Спорт еджапIэхэм зэрызрагъэужьыр

КъБР-м и Парламентым

 

КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ, Налшык къалэм дэт Сабий стадионым и IуэхущIапIэм щытепсэлъыхьащ республикэм и спорт школхэм я щытыкIэм, зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм, апхуэдэуи а Iуэхум пылъ гугъуехьхэр зыхуэдэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламетым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, комитетым хэтхэр, министерствэхэмрэ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэмрэ я лIыкIуэхэр, спорт школхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен и псалъэм къыхигъэщащ спортым ехъулIэныгъэ щаIэнымрэ ныбжьыщIэхэр я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыжынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр спорт еджапIэхэм.
- Шэч хэмылъу, спорт школхэм я къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэр физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дегъэхьэхынырщ, я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыжынырщ. Иужьрейм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ щIалэгъуалэр телефонхэмрэ компьютерхэмрэ бгъэдэсурэ нэхъ хуэмыху мэхъу, уеблэмэ я узыншагъэр йокIакIуэри, - жиIащ Бэрэгъуным.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм спорт школу 47-рэ щолажьэ, гуп къыхэхахэр спортым хуэгъэхьэзырынымкIэ IуэхущIапIэ щыIэщ, «Спартак-Налшык» футбол клубми зрагъэужь. Муниципальнэ IуэхущIапIэхэр 36-рэ мэхъу, адрейхэр министерствэм и нэIэм щIэтщ. Олимп резерву щыт школхэр 16 мэхъу. ЩIыналъэ спорт федерацэу 46-рэ мэлажьэ: спорт олимп лIэужьыгъуэхэмкIэ - 16, сурдлимпийскэ, паралимпийскэ зырыз, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ 24-рэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым спорт лIэужьыгъуэ 14 щыгъэбелджылащ.
2020 гъэм республикэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэу 150-м хэтати, абыхэм текIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьахэмрэ пашэ щыхъуахэмрэ цIыхуи 173-рэ мэхъу.
Нэгъабэ тренер 33-м я Iэзагъэм хагъэхъуащ: япэ категориер хуагъэфэщащ судья 17-мрэ гъэсакIуэ 11-мрэ, урысейпсо категориер - зы судьям. «Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэ лъапIэр зым къыхуагъэфэщащ, «Урысейм спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ и мастер» цIэр - цIыхуи 2-м, «Урысейм спортымкIэ и мастер» цIэр - цIыху 29-м. Япэ разряд зиIэхэмрэ спортым и мастер цIэр зратыну къагъэлъэгъуахэмрэ цIыху 800 мэхъу.
Министрым и къуэдзэм зэрыжиIамкIэ, спорт Iуэхум лэжьакIуэ нэхъ щIалэхэр хуэмурэ къыхэшэн хуейщ, зэрагъасэ щIыкIэхэм ехьэлIауэ Iуэху еп­лъыкIэщIэхэми хуэныкъуэщ.
Иужьрей илъэсхэм спорт IуэхущIапIэхэр зыхуей нэхъ хуагъазэ. Нэгъабэ спорт IуэхущIапIэ 33-м я ухуэныгъэм елэжьащ, тIур иджыри ятакъым (Бахъсэнрэ Псыхъурейрэ щаухуэ ФОК-хэр).
«Демографие» лъэпкъ Iуэхум хыхьэ «Спортыр гъащIэм и Iыхьэщ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ, 2021 гъэм федеральнэ бюджетым къыхагъэкIынущ сом мелуан 359-м нэблагъэ. Ахъшэр трагъэкIуэдэнущ Налшык къалэм и Искож хьэблэм бэнэкIэу тхум зыщыхуагъасэ хъуну спорт IуэхущIапIэ щыухуэным, абы и гъунэгъуу футбол джэгупIэ щыщIыным, Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Белокаменск къуажэм ФОК къыщызэгъэпэщыным.
Спорт IуэхущIапIэхэр зыхуейхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым и гугъу щищIым, Анаевым жиIащ иужьрей илъэсищым а Iуэхум гулъытэшхуэ зэрыхуащIар. Ауэ гугъуехьхэри щыIэщ, спортсменхэр зэхьэзэхуэхэм хэтыну зэрагъакIуэм хухах мылъкур зэрымащIэм епхауэ, ахъшэр пуд зэрыхъум, уасэхэр зэрыхэхъуэм къыздишаращи, илъэсым тещIыхьа ахъшэм и процент 95-р къагъэсэбэпагъэххэщ.
- Олимп илъэсу зэрыщытым къыхэкIыу, Iэмалу диIэу хъуар къэдгъэсэбэпащ ди спортсменхэм абы зыхуагъэхьэзырыным теухуауэ, икIи зэрытлъэкIкIэ зэхьэзэхуэ псоми ахэр дгъэкIуащ. Министерствэм и бюджетыр зэрымащIэрщ ди гугъуехь нэхъыщхьэр, - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Анаевыр къытеувыIащ тренерхэм я улахуэм хэгъэхъуэн зэрыхуейми. Министрым и къуэдзэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ курыт еджапIэхэм щылажьэхэм ику иту къахьым хуэдиз гъэсакIуэхэм ейри зэрахуэщIыпхъэм республикэ унафэщIхэр арэзы зэрытехъуар. А Iуэхум текIуэдэнур зыхуэдизыр къапщытэн яухмэ, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм дэфтэрхэр иритынущ КъБР-м и Правительствэм.
Олимп джэгухэм хэмыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ школым и лэжьыгъэмрэ иIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и унафэщI Шэрджэс Заурбэч. ЕджапIэр 2010 гъэм къызэIуахауэ щытащ, КъуэкIыпIэ бэнэкIэхэмкIэ республикэ школымрэ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэ здэщыIэ еджапIэмрэ зэгуагъэхьэжри. Апхуэдэуи абы и къудамищ къызэрагъэпэщыжащ.
Школым спорт лIэужьыгъуи 9-м щыхуагъасэ, цIыкIури инри зэхэту цIыху мини 2 къызэщIиубыдэу. IуэхущIапIэм и къудамэхэм тренер 48-рэ щолажьэ. ЕджапIэр къызэрызэIуахрэ абы и гъэсэн 113-м текIуэныгъэ къыщахьащ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм, спортсмен 1847-рэ пашэ щыхъуащ урысейпсо зэпеуэхэм. ЦIыхуиплI «Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер хъуащ», 11-р «Урысейм спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ и мастерщ», 78-м «Урысейм спортымкIэ и мастер» цIэр къахьащ.
Къэпсэлъар къытеувыIащ дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъэгъуа спортсменхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэми. Псалъэм папщIэ, мы гъэм хагъэхъуащ дунейм, Европэм, Урысейм щекIуэкI чемпионатхэм къыщагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ зэрагъэгушхуэ ахъшэм.
Зи гугъу ящI Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэпщэ Ладин.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я щIэныгъэм зэрыхрагъахъуэ щIыкIэм, узыншагъэр зэрырагъэфIакIуэм тещIыхьа физическэ щэнхабзэм республикэм и щIыналъэхэм зэрызыщрагъэужьым, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ спорт IуэхущIапIэхэмрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм зэрадэлажьэм, Налшык къалэм и Александровкэ хьэблэм ФОК къыщызэIухынымкIэ яIэ Iэмалхэм.

 

Белгъэрокъуэ Марьянэ.
Поделиться: