Бзылъхугъэ гуащIафIэ

Бадзэуэгъуэм и 24-м и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу Адыгейм щыщ усакIуэ, тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ Хъунэгу Саидэ. А бзылъхугъэ гуащIафIэр ящыщщ лъэпкъ ­литературэм зи къалэмыр къыхэжаныкIахэм.

Красногвардейскэ щIыналъэм хыхьэ Жэмбэчей къуажэм къы­щалъхуащ Саидэ. 1984 гъэм абы ­къиухащ Москва дэт Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр.
Усыгъэми прозэми зэхуэдэу щы­лъащэ, зи псалъэр щIэщыгъуэ Саидэ пасэу тхэн щIидзащ. Адыгэ лъэпкъым и дахагъэр, абы и хабзэ лъапIэхэр, цIыхугъэр, лъытэныгъэр, гущIэгъур я лъабжьэщ Хъунэгум и Iэдакъэ­щIэкI­хэм.
Куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ зэIэпах и усэхэм нэмыщI, абы къигъэщIащ сценарийхэр, гушыIэр зи лъабжьэ тхыгъэхэр икIи ахэр театрхэм щагъэлъагъуэ, телевиденэмкIэ щIэх-щIэ­хыурэ къат. Хъунэгуращ зытхар Адыгейм япэу щытрахауэ щыта ху­дожественнэ фильм кIэщIым и сценарийр. Сочэ къалэ щекIуэкIауэ щыта «ТЭФИ-регион» зэхыхьэм Саидэ «Всё для тебя, друг мой» зыфIища и ­фильмыр нэхъыфIхэм хабжауэ щытащ.
«УблапIэ» фIэщыгъэм щIэту тхакIуэ зыбжанэм я IэдакъэщIэкIхэр иту 1985 гъэм дунейм къытехьа тхылъым ­Хъунэгум ей зыбжани ихуащ. Ар махуэ зыхуэхъуа бзылъхугъэм иужькIэ къыдигъэкIащ усэхэр, эссехэр, мо­нологхэр зэрыт «Осэпсыц» (1989), «Пшъэ­хъухэр» (1994), «Макъэ шъхьафит» (2001), «ЛIэшIэгъуитIым ялъэ­мыдж» (2006) тхылъхэр.
Саидэ и тхыгъэхэм я япэ сатырхэм щегъэжьауэ щызыхыбощIэ абы и псэ къабзагъымрэ зэхэщIыкI инымрэ. Гуп­сысэ жан зиIэ а бзылъхугъэм гъащIэм къигъэув Iуэхухэм бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэт. Хъунэгу Саидэ и творчествэр къуэпсыбэщ, адыгэм и блэкIар, нобэр, лъэпкъ Iуэхур щы­пэ­рытщ абы. Дунейм фIыкIэ зебгъэу­жьын, ар нэхъ дахэ зэрыпщIын яужь уитын зэрыхуейрщ и щIэджыкIакIуэр къызыхуриджэр. Абыхэм утетмэ, гъащIэр тыншыпIэ-гупсэхупIэ зэрыпхуэхъунур къыджеIэ тхакIуэм.
ТхакIуэ-усакIуэхэм яхэтщ я ныбжьым хуумыгъэфэщэну гъащIэм фIы­уэ хэзыщIыкIхэр, абы и гъурри и цIынэри зыщIэхэр. Апхуэдэщ Хъунэгу Саиди.
Адыгейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зи­Iэ и лэжьакIуэщ ар. 1996 гъэ лъандэ­рэ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэ­ныгъэм хэтщ.
«Зэхэугъоегъэ тхыгъэхэр зыдэт тхылъ» къыдэкIыгъуэр Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зра­тыну 2013 гъэм къагъэлъэгъуахэм ­ящыщащ.
Зи IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ ди лъэп­къэгъу бзылъхугъэм дохъуэхъу, и унагъуэм, лъэпкъым, литературэм иджы­ри илъэс куэдкIэ узыншэу хуэпсэуну, хуэушэну.
 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ