым зыхуигъэфэрыщIурэ.
Уэсмэн гузавэри, ХьэтIиф и лъапэм теуващ. Абы щхьэкIэ къимыгъанэу, ХьэтIиф адэкIэ пищащ:
- ТхьэмыщкIэжь мыгъуэм и бгъэныщхьэ унэжь тIэкIури, къэуэн къудейуэ, лъэныкъуабэ хуъащ! Жэмыжь закъуэ иIэти, ари псэхэлIэ хъури, хьэм иригъэшхыжащ…
Уэсмэн зыгуэр жиIэну и жьэр иущIат, ауэ хъыджэбзым япэ зыкъригъэщри, ХьэтIиф зыхуигъэзащ:
- СощIэ, щIалэфI, уи пшынэм къибгъэкI къафэр зыхуэдэр, - жиIащ хъыджэбзым. – Зи ныбжьэгъу ар езыщIэжам, цIыхухъурэ цIыхубзу дунейм тетыр зэпэбж хъурэ сэ лейуэ сыкъэнами, сыдэкIуэнкъым. Ауэ уэ хэутэн пщIыну уи гугъа мо пыIэжьынэм иджыпсту: «НакIуэ!» - жиIэмэ, сыхьэзырщ.

Хэт ар зымыщIэр?

Хьэщауэрэ Къанщауэрэ зэхуэзауэ я ныбжьэгъу Алий и гугъу ящIырт.
- Дыгъуэпшыхь Алий сыбгъэдэсати, хуабжьу къыпщытхъуащ, Хьэщауэ! – жиIащ Къанщауэ.
- Е-ей, ари ар! И анэ зригъэфа быдзышэр и хьэлэлщ абы! Тхьэ щысIуэжыни, а Алий нэхъ лIыфI Къэбэрдей псом имыс! Хэт ар зымыщIэр?! - жиIэри Хьэщауэ къыпыгуфIыкIащ.
- Уэлэхьи, укъызогъапцIэ ахъумэ, хьэм уригъэхьам, Хьэщауэ! – дыщIигъужащ Къанщауэ.
- И-и-и! Дауэ жыпIа? Тхьэ щысIуэжыни, езы хьэбыршыбырым нэхъ лIы цIапIэ Къэбэрдей псом имыс! Хэт ар зымыщIэр?! - губжьащ Хьэщауэ…

Дудар Хьэутий.

ГъукIэ Маринэ

Мазэм сокъугъ…
Iуэтэж

Унэ лъахъшэ цIыкIум и щыгум щыджэгу жьыбгъэр Аслъэн иныжь шынагъуэ гуэру къыщохъу. Ар ябгэщ, къарууфIэщ, щысхь лъэпкъ иIэкъым. Абы зыщихъумэн папщIэ и нэ цIыкIухэр зэтрепIэ, и тхьэкIумэхэр IэкIэ еубыд. Ауэ гъуэлъыпIэм хэлъ анэр къеджэ хъумэ, зэхимыхынкIэ мэгузэвэжри, аргуэру и Iэхэр ирехьэхыж.
- Сыту умыбэяурэ?! - жеIэри, Аслъэн цIыкIу щхьэгъубжэмкIэ дэплъурэ жьыбгъэм IэштIым хуегъэлъагъуэ. - Дыгъэри къыкъуэкIыжащ, увыIэ иджы!
Ауэ, жьыбгъэри ерыщщи, «уэрэ сэрэ текIуэм деплъынщ» жыхуиIэу, унащхьэр тритхъыну къоныкъуэкъу. Аслъэн щхьэгъубжэм псынщIэу къыIуокIыжри, и анэр зыхэлъ гъуэлъыпIэм бгъэдохьэ.
- Мамэ, мамэ, - хуэмуурэ йоджэ. Анэм и нэхэр къызэтрех, ауэ къарууншэ хъуа цIыхубзым ар къытохьэлъэри, занщIэуи зэтрепIэж. – Мамэ, умэжалIэрэ? Люсэхэ сыкIуэнщи зыгуэр къыпхуеIысхынщ…
Ауэ, дунейм ерыскъы гуэр тетууи зымыщIэж анэр, пщIыхьэпIэ шынагъуэ гуэрхэм хэтщи, мы дунейм къыщекIуэкI псом гу лъитэжыркъым. ИтIанэми, Аслъэн ар махуитI хъуауэ зэрымышхар, унэм зы дзэкъэгъуэ зэрыщIэмылъыр ещIэжри, шхыныгъуэ гуэр къигъуэтын мурадкIэ щIэкIыну иужь йохьэ.  Пэжщ, ар жьыбгъэм тIэкIу щышынэрт, ауэ апхуэдэ къызэрыгуэкI  Iуэху щхьэкIэ Аслъэн къикIуэтынт?! Абы быдэу и фIэщ хъурт: иджыпсту и анэм и ныбжьэгъу Люсэхэ деж кIуэрэ шхын тIэкIу къыхуихьмэ, ар и ныбэ изу игъашхэмэ, куэдкIэ нэхъыфI хъужынущ. И анэр нэхъыфI хъужмэ, езы Аслъэни и гукъыдэжым зыкъиIэтыжынщ. Япэм хуэдэу, а тIур зэгъусэу паркым кIуэнухэщ, пщэдджыжь къэс школым ишэнущ, пщыхьэщхьэм езыр и лэжьапIэ къикIыжыгъуэм пежьэнущ. Псори зэрыщытам хуэдэу хъужынущ, Iэмал имыIэу, тIэкIу ежьэн хуейуэ аращ.
Люсэхэ деж нэса щхьэкIэ, куэбжэр гъэбыдауэ къыщIэкIащ. Пщыхьэщхьэ хъуху ежьа пэтми, къэкIуэжакъым. Ар Iейуэ игу къеуауэ, икIи махуитI хъуауэ и анэм деж щIэупщIакIуэ нэмыкIуа Люсэ хузэгуэпурэ Аслъэн унэм кIуэжырт. «Ар мамэу щытамэ, зы махуэ къэмынэу къэкIуэнут. Зэрысымаджэри зэрымышхари ещIэ, итIанэми…», - шхыдэрт ар игукIэ.
Аслъэн унэм хуэзышэж гъуэгум утехьэжын папщIэ парк цIыкIу уикIырт. А паркым и анэмрэ езымрэ сыт хуэдизрэ къакIуэрэт?! Уеблэмэ езы тIур сыт щыгъуи зытес тIысыпIи итт абы. Аддэ жыгхэм нэхъ хэгъэпщкIухьауэ щытт ар. Сыту куэд щIауэ темысыжарэ а тIур абдежым? Аслъэн и анэм и закъуэу куэдрэ къигъэнэныр фIэмыфIми, а тетIысхьэпIэм фIэкIыфакъым. Анэмрэ абырэ дыхьэшхыу мыбдежым куэдрэ зэрытесар, зэжраIа псалъэхэр игу къигъэкIыжырт абы. «Зэ ухъужарэт, мамэ», хужиIэжырт абы и щхьэ.  И нэпсхэр къежэхыну хьэзырми, цIыхухъухэр гъыркъым, жиIэурэ ирикъухыжырт. Зы дакъикъэкIэ абы и нэр тенащ пэмыжыжьэу щыт тетIысхьэпIэм тес цIыхубзым. Абы и жыпым ахъшэ кърихауэ ибжырт. Аслъэн занщIэу и нэгу къыщIигъэхьащ, а ахъшэм щыщ тIэкIу иIамэ, и анэм къыхуищэхуфыну псор. Ар игъэшхэнт, хущхъуэ зыхуеинухэр къыхуигъуэтынт. Ауэ дауэ ар къызэриIыхынур? Сыт жиIэу? ЦIыхубзым ахъшэр бжын иухри бохъшэм дилъхьэжащ.  Абы щыщ тIэкIу иIамэ…
Аслъэн къотэджри хуэмуурэ цIыхубзым бгъэдохьэ. Зыгуэр къигупсысынщи елъэIунщ, армырмэ апхуэдэу шхыныншэу дауэ щIэсынхэ?! ЩIалэ цIыкIур хуэмурэ хуокIуатэ цIыхубзым. Мыдрейми, и щхьэм хьэрэмагъ лъэпкъ къэмыкIыу, и бохъшэр тетIысхьэпIэм трилъхьауэ и сумкэм зыгуэр къыщелъыхъуэ. Аслъэн цIыхубз мыцIыхум бгъэдыхьэри и пащхьэм иуващ.
- Сыт, щIалэ цIыкIу?! Зыгуэр ухуейт?
- Сэ, - кърегъажьэ Аслъэн, ауэ адэкIэ жиIэнур къыхуэмыгупсысу, мапхъуэри бохъшэр къещтэ икIи жэрыгъэкIэ щIопхъуэж.
- КъэувыIэ, напэншэ, къэувыIэ, - кIийуэрэ цIыхубзыр къыкIэлъожэ. Аслъэн здэжэм бохъшэм къыдех сом щитхуи – зредзэкIыж. Паркым ижыжыным и пэкIэ зэ къызэплъэкIыжри, къилъэгъуащ цIыхубзыр зэрыджэлар. Ар къэтэджыжыху ихьыну зэманри езым зэриIэр къызыгурыIуэжа Аслъэн, и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ щIопхъуэж.
ЦIыхубзым пэжыжьэ зэрыхуэхъуар къилъэгъуа нэужьщ щIалэ цIыкIур къыщызэтеувыIар. «А сэ сщIар, сэ сщIар», - а гупсысэрат и щхьэм щызеуэр. «Мамэ къищIамэ, сиукIынт». «Абы нэхъ хьэл мыгъуэ щыIэкъым, умымей умышх», -  сыт хуэдизрэ къыжриIэрэт абы?!» Ауэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ иIэтэкъым, анэр шхакъым… АбыкIэ и гур игъэфIурэ, тыкуэным хуиунэтIащ Аслъэн цIыкIу. ДакъыкъипщI дэкIри, Аслъэн шэ птулъкIэ, щIакхъуэ, анэм фIыуэ илъагъу кIэнфет гуэрхэр иIыгъыу унэм щIыхьэжащ. «Дэнэ къыздипхар?!» - жиIэурэ къызэрыфIэнэнур ищIэ пэтми, абы зыгуэр зэришхыну къудейм игъэгуфIэрти, гупсысэ мышухэр зытрихурт.
Унэм щыщIыхьэжам, анэр иджыри и нэхэр зэтепIауэ щылът.
- Мамэ, - хуэмуурэ йоджэ ар абы. - Мамэ, еплъыт къыпхуэсхьам. ТIэкIу ушхамэ арат…
Анэм зыри зэхимыхым хуэдэт.
- Мамэ, мамэ, къэуш, мамэ, - мэкIий щIалэ цIыкIур.  Ауэ игъащIэкIи къызыхэмыкIыжыну жейм анэр зэрыхыхьар къыщыгурыIуэм, унащхьэр зэтричу кIий макъ къэIуащ:
- Мамэ…
Аслъэн цIыкIу хуэмурэ гъуэлъыпIэм къыбгъэдэкIыжри, пэмыжыжьэу щыт шэнтжьейм итIысхьащ. Абы и нэхэм къытелъэда нэпсхэр къежэхыну хьэзыр щхьэкIэ, зиIыгът. Аслъэн и нэр тенат стIолым тет шэ птулъкIэм, щIакхъуэм, анэм зэи мышхыжыну кIэнфетхэм. А псом къабгъэдэлът нобэрей ахъшэ «фIейхэм» къадэхуар. Псори къызэпиплъыхьа нэужь, нэгъуэщI хэкIыпIэ зымыгъуэтыжа сабийр щхьэгъубжэм бгъэдыхьэри, и макъ къызэрикIкIэ кIиящ. Зи закъуэу къэна дыгъужь шырыр мазэм екъугъыу арат…

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ