Прохладнэдэсхэм я IэдакъэщIэкIхэрТкаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ Прохладнэ къалэм и «Ренессанс» зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр. «Кавказ - родина моя» - аращ фIащар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум траухуа выставкэм. Лэжьыгъи 140-рэ утыку къыщрахьащ музейм и пэшищым. - Куэд щIауэ дыщыгъуазэщ Прохладнэм и художникхэм я зэфIэкIым. «Ренессанс» зэгухьэныгъэм Iэмал къыдет ди нэIуасэ сурэтыщIхэм я лэжьыгъэщIэхэм деплъыну, гъуазджэм къыхыхьа цIэщIэхэр зэдгъэцIыхуну», - жиIащ музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. - Выставкэм и фIыгъэкIэ художникхэм къехъулIащ республикэм и щIыпIэ дахэхэм, архитектурэ фэеплъхэм, тхыдэм теухуа я лэжьыгъэхэм гъуазджэм дихьэххэр ирагъэплъыну.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
|