ЦIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыж

Фэеплъ

Бадзэуэгъуэм и 22-м ягу къагъэкIыжащ ­КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ я къэрал саугъэтхэм я лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 107-рэ щрикъум ирихьэлIэу. УсакIуэшхуэм и фэеплъу Налшык къалэ администрацэм и гупэм къитым деж, хабзэ зэрыхъуауэ, лъэпкъ интеллигенцэм, усакIуэм и тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, къэ­зыцIыхуу щытахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ.
УсакIуэм къытхуигъэнащ лъэпкъ прозэм, усыгъэм, драматургием хуи­щIа хэлъхьэныгъэхэр. КIыщокъуэм цIыхубэм тыгъэ къытхуищIащ и щIэинхэр, псалъэм, гупсысэм, гъащIэм я дахагъэр. Абы и тхыгъэхэм Iуданэ плъыжьу щыпхышащ ноби тхылъеджэхэм зызыхуагъазэ а лъапIэныгъэхэр.
КIыщокъуэ Алим и япэ гъэсакIуэ, егъэджакIуэ ­хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы теухуауэ КIыщокъуэм сыт щыгъуи игу къигъэкIыжырт: «Усэ тхыным сыщIыдихьэхам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар ЩоджэнцIыкIу Алий сызэрыхуэзарщ».
Нобэр къыздэсым зэ­гъунэгъу лъэпкъхэм я щапхъэу къахь цIыхубэ уса­кIуэхэу, 1941 - 1945 гъэхэм Хэку зауэшхуэм зэдыхэта КIыщокъуэ Алимрэ ­Кулиев Къайсынрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ ­гуапэр.
Налшык къалэм и уэрамхэм ящыщ зым КIыщо­къуэ Алим и цIэр зэрехьэ. Ар къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщызэIуахауэ щолажьэ и фэеплъ музей. Апхуэдэу усакIуэм и цIэр фIащащ ар зыщIэса Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэми.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: