Лъэпкъым и вагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ  щрикъум ирихьэлIэу

КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къыщалъхуащ. Бахъсэн мэкъумэш школыр, Кавказ Ищхъэрэ пединститутыр, КПСС-м и ЦК-м щIэныгъэхэмкIэ и академием и аспирантурэр къиухащ. Хэку зауэшхуэм хэтащ.
Педрабфакым и егъэджакIуэу, щIэныгъэхутэ институтым и директору, республикэм щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министру, Министрхэм я Советым и УнафэщIым и къуэдзэу, партым и обкомым и секретару лэжьащ. 1959 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБАССР-м и ТхакIуэхэм я союзхэм и унафэщIу, РСФСР-м, СССР-м я ТхакIуэхэм я союзхэм я секретару, СССР-м и Литфондым и тхьэмадэу щытащ.
Совет Союз къэралышхуэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэ нэхъ пажэхэм, нэхъ зэфIэкIышхуэ дыдэ зыбгъэдэлъхэм хабжэу, тхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэм я унафэщIхэм ящыщу къекIуэкIащ КIыщокъуэр.
Къэбэрдей лирикэм и зыузэщIыпIэ лъагъуэхэр япэу зыгъэнэхуа, абы сыт и лъэныкъуэкIи зезыгъэужьа усакIуэщ Алим. И усэхэр япэу къытрадзащ 1934 гъэм. «Бгы лъапэхэм деж» япэ усэ тхылъыр 1941 гъэм дунейм къытехьащ. КIыщокъуэм зауэ зэманым итхахэр щызэхуэхьэса, «Шум и гъуэгу» тхылъыр 1946 гъэм къыдэкIащ. Абы лъандэрэ адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэ куэдкIэ зэдзэкIауэ Алим и тхылъу дунейм къытехьащ пщIы бжыгъэхэр. Усэхэм, поэмэхэм къадэкIуэу романхэр, пьесэхэр, повесть, новеллэхэр, публицистикэ статья куэд дыдэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
КIыщокъуэ Алим лъэпкъ усыгъэм илъэс блыщIым нэблагъэкIэ хуэлэжьащ. «Сэлэт шырыкъу», «Шыхулъагъуэ», «Уигу, си анэ, сыкъэкIмэ», «ЗэныбжьэгъуитI», «Жыр пыIэ», нэгъуэщIхэри зауэм теухуащ, я идее нэхъыщхьэри Хэкур хъумэжынырщ. «Адыгэ уафэ», «Адыгэ хэку», «Зеич лантIэ», «Ди унэжь», «Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми», «Кхъужьей къудамэ», нэгъуэщI усэ телъыджэхэри ди лъахэм и фэеплъ дахэщ, къэбэрдей литературэр зэрыгушхуэнщ. Дигу къэдгъэкIыжынти зы усэ:
Дунейм псы сефэу сытетыхукIэ,
Уэ зыр гуфIэгъуэу узиIэнщ.
Бзур зы уэрэдым щIапIыкIащи,
НэгъуэщI зэхилъхьэу жимыIэн.

Сэри сахуэдэщ къуалэбзуми,
И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд,
Сэ гъащIэр сухми, схуэухынкъым
Си хэку нур хадэм и уэрэд.

Мы псалъэхэм нэхърэ нэхъ фIэрафIи нэхъ хэIэтыкIаи къыпхуэгъуэтынкIэ хъунщ, ауэ ахэр къызэрыгуэкIыу къыпфIэщIми, усакIуэм куууэ гум хыхьэу къигъэсэбэпащ. КIыщокъуэм и усыгъэм и лъагапIэщ и лирикэр. Ди лъэпкъ усыгъэми Кавказым ис лъэпкъхэм яйми я дежкIэ ар щапхъэщ.
ГурыIуэгъуэщ: лирикэр псэм дыхьэу щытмэ, абы зэхуэдэу ехьэху цIыху закъуэри, зэрытха бзэр зыIурылъхэри, хамэбзэ гуэркIэ нэхъ мыхъуми ар зылъэIэсхэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэ усыгъэр цIыху псоми, лъэпкъ псоми зэдайщ. Апхуэдэщ КIыщокъуэм и лирикэу бзэрэ лъэпкърэкIэ гъунапкъэ зымыщIэр. Ар, адыгэ усыгъэм нэмыщI, урыс усыгъэм и зы Iыхьэ хъуащ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи зэрадзэкIри, щIыналъэ куэдым фIыуэ щалъэгъуащ.
Зы лъэпкъым - ари лъэпкъ цIыкIум - къыхэкIарэ и анэдэлъхубзэкIэ тхэ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр, лъэпкъ закъуэм ейуэ къэмынэу, дунейпсо цIыхубэм я зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ щыхъур зэзэмызэщ. КIыщокъуэм и лирикэр дунейпсо усыгъэм и зы налкъут зыщIар и зэхэщIыкI инымрэ и Iэзагъэшхуэмрэщ. Ауэ тхакIуэ щэджащэм и поэзием зыкIи пебдзых хъунукъым и прозэр - романхэр, пьесэхэр, повестыр, хъыбархэр, публицист тхыгъэхэр. Образнэу жытIэнщи, КIыщокъуэ Алим и творчествэр зэрыщыту къызэдэпщтэмэ, абы и зы дамэр поэзиеращ, адрей дамэр прозэрщ. Мы тхыгъэ кIэщIым дэ зыубгъуауэ дыщытепсэлъыхьыфакъым КIыщокъуэр дунейпсо утыку изыша и роман гъуэзэджэхэу «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ», «Эмирым и сэшхуэ», «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ», нэгъуэщIхэми. ТхакIуэшхуэм и творчествэр щIэныгъэлI, критик куэдым къапщытэ, диссертацэхэр, тхылъхэр, статьяхэр тратхыхь. Пэжыр жыпIэмэ, КIыщокъуэ Алим гулъытэ нэхъыбэж хуэфащэщ. Ар зыщагъэгъупщэ хъунукъым къэкIуэнур зейхэм - ди щIэблэм.
Зауэм хахуэу зэрыхэтам, емызэшыжу и IэнатIэ лъагэхэм зэрыбгъэдэтам, къихьа творческэ ехъулIэныгъэхэм пэкIуэу СССР-м, нэгъуэщI къэралхэм я орден, медаль куэд къыхуагъэфэщащ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Урысейм, Къэбэрдей Балъкъэрым я Къэрал саугъэтхэм я лауреат КIыщокъуэ Алим 2001 гъэм щIышылэм и 22-м дунейм ехыжащ. МыкIуэдыжынщ абы лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр.

СЫКIУЭНТ НЭХЪ ПСЫНЩIЭУ

СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым -
Мычэму си шыр согъэлъэхъу.
Ныбжьэгъу, уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым,
Си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу.

 Сэ куэдрэ, куэдрэ сигу къолъадэ
Шы жэр сытесу къэскIухьын,
Ди хэку губгъуэшхуэм сынилъадэу
Зэдэжэм пыIэр яфIэсхьын.

Хэт ейми содэ сэ а пыIэр,
Ухуейми, си щхьэм хуремыхъу,
 КIуэфынкъым жыжьэ зи гур щIыIэр -
Шум лъэсыр гъуэгум щыдэмыхъу.

Насып мыухыр зи гуращэр
Махуэл и гъуэгум щыхуэмей,
Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр
МыувыIэу кIуэхэр аркъудейщ.

Псы уэру лъагъуэ пхызыхынум
Къарур жэхункIэ имыух.
Си гъащIэ ябгэр щызухынум
Шы жэр сытесу среух.

ТЕЛЪХЬЭ УАНЭР СИ ШЫМ

Телъхьэ уанэр си шым,
Уэ си шынэхъыщIэ.
Зауэм кIуэ жаIауэ,
ТэрчкIэ соукъуэдий.
Сэ уанэгу сыкъихурэ
Губгъуэм сыкъинами,
Сызыпылъ хъыджэбзым
И гум сумыгъэху.

Телъхьэ уанэр си шым,
Уэ си шынэхъыщIэ,
Дахэм гу щызмыхуэу
Нобэ шы сошэс.
Сэ уанэгу сыкъихуу
Губгъуэм сыкъинами,
Си уэрэдыр жепIэурэ
Дахэм игу сигъэлъ.

Сянэр къысщIэупщIэм,
Къэзгъэзэжу жыIэ.
Сядэр къоупщIамэ,
Пэжыр умыбзыщI.
Сэ уанэгу сыкъихуу
Губгъуэм сыкъинами,
Си хъыбарыр жепIэурэ
Дахэм игу сигъэлъ.

СИ ФОЧЫМ IЭПЛIЭ ЕСШЭКIАУЭ

Си фочым IэплIэ есшэкIауэ,
Окоп блын щIыIэм зызогъэщI,
 Гупсысэ хьэлъэр къыстеуауэ,
Абы сэ си гур ныхегъэщI.

 Мэгубжь сигу Iэлыр, зешхыхьыж,
 - Ди адэжь и унэм бийр щIыхьащ.
Лейзехьэр и щхьэм ныщотхъуж,
 Си анэжьым гуауэр жьэхихьащ.

Нэмыцэр хуэму бжьэпэм докI,
Къурш щхъуантIэ дахэм щыту йоплъ,
ЩIыгу сыщапIами тетын лъокI,
Ар сыту хьэлъэ. Си гур къоплъ.

Ар бийм хуэздэнкъым, щIы уи фIэщ,
Абы и щIапIэм сынэсынщ,
Ди щIыгу къарукIэ сэ сылъэщщ,
А бийм сэ мащэр лъызгъэсынщ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: