Дунейм щыхъыбархэр

Илъэс къакIуэм и зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр

2022 гъэр къихьэным иджыри илъэс ныкъуэм нэблагъэ иIэми, илъэсыщIэм и мылэжьэгъуэ махуэу щытынухэр яубзыхуащ.

УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, нэхъапэми хуэдэу, илъэсыщIэм и пэщIэдзэм иджыри махуипщIкIэ зэкIэлъыкIуэу загъэпсэхунущ цIыхухэм. Къэралым и «зыгъэпсэхугъуэхэм» 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м щIидзэнурэ 2022 гъэм щIышылэм и 9-ри къыхиубыдэу щытынущ.
Министр Котяков Антон зэрыжиIамкIэ, дыгъэгъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ махуэу ягъэувыну илъэс зыбжанэ щIауэ къыхалъхьэрт, ауэ унафэ пыухыкIа имыгъуэтурэ къекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимири фIэтэмэмщ цIыхухэм а махуэми загъэпсэхуныр. Апхуэдэ жэрдэмыр лъабжьэншэуи пхужыIэнукъым – илъэсыщIэпежьэ щIыныр хабзэ зыхуэхъуа къэралым гъэм и иужьрей махуэм еубыдылIауэ зи IэнатIэм пэрыт куэд щыбгъуэтынукъым.
2022 гъэр зэрыщыту къапщтэмэ, щэбэт-тхьэмахуэхэмрэ илъэсыщIэ дауэдапщэхэр щекIуэкIыну махуипщIымрэ нэмыщI, цIыхухэм загъэпсэхунущ мазаем и 23-м, гъатхэпэм и 6 - 8-хэм, мэлыжьыхьым и 30 - накъыгъэм и 3-хэм, накъыгъэм и 7 - 10-хэм, мэкъуауэгъуэм и 11 - 13-хэм, щэкIуэгъуэм и 4 - 6-хэм.

Нобэ

Японием щагъэлъапIэ Лъагъуныгъэм и махуэр
Осетие Ищхъэрэ - Аланием егъэлъапIэ Республикэм и махуэр
1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зы­щIэзышэ къару зэрыхэлъыр.
1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
1920 гъэм Антверпен (Бельгие) щыщIидзащ VII гъэмахуэ Олимп джэгухэм. Ар къызэIухыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр щекIуэкIар шыщхьэуIум и 14-рщ.
1923 гъэм Азербайджан ССР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Нагорнэ Карабах автономнэ областыр.
1932 гъэм гъэш промышленностым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институту Ленинград къалэм дэтым къэралым щыяпэу къыщагупсысащ шэр зэрагъэгъущ, иужькIэ ар зэрахьэж Iэмалыр.
1941 гъэм Киев фашистыдзэхэм ящыхъумэным теухуа зауэшхуэм щIидзащ. ФокIадэм и 26 пщIондэ гуащIэу зэпэщIэтауэ, къалэр нэмыцэхэм иратри, советыдзэхэр икIуэтын хуей хъуат.
1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литературэ фондым и унафэщIу хахащ.
1882 гъэм къалъхуащ Белоруссием и цIыхубэ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, драматург, БССР-мрэ УССР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ я академием и академикыу щыта Купалэ Янкэ (и цIэ-унэцIэ дыдэр Луцевич Иванщ).
1939 гъэм къалъхуащ опернэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Налшык мызэ-мытIэу щыIа Образцовэ Еленэ.
1943 гъэм къалъхуащ Италием щыщ композитор, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Кутуньо Тото (и цIэ дыдэр Сальваторещ).
1946 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен.
1968 гъэм къалъхуащ политик, КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур.
1971 гъэм къалъхуащ Ямало-Ненецкэ автономнэ округым и Iэтащхьэу щыта, Урысей Федерацэм щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и министру лэжьа, «Урысей зэкъуэт» партым и Совет Нэхъыщхьэм и секретарым и къуэдзэ Кобылкин Дмитрий.
1975 гъэм къалъхуащ урысей биатлонисткэ цIэрыIуэ, Олимп джэгухэм я дыщэ медалхэр тIэунейрэ къэзыхьа, дунейпсо чемпионатхэм хэнейрэ щытекIуа Медведцевэ Ольгэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
АнэнэпIэсрэ гупкIэ тIысыпIэрэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ