Зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм папщIэ льготэхэмрэ шэсыпIэхэмрэ

Пенсэм цIыхур щыкIуэ ныбжьыр нэхъыбэ зэращIам зэуэ зы махуэм хуэкIуэнукъым. 2019 гъэм щегъэжьауэ абы илъэс къэс зэман пыухыкIа щIагъуурэ екIуэкIынущ икIи а зэманым апхуэдэ цIыхухэм папщIэ нэхъ япэкIэ ягъэувауэ щыта льготэхэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэм пыщIа Iуэхухэмрэ хъума хъунущ. Апхуэдэхэм ящыщщ зыхуэфащэхэм хущхъуэхэр пщIэншэу етыныр, гъуэгупщIэхэм я лъэныкъуэкIэ яхудэчыхыныр, мылъкум, щIым ятехуэ налогхэр ящхьэщыхыныр, фэтэрхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын папщIэ къыIах взносхэм, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм кIэрыгъэхуныр.

Абыхэм къадэкIуэу 2019 гъэм щегъэжьауэ щIэуэ ягъэув льготэхэм ящыщщ илъэс къэс цIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэныр, зи ныбжькIэ пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм лэжьапIэм и лъэныкъуэкIэ шэсыпIэ пыухыкIахэр яхуэгъэувыныр. Къапщтэмэ, лэжьапIэ зытхэр уголовнэ, административнэ жэуапым ирашэлIэнущ зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэ цIыхухэр IэнатIэм зэрыIуагъэкIым е абыхэм я ныбжьыр зэрыхэкIуэтар щхьэусыгъуэ ящIу лэжьапIэ къызэрамыщтэм папщIэ. ЛэжьапIэ  зытхэм апхуэдэу я къалэнщ зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм я узыншагъэр кърагъэпщытэн папщIэ гъэ къэс лэжьапщIэ зыпэкIуэ махуитIкIэ яутIыпщыну.
Ягъэува хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэ льготэхэр цIыхухэр пенсэм щыкIуэну махуэр къэсыным илъэситху иIэжу щIадзэу къагъэсэбэпыну хуитщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэ льготэхэмкIэ хуитыныгъэ 2019 гъэм щегъэжьауэ яIэнущ 1968 гъэм е нэхъапэкIэ къалъхуа цIыхубзхэм, 1963 гъэм е нэхъ япэкIэ къалъхуа цIыхухъухэм.
Зи гугъу тщIы илъэситху пIалъэм къриубыдэу льготэхэр къагъэсэбэп пенсэм щагъакIуэкIэ я ныбжьыр здынэсари лэжьапIэ IэнатIэм зэрыпэрыта илъэс бжыгъэри къыщалъытэ IэщIагъэхэм хиубыдэхэм. Псом япэу, апхуэдэхэм ящыщщ спискэхэу №1-мрэ №2-мрэ хиубыдэ цIыхухэу зи IэщIагъэр егъэлеяуэ гугъухэу е шынагъуэ пылъу къалъытэхэр.
Зыхуэфащэ стаж (цIыхубзхэм - илъэс 15, цIыхухъухэм - илъэс 20) зиIэ лэжьакIуэу жылагъуэ транспортыр зезыгъакIуэхэм пенсэхэр хуагъэув цIыхубзхэр илъэс 50, цIыхухъухэр илъэс 55-рэ щыхъуам деж щегъэжьауэ.
Зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, абыхэм япэлъыта IэщIагъэлIхэр хабжэ я ныбжьыр илъэс пыухыкIам щынэсам деж е ягъэува стажым хуэдиз щаIэм деж. Къапщтэмэ, школым щылажьэ егъэджакIуэу 2019 гъэм и гъатхэпэ мазэм ирихьэлIэу зыхуэфащэ илъэс бжыгъэкIэ лэжьар а мазэм щегъэжьауэ хабжэ зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм хиубыдэхэм.
Языныкъуэхэм пенсэм кIуэнымкIэ яIэ хуитыныгъэхэм захъуэжыркъым, ауэ абыхэми зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм иужьрей илъэси 5-м къриубыдэу хуагъэув льготэхэр ятохуэ. Псалъэм папщIэ, сабиитху е нэхъыбэ зиIэ анэхэм а льготэхэр къагъэсэбэпу щIадзэ илъэс 45-рэ щрикъуам щегъэжьауэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ахэр пенсэм илъэс 50 ирикъуу кIуэху.
ЦIыхухэр пенсэм щыкIуэ ныбжьыр 2019 гъэм щегъэжьауэ 2028 гъэм нэсыху хагъахъуэурэ екIуэкIынущ. А зэманыр къатемыхьэлъэн папщIэ, цIыхухэм нэгъуэщI льготэ хэха хуагъэув. Япэрей законодательствэм ипкъ иткIэ, 2019, 2020 гъэхэм пенсэм кIуэн хуейуэ щытахэм (1964 - 1965 гъэхэм къалъхуа цIыхубзхэмрэ 1959 - 1960 гъэхэм къалъхуа цIыхухъухэмрэ) пенсэм ягъэкIуэнущ щIэуэ ягъэува ныбжьыр къэсыным илъэс ныкъуэ иIэжу. Льготэм и фIыщIэкIэ 2019 гъэм пенсэхэр хуагъэувынущ илъэс 55,5-рэ зи ныбжь цIыхубзхэмрэ илъэс 60,5-рэ зи ныбжь цIыхухъухэмрэ.
ЩIэуэ къащта законодательствэм къыщыгъэува ныбжьхэм щыхуэкIуэ лъэхъэнэм къару иIэнущ стажымрэ пенсэхэмкIэ баллхэмрэ я лъэныкъуэкIэ щыIа хабзэхэм. Къапщтэмэ, я ныбжьыр зэрынэсам папщIэ страховой пенсэхэм 2019 гъэм кIуэн папщIэ, цIыхухэм яIэн хуейщ лэжьыгъэ стажу илъэси 10, пенсэ баллу 16,2-рэ.
Къэгъэлъэгъуапхъэщ пенсэм щыкIуэ ныбжьыр зэрыхэхъуэм ныкъуэдыкъуагъэкIэ пенсэ зэрырат щIыкIэр зыкIи зэрыхимыубыдэр. Апхуэдэ пенсэхэр хуагъэув лэжьэну узыншагъэ зэрамыIэжым къыхэкIыу ныкъуэдыкъуагъэкIэ яубзыху гупым хагъэхьахэм.
ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэр иуха нэужь, 2028 гъэм щегъэжьауэ цIыхубзхэр илъэс 60, цIыхухъухэр илъэс 65-рэ щрикъуам деж пенсэм кIуэнущ.
IэщIагъэ пыухыкIахэм ирилажьэ цIыхухэм пенсэ щыхуагъэувыр я ныбжьыр нэса нэужькъым, атIэ ахэр ягъэува илъэс бжыгъэм хуэдизкIэ лэжьамэщ. Апхуэдэ IэщIагъэхэм ирилажьэхэм ящыщщ педагогхэр, дохутырхэр, балетым и артистхэр, оперэ уэрэджыIакIуэхэр, циркхэм я гимнастхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къыхуагъанэ нэхъ пасэу пенсэм кIуэнымкIэ хуитыныгъэхэр. Пенсэм кIуэн папщIэ, абыхэм яIэн хуей стажым хагъахъуэркъым, япэхэми хуэдэу, а стажхэр илъэс 25-м щегъэжьауэ илъэс 30-м нэсу къонэ.
Абы къыдэкIуэу ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа IэщIагъэхэм ирилажьэхэр 2019 гъэм щегъэжьауэ пенсэм щыкIуэн хуей пIалъэр ягъэув, щIэуэ къащта законодательствэм и мардэхэм хуэкIуэн папщIэ ягъэува пIалъэр къэлъытауэ.
Социальнэ пенсэхэр зратхэм я нэхъыбапIэр (процент 98,5-р) ныкъуэдыкъуэхэмрэ зыпIын зыщхьэщымытыж сабийхэмрэщ. Абыхэм нэмыщI социальнэ пенсэхэр ират ищхъэрэ щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм ящыщхэм, апхуэдэу жьыгъэкIэ страховой пенсэ иратын папщIэ хуитыныгъэ зимыIэхэм. Социальнэ пенсэхэр ират жьыгъэкIэ пенсэм кIуэн папщIэ ягъэува ныбжьым нэхърэ илъэси 5-кIэ нэхъыжьхэм.
Пенсэм и лъэныкъуэкIэ законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэу 2019 гъэм щегъэжьауэ къару зыгъуэтхэр ятехуэркъым жьыгъэкIэ е зыпIын зыщхьэщымытыжхэм ящыщу социальнэ пенсэхэр зратхэм. Страховой пенсэхэми хуэдэу, социальнэ пенсэхэр къеIыхынымкIэ хуитыныгъэ яIэщ ныкъуэдыкъуагъэ зэрагъуэтам къыхэкIыу мылэжьэжыф цIыхухэм. Абыхэм я ныбжьыр здынэсам емылъытауэ, а Iуэхум теухуауэ зыхуэгъэзэн хуейщ пенсэхэр зыгъэув IуэхущIапIэхэм.
Ауэ мыбдеж къыщылъытэн хуейщ жьыгъэкIэ ят пенсэхэр зыхуагъэувхэм я ныбжьри илъэси 5-кIэ нэхъыбэ зэращIыр. 2028 гъэм щегъэжьауэ социальнэ пенсэхэр иратынущ зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа цIыхухъухэмрэ илъэс 65-рэ хъуа цIыхубзхэмрэ.
ПенсэмкIэ законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ стажышхуэ зиIэ цIыхухэр пенсэм зэрагъакIуэ щIыкIэри. ЦIыхубзхэм ящыщу илъэс 37-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ, цIыхухъухэм ящыщу илъэс 42-рэ мынэхъ мащIэкIэ лэжьахэр щIэуэ ягъэува пIалъэхэм нэхърэ илъэси 2-кIэ нэхъ пасэу пенсэм кIуэ хъунущ, цIыхубзхэм я ныбжьыр илъэс 55-м, цIыхухъухэм я ныбжьыр илъэс 60-м щIигъуамэ.
Сабийуэ 3 е 4 зыпIа анэхэр пенсэм нэхъ пасэу кIуэну хуитыныгъэ ират. ЩIэуэ ягъэува пIалъэхэм нэхърэ илъэси 3-кIэ нэхъ пасэу пенсэм кIуэ хъунущ сабийуэ 3 зыпIа цIыхубзхэр, илъэси 4-кIэ нэхъ пасэу пенсэм ягъэкIуэнущ сабии 4 зыпIа анэхэр. Ауэ тIум щыгъуи бын куэд зиIэ цIыхубзхэр пенсэм кIуэн папщIэ, страховой стажу илъэс 15 яIэн хуейщ.
Пенсэ кIуэгъуэм зи ныбжьыр нэблагъэ цIыхухэм ящыщу лэжьапIэ увыну Iэмал зымыгъуэтхэр пенсэм ягъакIуэ хъунущ ягъэува ныбжьым нэхърэ илъэси 2-кIэ нэхъ щIалэу. Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм ящыщу щылэжьэн IэнатIэ зимыIэхэм зэрылэжьапIэншэм папщIэ дэIэпыкъуныгъэу ират сом 4900-м и пIэкIэ 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ мазэ къэс сом 11280-рэ иратынущ. Ауэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр зэрыхуагъэувыр зы илъэс пIалъэкIэщ.

Дыкъынэ Заремэ, КъБР-м и Пенсэ фондым и унафэщIым и къуэдзэ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: