Дунейм щыхъыбархэрСом мелард и уасэ налмэсУрысейм и щIыщIагъ гъэтIылъыгъэ нэхъ ин дыдэу къалъытэ налмэсыр иджыблагъэ аукционым щащащ, сом мелардым щIигъу хуэзэу. Швейцарием и Женевэ къалэм щаща налмэс телъыджэр Якутием и къыщIэхыпIэхэм ящыщ зым къыщагъуэтат. Ар телъыджэу къыщIалъытар, дыркъуи IэпапIи темылъу, къабзэ дыдэу апхуэдэ мывэ къыщагъуэтыр зэзэмызэххэщи аращ. Карати 100,94-рэ хъу мывэ лъапIэр «Кристис» сату щIыпIэм щищащ налмэс къыщIэхыным елэжь «Алроса» урысей компанием. ПщIэ нэхъ зиIэ IэщIагъэхэрУрысейм и социологхэр цIыхухэм яхэупщIыхьащ IэщIагъэ нэхъ щхьэпэу, пщIэ зыхуащIу къалъытэхэр къагъэнэIуэн папщIэ. Курыт еджапIэхэр къэзыухауэ зрагъэгъуэтыну IэщIагъэхэр къыхэзыхыну къызыпэщыт щIалэгъуалэм къахуэщхьэпэнщ мы Iуэхур. ЗэупщIахэм я процент 60-м нэблагъэм псом япэ ирагъэщащ дохутыр IэщIагъэр. Абы кIэлъокIуэ егъэджакIуэмрэ къегъэлакIуэмрэ. Нобэ♦Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ Лъэпкъ Iущыгъэ:Былымыр уэсэпсщ, цIыхупсэр маещ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 17:30 →
Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща академикхэр
24.04.2024 - 16:32 →
Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ
24.04.2024 - 14:28 →
«Дунейр къызэхэкIухьи, уи унэжь екIуэлIэж»
24.04.2024 - 14:27 →
ЩIыналъэм зиужь зэпытщ
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
|