Витебск адыгэ макъамэр щоIуГъуазджэ Бадзэуэгъуэм и 14 - 19-хэм Белоруссием и Витебск къалэм щызэхэта гъуазджэхэмкIэ «Славянский базар» 25-нэ дунейпсо фестивалым гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ дызэрыгушхуэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамбль цIэрыIуэмрэ. Ди артист пажэхэр фестивалым и утыкум IэгуауэшхуэкIэ щрагъэблэгъащ. Гур хэзыгъахъуэт зи уэрэд жыIэкIэр куэдым фIыуэ ялъэгъуа Нэхущ Чэрим удихьэхыу «Адыгэ пщащэ» уэрэдыр адыгэбзэкIэ зэригъэзэщIам укIэлъыплъыныр, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакIуэхэм утыкур къыдагъэбжьыфIэу. Гъуазджэ махуэшхуэм дуней псом къащта ди лъэпкъ фащэ екIур ящыгъыу анэдэлъхубзэр Витебск зэрыщагъэIуамрэ щIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэкIужхэмрэ ди лъэпкъ къафэ дахэр зэрагъэлъэгъуамрэ гуапэщ. - СэркIэ пщIэшхуэщ «Славянский базар» фестивалым сызэрырагъэблэгъар. Гъуазджэ зэхыхьэшхуэм и тхыдэм къриубыдэу абы и сценэм зыкъыщагъэлъэгъуащ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, дуней псом и вагъуэ цIэрыIуэхэм, - жеIэ Нэхущым. - Белоруссием япэу сыкIуэну къысхуихуауэ аращ икIи а къэралыр хуабжьу сигу дыхьа къудей мыхъуу, ситхьэкъуауэ жысIэмэ, егъэлеиныгъэ хъунукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм бысымхэр гуапэу, я гур зэIухауэ къытIущIащ, белорусхэр хьэщIэкIэ зэрыфIым и нэщэнэу. Витебск къалэм и къабзагъымрэ и дахагъымрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым! ЦIыхухэр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ, я зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэхъри зэгъунэгъу зыщI фестивалыр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ. Республикэм и лIыкIуэхэр фестивалым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъкIэ, удз гъэгъарэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ. Фестивалыр къызэIуаха нэужь, пщыхьэщхьэм «Витебск» концерт залым пшыхь гукъинэж щатащ Нэхущ Чэримрэ «Кабардинка» ансамблымрэ. ЛъапэпцIийуэ ди цIыхубэ къафэ гъуазджэм и дахагъэр зыгъэлъагъуэ ди къэфакIуэхэр щIэщыгъуэ ящыхъунтэкъэ?! Псом хуэмыдэу къыу хужьым хуэдэ пщащэ зэкIужхэм я къэфэкIэр!
Поделиться:
Читать также:
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
|