АдыгэлIым и хахуагъэр

1829 гъэм кавалерием и генерал Эммануэль Георгий Арсентий и къуэм (1775 - 1837 гъгъ.) и жэрдэмкIэ къызэригъэпэщауэ щытащ щIэныгъэ зекIуэ ин, «бгырысхэм зауэ хуэIухуэщIэхэм къыщагъэсэбэп бдзамцIэр Iуащхьэмахуэрэ Къэнжал бгымрэ я Iэгъуэблагъэм къыщалъыхъуэн папщIэ.

Штаб нэхъыщхьэм и унафэщI И. И. Бабич щIэныгъэ IуэхухэмкIэ министр Ливен зыхуигъэзащ щIэныгъэмкIэ Урысейм и академиер экспедицэм хагъэхьэн щхьэкIэ елъэIуу. Академием Iуащхьэмахуэ лъапэ, апхуэдэу абы и щыгум щригъэкIыну къэхутэныгъэхэм я программэ зэхилъхьащ.
Экспедицэм и щIэныгъэлI гупым и унафэщIу щытащ геофизик, минералог цIэрыIуэ, Петербург и физикэ обсерваторэр къызэзыгъэпэща икIи абы и япэ директор, академик Адольф Яковлевич Купфер (1790 - 1865 гъгъ.). ЩIэныгъэм и зэхэлъыкIэр, къэкIыгъэхэр джынри и пщэ далъхьат Карл Андреевич Мейер (1795 - 1858 гъгъ.), иужьым ЩIэныгъэхэмкIэ академием и Ботаническэ хадэм и директору щытам, академикым. ПсэущхьэхэмкIэ къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIащ урыс этномологическэ обществэм и къызэгъэпэщакIуэ Менетрие Эдуард (1802 - 1861 гъгъ.). Апхуэдэу щIэныгъэлI гупым хэтащ физик цIэрыIуэ, академик Ленц Эмиль Христофор и къуэр.
1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м экспедицэр Петербург къыщежьэри, мазэм и кIэм ирихьэлIэу Пятигорск къэсащ. Мыбдеж щIэныгъэлI гупым къыхыхьащ венгр зыплъыхьакIуэ Карл Янош Бессе. Абы Кавказымрэ Тыркумрэ я щIыналъэр къызэхикIухьырт. Венгриемрэ Кавказымрэ я цIыхухэм тхыдэкIэрэ яIа зэпыщIэныгъэхэр зэхигъэкIырт. ИкIи Бесе иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуэхъуащ и тхылъым - «Кърымым, Кавказым, Грузием, Армением, Азие ЦIыкIумрэ Константинополрэ…» жыхуиIэм. Ар Париж къыщыдэкIащ 1838 гъэм.
Сурэтхэр ищIын папщIэ экспедицэм хагъэхьат Минвод и архитектор Иосиф (Джузеппе) Бернардации икIи абы Чылар и сурэтыр ищIри Эммануэль иритыжащ.
Еджагъэшхуэхэр Псыхуабэ икIри Мывэ Лъэмыж быдапIэм (иджы Камменомостщ), Балъкъ Iуфэ Iутым кIуащ. Мыбдеж абыхэм къапэплъэрт генерал Эммануэль, зауэлI 650-рэ и гъусэу.
Бадзэуэгъуэм и 8-м экспедицэр Балъкъыщхьэ носри, метр 2.598-рэ зи лъагагъ щIыпэм и лагерыр щигъэуващ.
Iуащхьэмахуэ удэкIыфынкIэ зэрыхъунур иджыри белджылыкъым. Эммануэль къэзакъхэмрэ бгырыс гъуэгугъэлъагъуэхэмрэ зэхуишэсри яжриIащ щыгур къэзыгъэIурыщIэм саугъэт зэрыритынур. Апхуэдэу къагъэгугъащ щыгум нэмысыфми, нэхъ лъагэу дэкIуейхэм саугъэт яритыну. Iуащхьэмахуэ зэребгъэрыкIуэным зыхуагъэхьэзыру щIадзащ.
Бадзэуэгъуэм и 9-м пщэдджыжьыр сыхьэти 10-м зы гуп цIыкIур (абы хэтащ академикхэу Купфер, Менетрие, Ленц, Мейер, архитектор Бернардацци, къэзакъ 20, бгырыс-гъуэгугъэлъагъуэхэр) лагерым текIри бгым кIэрыхьащ. Сыхьэтих гъуэгуанэ икIуауэ ар уэсылъэм нэсри, жэщыр къыр лъабжьэм щигъэкIуащ.
Бадзэуэгъуэм и 10-м жэщыр сыхьэтищым бгырысхэм я чэнджэщкIэ, гупым хэтхэр нэр дыгъэ бзийм щахъумэн папщIэ, я нэкIухэр гынкIэ яцIалэри, Iуащхьэмахуэ ебгъэрыкIуащ. ЯпэщIыкIэ гъуэгур гугъуу къащыхъуакъым, ауэ иужьым бгыр апхуэдизкIэ задэу къыщIэкIати, дэкIуеипIэхэр къыхаIущIыкIыу щIадзащ.
Купфер и гупым и лагерыр нэхъ и лъабжьэIуэмкIэ щыIэти, бгым дэкIхэр епIэщIэкIырт икIи ахэр псынщIэ дыдэу ешащ. Абы теухуауэ Купфер ищIа отчётым щитхыжащ мыпхуэдэу: «Жьыр хьэлъэти убауэкIи къарур зэпэщыжыртэкъым. Лъыр псынщIэу зекIуэрт, Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэ щхьэхуэхэм щIыIэ хыхьэрт. Си IупщIитIыр мафIэм исырт, уэсыр лыдырти нэр щигъэункIыфIырт. Си гум фIы щыщIэртэкъым, щхьэр кIэрахъуэрт, зэман-зэманкIэрэ къарууншэ дызэрыхъур зыхэтщIэрт…»
Бгым дэкIхэр ешри загъэпсэхун папщIэ къэувыIахэщ. Мыбдежым Купфер и гугъащ къэхутэныгъэ гуэрхэр щригъэкIуэкIыну, ауэ Iэмэпсымэхэр зыIыгъ къэзакъыр бгым дэкIыфатэкъым. Гупри адэкIэ дэмыкIыфу кърагъэзыхыжащ. Академикым и Iуэху щIагъуэтэкъыми, и Iэблэхэр бгырыситIым яIыгът, итIанэ щIакIуэм трагъэгъуалъхьэри абыкIэ къралъэфэхыжащ. Гупыр лагерым къэкIуэжащ нэхъ гъуэгу кIэщIкIэ.
А зэманым Ленц гъуэгугъэлъагъуэ бгырыситIрэ къэзакъ Лысенковрэ и гъусэу бгым дэкIырт. ИужькIэ Ленц академик Паррот хуитхам мыпхуэдэу итт: «Щыгум унэсын щхьэкIэ узыпхымыкIын лъэпощхьэпо щыIэ хуэдэтэкъым. Къытебгъэзэжу абы удэкIынумэ бгыщхьэм жэщ щипхын хуейщ… Нэхъапэхэми зэрыпхуэстхащи, шэрджэс Чыларщ щыгум дэкIыфар…»
Щыгум нэсыным фут 630-рэ (метр 200-м нэс) иIэжу Ленцрэ абы и гъусэхэмрэ адэкIэ мыкIуэжыфу бгым кърагъэзыхыжащ.
Бгыщхьэм дэкIыр зылI закъуэт. Экспедицэм хэта Щербатовым итхыгъащ: «Ди нэхэр тедияуэ псори деплъырт апхуэдиз хахуагъэ зыхэлъым. Ар лъэбакъуитху-хы ичыху зигъэпсэхуурэ, япэкIэ кIуэрт. Щыгу дыдэм нэсауэ ар къыр зэхуакум щыбзэхащ. Дэ тщыщ дэтхэнэми темыпыIэжу пэплъэрт ар къыщыкъуэкIыжынум икIи занщIэу сыхьэт 11-м ирихьэлIэу лIы хахуэр къэтлъэгъуащ Iуащхьэмахуэ и щыгу дыдэм тету…»
Янош Бессе и псалъэкIэ жыпIэмэ, ар экспедицэм и гъуэгугъэлъагъуэ нэхъыщхьэ «адыгэ щхьэхуит» Хьэшыр Чыларт. ДэкIыгъуэ псоми абы тригъэкIуэдар сыхьэти 8-щ. Iуащхьэмахуэ къыщагъэIурыщIа дакъикъэхэм илъэгъуар генералым и адъютант Голицын итхыжащ. Генерал Эммануэль лагерым нэрыплъэкIэ иплъыкIыурэ япэу къалъэгъуащ Iуащхьэмахуэ щыгу тет Чыларыр…»
Чылар щыгум къытринащ и башыр, мывэкIэ къигъэтIылъыхьри. Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкI хъуауэ Чылар лагерым къыщыкIуэжам Эммануэль иритащ мывитI, Iуащхьэмахуэ щыгу къыздрихауэ. Генералым абы щыщ зыр ЩIэныгъэхэмкIэ академием иригъэхьащ, адрейр Янош Бессе саугъэту иритащ, абы и Хэкум, Пешт щыIэ музейм щIилъхьэн папщIэ.
Бгырыс хахуэр хубжьу ешат, и нэхэри узым щIисыкIырт. ЕтIуанэ махуэм Iуащхьэмахуэ цIыху япэу зэрыдэкIар ягъэлъэпIащ. Чыларым ахъшэ саугъэтрэ адыгэ фащэ иригъэщIын папщIэ щэкI арщынитхурэ иратащ.
Лагерыр здэщыIа щIыпIэм щыIэ къырым Эммануэль и унафэкIэ къыхаIущIыкIащ: «1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м щыщIэдзауэ и 11 пщIондэ мыбдеж щытащ кавалерием и генерал Эммануэль и унафэм щIэт лагерыр». Ди хэкуэгъум зэрихьа лIыгъэм и саулыкъукIэ 1829 гъэм Луганск заводым фэеплъу щыгум плитахэр щагъэжащ. Абы тетт: «Iуащхьэмахуэ япэу дэкIам, Урысейпсо император Николай Езанэм и пащтыхьыгъуэу 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м щыщIэдзауэ и 11 пщIондэ мыбдеж щытащ Кавказ линием и командующэ, кавалерием и генерал Георгий Эммануэль. Абы и гъусащ илъэс 14 хъу и къуэр, Урысей Правительствэм къигъэкIуа академикхэу Купфер, Ленц, Менетрие, Мейер сымэ. Апхуэдэу бгы корпусым и чиновник Ванкович, Минвод и архитектор Бернардацци, венгр зыплъыхьакIуэ Бессе.
Академикхэмрэ Бернардаццирэ тенджыз гущIыIум нэхърэ фунт 8000-кIэ (сажнэ 1143-рэ) нэхъ лъагэу ягъэува лагерыр ябгынэри, мазэм и 10-м фут 15.700-кIэ (сажнэ 2243-рэ) Iуащхьэмахуэ дэкIащ. Фут 16330-рэ (сажнэ 2333-рэ) зи лъагагъ щыгум нэсыфар адыгэ Чылар и закъуэщ.
КъэкIуэну щIэблэм деж мы мывэ къызэрыгуэ­кIым нрырехьэс нэхъапэхэм екIуэлIапIэншэу къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ япэу гъуэгу щыхэзышахэр.
1829 гъэм Луганск заводым щагъэжащ».
Я инагъкIэ зэхуэмыдэу апхуэдэ плитахэр 4 мэхъу, тIур Пятигорск щахъумэ урысыбзэкIэ, адрейр хьэрыпыбзэкIэ тхауэ, ещанэр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, еплIанэр КъБКъУ-м и ботаническэ хадэм щыIэщ.
Хуэбгъэфащэ хъунущ ахэр Эммануэль и лагерыр здэщыта щIыпIэм, Балъкъыщхьэ деж, зыр Iуащхьэмахуэ щыгу щагъэувыну хэтауэ. Ауэ ар къэнагъэнщ, Эммануэль къауIэу дзэм хэкIыжын хуей зэрыхъуам къыхэкIыу.
Бадзэуэгъуэм и 12-м Эммануэль Кисловодск, итIанэ Пятигорск кIуэжащ. А зэманым Пятигорск щыIа Кеппен П.М. зэрыжиIэжымкIэ, «Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIар къалэми и Iэгъуэблагъэхэми ину щагъэлъэпIащ».
Экспедицэм и фIыщIэкIэ япэ дыдэу Балъкъыщхьэ щрагъэкIуэкIащ къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Генеральнэ штабым и офицерхэм щIыпIэм топографическэ сурэт трахащ, Iуащхьэмахуэ и лъагагъыр зэхагъэкIащ, абы и вулканическэ къэхъукIэри белджылы ящIащ. Геологическэ разведкэм къихутащ фIамыщI, бдзамцIэ, гранит зэрыщыIэр, апхуэдэу Балъкърэ БырмамытIрэ къыщагъуэта ­минеральнэ къыщIэжыпIэхэр къапщытащ, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр екIуэлIапIэншэу къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ къызэрагъэIуры­щIарщ.
Мы гъэм илъэси 150-рэ ирокъу Iуащхьэмахуэ япэу зэрыдэкIрэ. А юбилейр игъэлъапIэкIэрэ, дызэрыт мазэм Къэбэрдей-Балъкъэрым альпинизмэмкIэ и федерацэм международнэ альпиниадэ ирегъэкIуэкI, мы бгыщхьэм дэкIыным теухуауэ. Абы хэтын хуейщ Мурманск, Таллин, Молдавием, Тэтэрым, Бурятием, Севернэ Осетием, Белоруссием, Волгоград областхэм, нэгъуэщI къэралхэм къикIахэр.
Дэ, Чылар и щIэблэр, юбилей махуэм Iуащхьэмахуэ дыдэкIынщи, абы и щыгум щыдгъэувынщ Совет Союзымрэ ордениплI зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал ныпхэр.

Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ лъапэ щыхуагъэува фэеплъыр. 1991 гъэ

ШОРТЭН Аскэрбий, КъБАССР-м АльпинизмэмкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ. 1979 гъэ
Поделиться: