Адыгэ къуажэхьхэри хэту

Лъэпкъ къуажэхьхэр щызэхуэхьэса «Умняшка» урысейпсо жып телефон гуэдзэным  адыгэ къуажэхьхэри хагъэхьащ. Мы Iуэхухэр зи жэрдэмхэр щогугъ я лэжьыгъэр цIыхухэм къахуэщхьэпэну.

Лъэпкъ щэнхабзэр къуажэхьхэмкIэ бджыну иджы куэдкIэ нэхъ тынш хъунущ: смартфонхэмрэ планшетхэмрэ я гуэдзэныр къызэзыгъэпэщахэм зэхуахьэсащ къэралым и лъэпкъ 20-м я IуэрыIуатэ къулейр. «Умняшка» гуэдзэныр смартфоным пщIэншэу требгъатхэ мэхъу. Абы щызэхуэхьэсащ адыгэ, урыс, къэзакъ, башкир, шэшэн, мордвэ, къэрэшей-балъкъэр, якут, къумыкъу, кърым-тэтэр, осетин, тэтэр, удмурт, бурят, къалмыкъ, абазэ, хакасие, марий, тувин къуажэхьхэр.
IуэрыIуатэм къыщыгъэлъэгъуэжащ лъэпкъхэм къадекIуэкI хъыбархэр, тхыдэр, Iущыгъэр, къулеигъэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным дэтхэнэми хузэфIэкI хэлъхьэныгъэ хуищIыну и къалэнщ икIи быдэу я фIэщ мэхъу я лэжьыгъэм  гулъытэ зэрыхуащIынумрэ щIэупщIэ зэриIэнумрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щхьэж къызыхэкIам имызакъуэу нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэми  зыхагъэгъуэзэным теухуауэ.
Гуэдзэным хагъэхьа дэтхэнэ къуажэхьми и купщIэр къыщыгъэлъэгъуа сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэри щIагъужащ. Къуажэхьым бзитIкIэ - урысыбзэрэ уи бзэкIэ – уедаIуэ мэхъу.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: