Унафэ тэмэм тращIыхьат

КъБР-м и Къэралыгъуэр
илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу

Ди республикэм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъу махуэшхуэр къоблагъэ. Къэрал ухуэныгъэм пыщIа Iуэху инхэм, дауи, лэжьыгъэшхуэ ипэ илъщ. АтIэми, ди щIыналъэм и дежкIэ сыт хуэдэу щытауэ пIэрэ нобэ хуэдэ махуэр? Лъэхъэнэм хэлъа лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехь инхэмрэ дауэ пэлъэщауэ пIэрэт ди цIыхухэр? Къэралыгъуэ зыгъуэта щIыналъэм сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр зригъэхъулIэфа ипэ илъэсхэми къыкIэлъыкIуэ зэманми? А псоми я жэуапыр нэхъыфIу щыдгъуэтынур ди щIыпIэм и дэфтэр хъумапIэхэрщ, дауи. Абы щIэлъщ ди республикэм къикIуа тхыдэщ гъуэгуанэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ тхылъ хьэлэмэтхэр.

Илъэси 100 ипэкIэ, 1921 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м екIуэкIауэ щытащ РКП(б)-м и ЦК-м и Кавбюром и Пленумыр. Абы ткIийуэ щытепсэлъыхьауэ щытащ Къэбэрдейр Горскэ республикэм къыхэкIыжу езым и къэралыгъуэ ихуэжыну и чэзу зэрыхъуам. А Iуэхур нэхъапэIуэкIи мызэ-мытIэу къаIэтауэ щытащ ди щIыналъэм и унафэщIхэм. 1921 гъэм накъыгъэм и 21-м Къэбэрдей окружной исполкомымрэ парткомымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм и утыку ирахьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщт ар. Ди къэралыгъуэр зэфIэувэным и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум ехьэлIа унафэ къыщащтат окрпарткомым и зэIущIэми.
Къэбэрдейм и Советхэм я IV съезду 1921 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 11 - 13-хэм щыIами Iэтауэ щытепсэлъыхьащ а Iуэхум. Абы къэрихьэлIа делегати 140-м щыщу 94-р адыгэт, 39-р урыст, 7-р нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт. Къэбэрдейм къэралыгъуэ иIэным теухуауэ зэIущIэшхуэм и утыкум къыщыпсэлъат Къатхъэн Назир, Абазэ Данил сымэ, нэгъуэщI куэди. Абыхэм жаIэрт Къэбэрдейм иухуэн хуейр мыобласту, атIэ республикэу, арщхьэкIэ ар иджыри пасэIуэу къыщалъытащ зэхуэсым икIи Къэбэрдейр автономнэ область щхьэхуэу Горскэ республикэм къыхэкIыныр игъуэ дыдэу, ар цIыхубэ лъэIуу зэрыщытыр жаIащ.
Iуэхум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу къалъытэрт, япэрауэ, щIыналъэм иIэ хуитыныгъэхэр къызэремэщIэкIыр, етIуанэрауэ, Урысейми зэрынэхъ фIэкъабылыр, щIыпIэ унафэщIхэм езым пыщIэныгъэ яхуиIэжмэ. ЩIыналъэм игъуэта зыужьыныгъэм наIуэу къигъэувырт нэхъ къэрал ухуэныгъэ лъагэ иIэну. Апхуэдэ и еплъыкIэхэр хуиIуатэу Къалмыкъ БетIал Сталиным зыхуигъэзауэ щытащ икIи къэрал УнафэщIыр арэзы техъуат абы къыжриIа куэдым. КъБР-м Иджырей тхыдэмкIэ и архивым щIэлъ дэфтэрым итщ Сталиным а Iуэхум теухуауэ жиIауэ щыта псалъэхэр: «Кавбюром къыбгъэдэкI унафэу къэфлъытэ хъунущ Къэбэрдейр Автономнэ область щхьэхуэ хъуныр РСФСР-м и дежкIэ политикэ икIи хозяйственнэ ехъулIэныгъэ къызыпэкIуэну Iуэхугъуэу зэрыщытыр…»
Зы мазэ нэхъ дэмыкIыу а Iуэхухэр утыку къыщрахьащ ди къэралым и щыхьэр Москва щекIуэкIа зэхуэсым. Илъэси 100 ипэкIэ нобэ хуэдэ махуэм нэхъ хэкъузауэ къаIэтауэ щыта Iуэхугъуэм куэд мыщIэу унафэ тэмэми тращIыхьауэ щытащ.

 

 

 

 

 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: